Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)
Оценка 4.6

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)

Оценка 4.6
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
28.02.2018
Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)
Я считаю, что в ходе урока образовательная цель была выполнена в полном объёме. Обучающиеся познакомились с отдельным этапом жизни поэта и его творчеством. Прочитав рассказ, обучающиеся анализировали, интерпретировали тексты, используя сведения по теории литературы. При анализе произведений аргументированно формулировали своё отношение к прочитанному.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)
Сабий уэрэд.docx
Темэр.      Къагъырмэс  Борис . «Сабий уэрэд». Мурадыр. Зэреджэну «Анэдэлъхубзэ» тхылъым и ухуакIуэмрэ и зэхэлъыкIэ­ мрэ щыгъуазэ щIын; анэм пэпщI хъун зэрыщымыIэр, анэм хуэдэу хэкури зэ­ рылъагъун хуейр, ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр мамырыгъэм и лъабжьэу зэ­ рыщытыр усэм къызэрыщыгъэлъэгъуам сабийхэр щыгъэгъуэзэн,     усэм гъэ­ хуауэ, зэхэщIэгъуафIэу къеджэфу егъэсэн. Урокым   къыщыгъэсэбэпыпхъэр.  Хэкум, мамырыгъэм теухуа сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, видеофрагментхэр.   анэм,   зэныбжьэгъугъэм, Урокыр зэрекIуэкIынур. Анэдэлъхубзэ тхылъым сабийхэр щыгъэгъуэзэн. I. 1. Тхылъыр   набдзэгубдзаплъэу   зэпегъэплъыхьын,   тхылъым   тет «Анэдэлъхубзэ» псалъэм къегъэджэн  2. УпщIэхэм жэуап кърегъэтын.  Сыт тхылъым и фIэщыгъэцIэм къывжиIэр? (анэм къыдалъхуа бзэ)  Сыт хуэдэбзэ дэ ди анэдэлъхубзэр? (адыгэбзэ)  Мы   псалъэр   псалъэпкъитIу   зэхэтщ,   ахэр   къифIуэт.   Сыт   хуэдэ   Iыхьэра лъэпкъыцIэ къэзыгъэлъагъуэр? (адыгэ)     Фэ дауэ феплърэ, сыт къэхъунур мы псалъэм хэт псалъэпкъитIым яз хэ­ кIуэдыкIмэ? (Зыр адрейм имыгъусэмэ, ар цIыхухэм ямыщIэмэ, адыгэбзэкIэ зэмыпсалъэмэ, лъэпкъыр кIуэдынущ. Пэжщ   цIыхухэр псэунущ, ауэ зи бзэр зымыщIэжыр, ар зымыхъумэжыр адыгэу убж хъунукъым. ) 3. Тхылъым и обложкэм тет сурэтымкIэ гъэлэжьэн.  Сабийхэр сурэтым   хуэзышэ гупсысэхэр къегъэIуэтэн. (Мы лэжьыгъэм гуп­гупу  елэжьмэ, я гупсысэхэр нэхъ къаIуэтэгъуафIэ хъунщ, акъыл зэхэдзэм хъыбар купщIафIэ къигъэщIынщ.)  ЩIалэ цIыкIур сыт зыщIэхъуэпсыр?  (шым)  Сыт шыр зи нэщэнэр? (Адыгэ лъэпкъым)  Сыт   иджыри   и   нэгу   щIэтыр   щIалэ   цIыкIум?   (и   сабиигъуэр,   адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ, и унагъуэр)   Сытым   и   нэщэнэ   а   нэрыфIэщIхэр?     (нэхъыжьхэм   яхъумар   нэхъыщIэхэм къыIэщIахыу адэкIэ ягъэкIуэтэн зэрыхуейм) дэтхэнэми   и     гупсысэ    Къагъырмэс   Б.   и   «Сабий   уэрэд»   усэм     и     едзыгъуэхэм   къахуеджэн   (е сабийхэр къегъэджэн, е компьютерымкIэ, е телефонкIэ тхауэ егъэдэIуэн) Усэ едзыгъуэхэм я  упщIэхэм я  жэуапыр зыжьэу сабийхэм жегъэIэн. Усэр   щыIукIэ   едзыгъуэ   къэс   зытепсэлъыхьыр   къэзыгъэлъагъуэ   компьютер презентацияхэр дыщIыгъун)  Усэм хэт псалъэ гурыIуэгъуейхэм егъэлэжьын.  Едзыгъуэ   къэс   къегъэджэн,   къегъэхутэн.   Тетрадым   и   напэкIуэцI   3­нэм   ит   лэжьыгъэ   I­2­нэхэр егъэгъэзэщIэн.  Хэкум теухуауэ усэм хэт псалъэхэр къазэрыгурыIуэр  жегъэIэн.  Ныбжьэгъугъэ псалъэр къазэрыгурыIуэр къэхутэн.  «Мамырыгъэм   щIэбэнын   хуейщ»   псалъэухам   щIэлъ   гупсысэр къазэрыфыгурыIуэм зыщыгъэгъуэзэн? 4. «Анэдэлъхубзэ» тхылъым и къалэн нэхъыщхьэр сабийхэм къегъэхутэн. 5.Тхылъыр зэхэзылъхьахэм, абы хэлэжьыхьахэм, къыдэзыгъэкIам, тхылъым и зэхэлъыкIэм сабийхэр щыгъэгъуэзэн.  II. Гъэмахуэ   зыгъэпсэхугъуэ   махуэхэр   зэрагъэкIуам,   зэджа   тхыгъэхэм   нэхъыщхьэр сабийхэр тегъэпсэлъыхьыжын. III. Унэ лэжьыгъэ.  Мы лэжьыгъэхэр Iэмал имыIэу псоми ящIыжын хуейуэ къэувкъым.    Сабийхэм   нэхъ   гурыхь   ящыхъур.  Е   я   лъэкIыныгъэ,   я   зэфIэкI елъытауэ сабийхэм ептми хъунущ.  Гуп­гупурэ   къъепсынщIэкIынщ. загуэшрэ   лэжьыгъэхэр   зэдагъэзащIэмэ   нэхъ Презентацияхэр егъэгъэхьэзырын:   усэ едзыгъуэ нэхъ гурыхь ящыхъуам,     хэкум теухуа усэ сатырхэм,    я анэм, зэныбжьэгъугъэм теухуахэр  Презентацияхэр   щагъэхьэзыркIэ,  анэм,  хэкум,  ныбжьэгъугъэм,  мамырыгъэм теухуа псалъэжьхэр, усэ сатырхэр къегъэгъэсэбэпын.

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Сабий уэрэд" Къагъырмэс Борис (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
28.02.2018