Адыгэхэм я махуэм теухуа зэ1ущ1эр
Л1ыбзу Аслъэн и «Къафэ к1ыхьыр» къоуэ (JBL)
Егъэджак1уэм:
Си адыгэр умыц1ыхум
Тхыдэм еплъи къыбжи1энщ,
Тхылъ умыщ1эм зэрыщытыр
Къызэупщ1и сэ бжес1энщ.
Рамзесышхуэм джатэ жанк1э
Езэуахэм дырабынщ,
Кърым хъаныжьхэр бгыху лъащ1эпщ1эм
Щызыдзахэм дыракъуэшщ.
Видеоролик «Кто такие адыги?» (проектор)
Ибрагим: Уи махуэ фIыуэ, ди адыгэ лъахэ!
Мадинэ: Уи махуэ фIыуэ, ди адыгэ лъэпкъ!
Ибрагим: Уи махуэ фIыуэ, ди щIэблэ Iумахуэ!
Мадинэ: Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ!
Ибрагим: ФыкъэдаIуэ,
щIэблэ!
Мадинэ: ФыкъэдаIуэ, маржэ!
Зэгъусэу: Фэ къывэпсалъэр адэжь лъахэрщ!
Егъэджак1уэм: Нобэрей зэхыхьэр, «Адыгэм и щ1эблэ 1умахуэ» зи ф1эщыгъэц1эр, гуфIэгъуэ псоми текIуэ гуфIэгъуэщ. Ар и щыхьэтщ дызэрылъэпкъ узыншэм, анэдэлъхубзэ, тхыдэ, хабзэ, нэмыс - лъэпкъ дызыщI нэщэнэхэр диIэу жэннэту къэплъытэ хъун ди щIыналъэ телъыджэм дызэрыщыпсэужым.
Нобэ зэпеуэнухэщ ещанэ «б» классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэу «Ашэбейм и пщэдейхэр» зи ф1эщыгъэц1э гупымрэ (гупым и пашэр К1уэк1уэ Алинэщ)
(Ц1ык1ухэр я шэнтхэм мэт1ы «Балъкъ и псынэхэр» гупымрэ (гупым и пашэр Журт Каринэщ).
Зэпеуэр зэрек1уэк1ынур:
1. «Дызэрывгъэц1ыху». Пэублэ псалъэ. Гупхэм сэлам зэрахынущ, зыкъыдагъэц1ыхунущ.
2 . Унэ лэжьыгъэ «Сэ адыгэу сыкъалъхуащ»:
а) хъуэхъу
б) усэ
г) къафэ
3. 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпеуэн).
4. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
5. Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)
6. Пашэ зэпеуэ.
Нобэрей ди зэ1ущ1эм хьэщ1э лъап1э ди1эщ. Ахэр ди зэхьэзэхуэм и Хасэрщ:
1.________________________________________________________________
2.________________________________________________________________
3.________________________________________________________________
4.________________________________________________________________
5.________________________________________________________________
Егъэджак1уэм: Аращи фыкъыдогъэблагъэ ди зэпеуэм: зывгъэпсэху, зэпеуэм фыкъыхыхьэ, ди адыгэбзэм и шэрыуагъэр, и уэрэдхэм я дахагъыр, ди Хабзэр зэрыпсэур зэхэдвгъащ1э. Зэпеуэр къыздагъэпсынщ1эну гупыж ящ1ащ епщ1анэ классым и еджак1уэ Къардэн Мадинэрэ ебгъуанэ классым щеджэ Пщыунэ Ибрахьимрэ. Фи ныбжь Тхэм иригъэкъу. Нобэ зэпеуэну гупит1ми «Гъуэгу махуэ» вжызо1э.
1. Аращи, япэ зэпеуэр- «Дызэрывгъэц1ыху. Пэублэ псалъэ».
Мадинэ: «Балъкъ и псынэхэр» гупым и зэрыхыхьэ псалъэм ди гуапэу деда1уэнщ.
Журт Каринэ: Хабзэ дахэу дэ ди лъэпкъым 1эджэ мэхъур
къыдежьар.
Ди сэламырщ дэ а къомым къыщ1эдзап1э яхуэтщ1ар.
Дыгуф1эжу нобэ «Фыузыншэм» дэ вжыдо1э.
«Дыхъэрзынэщ», - ар жэуапмэ, нэхъ ди гуапэ зы щымы1э.
