Мастер-класс урокым и план-конспект
Темэр:
«Ди зэманым хуэкIуэ урок ФГОС-щIэм къызэригъэувым хуэдэу ".
ЕзыгъэкIуэкIар:
Тэрч къалэ дэт
еджапIэм №3 адыгэбзэмрэ
литературэмрэ и егъэджакIуэ КIуантIэ Ж.Ю.
Тэрч къ.
Мурадхэр:I.Тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджакIуэхэм къагурыгъэIуэн, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм гу лъатэфу къэгъэтэджын.
2. ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным елэжьын.
3. «Дахагъэр лъагъун» гупсысэм хуэшэн, ди блэкIам яхъумэфа хъугъуэфIыгъуэр ди къэкIуэным къахуэдгъэнэн зэрыхуейм егъэгупсысын.
Сызыщыгугъу результатхэр :
I.Личностнэ УУД.
ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэм зегъэужьын, я зэхущытыкIэр,хьэл-щэн дахэ яхэлъхэр егъэфIэкIуэн,адыгэ литературэм къыхэщ тхакIуэ нэхъыщхьэм и щапхъэмкIэ пщIэр,напэр,цIыхугъэр япэ ирагъэщу гъэсэн.
2.Метапредметнэ УУД
Регулятивнэ.
Еджэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр,мурадхэр ягъэувыфу, гупу зэдэлажьэу егъэсэн,
Познавательнэ.
Ягупсысэр жьэрыIуатэу зэгъэкIуауэ, зэкIэлъыхьауэ къаIуэтэфу егъэсэн,я гупсысэкIэм зегъэужьын,сурэтхэр, усэхэр зэрагъэпщэфу,зэпкърахыфу,анализ ящIыфу егъэсэн.
Коммуникативнэ.
ЕджакIуэхэр зым жиIэм адрейр едаIуэу, яIуэху еплъыкIэр пхрагъэкIыфу,я ныбжь цIыкIухэми балигъхэми ядэлэжьэфу егъэсэн.
3.Предметнэ.Образыр зищIысыр къагурыгъэIуэн, абы елэжьыфу,ар жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи къаIуэтэфу егъэсэн.
Урокым и екIуэкIыкIэр :
Егъ.: Мастер класс «Ди зэманым хуэкIуэ урок ФГОС-щIэм къызэригъэувым хуэдэу
Фи махуэ фIыуэ, пщIэ зыхуэсщI егъэджакIуэхэр! Си гуапэу сывдэгуэшэну сыхуейт си лэжыгъэм къыщызгъэсэбэп IэмалхэмкIэ. Фыкъызогъэблагъэ си мастер – классым.
Ди зэманым «иджырей урок» гурыIуэныгъэр нэхъыбэрэ зытепсэлъыхьхэм ящыщ Iуэхугъуэщ, ар куэдым зэралъагъум теухуауэ къэпсэлъэныгъэ куэди йокIуэкI.Сэ къызэрыслъытэмкIэ урокыр- пасэрей кIыщщ е хьэщIэщщ, Iэмал имыIэу егъэджэныгъэм нэхъыщхьэу хэлъын хуейрщ.УрокыфIым Iыхьэ куэд къызэщIеубыдэ: методхэр, лэжьэкIэ Iэмалхэр, апхуэдэуи езы егъэджакIуэм и зэфIэкIхэмрэ и Iэзагъымрэ.СтандарыщIэм щьэхуэныгъэу къигъэуву щытыр- ахэр IуэхущIафIэкIэ къызэгъэпэщауэ щытыныр, еджакIуэ щыпкъэ дгъэсэн папщIэ.
…Зэгуэрым философ Зенон и еджакIэхэм зыхуагъэзащ мыпхуэдэ упщIэкIэ: «ЕгъэджакIуэ! Уэ апхуэдиз щIэныгъэ зыбгъэдлъым, дэ тщIэхэм нэхърэ минкIэрэ нэхъыбэм, сыт щыгъуи шэч къытыбохьэ уэ къыдэптыж ди упщIэхэм я жэуапхэм. Дэ а дэтхэнэри пэж дыдэу къытщохъу.Сыт ар къызыхэкIыр?»
