Муниципальнэ казеннэ общеобразовательнэ учрежденэ
«Курыт щIэныгъэ псомкIи щрагъэгъуэт ещанэ еджапIэ
Мэлбахъуэ Т.Къу. и цIэр зезыхьэу Тэрч къалэ дэт»
Зегъэужьын еджакIуэхэм я еджэныгъэмкIэ щIэныгъэр, щаджкIэ лирическэ тыгъэхэр, щыту ар зы унэтIыныгъэу ягъуэтынымкIэ гъащIэм къыщагъэсэбэпын еджэныгъэр .
Зыгъэхьэзырар: Тэрч ещанэ еджапIэм и егъэджакIуэ КIуантIэ Ж.Ю.
Тэрч къ.
Ди сабийхэр еджэфу пIэрэ? А упщIэм занщIэу пэжу жэуап ептыну гугъущ. Пэжщ, тхауэ итым еджэн, хьэрфхэр къыжыIэн,зэпагъэувэфын ахэр пычыгъуэу,абыхэм псалъэм къыхащIыкIыфын –яхузэфIокI. Ауэ зэджэм егупсысу, къагурыIуэу, къыщагъуэтыфу текстым зыхуей хъыбарыщIэхэр – зыхузэфIэкIыр мащIэ дыдэщ, къапщтэмэ, «уеджэфу ущытынымрэ» «фIыуэ хэпщIыкIыу уеджэфынымрэ»–а тIум къагъэлъагъуэр зыкъым. КъызэрагъэлъэгъуамкIэ ,зыхуэкIуа къэхутэныгъэхэр къэрал куэдым я программэхэр къэзыпщытэхэр щIэныгъэмкIэ яIэ хъуа зэфIэкIхэр (PISA), екIуэкIар иужьрейуэ 2018 гъэм, урысей еджакIуэхэр щытщ 31 увыпIэм 79 хъум.
Сыт езыр зиIысыр «еджэныгъэмкIэ щIэныгъэр»? Зэрыхабзэщи, щIэныгъэ бгъэдэлъу къалъытэр и лъагагъыр и зэфIэкIыр еджэнымрэ тхэнымкIэ. Термин «еджэныгъэмкIэ щIэныгъэр» къыщагъэсэбэпын щIадзащ урысей педагогикэм и пэщIэдзэхэм 2000 гъ. А зэманым щыгъуэ ди къэрал щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр япэу хэтауэ щытащ хамэ къэрал программахэм къыщапщытэм я зэфIэкIхэр еджакIуэхэм ипкъ иткIэ PISA-м.
Ди зэманым а IуэхуеплъыкIэм къызэщIеубыдэ нэхъ куууэ бгъэдыхьауэ текстхэм урилэжьэфыныр. ЕджэныгъэмкIэ щIэныгъэ – ар увкъым и синониму тхыгъэ куэд еджам е гъэхуауэ фIыуэ еджэным, ар щытщ хузэфIэкIыныр къыгурыIуэныр,къигъэсэбэпыныр икIи анализ хуэщIыфыныр къызэджар. ЕджэныгъэмкIэ щIэныгъэ зэхэтщ мыпхуэдэ IуэхуеплъыкIэ Iыхьэхэм: ирижэу еджэн; текстыр зэрыщыт дыдэм тету къэIуэтэжыфын; къэпщытэн и бзэмрэ къызэриIуатэ Iэмалхэмрэ текстыр; къэлъыхъуэн хъыбар зыхуей икIи къыхэгъэщхьэхукIын; зы щхьэ закъуэм хуэгъэза Iуэхугъуэр куэдым епхыфын; къэгъэлъэгъуэфын и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ дызыхуиша Iуэхугъуэхэмрэ; зытеухуар нэхъыщхьэу текстыр; егупсысын зытепсэлъыхьыр икIи ар къэпщытэн, нэгъуэщI щIыпIэм къыщигъуэта хъыбархэмрэ абырэ зэгъэпщэн. Мы есэныгъэхэр псори зэпыщIауэ щытщ. И лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ еджэныгъэмкIэ щIэныгъэр зытегъэщIауэ щытыр пщIэным езы текстыр, апхуэдэуи щытщ абы хъыбарыщIэ гуэрхэр къыхэхыныр,къызэщIэкъуэжыныр.
