Урок зэIухам и план – конспект
ТЕМЭР: "Адэ-анэм зэрыхущытын хуейр ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. "Къуэрылъху" рассказым къызрыхэщыр».
7 класс.
Зыгъэхьэзырар : МКОУ "СОШ №3 Мэлбахъуэ Т.Къу. и цIэр зезыхьэм»
и егъэджакIуэ КIуантIэ Жаннэ Юрэ ипхъу.
Тэрч къалэ
2022гъ.
Урокым и къалэн нэхъыщхьэр: рассказым и ухуэкIэр егъэбелджылын, ШэджыхьэщIэм и тхыгъэм дыкъызэхуриджэр егъэщIэн.
Къэгъуэтын проблемэ зиIэ упщIэм и жэуап: сыт хуэдэу адэ-анэхэм дахущытыпхъэ ? ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным елэжьын. - предметнэхэр: ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. и гъащIэмрэ творчествэмрэ нэхъ кууэ щыгъуазэ щIын. Нэхъыжьым пщIэ хуэщIын зэрыхуейм гупсысэм хуэшэн, зыхегъэщIэн.
Къалэнхэр: - личностнэхэр: тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджакIуэхэм къагурыгъэIуэн, адыгэ литературэм и тхакIуэ нэхъыфIхэм щыгъуазэ щIын. - метапредметнэхэр: темэр къызэпкърызых Iыхьэхэр текстым къыщагъуэтыфу егъэсэн; зэгъэпщэныгъэр ягъэзэщIэнымкIэ я зэфIэкI хэгъэхъуэн, гупым хэту лэжьэным хуегъэсэн, монолог къэпсэлъэныгъэмкIэ я зэфIэкI хэгъэхъуэн.
Сызыщыгугъ результатхэр : 1.Личностнэ УУД. ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэм зегъэужьын, я зэхущытыкIэр,хьэл-щэн дахэ яхэлъхэр егъэфIэкIуэн,адыгэ литературэм къыхэщ тхакIуэ нэхъыфIхэм и щапхъэмкIэ пщIэр, напэр, цIыхугъэр япэ ирагъэщу гъэсэн.
2.Метапредметнэ УУД. Регулятивнэ. Еджэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр,мурадхэр ягъэувыфу, гупу зэдэлажьэу егъэсэн, Познавательнэ. Я гупсысэр жьэрыIуатэу зэгъэкIуауэ, зэкIэлъыхьауэ къаIуэтэфу егъэсэн,я гупсысэкIэм зегъэужьын,сурэтхэр, усэхэр зэрагъэпщэфу,зэпкърахыфу,анализ ящIыфу егъэсэн. -Коммуникативнэ. ЕджакIуэхэр зым жиIэм адрейр едаIуэу, яIуэху еплъыкIэр пхрагъэкIыфу, я ныбжь цIыкIухэми балигъхэми ядэлэжьэфу егъэсэн.
3.Предметнэ. Образыр зищIысыр къагурыгъэIуэн, абы елэжьыфу,ар жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи къаIуэтэфу егъэсэн.
Урокым и типыр: "шIэныгъэщIэхэр къыщызэIуах" урок .
ЕджакIуэхэр зэрылэжьэну щытыкIэр: щхьэзакъуэрэ гуп-гупурэ.
Къэдгъэсэбэпыну оборудованиер: адыгэ литертурэмкIэ учебникыр.
7 класс, компьютер.
Урокым и зэхэлъыкIэр:
1. ШэджыхьэщIэ Хь.ТI и гъащIэм щыгъуазэ щIын.
2. Гупу икIи щхьэхуэу гъэлэжьэн.Рассказ "Къуэрылъхур" зэпкърыхын.
3. Я гупсысэхэр еджакIуэхэм екIуу къегъэIуэтэн.
4. Рефлексиер.
5. Унэ лэжьыгъэр етын..
Урокым и екIуэкIыкIэр.
1. Хэзышэ псалъэ.
ЕгъэджакIуэм и псалъэ.
Си еджакIуэхэ! Си гуапэщ икъукIэ,
СыкъыщIыхьэну фи классым нобэ.
