Самоанализ
урок зэIуха « Сочиненэ-тетхыхьыныгъэ КIыщокъуэ Алим и фэеплъ сыным теухуауэ» 7классым щекIуэкIамкIэ.
Урокыр 7 классым щекIуэкIащ.Абы еджакIуэ 24 щIэсщ. Классыр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъхэм ящыщщ, качествэр 64, успеваемостыр I00%. Классыр адрейхэм къащхьэщокI лэжьыгъэфIхэр зэращIыфымрэ, щхьэзакъуэ Iуэхухэр зэрагъэзэщIэфымрэ.
Урокым и темэр: « Сочиненэ-тетхыхьыныгъэ КIыщокъуэ Алим и фэеплъ сыным теухуауэ.» Ар программэмкIэ дызынэсарт. 7 классым мы темэр тIэкIу къегугъуэкIыу къыпщыхъунущ, ауэ еджакIуэхэм я зэфIэкI инхэм сэ сытригъэгушхуащ бзэр зезыгъэужь лэжьыгъэ нэхъ гугъур къэсщтэным. Мы темэмкIэ дэ адэкIэ къыпыдощэ сабийхэм я бзэр зегъэужьын лэжьыгъэхэр.
Урокыр комбинированнэ тип лIэужьыгъуэм хохьэ.
Урокым и мурадхэр: ЩIэныгъэм ехьэлIауэ: сочиненэ зэмылIэужьыгъуэ щатхкIэ ехьэлIапхъэхэр зэхуахьэсу егъэсэн;
-публицистическэ стилым и щытыкIэхэр егъэщIэн:
-къэбэрдей литературэмрэ културэмрэ теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн.
ЗезыгъэужьыкIэ: - щхьэзакIуэ, гуп-гу лэжьыгъэхэр къагъэсэбэпурэ сочиненэ тхыным хуэгъэхьэзырын;
-еджакIуэхэм я къэухьым зегъэубгъун.
КоммуникативнэкIэ:
-еджакIуахэр зэрыклассу,гуп-гупурэ,тIурытIурэ зэдэлажьэу егъэсэн;
-теоремкIэ яджахэр гъащIэм къыщагъэсэбэпыфын.
ГъэсэныгъэмкIэ:
-лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ я щIэинхэм пщIэ хуащIу егъэсэн;
-КIыщокъуэ Алим щапхъэ трегъэхын.
Лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщар: гупу,щхьэзакъуэ, жьэрыIуатэрэ тхыгъэрэ.
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр зэрыухуар: лекция-рассказ, слайд гъэлъэгъуэныгъэ, аналитическэ псалъэмакъ.
Мультимедийнэ компонентым и къалэнхэр: преметыр я нэгу къыщIигъэувэн, псалъалъэр и зэхэлъыкIэр къагурегъэIуэн, еджакIуэхэр щIэныгъэ зэрагъэгъуэтыным гу хуегъэщIын.
Оборудование: компьютер, мультпроектор,экран.
ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: сыт скульптурэр зищIысыр,памятниккIэ зэджэр.
ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIыпхъэщ: памятникым къытепсэлъыхьыжыфу егъэсэн, сочиненэ ятхыфын.
Урокым и ухуэкIэр: 1/.КъызэщIэзыкъуэ псалъэ;
2.Хэзышэ, актуализацэ щIэныгъэхэр;
3.ТемэщIэм хэшэн;
4.Гуп-гупкIэ, щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр;
5.ТемэщIэр егъэбыдылIэн;
6.КъызэщIэзыкъуэж псалъэ;
7.Щхьэхуэ-щхьэхуэ унэ лэжьыгъэ,сочиненэ зэмылIэужьыгъуэ ятхыным и зэфIэкI хэгъэхъуэн.
Зыхуэзгъэувыжа дидактическэ къалэнхэр урокым и Iыхьэ псоми щыгъэзэщIа хъуащ.
Метод урокым къыщыдгъэсэбэпахэр:нэIурыту щытыныр ,дифференцированнэ егъэджэныгъэ, личностно-ориентированнэ бгъэдыхьэкIэ. Методхэр яджхэмрэ зынэса программэмрэ хуокIуэ икIи щIэныгъэфIхэр ягъуэтауэ жыпIэ хъунущ.
Урокыр екIуу екIуэкIащ. Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ еджакIуэхэм щIэныгъэфIхэр зэрагъэгъуэтыным хуэша хъуащ.Абыхэм папщIэ къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр еджакIуэ дэтхэнэми хузэфIэкIыным елъытауэ къызэрылъысам зэша зыри къыхэкIакъым. Нэхъ къахэжаныкI сабийхэр тезгъэгушхуэурэ,языныкъуэ шынэхэм садэIэпыкъуурэ естыну сызыхуея щIэныгъэр еджакIуэхм ябгъэдэслъхьащ.
ЕджакIуэхэмм я бзэр шэрыуэщ, материалыр гурыIуэгъуэ зэрысщIыным, научнэ терминхэри езгъэщIащ, езыхэми а ягъуэта щIэныгъэхэри гъащIэм къыщагъэсэбэпыфынущ, псом хуэмыдэу урысыбзэ, культурэ урокхэм.
Гъэсэныгъэр урокым и дэтхэнэ Iыхьэми епхауэ щытащ.
Урокым и Iыхьэ нэхъыфIыр: макъамэ, презентацэхэр, сурэтхэр, еджакIуэхэр зыхуэкIуа гупсысэхэр.
Урокым и оценкэр:Урок щIэныгъэ хэзыгъахъуэщ, хуезыгъаджэ,хуезыгъасэ и лъахэмрэ абы и цIыху пажэхэм пщIэ хуащIу хуегъэсэным.
Сэ си егъэджэныгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр: дэ дгъэсэну ди къалэнщ ди къэралым и цIыху, и Хэку фIыуэ илъагъуу, и культурэм пщIэ хуищIу,къзыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ и хабзэхэм щыгъуазэу, ди гъащIэр иригъэфIакIуэу.
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.