Федеральнэ къэрал щIэныгъэ езыгъэгъуэт стандартым къыщыгъэлъэгъуащ къигъэувыр къалэн нэхъыщхьэу щIэныгъэ егъэгъуэтыным - зегъэужьыным цIыхум, щытыфыну хуэхьэзыру зэрыщыпсэуным къэзыухъуреихь дунейм,езым щIэныгъэр къигъуэтыфрэ икIи нэхъыфI зэрызищIыным хущIэкъуу. Теухуауэ къигъэувхэм зэрыщытыпхъэр содержаниемрэ икIи зыхуэкIуэн хуей есэныгъэхэм еджакIуэхэм щIэныгъэ езыгъэгъуэт программэхэр къехъулIауэ къалъытэ къызэгъэпэща щыхъум еджакIуэхэм деж лъэныкъуэ куэдым къыщагъэсэбэп щIэныгъэ IуэхущIафIэхэр. УвыпIэ щхьэхуэ зэхэт метапредметнэ лъэныкъуэ куэдым къыщагъэсэбэп щIэныгъэ IуэхущIафIэхэм щеубыд зэфIэувауэ щытыныр еджакIуэхэм я деж еджэныгъэ щIэныгъэм.
Сэ адыгэ литературэмкIэ урокхэм къыщызгъэсэбэп Iэмалхэр щыщу зыбжанэм иджыпсту сыкъытеувыIэну сыхуейт. Псори Iэмалхэр зэфIэгъэувэнымкIэ еджэныгъэмкIэ щIэныгъэр сэ згуэшащ Iыхьищу: 1)Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ графическэу текстым елэжьыныр; 2)КъигъэщIурэ еджэныгъэ; 3)Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ зезыгъэужьыр къэгъэщIыныгъэ зэфIэкIхэр.
1.)Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ графическэу текстым елэжьыныр, мыр дистанционнэу ущылажьэми къэбгъэсэбэпыну фIы дыдэщ. Iэмал "Кластер зэхэлъхьэн". Кластерыр - ар щхьэхуэу графическэу къызэгъэпэщыныр материалыр, Iэмал къозыт зы жыпхъэ гуэрым ибгъэувэныр уиIэ щIэныгъэр. Хъурей тщIам идотхэ псалъэ нъэхъыщхьэ икIи абы къыбгъэдэкIыу идотхъэ дыгъэ бзийхэр, къагъэлъагъуэурэ и купщIэр зы Iуэхугъуэм е адрейм ейр.Мы Iэмалым къует плъагъуу пщIыныр текстым и гупсысэ щхьэхуэхэр, апхуэдэуи абыхэм я зэкIэлъыхьыкIэр убзыхуныр.
Методическэ литературэм куэду къыщыгъэлъэгъуащ Iэмалу икIи технологиеу зезыгъэужь еджакIуэхэм я творческэ зэфIэкIхэр. Апхуэдэхэм хеубыдэ сочиненэ жанр зэмылIэужыгъуэхэмкIэ тхауэ, изложенэхэр, джэгукIэхэр, творческэ къалэнхэр щагъэзащIэхэр.ДыкъытеувыIэнщ сэри сигу ирихьа икIи еджакIуэхэр нэхъ дэзыхьэх ассоциативнэ-синектическэ технологие зезыгъэужь творческэ зэфIэкIхэр. НэгъуэщI фIэщыгъэцIэ иIэщ мы технологием «ГъэщIэрэщIэн IэрыщI усэхэр».