Гъуэгурык1уэм ар къитамэ,
Дыкъотэджри къы1ыдохыр.
Нэхъыжьыф1хэм дахуэзамэ,
щхьэр догъэщри ар ядохыр.
Фэрыщ1 хэлъкъым ди сэламым,
Пэжк1э ди гум ар къегъэщ1
Фыкъеблагъэ ди пэш хуитым!
Фыкъытхуэк1уэ махуэ къэс!
Ибрагим: Утыкум къызогъэблагъэ «Ашэбейм и пщэдейхэр». А ц1ык1ухэм ягъэхьэзыращ ди нэхъыжь мы 1уэхугъуэ дахэм кърихьэл1ахэм хуэгъэза ф1эхъус сэлам:
Ф1эхъус апщий, пщ1э зыхуэтщ1 адэ-анэхэ,
Псэм и щ1асэу ди хьэщ1э лъап1эхэ
1эзэрэ щыпкъэу ди егъэджак1уэхэ
Дыгъэ-щыгъэу ди еджак1уэхэ
Нобэ дыарэзыуэ фыкъыдогъэблагъэ
Ди жьэгу пащхьэм.
Ди нэхъыжьыф1хэм мы махуэ лъап1эм
Хъуэхъубжьэр фхуэфащэу щыф1эт.
Гупыр вгъэдахэу, хъуэхъу дахэ ф1эту,
Куэдрэ дэ фыкъытхэт!
Ди нэхъыжьыф1хэу дэ къытщхьэщытхэм,
Фи жьыщхьэр махуэ фхурехъу!
Бынхэр вгъэгуф1эу, фи щ1эблэр вгъаф1эу
Ди гъащ1эм щапхъэ фыхуэхъу.
Мадинэ: Фыпсэу! Дахэу зыкъэдвгъэц1ыхуащ. Иджы ди хасэ лъап1эм делъэ1унщ зэрыхыхьэ псалъэхэмк1э балл ягъэувыну. Нэхъ лъагэ дыдэр – «тхущ», нэхъ лъахъшэр-«т1ущ».
Ибрагим:
Ц1ык1ухэ, хасэр лажьэху унэ лэжьыгъэу фи1а «Сэ адыгэу сыкъалъхуащ» 1ыхьэм фыкъызогъэблагъэ. Хъуэхъу зэпеуэр щ1ыдодзэ!
К1уэк1уэ Заринэ: Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи,
Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,
Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,
Лъэуджыджэ тхэмыту.
1ей тхэтыныр ди жагъуэу,
Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,
Ди гукъеуэр здэтшэчу,
Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу,
Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу,
Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу,
Псыблэм хуэдэу заупц1у
Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу,
Я жэрагък1э алъпыжьхэу,
Ди лъэпкъ уардэр
псэуну сохъуахъуэ!
Бищ1о Имран: - Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,
Фарыщ1агъ тхэмылъу,
Къэралыгъуэу дыщыпсэум
И псэук1эр еф1ак1уэу,
Къэралу щы1эм драпашэу,
Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу,
Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу
Зэдэ1уэжрэ зэрылъытэу
Зым 1эпыхур зым къищтэжу
Зы унафэм дыщ1эту
Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу
Ар 1эщ1ыб дымыщ1у
Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ
Нэмысрэ насыпрэ ди куэду
Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!
Ибрагим: - Адэжь щ1ыналъэ,
Си нэр зыгъаплъэ,
Си лъэр здэбыдэ,
Зыми хуэмыдэ,
Уэ уи жьэгу дыщэм
Щызек1уэ хабзэм
Анэдэлъхубзэр ныдобзэрабзэр.
Мадинэ: - Дэ ди гуф1эгъуи
Ди нэщхъеягъуи
Тхузэбгъэзахуэу
Утетщ гъуэгу махуэ.
Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,
Уздэщымы1э сыщремы1э.
Ибрагим: Адыгэ лъэпкъым теухуа усэхэмк1э зэпеуэр идошажьэ. Хьет жевгъы1э!
«Балъкъ и псынэ» гупым зэхывагъэхынущ шэрджэс усак1уэ Къэбалэлий Аслъэн и усэ ц1эры1уэ «Дэ ды-шэрджэсщ» жыхуи1эр.
(Проекторым къегъэлъагъуэ Бэч Азэмэт и клипыр)
Журтова Карина
Черкесы мы, сыны кавказских гор -
Потомки нартов мы, непобедимых.
