30.11.2016
Темэр: Макъ П, хьэрфхэу П, п.
Мурадыр :
Макъ П –мрэ абы и П, п хьэрфхэмрэ щыгъэгъуэзэн.
Еджак1уэхэр егьэсэн тэмэму зэф1эсыфу.
Урокыр зэрекIуэкIыныр:
I. КъызэщIэзыкъуэ дакъикъэ.
Урок блэк1ам щаджар къазэрыгуры1уар къэпщытэжын.(Слайд 2-3)
Напэк1уэц1 46-47-хэм ярыт тхыгъэхэм макъ б-р къыхагъэщхьэхук1, хьэрфхэр пычыгъуэурэ зыпагъэувэурэ къоджэхэр.
Макъ б хэту псалъэ къахьри а макъыр здэщытыр къахутэ.
II. Макъ П -м щыгъэгъуэзэн.
Макъ п–р псалъэм къыхагъуэтэфу идогъасэ. Егъэджак1уэми еджак1уэхэми къахь псалъэухам хэт макъ п-р къыхагъуатэ, а макъыр здэщыт щ1ып1эри къахутэ.
Макъ п–р макъзешэрэ макъ дэк1уашэрэ зэхагъэк1.
III. Зыгъэпсэхугъуэ дэкъикъэ.(Физминутка) (Слайд 4-8)
IV. Хьэрфхэу П, п -хэр егъэц1ыхун. (Слайд 9)
Напэк1уэц1 48-49-хэм къыщыхьа тхыгъэхэм зэк1элъык1уэуи
хэчыхьауи къегъэджэн.
V. Бзэм теухуа гурыIуэныгъэ егъэгъуэтын.
Псалъэм и пкъыгъуэхэр тэмэму жа1эфу егъэсэн.
Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын.
VI. Егъэбыдыл1эн. (Слайд 10)
Урокым къыщащ1ам пхырыплъыжын.
- Сыт щ1эуэ урокым къыщыфщ1ар?
- Сытым нэхъ фыдихьэха?
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.