Методикэр зейр - Новосёлов С. А., педагогическэ щIэныгъэм и доктор, профессэрщ. Мы технологиер щIэныгъэлIым къыщIигупсысар,псом япэ,зэригъэужьын папщIэщ теникэм техуа я зэфIэкIхэр еджакIуэхэм. Ауэ технологиер апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнщ икIи тыншщ къэбгъэсэбэпэну,ар фIыуэ ялъэгъуащ литературэм и егъэджакIуэхэми, еджапIэм щIэмысу щIэныгъэ шрагъэгъуэт егъэджэныгъэм и егъэджакIуэхэми.
Зэрызэхэлъым и лъабжьэхэщ.
1 Iыхьэр - «зэпкърылъхьэн» усэхэр;
2 Iыхьэ - нэрылъагъу щIын усэм къыхэщ образхэр, нэрылъагъу проектхэр щIын;
3 Iыхьэ - къэлъыхъуэн икIи гъэзэщIэн техникэм ехьэлIа къалэнхэр, епхахэр образхэм, къыхэкIахэр зэхэплъхьа усэхэмрэ икIи нэрылъэгъу ящIа проектхэмрэ.
Ебгъэсэн папщIэ усэ тхыным дыкъытеувыIэн япэ Iыхьэм – «усэ IэрыщIхэр гъэщэрэщIэн».
ЗыгъэзащIэр къыхэхыпIэу «усэ зэпкърылъхьэпIэр» къагъэсэбэп япон усэ цIыкIухэр – хокку, ахэр гъэнщIащ мыхьэнэ куухэмрэ, образхэмрэ зыхэщIэныгъэмрэ.Мы усэхэм къалэн къащещI еджэхэм иджыри зыгуэрхэр дэщIыгъун зэрыхуейр.
Алгоритм къызэрызагъэпэщыр еджэныгъэ-творческэ лэжьыгъэхэр еджакIуэхэр къагъэсэбэпкIэрэ АС-технологиехэр мыпхуэдэ лъэбакъуэхэу зэхэтщ. Япэ щIыкIэ егъэцIыхун и тхыдэмрэ икIи нэхъыфI япон усэ цIыкIухэмрэ.А усэхэр къэплъытэ хъунущ и "Iыхьэхэу" "усэбзэ зэпкърылъхьэныгъэм" икIи "Iэмэпсымэу" щIэуэ, мы япон усэхэм ухуэныгъэмкIэ. Щапхъэ:
Дзэлым зэригъэщIауэ мэжей,
ИкIи къысщохъур сэ, бзу тесыр къудамэм –
Абы и псэр арауэ. (Басе)
Мыбы хэт Iуэхугъуэхэм зыгуэрхэр дэщIыбгъу е хэбгъахъуэ мэхъур. КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэр - сабийхэм сурэт ящI, мыхьэнэ нэгъуэщIхэр къалъыхъуэну хэтщ яухуэ образыщIэхэр: къудамэ, бзу, пщыхьэщхьэ, содаIуэ, сыкIэлъоплъ, гуфIэгъуэ, нэгъуэщIхэри.Абы иужь къокIуэ Iыхьэ щаухуэр усэр зиIэр рифмэрэ ритмрэ:
Бзу цIыкIур си щхьэгъубжэм деж,
Тесу жыг къудамэм пщыхьэщхьэкIэрэ,
ГуфIэу къелъэтыхь, уэрэд къызжеIэ,
Си Iэгум ису псыи йофэ.
Зы усэм къащегъэщI еджакIуэхэм я деж усэ зэмылIэужьыгъуэ куэд.
Мыбдеж къэгъэлъэгъуапхъэщ ди адыгэ усэ цIыкIухэри,зэрагъэпщэн яIэн папщIэ.
Гъатхэр къосри удзхэр къокI,
ПцIащхъуэ цIыкIухэр къолъэтэж.
ПцIащхъуэ цIыкIуу, зи бзэр дахэ,
Хугу уэстынщи уэрэд жыIэ,
Хамэ щIыпIэм щыплъэгъуахэр,
Уэрэд дахэу къызжеIэж.
Апхуэдэу фи пащхьэ ислъэну сыхуейт си зы урокым и пычыгъуэ.
Темэр: «Уэсым и образыр Бештокъуэ Хьэбас и «Уэсым и гъуэгуанэ » усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.»