Си дежкIэ аркъудери лъапIэщ,
ФыкъызэдаIуу фызэрыщысыр.
Сэ сощIэ фщыщ дэтхэнэри Iущыцэщ,
Гугъуехь хэмыту зыри къэхъукъым.
Iыхьэ зэхэдзэ зэдэтщIынщи,
Ди урокыр зэхэтлъхьэнщ!
Фэращ сэ си ныбжьэгъу пэжхэр,
ФыщыуэнкIи зыри фымышынэ,
ТIу лъэпкъи зыми къимыхьын.
Си усэр тIэкIу мыхъуами къысхуэвгъэгъуну сыщогугъу.
Иджы прозэм дытехьэжынщ.
Егъэдж.:- Нобэ сыт хуэдэ махуэ? ЩхьэгъубжэмкIэ фыдэплъ:махуэр уэлбанэ, дыгъэпс е зэхэуфа е уэфI? Дунейр сыт хуэдэу щымытми.фи гукъыдэжыр къызэрыIэтын Iэмалыр фщIэрэ? Сэ сощIэри, абы и щэхумкIэ сывдэгуэшэну сыхуейщ. абы папщIэ уи гъунэгъум ухуэгуфIэн хуейуэ аращ.Фэри фи классэгъухэм фахуэгуфIэ.Фэри зыхэфщIэнущ абыхэм къабгъэдэкI хуабагъэр, гуапагъэр,дахагъэр.Сыхуейт иджыпсту фи гум къыщыуша хуабагъэр пхырыфхыну урок псом и кIуэцIкIэ.
2. ЩIэныгъэхэм къыхуэгъэушын.
Егъэдж.:- Мы макъамэ дахэм федаIуи къызжефIэт, сыт нобэрей урокым и темэр, дызытепсэлъыхьынур?
Уэрэд « Жьым фымыщI и жагъуэ» къоуэ.
Едж.: -Уэрэдыр теухуащ нэхъыжьым пщIэ зэрыхуэщIын хуейм, хабзэм, нэмысым.
Егъэдж.:- Дэ нобэ зэпкърытхынущ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и рассказ "Къурылъху". Дэ ипэ классхэм дджащ мы тхакIуэ гъэщIэгъуэным и тхыгъэхэр. Нобэ нэхъ куууэ и гъащIэмрэ и творчествэмрэ щыгъуазэ зыхуэтщIынщ, и рассказым и темэмрэ дызыхуиущыну игугъамрэ зэдгъэщIэнщ.
3. Еджэныгъэ къалэнхэр яхуэгъэувын.
Ди урокым и щIэдзапIэу мы псалъэжьхэм фыкъеджи ахэр къызэрывгурыIуэр къыжыфIэ.
1.Нэхъыжьыр гъэлъапIи уи щхьэр лъапIэ хъунщ.
2.Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI.
Дауэ фегупсысрэ сыт ди урокым и гупсысэ нэхъыщхьэр? Сыт урокым щызэдгъэщIэныр?
Ди урокым и эпиграфу IутIыж Борис мы и псалъэхэр къэсщташ
«Анэхэр – ар псынэщ, ар псысэщ.
Ар - Псатхьэщ, ар тхьэхэм я тхьэжщ…»
Дауи, нэхъыжьхэм,адэ-анэхэи пщIэ хуэщIын зэрыхуейм хуейм фэ куэрэ зыхэфхащ,апхуэдэ Iуэхугъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэри дджащ. Нобэ абы ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ зэреплъыр къэдгъэлъэгъуэнщ, и гупсысэр ди деж къихьэсын папщIэ сыт хуэдэ художественно- изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпрэ?
4. «КъызэIухын» щIэныгъэщIэхэр.
Сыт рассказкIэ зэджэр?
Езы тхыгъэр зэпкърытхын и пэкIэ, тхакIуэм и гъащIэм щыгъуазэ зытщIынщ.
ЕджакIуэхэм ягъэхьэзыра презентацэр къэгъэлъагъуэ.
5. Япэрей егъэбыдэнылIыгъэ.
