Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)
Оценка 4.6

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Оценка 4.6
Мероприятия
docx
воспитательная работа
4 кл
22.02.2018
Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)
Кабардинцы и балкарцы издавна славились своим гостеприимством. В начале XVII века нидерландский путешественник писал о черкесах, что “они очень разумны и приветливы, достойны подражания и знамениты своим гостеприимством”. Такую характеристику кабардинскому балкарскому гостеприимству давали многие другие очевидцы истории наших народов в XVI–XIX веках. Сложились четко разработанные правила приема гостей, их прав, обязанностей хозяев, нарушение которых осуждалось по обычаю горских народов. Каждый обязан был знать все традиции своего народа.Внеклассное мероприятие "Унэишэ"
Унэишэ.docx
Унэишэ. Нэгур гуф1эм зэ1уихамэ, Джэгу мэкъамэри къэ1уамэ, Акъбащ ипщэхэр къэсащ Вагъуэбэ гупыр къепсыхащ. Ди жюрихэм жьант1эр ягъэбжьыф1эу Зэхьэзэхуэ джэгур мисс къапщытэ, Узыншагъэр фи1эу, фыгуф1эжу, Хабзэ дахэм фыриджэрпэджэжу, Щ1эблэ къэхъум нэмыс евгъэлъагъуфу Куэдрэ фек1уэк1ыну дыфхуохъуахъуэ! Жьант1эр нэхъыжьым, Къафэр нэхъыщ1эм, Гуф1эгъуэ махуэщ, Ди унэишэщ, Ди нысэтешэщ! (Бжьэмий ансамблым игъэзащ1эу «Адыгэ нысэ унэ идошэ» уэрэдыр къоуэ). -Мазэр и нэгуу, Зек1уэрэ дахэу Нысэ идошэ. Фыкъытхуеблагъэ,фыкъытхуэхъуахъуэ, Нысэ идошэ. (Нэхъыжьхэр 1энэм пэрысщ. Гупыр унэм щы1ухьэм деж, зы ц1ыхубз къэтэджырти къепхъых ищ1ырт хугу, дэ, ахъшэ зэхэлъу.Псори берычэтым, быныф1агъэм къызхуэтыншэу псэуным и нэщэнэт.Къепхъыхыр ини, ц1ык1уи къащыпырт, угъурлыгъэ къыдэк1уэну къалъытэрт.) Щ1алэм. –Тхьэм дыкъихъумэ! Нысащ1э дахэр ди нанэ дахэхэм я пащхьэм идгъэуващ. -Ди нанэу дыщэхэ! Нобэ нысэм я нэхъ дахэр фи пащхьэм къитшащи пасэрей щ1эк1эу, пасэрей псалъэк1эу, пасэрей баракъыу укъытхуеджэмэ ди гуапэт, ауэ укъэджэн ипэк1э хъы техыр хуит дыпщ1мэ дгъэзэщ1энщ. Нанэ. –Узощ1. Щ1алэм. –Къафщтэ мыдэ бжыр. Ди нанэхэу дахэхэ! Ди шыпхъу ц1ык1ухэ! Нобэ гуф1эгъуэрэ, узыншагъэк1э лъапэм я нэхъ махуэр мы унагъуэм кърихьауэ, нэгум я нэхъ угъурлык1э къыфхэплъэну сэ сохъуахъуэри тхьэм къытхузэпищэмэ сэ хъы техыр сщ1ынщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ ди адэжь хабзэ , мы бжым и пэм зы топ ц1ык1у , щ1акхъуэм къыхэщ1ык1ауэ, лъэпкъым нэхъыбэрэ иса бзылъхугъэ нанэ пигъэзэгъэну солъэ1у. (Нанэ лъэ1ур егъэзащ1э) -Ат1э, гуф1эгъуэ нэгук1э лъэпкъым укъытхэплъэну, фэри фы1уплъэну тхьэм жи1э. 1эщабэ-1ущабэурэ, сысакъыурэ ди нысэ дахэм тепхъуэр тызох. (Хъарыр занщ1эу и1этыркъым, хуэмурэ щ1оплъэри ,къэщта хуэдэ зещ1.) –Мыбы дыгъужьщ щ1эсыр! (Нанэ сымэ мэдыхьэшх.) -Ар сыт нэщхъ къызэрызэплъар! (Хъарыр трех.) Нанэхэм. – Алыхь, алыхь, алыхь! Дахэхэм я нэхъ дахэжщ. Тхьэ1ухуд шырщ.