Мурадхэр:
1.Тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджакIуэхэм къагурыгъэIуэн, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм гу лъатэфу къэгъэтэджын.
2. ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным елэжьын.
3. «Дахагъэр лъагъун» гупсысэм хуэшэн, ди блэкIам яхъумэфа хъугъуэфIыгъуэр ди къэкIуэным къахуэдгъэнэн зэрыхуейм егъэгупсысын.
Сызыщыгугъу результатхэр :
1.Личностнэ УУД.
ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэм зегъэужьын, я зэхущытыкIэр,хьэл-щэн дахэ яхэлъхэр егъэфIэкIуэн,адыгэ литературэм къыхэщ тхакIуэ нэхъыщхьэм и щапхъэмкIэ пщIэр,напэр,цIыхугъэр япэ ирагъэщу гъэсэн.
2.Метапредметнэ УУД
Регулятивнэ. Еджэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр,мурадхэр ягъэувыфу, гупу зэдэлажьэу егъэсэн,
Познавательнэ. Я гупсысэр жьэрыIуатэу зэгъэкIуауэ, зэкIэлъыхьауэ къаIуэтэфу егъэсэн,я гупсысэкIэм зегъэужьын,сурэтхэр, усэхэр зэрагъэпщэфу,зэпкърахыфу,анализ ящIыфу егъэсэн.
Коммуникативнэ. ЕджакIуэхэр зым жиIэм адрейр едаIуэу, яIуэху еплъыкIэр пхрагъэкIыфу,я ныбжь цIыкIухэми балигъхэми ядэлэжьэфу егъэсэн.
3.Предметнэ. Образыр зищIысыр къагурыгъэIуэн, абы елэжьыфу,ар жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи къаIуэтэфу егъэсэн.
Урокым и екIуэкIыкIэр :
Егъ.: Фи махуэ фIыуэ цIыкIухэ! ФытIысыжын ипэкIэ фи партэгъухэм захуэвгъази гуапэу жефIэ « Уи махуэ фIыуэ!».
Нобэрей урокым и темэр усэ пычыгъуэ сыкъеджэнщи езыхэм къащIэнщ жысIэу къистхыкIа тхыгъэм и псалъэхэр зэхэзэрыхьащ. Сэ псалъэхэм сыкъеджэнщ, фэ ахэр усэ едзыгъуэ цIыкIуу зэхэфлъхьэж.
ЕджакIуэхэм псалъэхэр ятх:
къуаргъхэм, къыщажыхь,япэ,къалъэтыхь,Iэжьэ, уэсым, дэнкIи, щIэкIуэрыкIыу,цIыкIухэм, щыгуфIыкIыу.
ЕджакIуэхэр мы лэжьыгъэм дакъикъитIкIэ идогъэлэжь. ИужькIэ усэ едзыгъуэр зэрыщытым хуэдэу дакъыхуоджэж.
Япэ уэсым щыгуфIыкIыу
Къуаргъхэм къалъэтыхь.
Iэжьэ цIыкIухэм, щIэкIуэрыкIыу,
ДэнкIи къыщажыхь.
Усэм зэреджэр «Япэ уэсщ» , зытхар АфIэунэ Лиуанщ. Ар адыгэ сабийхэм папщIэ тхэ усакIуэхэм ящыщ зыщ. Сыт ди урокым и темэр?
Егъ.: Нобэ ди урокым и темэр–уэсщ.
Егъ. -Ар пэжщ.Дэ уэсым и образыр дгъэбелджылынущ. Абы папщIэ дэ зэпкърытхынщ Бештокъуэ Хьэбас и усэ «Уэсым и гъуэгуанэ» жыхуиIэр ..Хэт дигу къигъэкIыжынт сыт уэсыр зищIысыр?
Едж.: Дунейм и къэхъукъащIэхэм щыщу уафэм щIыIэ щыхъум деж къех хабзэ къэхъугъэщ.
Егъ.: Гъэм и зэманхэм щыщу сыт щыгъуэ ар къыщыхъур?