ЦIыкIухэ, тхыгъэр фигу ирихьа? Ауэ псалъэ къывэхьэлъэкIахэр къыхэкIауэ къыщIэкIынщ. ЗэхэдгъэкIынщ ахэр .Сыт рассказыр зытеухуар?
Сюжетыр дауэ ухуа хъуа?
Сыт хуэдэ псалъэжькIэ къыщIидзэрэ рассказыр ? Фэ ар дауэ къывгурыIуэрэ?
Фыкъеджэжыт ар къызыхэш пычыгъуэр.
- Нанэм и гъащIэр дауэ къекIуэкIа?
- И щIалэгъуэм сыт худэ гугъуехь Iуууа?
- Сыт хуэдэ уэсят къыхуищIрэ и щхьэгъусэм зауэм щыкIуэм?
- Дауэ игъэзэщIа абы и щхьэгъусэм и псалъэхэр?
- Сыт хуэдэу къыщIэкIа и бынхэр?
- Хэт абы и унэр ищэныр тезэгъэчыныхьар?
- Сыт ар жьы щапIыж унэм къэкIуэн хуей щIэхъуар?
- Сыт хуэдэ щэху иIар нанэм?
- Сыт хуэдэ жэуап ефтынт а нанэм и упщIэм?
- ТхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэр къэвгъэлъагъуэ.
- Сыт мы тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэ?
Кластер зэхегъэувэн. Гуащэхъан и унагъуэр.
1.Тхьэмадэр.
2. Гуащэр.
3.Щхьэгъусэ.
4. Къуэхэр.
5.И пхъур.
6. Нысэр.
7. Къуэрылъху Алихъан.
6.Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм зыкъыщапщытэжыр щIыгъуу.
Егъэдж.:- Тхыгъэр щызэпкърытхакIэ иджы абы и лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэм дытепсэлъыхьынщ.Абы папщIэ гуп къэс фи пащхьэм илъ карточкэхэм ит упщIэхэм жэуап идот.
I гупым: 1) Тхыгъэм сыт "Къуэрылъху" щIыфIищар тхакIуэм?
Фэ сыт фIэфщынт?
2).Тхыгъэм и лъабжьэ хуэхъуар сыт?Апхуэдэ 1уэхугъуэ пэжу гъащ1эм къыщыхъуу п1эрэ?
2 гупым: I). Рассказым нэхъыбэу дызыхуэзэр диалог хьэмэ монолог?
2)ЛIыхъужьым и теплъэр , дунейм и щытыкIэр къызыхэщыж щIыпIэхэр къэвгъуэт. Сыт хуэдэ къалэн абыхэм ягъэзащIэр?
3 гупыр: 1) Тхыгъэр зэриухар дауэ къыфщыхъуа?
2).Фэ дауэ евгъэухынт рассказыр?
7. "ЩIэныгъэщIэ хэдгъэхьахэр" къыщапщытэж.
Япэ гупым и деж къыщыщIэддзэнщ.
Едж.: 1. Нанэм и гугъуехьыр зыхэзыщIу абы и хъуапсапIэр зыгъэзэщIар и къуэрылъхур аращ.
Иджыри фIэпщ хъунущ " Нэхъыжьхэм - гулъытэ".
Едж.: 2. Зи ныбжь нэса фызыжьым пщIэ хуамыщIу жьы щапIыж унэм иратащ.
Нысэр,пхъур Къуэхэр Къуэрылъху
• акъылыншэ щабэ гущIэгъулы
• нэмысыншэ лIыгъэншэ гъэса
• гущIэгъуншэ гущIыIэ нэмысыфIэ
• нэпсей хуэмыху жы1эщ1э
ЕтIуанэ гупым и жэуапхэм дедэIуэнщ.
Едж.: Рассказым нэхъыбэу къыщыкIуэр монологщ. Диалогым дыщыхуэзэр рассказым и щIэдзапIэмрэ и кIэухымрэщ.