Пшахъуэм деж хъуреитI къритхъащ башкIэ, зы нэхъ инрэ нэхъ цIыкIурэ, икIи и еджакIуэхэм захуигъазэри жиIащ: « Хъурей иныр - ар сэ щIэныгъэ сиIэрщ, хъурей цIыкIур- ар фэ къэфщIахэрщ. Зэрынэралъагъущи, сэ щIэныгъэ збгъэдэлъыр IэджэкIэ нэхъыбэщ фыфейхэм нэхърэ.Ауэ а хъуреитIым адэкIэ щыIэр фэри сэри дымыщIэхэрщ.Аразы фыхъуну къыщIэкIынщ, хъурей иныи къызэщIиубыдэр нэхъыбэу щытщ фыейхэм нэхърэ, абы къыхэкIкIэ къэсхутэн хуейри нэхъыбэщ.Аращ апхуэдизрэ си псалъэхэм шэч къыщIытесхьэр". Дегупсысу пIэрэ дэ сыт хуэдэ ар - гъуэгур ди щIэныгъэр, акъылыр, зэфIэкIыр зызрагъэужьыр? Дауэ дыдэIэпыкъуфыну дэ ди еджакIуэхэм нэхъ гъэщIэгъуэну икIи заужьу а гъуэгум ирикIуэну?Абы папщIэ сэ нэгъуэщIынэкIэ фезгъэплъыну сыхуейт иджырей урокым.
Иджырей урок –
ар урок, мыпхуэдэ щытыкIэхэр зыбгъэдэлъыр:
- урокым и къалэн нэхъыщхьэу щытыр дэтхэнэ еджакIуэм и зэфIэкIыр
хэгъэхъуэн, егъэджэныгъкIи гъэсэныгъэкIи;
- урокым къыщагъэсэбэп дэтхэнэми и зэфIэкI елъытауэ бгъэдыхьэкI;
- урокым къыщызэфIах лэжьыгъэр щрагъэкIуэкI бгъэдыхьэкIэр;
- урокыр зэхэухуэнауэ къоIуэт лэжьыгъэ зэхуэмдэхэмкIэ динамична и вариативна;
- урокым къыщагъэсэбэп иджырей егъэджныгъэ технологиехэр;
Ахэращ ди нобэрей мастер –классым дызытепсэлъыхьынур
УпщIэхэм жэуап къефт, ауэ псынщIэу.
Метод «КъызэщIэзыгъаплъэ»
-Нобэ сыт хуэдэ махуэ?
-Дауэ кIийрэ шыдыр?
- Бгъум сыт хуэдэ бжыгъэ къыкIэлъыкIуэр.
-Нартхэр хэт зытхар?
-Батыр сытым тесу и хэку къэкIуэжа?
-Зы бжыгъэцIэ нэгъуэщI?
-Сыт хуэдиз хъурэ адыгэбзэ алфавитыр?
-Дамыгъэ нэхъыбэ дыдэ хъу хьэрфыр?
- ФIы дыдэщ, тIэкIу дыкъыушакIэ дызэдэлэжьэным фыхуэхьэзырщ.Урокыр къыщIыдодзэ мыпхуэдэуи, еджакIуэхэм сэлам зэрегъэхын нэкIэ.
Iэмалыр «НэкIэ
сэлам зэхын»
Мурадыр – лэжьыгъэм фIыкIэ хэшэн, еджакIуэхэм я зэхуакум
хуабагъэ дегъэлъхьэн.
- ПщIэ зыхуэсщI егъэджакIуэхэ, дэри апхуэдэу
къыщIэддзэнщ ди мастер-классыр. Сэ иджыпсту дэтхэнэми сэлам
фэсхынщ.Ауэ псалъэкIэкъым зэрызыфхуэзгъэзэныр, атIэ макъыншэу- нэкIэ.Фэри фи нэхэмкIэ къэвгъэлъагъуэ фиIэ гукъыдэжыр.