Едж.: Уэсыр щыщыIэр щIымахуэм дежщ.
Егъ.: ЩIымахуэм хыхьэ мазэхэм адыгэхэр дауэ еджэу щыта?
-ЩIымахуэм мазищ хохьэ: дыгъэгъазэ (декабрь) – дыгъэм зегъазэри махуэхэм хэхъуэн щIадзэж.Абы къыкIэлъокIуэ щIымахуэку е щIышылэ (январь) мазэр, ещанэ мазэр-мазаерщ(февраль) ,а зэманым щIымахуэм и щIыIэгъуэ ,гугъу дыдэу къалъытэрти арат апхуэдэу щIеджэр.
Егъ:«Уэс» псалъэр жаIэмэ ,сыт фигу къэкIхэр?
Едж.:Хужь, дахэ, къабзэ, щIыIэ, псынщIэ, ткIуа ,узыIэпызышэ, гъэщIэгъуэн,лыд,кхъурбыщ,зэщIэпщIыпщIэ,щта,гуфIэгъуэ,дэрэжэгъуэ,нэгузыужь.
Егъ.:Предмет гуэрым пхуегъэщхьыну уэсыр?
Едж:Ар ебгъэщхьхъунущ тхылъымпIэ напэ хужьым ,бжьэхуцым,къазыцым, шатэм, мороженэм ,удз гъэгъа шынэ-шынэ (ромашкэ) жыхуаIэм.
Егъ:Уэсым псэ хэту щытамэ, сыт хуэдэ хьэл-щэн бгъэдэтлъхьэнт ?
Едж.: Гуапэ,мыщхьэх,зызыгъэджэрэз,узыгъэгуфIэ,бзаджэ, узыгъэщт.
Егъ.:Уэсым цIыхухэр куэд щIауэ кIэлъыплъу щытащ.Абы и щыхьэтщ IуэрыIуатэм дыщыхуэзэ псалъэжьхэм ,къуажэхьхэм,нэщэнэхэм. Фэ апхуэдэ фщIэхэм девгъэдаIуэ.
Сыт хуэдэ нэщэнэхэр щыIэ уэсым ехьэлIауэ?
Едж.: Нэщэнэхэр:
-Япэу уэс щыплъагъукIэ хъуэхъуэн хуейщ.
-Вагъуэбэр щIым зэрынэсу , щIыри псыри мэщтри щIымахуэм щIедзэ.
-Япэ къеса уэсым щыщ Iусым хакIутэри джэдкъазым ирагъэшх.
-Зэрыджэр багъуэмэ, щIымахуэр уае мэхъу жаIэ.
-Шыцуэс къесу узэрысым уимыкI.
Егъ.:Сыт хуэдэ псалъэжьхэр фщIэжрэ ?
Едж.:Уэсыр куумэ,гъэр фIы мэхъу.
-Уэс щесам лъэужь иIэщ.
-Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
-ЩIым уэскIэ зимыгъэнщIам, уэшхкIэ зигъэнщIыркъым.
-Февралым и блым мылым утемыхьэ.
Егъ.:Иджы ди жьэнэхуагъэр псынщIэрыпсалъэкIэ къэдгъэлъэгъуэнщ. Хэт къыжиIэнт уэс хэту псынщIэрыпсалъэ?
Егъ.: УэсыщIэм лъагъуэщIэр щIехъумэ,
Уэсыжьым лъагъуэжьыр ехъумэ.
ПсынщIэрыпсалъэр жаIэурэ еджакIуэхэр зэпоуэ.
Егъ.: IуэрыIуатэм хуэдэу ,художественнэ литературэми и куэдщ уэсым тепсэлъыхь тхыгъэри. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ дызэджэнури . ФедаIуэ БештокъуэХьэбас и усэ «Уэсым и гъуэгуанэ» жыхуиIэм.
Усэм гъэхуауэ къахуеджэн.
Усэр упщIэхэмк1э зэпкърыхын.
Егъ.:Сыт усэр зытеухуар?