Черкесы мы, таков наш приговор
Перед судьбой, порой неукротимой.
Гедмишхова Фарида
Пускай она, как строгий судья
Вершит свой суд безжалостный и кроткий
Осталась всё ж Черкесия моя
Журчать в напевах горных речек звонких.
_Карданов Нур-Мухамед
Черкесы мы, так было испокон
И будет сквозь года безбрежной дали.
Черкесы мы, вот времени закон,
Ни подлежащий, ни огню, ни стали.
Карданова Бэла
Да, было то, что память холодит,
История не знала к нам пощады:
Всё помнит скал страдальческих гранит:
И сабель звон, и залпов канонады.
Татарканова Раяна
Сменялись ханы, царь
сменял царя
В петле душились Родины пределы,
Но охлаждались пыл и прыть врага
Прохладой исполинов белоснежных.
Эльчепарова Элина
Черкесы мы, нам честь одна дана,
Её лишь неподкупные мы слуги,
Лишь ей живём, лишь цель одна видна,
Чтоб не порвать достоинства подпруги.
Татарканов Мухамед
Черкесы мы! Двенадцать звёзд дугой
На знамени рассыпались зелёном
И три стрелы хранят земли покой
От века, что прославилась свободной
Эльчепаров Амирхан
Черкесы мы, сыны кавказских гор -
Потомки нартов мы, непобедимых.
Черкесы мы, таков наш приговор
Перед судьбой, порой неукротимой
Мадинэ: Утыкум къезгъэблагъэну сыхуейт «Ашэбейм и пщэдей» гупым щыщ вагъуэ ц1ык1у К1уэк1уэ Алинэ. Ар къеджэнущ Бемырзэхэ Мухьэдин и «Лъэ1у» усэм
Адыгэ ныпыр (проектор)
(«Си уэрэд») (JBL)
Адыгэ лъэпкъым и 1эпкълъэпкъ пщык1ут1-
Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэк1э.
Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
Ит1анэ абазэхэр, къэбэрдейр,
Адэмей л1акъуэр, к1эмыргуейр, бжьэдыгъур.
Кавказым и дахэп1эр фэ фи хэкут,
Щ1ыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щ1ап1эт,
Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
Фи тенджыз 1уфэр я1эт кхъухьтедзап1эу.
Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар
Мэкъуауэ бадзэу, маф1э нэпц1к1э мэсхэр.
Адыгэ лъэпкъым и лъакъуэ пщык1ут1,
1эпкълъэпкъыу ц1ыхум фэ фхуэдизщи и1эр,
Зыгуэр фыхэщ1у и гур ивмыуд,
Фи псэуныгъэр гурыф1ыгъуэу зи1эм.
Ибрагим:
Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ,
Уэгум сихьамэ щlылъэр си плъапlэщ.
Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ,
Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.
«Адыгэ уафэ». Аращ иджыпсту Ашэбейм и пщэдей ц1ык1ухэм кывжа1эну уэрэд дахэм и ц1эр. Макъамэр зейр Тхьэбысым Умарщ, псалъэхэр зытхар К1ыщокъуэ Алим.
«Адыгэ уафэ» . (JBL) Проектор «Плывущие облака»
Лъэпкъым теухуа уэрэд дахэк1э адэк1э зэхьэзахуэр пащэ къык1элъык1уэ командэм. «Адыгэ лъэпкъыр къофэ». Макъамэр Тхьэбысым Умар ейщ, псалъэхэр зытхар Гъубж Мухьэдинщ.
«Адыгэ лъэпкъыр къофэ» . (JBL)
Мадинэ: Адыгэ къафэ,
Адыгэ къафэ,
Адыгэм псэ иIэм – иIэр уэращ.
Уэ уи макъамэу
Дуней гъэдахэм
ЩIэдэIум и псэм зэуэ зехъуэж.
«Взгляд черкешенки» Ебланэ «Б» классым щ1эс хъыджэбз ц1ык1ухэр къофэ (проектор)
Ибрагим: Адыгэ къафэ зэпеуэр идошажьэ, маржэ!
