Урокыр: Адыгэ литературэ
Темэр: ЩоджэнцIыкIу А. «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр.
Мурадыр :
- ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэкIэ ягъуэта щIэныгъэр къэпщытэжын;
- абы и тхыгъэ «Хьэжыгъэ пут закъуэм» къиIуатэ зэманым цIыхухэм я псэукIам, яку дэлъа зэхуэмыдэныгъэхэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэм нэIуасэ хуэщIын;
-я бзэм зегъэужьын.
Нэрылъагъу пособиехэр: ЩоджэнцIыкIу Алий и портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.
Урокым и екIуэкIыкIэр.
I. Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.
II. Урок блэкIам яджар къэпщытэжын.
1.Инд. опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгитIым ЩоджэнцIыкIу Алий и биографиер ятхыж).
2. Фронтальнэ опрос.
-Сыт у/лэжь. фиIар?
-Хэт ЩоджэнцIыкIу Алий? Сыт а тхакIуэм хужыфIэфынур?
-( ЩоджэнцIыкIу Алий тхакIуэщ, усакIуэщ. Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)
- Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?
- (ЩоджэнцIыкIу Алий итхащ тхыгъэ зыбжанэ. П. папщ1э «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ»,
«Щ1ымахуэ жэщ», «Хьэжыгъэ пут закъуэ» зыфищахэр, «Нанэ» усэр нэгъуэщ1хэри.)
3.Егъэджак1уэм и псалъэхэр.
Пэжщ ЩоджэнцIыкIу Алий хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр, езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ дунейм тетыху.
III.Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.
Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий 1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, Iэдииху чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.
Iэдииху.
1.Салам узохыжыр Инжыджым,
Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,
Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.
2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,
Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,
Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду
Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.
3.Сэ а псы ябгэм и нэзу
Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.
Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум
Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.
IV. Темэщ1эм елэжьын.
1. Хэзышэ псалъэ.
Нобэ дэ дгъэбыдэжынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и рассказ «Хьэжыгъэ пут закъуэр» зытеухуар езы сабийхэм ди пащхьэ къралъхьэк1эрэ.Фи деж феджауэ фыкъак1уэу нобэ щызэпкърытхыну ди къалэнщ урокым и деж.
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр нэхъыф1 дыдэхэм ящыщ зыщ. Мыбы къыщыгъэлъэгъуэщ мэкъумэщыщ1эхэм мы ди л1эщ1ыгъуэм ипэ къихуэ илъэсхэм тхьэмыщк1эным зи псэр ф1эмы1эф1ыж зыщ1а Хьэмид и бынунагъуэм, Хьэсет ц1ык1у и сабиигъуэ хьэлъэм, ц1ыхум и фэр изых Хьэжы – ефэндым, мылъкум дихьэхыу ц1ыхугъэр зэрыф1эк1уэдам. Ауэ а псоми къывгуры1уэу фыщ1эдэ1ун папщ1э словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ын хуейщ.
2. Словарнэ лэжьыгъэ.
Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр тхыгъэм фыщеджэм .
· Пут – 16 кг.
· Пщ1анэ- гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э
· Даущ ерухэр- губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх псы
· Нэкъыф1эщ1- нэм илъагъу псори
· Дестынэ- зы гектар
· Сарыкъ- хьэжы пы1э
· Ят1э щыкъыр- ят1э тыкъыр
· Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1 зэпыту
· Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан
· Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.
· Къулъшыкъу - пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж
· Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.
V. Темэщ1эр гъэбыдэжын.
- Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет хар-кэ етын.
Аращи феда1уэ.
1.Егъэджак1уэм къыщ1едзэ.
2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.
3. Еджак1уэхэм падзэ.
4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я зэпсэлъэныгъэр.
5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам щ1эдэ1ун.
4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.
VI.Урокыр гъэбыдэжын.
Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:
1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?
2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ ирегъэтын.
3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.
Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?
- Сыт пейзажк1э зэджэр?
- Сыт олицетворенэк1э зэджэр?
- Сыт метафорэк1э зэджэр?
4. Оценкэ гъэувын.
VII. У\л ятын.
Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт упщ1эхэм жэуап етын.
Вывод: Нобэрей урокыр ик1эм нэсами, дэрк1э Алий л1акъым, Алий псэущ, ар сыт щыгъуи ди гъусэщ. И тхыгъэхэм доджэ, ди усэхэр тыдоухуэ. Мис мы усэри ахэм ящыщ зыщи, феда1уэ. Ар ди лъэпкъэгъу усак1уэ гъуэзэджэ Бемырзэ М. итхащ. -« Алий» усэм къегъэджэн.
ЩоджэнцIыкIу Алий «Хьэжыгъэ пут закъуэ»
Езыгъэк1уэк1ар: адыгэбзэмк1э егъэджак1уэ
К1эдэк1уей Ларисэщ
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.