Едж.: Рассказым и завякэр хъужыр авторымрэ нанэмрэ я диалогырщ. Нанэм и теплъэмкIэ ди пащхьэм тхакIуэм кърегъэувэ нанэ Iумахуэ. Сыт хуэдэ гугъуехь и нэгу щIэмыкIами ар къызытенащ анэ гумащIэу, цIыхугъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхуу.
Егъэдж. Зэпеуэ едгъэк1уэк1ынщ. Мы псалъэжьхэр и к1эм нэвгъэсыж.
1. Нэхъыжь гъэлъапIи … ( уи щхьэр лъапIэ хъунщ).
2.Зи нэхъыжь едаIуэ…. ( и Iуэху мэкIуатэ).
3.Нэхъыжьым жьэ ет… ( нэхъыщIэм гъуэгу ет).
4.Жьым еубзи… ( щIэр гъэгущхуэ).
5.Нэхъыжь кIэлъыджэркъым…( кIэлъокIуэ).
6.ЖьантIэм ухуемыкъу…(пхуэфащэмэ къыплъысынщ).
3 гупым и жэуап: Творческэ лэжьыгъэ. Еджак1эхэм пычыгъуэу къагъэлъагъуэ рассказыр зэриух 1ыхьэхэр.
Едж.- 1) Тхыгъэр зэриухам зы лъэнкъуэкIэ аразы укъещI. И адэ-анэм ящIа мыхъумыщIагъэр абы зырегъэзэхуэж, и анэшхуэр жьы щапIыж унэм къыщIешыжри езым къищта фэтэрым ешэ.
Сэ сыхуейт а нанэм и нысэм зыкъищIэжу и гуащэр и унэм ишэжыну. Нанэм ипхъ къэмыкIуэри щIэх-щIэх къыхуэкIуэурэ зэрылъагъуу щытыну. нанэр жьыщхьэ махуэ хъуауэ иIуэтэжыну.
Рефлексиер.
Егъэдж.: Ди урокым и кIэм сыт хуэдэ чэнджэщ ефтынт зи нэхъыжьхэр жьы щапIыж унэм езытхэм?
Егъэдж.: Сыт хуэдэ дерс къыхэпх хъуну мы хъыбарым?
Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым.
Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъун хуейщ.
Нэхъыжьым пщIэ хуэпщIмэ, пщIэ хубощI адыгагъэм, уи лъэпкъым.
Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым.
Нэхъыжь блэкIыу ину удыхьэшхыныр емыкIущ.
Синквейн егъэщ1эн.
1.Нэхъыжь.
2.Акъылыф1э,гумахэ.
3.Мэгупсысэ,мэгугъэ,мэхъуапсэ.
4.Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей.
5.Нэхъыжьыр акъылыф1эщ.
Фэ фи лэжьыгъэр къэзыпщытэн папщIэ зыкъызэрапщытэж листхэр дотхри къыхыдогъэкI.
Унэ лэжьыгъэ .
1. Сочиненэ " Срогушуэ си анэшхуэм е адэшхуэм".
2.Призентацэ щIын «Ди нэхъыжьыф1хэр».
Къэзгъэсэбэпа литературэр :
1. 5-9 классхэм папщIэ. Программэхэр. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Налшык, 2004. гъ.
2. ТIымыжь Хь.Т Балэ Л.Ф. Адыгэ литературэ. 7 -нэ классым папщIэ. Налшык,2019 гъ..
3. Адыгэ псалъэжьхэр. Налшык, I994 гъ.
4. Адыгэ IуэрыIуатэ. Налшык, I992 гъ.
5. Мафедзев О.Х. Очерки трудового воспитания адыгов. Нальчик, 1984.
6. Загазежев М.Г. Очерки по адыгской народной педагогике. Нальчик. 2000г.
7. Дзасэжь Хь. ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыныгъэ. Налшык, 1989 гъ.
8. Качесоков Н. «Адыгэ псалъэ ». 2005 гъ. 15 апрель.
9. Шэрджэс Алий. Хьэкъун Мухьэмэд. Адыгэхэмрэ ахэм я хъыбархэмрэ. Мейкъу.2000 гъ.
10. Интернет ресурсхэр
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.