Едж.:Усэр теухуащ уэсым и гупсысэмрэ абы и гъуэгумрэ.
Егъ.:Уэсыр гупсысэфыну е абы лъакъуэ щIэт къикIухьыфыну?
Едж.:Хьэуэ,ахэр уэсым хуэщIэнукъым, ауэ усакIуэм езыр зыхуейр къыдигъэщIэн папщIэ къигъэсэбэп Iэмалщ.
Егъ.: Иджыри сытхэм дащыхуэзэрэ гъащIэм къыщымыхъуу мы тхыгъэм?
Едж.: Къигъэзэжауэ къосыр, къысхуеплъэкIыжу,къосыр нэхъ фIэфIт мы уэсым, уэсыр мэтIыс ,мэбауэ, илъщ дыгъэ бзийм и IэплIэм, уэсым игъэзэжынурэ ,кIуэжмэ-иIуэтэжынущ.
Егъ.: Апхуэдэу жимыIэу къызэрыгуэкI псалъэхэр итхамэ , усэр нэхъ дахэ хъунут?
Едж.: Хьэуэ ,мыпхуэдэу нэхъ дахэщ.
Егъ.: Дахэм нэмыщI, усакIуэм уэсыр къэхъукъащIэ къудей мыхъуу ,обрэз гъэщIэгъуэн гуэру дегъэлъагъу, иджы ахэр къыщытщIакIэ кластер уэсым хузэхэтлъхьэнт.
ЕджакIуэ нэхъыфIыр кластерым къегъэджэжын.
Егъ.:Усэм зэ фигукIэ феджэж, макъамэ хущIэвгъэувэфмэ феплъ. Сыт хуэдэ а макъамэр гукъыдэж къозыт хьэмэрэ нэщхъеягъэ къыпхэзылъхьэ?
Едж.: Сэ гукъыдеж къызет, абы и макъамэр урыс къафэ дахэ вальсым изогъэщхь.
Егъ.:Апхуэдэу щыщыткIэ ,цIыкIухэ, дыкъэвгъэтэдж, дэри дыуэсIэрылъхьэ цIыкIуу зыкъызыщыдгъэхъунщи, уафэм хуэмурэ дыкъехынщ, урыс макъамэтх Прокофьев «Гъэм и зэманхэм» дедаIуэурэ.
-ЦIыкIухэ, усакIуэхэм , макъамэтххэм нэмыщIи,сурэтыщIхэми мы нобэ дызытепсэлъыхь обрэзыр куэдрэ къагъэлъэгъуащ. Фэ фолъагъу сурэтыщI Пластов А.А. и «Япэ уэс»
сурэтыр.
(Макъамэ «Гъэм и зэманхэм» щыщу «ЩIымахуэ» Iыхьэм идогъэдаIуэ.)
-Сыт сурэтым къыщыгъэлъэгъуэжар?
Едж.:Дэ сурэтым щыдолъагъу сабийхэр япэ уэсым дихьэхауэ щытщ. Абыхэм я хъуреягъыр хужь хъуащ, уэсым псори щIигъэнащ.
Егъ.: Сабийхэм цIэ фIэдывгъэщ,сурэтым кIэщIу хъыбар хузэхэфлъхьэ.
Едж.: Пластов А.А. и сурэт «Япэ уэс» жыхуиIэм дэ щыдолъагъу Iэдиихурэ Сосрыкъуэрэ. Ахэр хуабэу хуэпащ, щыгъын Iув ящыгъщ. Сабийхэм нэмыщI сурэтым дунейм и теплъэ дахэ къыщыгъэлъэгъуащ, унэхэри,жыгхэри,гъуэгухэри япэ уэсым щIихъумащ. Iэдиихурэ Сосрыкъуэрэ уэсым хьэщыкъ ищIауэ щытщ. Къуаргъхэм ягъэщIагъуэ хуэдэщ дунейм и теплъэ хъуар.
Егъ.: Сыт хуэдэ плъыфэ сурэтыщIым нэхъыбэу мы сурэтым къыщигъэсэбэпыр?