Мадинэ: Утыкум къызогъэблагъэ «Ашэбейм и пщэдейхэр». (JBL)
(Танец) Ибрагим: Утыкур хуит яхузощ1 «Балъкъ и пщэдейхэм» (проектор)
(Танец)
Егъэджак1уэм:
Адэк1э къыпысщэну сыхуейщ адыгэ псалъэжьхэм теухуа гуп зэпеуэ. Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Абыхэм 1ущагъ ябгъэдэлъщ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ я1эщ. Псалъэжьхэм ди бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Абыхэм я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ.
Мадинэ: Алинэрэ Каринэрэ фыкъызбгъэдыхьи фи лэжьыгъэ зэрызыр с1ыфх. Псалъэжьыр зэхывогъэувэри и мыхьэнэр къыжыво1э.
Хъэзыр хъу гупыр фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.
Аращи, зэманыр тызоухуэ.Дакъикъэ зэрыз къыфлъос.
(Макъамэ къоуэ, ц1ык1ухэр мэлажьэ)
«Ашэбейм и пщэдейхэр» гупым: Нэмыс, насып, щы1экъым, здэщымы1эм
Нэмыс здэщымы1эм насып щы1экъым.
«Балъкъ и
псынэхэр гупым: нэхърэ, куэд ,
зылэжь, жызы1э, Куэд.
Куэд жызы1э нэхърэ, куэд зылэжь.
Ц1ык1ухэм я жэуап
Ибрагим: Псынщ1эрыпсалъэхэри ди 1уэры1уатэм щыщщ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ я1эщ сабийхэм я бзэм зегъэужьынымк1э.
Мадинэ:Алинэрэ Каринэрэ иджыри зэ фыкъызбгъэдыхьи лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъымп1эхэр с1ыфх.
Гуп къэск1э псынщ1эрыпсалъэ щырыщ къыфлъосри, абы тэмэму къызэреджэн хуейм хуэдэу къеджэн. Зэхуэвгуэши зывгъэхьэзыр. Хьэзыр хъур фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ. Щ1ыдодзэ.
Аращи, аргуэру зэманыр тызоухуэ. Дакъикъэ зэрыз къыфлъос.
(Макъамэ къоуэ, ц1ык1ухэр мэлажьэ).
Ц1ык1ухэм я жэуап.
Ибрагим: Адэк1э пыдощэ ди зэпеуэм. «ПсынщIэрыпсалъэ зэпеуэ».
Мадинэ: фи пащхьэм илъщ псынщ1эрыпсалъэ пл1ырыпл1. Абы псыирижэу къызэреджэн хуейм хуэдэу къеджэн. Зэхуэвгуэши зывгъэхьэзыр. Хьэзыр хъур фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ. Щ1ыдодзэ.
1. Псынэ, псыбэ, бырыбищ, къыщик1ухьым щыбырыбыр п1ырып1ищщ.
2. Ди щак1уэхьэм щ1эрык1уэхьыр щ1эк1уэрыхьырт
3. Уэдыд, ди адэ дыдыр Дэбубыдым , быдэу едыр.
4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э.
Мадинэ:
Адэк1э къыпыщэ… Аращ зэреджэр къык1элъык1уэ 1ыхьэм.
Гупит1ыр фызэпеуэнущ нэщэнэхэмк1э. Фи егъэджак1уэм псалъэр изот. –
Эммэ : Ц1ык1ухэ, сэ нэщэнэхэм я пэщ1эдзэр фызот тхылъымп1эт тету, фэ пывощэ. Хьэзыр фыхъуа нэужь гуп пашэхэм къыджа1э жэуап зытынухэм я ц1эр. Дакъикъэ зэрыз мы зэпеуэм зыхуэвгъэхьэзырыну фызот. Зэманыр ик1ащ. Хэт зэхьэзэхуэм хэтынухэр гупым къыьбгъэдэк1ыу? Нэщэнэ ирий къыфлъос. Фыхьэзыр?