Иджырей егъэджакIуэр ди зэманым декIуу щытын хуейщ, технологиещIэхэр и лэжьыгъэм хипщэу.МыпхуэдэупщIэхэр зыхузогъэувыж : сыт къыщIэдгъэсэбэпыр еджакIуэхэр зытезашэ методхэр,сыт зыри щIэдмыщIэр мы Iуэхум зихъуэжын папщIэ?Ди нобэрей мастер-классыр а упщIэхэм жэуап иритыфыну къысщохъу.
Ди зэманым егъэджакIуэр урокыр щекIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрегъакIуэ, атIэ щIэныгъэр ябгъэдилъхьэ къудейкъым.ЕджакIуэм и къалэныр- а Iуэхум гъэзэщIакIуэ жыджэр.
Метод «Си гурыщIэр»
- Адыгэ псалъэжьым къыжеIэ "Си гум илъыр
къащIи, си Iэм илъыр уэстынщ". ЦIыхум и гупсысэр къэпхутэныр гугъу дыдэщ.
Абы къыхэкIыу гу ещхьу къыхэбзыкIа тхылъымпIэхэр фызотри, зы лъэныкъуэкIэ
фызыпэплъэр мы урокым къыщыфщIэну фотх, адрей лъэныкъуэм- фызыщышынэр.Урокым
и кIэм мыбыхэм я деж дгъэзэжынщи, тхылъымпIэм ифтхахэмрэ езы урокыр къызэрыщIэкIамрэ
зэдгъэпщэжынщ
.Метод Кубик Блума
Зэджэр къагурыIуэу зэрагъасэ Iэмал
Зэджэр къагурыIуэу зэрагъасэ Iэмалхэм ящыщщ тексты упщIэхэр иратыфу, абы и жэуапхэр къалъыхъуэфу егъэсэныр.
Къэдгъэсэбэпыр
тхылъымпIэм къыхэщIыкIауэ къызэрыгуэкI
куб, и пкъым тетхауэ щыту:
КъыжыIэ.
Сыт щхьэкIэ?
КъыдгурыгъаIуэ.
Узэрепъыр къэгъэлъагъуэ.
Къэгупсыс.
Къыддэгуашэ.
2.Урокым и темэр яубзыху. Темэм къигъэлъэгъуэн хуейщ жэуап зэратын хуей упщIэхэр.Сабийхэм
темэр езыр-езыру яубзыху.
3. ЕгъэджакIуэм кубикыр едз. Абы къытехуэм къигъэлъэгъуэнущ : сыт хуэдэ Iыыхьэм
щыщми упщIэ ятынур.Нэхъ тыншыр кубикым тет псалъэм хуэгъэкIуэныр- абыкIэ къыщIэбдзэну
упщIэр.
ЕджакIуэхэм я къэхутэныгъэ гупсысэкIэр зегъэужьынымкIэ "Кубик Блума" сэбэпщ упщIэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэр бгъэув зэрыхъумкIэ.
Апхудэхэм деж къагъэсэбэп псалъафэхэр, абыхэм тыншу упщIэ гъэувынымкIэ сэбэп мэхъу:
Псалъэм папщIэ: Уэ щыхьэт утехъуэфыну макъ пIытIаитI щызэхуэзэм сыт щыгъуи япэ ит I дымытхыу?
Псалъэм папщIэ: Къэгъэлъагъуэ, дэнэ IуэрыIуатэр къыщыбгъэсэбэп щыхъунур?СыткIэ къэбгъэсэп хъуну рифмэм теухуауэ къэпщIахэр?
Псалъэм папщIэ: Сытыт къэхъунур макъзешэхэр щымыIатэм? Псалъэ щхьэхуэхэм рифмэ къахуэхьын.