Едж.: СурэтыщIым нэхъыбэу хужьыр къегъэсэбэп.
Егъ.: Фэ дауэ фегупсысрэ, хужьыр сытым и нэщэнэ?
Едж.: Хужь плъыфэр къабзагъэм, пэжыгъэм , дахагъэм и нэщэнэщ.
Егъ.: Мы сурэтымрэ Бештокъуэ Хьэбас и усэ «Уэсым и гъуэгуанэмрэ» сыткIэ зэпыщIа хъурэ?
Едж.: А тIури щIымахуэм топсэлъыхь, уэсым и обрэзыр къагъэлъэгъуэж.
Егъ.: Зэхуэдэу пIэрэ абыхэм уэсым и обрэзыр къызэрагъэлъагъуэр?
Егъ.: Зэщхькъым, усакIуэм и усэм къыхэщ уэсыр псэ зыIутщ, ар къыдопсалъэ, зегъаф1э, зыкъытхуегъэгусэ. Ар хуейщ дигъусэу щыIэну. СурэтыщIым дегъэлъагъу ар дуней къэхъукъащIэ узыIэпызышэу, дахэу, къабзэу, сабийхэм гуфIэгъуэ къезыту.
Егъ.: Иджы уэсым теухуауэ урокым къыщытщIар синквейну зэхэдгъэувэжынщ.
ЕджакIуэхэм синквейн ящI.
-Уэс.
Дахэ, къабзэ, щIыIэ.
Къос, мэджэрэз, къытрелъхьэ.
Уэс хужьым дунейр щIигъэнащ.
Рефлексия.
Егъ.: Сыт уэсым теухуауэ япэм ямыщIауэ къэфщIар?
Едж.:Уэсым дунейр егъэщIыIэ, егъэхуабэ.. Абы дунейр хужь ,къабзэ ещI,дэри дахагъэм дрегъэгупсыс.
Егъ.: Мы урокым псори фIыуэ фылэжьащи ,баллыфIхэр къывохь.
Унэ лэжьыгъэр:
нап.102-104 усэр джын, гукIэ зэгъэщIэн;
гуп къэси «Псы ткIуэпс цIыкIум и гъуэгуанэ» зи фIэщыгъэцIэ таурыхъ, усэ, рассказ зэхэфлъхьэ.
Ди урокым и кIэухыу хъуэхъу цIыкIу:
Уэсым хуэдэу фи гупсысэр къабзэу,
Мылым хуэдэу фи гур Iейм хуэщIыIэу.
Фи цIыхугъэр Iуащхьэмахуэ телъ уэсым хуэдэу лъагэрэ,
Фи насыпыр абы щхьэпрыкIыжу фигъэпсэу.
ФIыкIэ дызэхуэзэ!
Къэзгъэсэбэпа литературэр:
1. Багъ Н.А. Балэ Л.Ф. Аджырэ З.Т. Адыгэ литературэ. 5-нэ классым папщIэ. Х Налшык,2020..
2. Адыгэ псалъэжьхэр. Налшык, 1994 гъ.
3. Адыгэ IуэрыIуатэ. Налшык, 1992 гъ.
4. Ержыб А.К. АнэдэлъхубзэмкIэ методическэ чэнджэщхэр 5-нэ класс. Налшык, 1993 гъ.
5. Мафедзев О.Х. Очерки трудового воспитания адыгов. Нальчик, 1984.
6. Загазежев М.Г. Очерки по адыгской народной педагогике. Нальчик. 2000г.
7. Дзасэжь Хь. Еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьыныгъэ. Налшык, 1989 гъ.
8. Качесоков Н. «Адыгэ псалъэ ». 2018 гъ. 15 апрель.
9. Шэрджэс Алий, Хьэкъун Мухьэмэд. Адыгэхэмрэ ахэм я хъыбархэмрэ. Мейкъуапэ .2000 гъ.
11.Интернет ресурсхэр
Материалы на данной страницы взяты из открытых источников либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.