Ат1э щызодзэ:
1. Уфиймэ …. (жьы къопщэ )
2. Шэр к1эребгъасхьэмэ е къибгъэк1мэ … (жэм гъэшым к1эреч)
3. Уи пащ1эр шхэмэ… (гуф1жгъуэ 1энэ къыпоплъэ)
4. Сабий къалъхуар гущэм хамыпхэ щ1ык1э джэдур хапхэрт… (сабийр гъыринэ мыхъун щхьэк1э)
5. 1унк1ыбзэр 1энэм тралъхьэкъым…(унагъуэм къаугъэ къохъуэ жа1э)
6. Сапэк1э ушхэмэ…(угубжьынущ)
7. Уи япэ итым и лъакъуамп1эм уиувэмэ…(и къарур къытыбох жа1э)
8. Уи нэр плъызмэ…(хьэщ1э къок1уэ)
9. Уи 1эгур шхэмэ…(зыгуэр къыпхохъуэ)
10. Уи лъэгур шхэмэ…(укъэфэнущ)
11. Уи тхьэк1умэ ижьыр плъымэ, вуумэ…(уи щытхъу жа1э)
12. Уи набдзэр шхэмэ…(зыгуэрым сэлам епхынущ)
13. Щхьэукъуэрей ухъумэ…(уэшх къошх)
14.Уи щхьэц налъэ къыхэжмэ …( ф1ыуэ плъагъу у1уощ1э)
15.Бжьыным фэ куэд телъмэ …(щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу)
16. Блэ щ1ымахуэм плъагъумэ…(тхьэм ущ1елъэ1ур къыпхуещ1)
Ибрагим:
Иджыпсту гупхэм я пашэхэм зэпедгъэуэнщ. Абыхэм фи пащхьэ къралъхьэнущ езым ягъэхьэзырыжа проект ц1ык1ухэр.
Мадинэ: Дэ псоми куэдрэ зэхыдох адыгэбзэр къулейсызу, нэгъуэщ1ыбзэхэм псалъэщ1эхэр къыхомыхмэ, зэманым удемык1ужыну шынагъуэ щы1эу. Ар пэжкъым! Иджыпсту ди бзэр зэрыкъулейр на1уэ къищ1ынущ гуп пашэ Журт Каринэ. «Бзэукъэбз»-аращ абы и проект ц1ык1ум и ц1эр.
(Каринэ и проектыр)
Ибрагим: Утыку къызогъэблагъэ гуп пашэ К1уэк1уэ Алинэ. «Адыгэ уней лъапсэжь»-аращ Алинэ игъэхьэзыра проект ц1ык1ум ф1ищар. Къохъул1эм ди гуапэщ, Алинэ!
(Алинэ и проектыр)
Егъэджак1уэм: Зэпеуэр зэрек1уэк1ар къызэщ1эткъуэжынщ. Хасэм псалъэ идот.
Л1ыбзу Аслъэн и «Къафэ к1ыхьыр» къоуэ (JBL)
Ибрагим:
Адыгэр дунеижьым щикъухьащи,
Сохъуахъуэ зы дыхъужыну,
Дызэрыубыдыжыну,
Iуащхьэмахуэ ди зэхуэдэ анэу диIэну,
КъемыкIуэлIэжыф къанэми, дызэрыщIэну,
Дэнэ щыIэ адыгэми ди къакӀуэ-накӀуэр куэд хъуну,
Хъер диIэрэ здэдгуэшу,
Нэщхъеягъуэр ди мащIэрэ, здэтӀэту.
Мадинэ:
Адыгэ щIэблэр фыгурыхуэу,
ФимыIуэху зевмыхуэу,
Нэхъыжьхэр вгъэлъапIэу,
Фи адэ-анэм федаIуэу,
Хабзэм фрителъхьэу,
Дыгъэ нурыр фителъхьэу,
Намысыр фи Iэпэгъуу,
Щыуагъэхэр зыхуэвгъэгъуу,
ХэвгъащIэр фи хьэрхуэрэгъур арауэ,
Фи махуэхэр жьы къабзэкIэ гъэнщIауэ,
ГъащIэм и IэфIагъыр зэхэфщIауэ,
Адыгэбзэм пщIэ хуэфщIырэ,
Адрей лъэпкъхэми къыхуевгъэщIу,
Адыгэ Iэхур вгъэкIуатэу,
Фи зэманыр хуэму кIуатэу,
ЗэгурыIуэныгъэр фхуэбатэу,
Iуащхьэмахуэ сыт щыгъу флагъуу,
Гъатхэ удзыпцIэр фи лъагъуу,
Уафэгум итыр Шыхулъагъу
ЖэщкIэ къаблэр фи насып вагъуэу,
ЩIэблэ нэсу фыкъэхъуну Тхьэм жиIэ.
Ибрагим: Нобэрей ди зэ1ущ1эр зэхуэтщ1ыжыну си гуапэщ адыгэ джэгук1э.
Уэркъ къафэ (JBL)
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.