(Музыкэр къоуэ. Щ1алэм. –Ди нанэ дахэхэ! Фи псалъэм и дахэм дыхуопабгъэ, дыщ1одэ1у. Фи нысэ ц1ык1уми зигъэумэзэхауэ нодэ1у. (Нанэхэм я нэхъ жьак1уэм псалъэ гуапэхэмк1э зыкъыхуегъазэ нысащ1эм) Нанэм. -Ди нысэ ц1ык1уу нобэ къытхыхьар хъерыгъэ пылъу, угъурлыгъэ пылъу, щауэхъурылъхуу, къилъхур иузэду, идар мыт1эп1у 1упэм епщ1рэ щ1ыфэм ек1уу, здэк1уэ 1уэхум л1ы к1элъымык1уэжу ,фадэм хуэдэу 1ущащэу, щынэм хуэдэу 1ущабэу, маф1эм хуэдэу гу хуабэу, хьэф1ым хуэдэу 1умахуэу, шыф1ым хуэдэу ц1эры1уэу, и гуащэжьыр щ1эк1амэ хуэзэшу, къыщ1ыхьэжамэ щышынэу, шынэ, ук1ытэ хэлъу, и тхьэмадэжьыр имыгъэдзыхэу, и гуащэжьри иримыгъэк1уэтэк1ыу, ек1уэтэк1ами къришэл1эжыфу тхьэм акъыл кърит. Жыхапхъэр зрилъафэу, унафэр иримыхыу, хамэр къришал1эу, бын дыщэ къыщ1эхъуащ жа1эу псори щыгуф1ык1ыу апхуэдэ нысэ тхьэм тхуищ1.Къыздрашам лъэдакъэ махуэ къигъэнауэ, къыздашам лъапэ махуэ къытхуихьауэ тхьэм жи1э. -Дахэу ди нысэ фо! Фом хуэдэу зыхыхьам къащыхъун! Уи нап1э ц1ык1ур къэ1эти , къытхыхьэ! Щ1алэм. –Ди нанэу дахэ! Япэ лъэбакъуэу ди нысэ ц1ык1ур, къытхэбакъуэ жып1эу узэлъэ1уам укъигъэщ1эхъункъым, къыпхуищ1энщ . -Япэ лъэбакъуэр гуф1эгъуэк1э мы ди щ1ып1эм иричэн ипэк1э , къэтщтэнщ ди адэжь и хабзэу мэлыфэ. (Мэлыфэр егъэт1ылъ цыр къыдэгъэзеяуэ нысащ1эм и пащхьэм. Псори к1элъыплът .Нысащ1эм и япэ лъэбакъуэр лъакъуэ ижьымк1э лъэпкъым яхичэн хуейт.) -Псалъэ дахэу жып1ар 1урыц1элъ 1эф1к1э теу1эф1ыхьыжыт, нанэ! (Мэкъамэр еуэурэ 1урыц1элъ хуащ1 нысащ1эм форэ тхъурэ зэхэлъу.Псалъэм я нэхъ 1эф1ымрэ дахэмрэ къипсэлъыну арат нысащ1эр къызхураджэр. Нысащ1эм и бзэгур къригъэжу зэ1урыбзае хъунутэкъым. 1урыц1элъыр къыбгъурытхэм хуалъэщ1ыжын хуейт.) (Щ1алэр джэгуурэ) -Флъэгъуа нысащ1эм къригъэжа и бзэгур! Мыр бзэгукъым, шэрэзщ! Сынывэхъуапсэркъым мыр къызыхыхьа лъэпкъым! (1урыц1элъыр зэрызэф1эк1ыу ар зэрылъа кхъуэщын ц1ык1ур къы1эщ1апхъуэтырти езыхэми зы1уагъахуэрт.Ит1анэ унащхьэм драдзеирт, кърагъэжэхыжырти якъутэжырт.Абы и ужьк1э ц1ыхубз нэхъыжьхэр зэрызурэ къыбгъэдыхьэрти нысащ1эм зыкърагъэц1ыхурт.Нысащ1эр къыбгъэдыхьэхэм я1урыплъыхьыртэкъым. Нап1эр гъэл1ауэ щытт.) Нанэр япэ тохьэ. –Ф1ык1э укъытхыхьауэ тхьэм къыщ1игъэк1 си псэ т1эк1ур зышхын! Гуащэшыпхъу. – Гуащэшыпхъур псом нэхърэ нэхъ гуащ1эщ. Угъурлыгъэк1э укъытхыхьауэ тхьэм къыщ1игъэк1. Уи нэмысымрэ уи насыпымрэ ипэк1э к1уэну тхьэм жи1э. Гъунэгъу ц1ыхубз. –Тхьэ сэ сыгъунэгъу фызу арам , т1асэ! Шхупц1атэхьэ сыкъек1уэк1ым гуапэу укъысхущытым нэгъуэщ1 сыхуэмей.Гуф1эгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ мы унагъуэм къипхьау тхьэм жи1э. Щ1алэм. –Нанэхэм зыкъевгъэц1ыхуамэ , хуит дыкъэфщ1мэ, нысащ1эр етшэжьэжынщ. Егъэзып1эр едгъэгъуэтыжынщ. Лагъунэмк1э тшэнщ. (Сабийхэм мэлыфэр ирахьэжьэ.) Зэгъэц1ыхуныр зэф1эк1а иужь, мэкъамэр къеуэу нысащ1эр ирашэжьэж. Джэгур зэхаублэ.)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)

Внеклассное мероприятие "Унэишэ" (1-4 классы)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
22.02.2018