· Къыддэгуашэ — мы локым къыщыхьа упщIэхэр хуэгъэзауэ щытщ еджакIуэхэм я гупсысэкIэм зригъэужьыну, купщIэр къалъыхъуэну ирагъасэ, нэхъыщхьэ къыхахыфыну, зэрагъэгъуэта щIэныгъэм и мыхьэнэр къахутэфын. Мыпхуэдэ упщIэхэм жызыIэм зытепсэлъыхьым зэрыхущытыр къиъэлъагъуэмэ нэхъыфIщ.
· Псалъэм папщIэ , Къыддэгуашэ, сыт уэ зыхэпщIэр дуней и теплъэр къызыхэщ тхыгъэхм укъеджа нэужь? Сыт мы темэр къыхэпхын хуей щIэхъуар, сыткIэ ар уэ къыппэгъунэгъу?
Рефлексия
Нобэ дэ мащIэу дыкъытепсэлъыхьауэ аращ упщIэхэм , епхахэм егъэджакIуэм и лэжьыгъэм къыхэлъытауэ щIэуэ къызэрагъэпэща ФГОС-м ехьэлIауэ.
Нэхъыщхьэу мыбы
къыхэбгъэщхьэхукI хъунур мы гупсысэрщ: Иджырей урокыр фы хъуным
зэлъытауэ щытыр егъэджакIуэр и IэщIагъэм зэыхуэIэижьырщ, езым и зэфIэкI
щхьэхуэхэрщ, зэманым пэджэжу щытмэ къигъэсэбэп методхэр, дэтхэнэ еджакIуэми и
зэфIэкIым елъытауэ иIэ бгъэдыхьэкIэрщ.
Урокым ехьэлIауэ къигъэсэбэп учебнэ материалхэр, фIэщ ящыщIыщIыжн
яхуэбгъэувыр зэрызэфIагъэкIыфыным, гуапагъэ урокыр екIуэкIыхукIэ зыхищIэр,
иджырей IэмалыщIэхэр урокыр ящI гъэщIэгъуэн икIи ягъасэ купщIафIэу гупсысэ
еджакIуэ.
Подведение итогов мастер-класса.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэманыр къызэрыдэмэщIэкIым
къыхэкIыу нэгъуэщI Iэмалхэм нэхъ кууэ сыкъытепсэлъыхьыну Iэмал сиIэкъым.
Гукъыдэж зиIэр, зыфIэгъэщIэгъуэн хъуахэр, зэзыгъэщIэну хуейхэр, нэхъ куууэ
фыкъыщеджэ хъунущ щIэныгъэ езыгъэгъуэт сайт портал «Мой университет
•
Рефлексия.
Фразеологизм
псалъэжь
• Къыхуэфхь нобэрей урокыр къэрыфщыхъуар къызыхэш псалъэуха е псалъэ зэпха:
• Зы тхьэкIумэкIэ ихьэри адреймкIэ икIыжащ.
• Зы псалъэ дэзмыгъэхуу седэIуащ.
• Си ни си пи къихьакъым.
ЕхъулIэныгъэ фэри фи еджакIуэхэм зиIэн Аллыхьым ищI!
Къэзгъэсэбэпа литературэ:
классхэм п
4.Кугъуэт Лол, Кугъуэт Елизаветэ, Анэдэлъхубзэ е 4- нэ класс.
I.Сыкъун Хь. Хь, Сыкъун И. Хь., Къэбэрдей-шэрджэс-урыс-инджылыз-тырку словарь
2. Шаов, К . Г . Адыгские пословицы и поговорки . Издательство: Нальчик: Эльбрус.
3. КъардэнгъущI Зырамыкущ. “Адыгэ псалъэжьхэр”.
Информационнэ ресурсхэр:
I.Адыгэбзэ - адыгэпсэ IуэрыIуатэ дыщэ пхъуантэ, proshkolu.ru http://yandex.ru/clck/jsredir
2.IуэрыIуатэ, stapico.ru, http://yandex.ru/clck/jsredir
Материалы на данной страницы взяты из открытых источников либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.