Мурадыр:Еджак1уэ ц1ык1ухэм адыгэ хабзэр,нэмысыр ягъэщ1эн.Къэк1уэну щ1эблэр утыку итыфу, я нэхъыжьым пщ1э, нэмыс хуащ1ыфу гъэсэн. Хьэл-щэн дахэ яхэлъу къэгъэтэджын.
Хэзыгъэгъуазэ: Хабзэм и къежьап1э хъуам тепсэлъыхьын.Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и гуращэщ и лъэпкъ и хабзэр,и щэн хабзэр ихъумэжыну. Дэри ди1эщ дригушхуэу, ди щхьэр ину дигъэлъагъужу хабзэ къызэрымык1уэу дахэк1ей… Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъыф1 дыдэр нэмысырщ… Хабзэм адыгагъэ зыхэлъхьэным,нэмыс пхэлъыным мыхьэнэшхуэ ирет. Хабзэм адыгэм хэлъын хуей хьэл-щэнхэу къелъытэ мыхэр: Гуапагъэр, л1ыгъэр,пэжыгъэр, тэмакъ к1ыхьагъэр, ук1ытэр.
Адыгэм хьэщ1эр зыпащ1 шы1этэкъым. Арат адыгэ псалъэжьым щ1ыжи1эр: «Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ» жэуэ. Хьэш1эм хьэщ1агъэ зэрырахыр и ныбжьратэкъым, ат1э нэхъыщхьэр зэрыхьэщ1эрат.
Ди1эщ адыгэм хабзэ дахэ:Ди унэм къихьэу щытмэ хьэщ1э, Ар хэту щытми, къепсыхахэмБысымыр гуапэу хуейщ 1ущ1эн.
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэр.Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар. Хабзэращ лъэпкъым жьэгу пащхьэр зыгъаблэр. Нахъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумэр.Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уэр, А зыращ щ1алэм дамэ лъэщыр къыхихар Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар, Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар. Уэзыращ, хабзэ, ди къэк1уэнур зыпыщ1ар. Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Ди1эщ хабзэмрэ нэмысымрэ теухуауэ псалъэжьхэр: 1. Адыгэ хабзэр-адэ щ1эинщ.2.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым жэуэ.Сыт нэмыс жыхуа1эр ?Дадэ деупш1ащ.Дадэ щ1эгуф1ык1риЖьак1уэу къыщ1идзащ.Нэмысщ ди лъэпкъ хабзэрФц1ыхуу фэ зефхьэжмэФыщыц1ыхук1э ц1ыхумЦ1ыхуу фахэтыфмэ.Нэмысщ ,адэ-анэмДахэу уахущытмэНэмысщ,угупщысэуЗахуэу упсэлъамэФигу еуэну псалъэрХэти евмыпэсмэ. .
- Нахъыжьым еда1уэ, нэхъыжьым пщ1э хуэщ1.- Нэхъыжьыр умыгъэпуд.- Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунщ.
- Адыгэ лъэпкъым фыкъызыхэк1ар зыщывмыгъэгъупщэ.- Адыгэ хабзэ, нэмыс зыхэвгъэлъ, фхъумэ.- Фи адэ хэкужь хуэфщ1эн быну фыщыт.- Адыгэ напэр тезмыхын щ1эблэу фыкъэхъу..
Материалы на данной страницы взяты из открытых источников либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.