Изложенэ "Щ1ымахуэ мэзым"
Оценка 4.6

Изложенэ "Щ1ымахуэ мэзым"

Оценка 4.6
Разработки уроков
docx
преподавание
4 кл
10.06.2020
Изложенэ "Щ1ымахуэ мэзым"
Изложенэ
Изложенэ Щ1ымахуэ мэзым.docx

Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «Щ1ымахуэ мэзым».

  Мурадыр. Я бзэм, тхыбзэм, зэф1эк1ым  зегъэужьын. Яджа пэжырытххэм я хабзэхэр къагъэсэбэпурэ изложенэм и текстым пэгъунэгъу хъыбар ятхыфу есэн.

 

Урокыр зэрек1уэк1ынур

1. Урокым зэрыхуэхьэзырымк1э (зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэмк1э къызэрызэгъэпэщар) еджак1уэхэм зыкъегъэпщытэжын.

2. Изложенэм елэжьын.

    1) Изложенэм къахуеджэн.

Щ1ымахуэ мэзым

 Уэсыр лъэгуажьэм къэсу куущ ик1и быдэщ. Дэ мэз гъунэ дыдэм дыщытщ. Мы щ1ып1эр дэ куэдрэ тлъэгъуащ, ауэ къытхуэц1ыхужыркъым. Дэнэ к1уа мыбы дежым ита хьэцыбанэ гуэрэн къомыр? Зыгуэрым ириупщ1ык1ауэ ара? Хьэуэ, ахэр иджыри итщ. Ат1э плъагъуркъым. Ахэр хьэщхьэтеуэм щ1ым нэсу къришэхри  уэс куум щ1игъэнащ. Езы мэз дыдэри гъэмахуэм е бжьыхьэм зэрыщытам ещхьыжкъым. Кхъужьей лъагэхэри,  мей къудамэшхуэхэри, пыжьей банэхэри-псори хужьыгъэм щ1игъэнащ. Мэз щ1агъыр нэщ1щ ик1и щымщ. Зэзэмызэ хьэщхьэтеуэм къришэха къудамэхэр жьы къыкъуэуам зэхегъэщ1ыщ1э. Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ. Ар тхьэк1умэк1ыхьхэм, бажэхэм, дыгъужьхэм я лъэкъуап1эщ.

  

2) Зи тхык1эм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэ: гуэрэн, хьэщхьэтеуэм, зэхегъэщ1ыщ1э, лъэкъуап1эщ

  

    3) Текстым план хуэгъэувын.

1.     Уэсыр куущ.

2.     Мэз  гъунэм  дыщытщ.

3.      Дэнэ к1уа хьэцыбанэ гуэрэн къомыр?

4.     Псори хьэщхьэтеуэм щ1игъэнащ.

5.     Мэзыр нэщ1щ ик1и щымщ.

6.      Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ

 

4) Планымк1э текстыр сабийт1-щым къыжегъэ1эжын.

3. Изложенэр егъэтхын.

4. Унэ лэжьыгъэ. 

Правилэхэр къэпщытэжын.


 

Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «

Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
10.06.2020