Использование метапредметной направленности на уроках кабардинского языка и литературы.

  • Работа в классе
  • docx
  • 21.03.2023
Публикация на сайте для учителей

Публикация педагогических разработок

Бесплатное участие. Свидетельство автора сразу.
Мгновенные 10 документов в портфолио.

Открытый урок.
Иконка файла материала Кешков сочиненэ-тетхыхьыныгъэ.docx

 

  Урок  зэIухам и план – конспект

 

ТЕМЭР: « Адыгэ лъэпкъым и вагъуэ къуэмыхьэж.»

 

 

7 класс.

 

 

Зыгъэхьэзырар : МКОУ "СОШ №3 Мэлбахъуэ Т.К. и ц1эр зезыхьэм и егъэджакIуэ КIуантIэ Жаннэ Юрэ ипхъу.

 

 

 

 

Тэрч къалэ

202Iгъ.

            

 

           Мурадхэр:

ЩIэныгъэм  ехьэлIауэ: сочиненэ зэмылIэужьыгъуэ щатхкIэ ехьэлIапхъэхэр зэхуахьэсу  егъэсэн;

-публицистическэ  стилым  и  щытыкIэхэр  егъэщIэн:

-къэбэрдей  литературэмрэ  културэмрэ  теухуауэ ящIэм  хэгъэхъуэн.

ЗезыгъэужьыкIэ:-щхьэзакIуэ, гуп-гу  лэжьыгъэхэр  къагъэсэбэпурэ  сочиненэ  тхыным  хуэгъэхьэзырын;

-еджакIуэхэм  я  къэухьым  зегъэубгъун.

КоммуникативнэмкIэ:

-еджакIуахэр зэрыклассу,гуп-гупурэ,тIурытIурэ  зэдэлажьэу  егъэсэн;

-теоремкIэ яджахэр   гъащIэм къыщагъэсэбэпыфын.

ГъэсэныгъэмкIэ:

-лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ я щIэинхэм пщIэ хуащIу  егъэсэн;

-КIыщокъуэ Алим   щапхъэ трегъэхын.

Урокым  ехьэлIапхъэхэр:

-КIыщокъуэ Алим  и  памятникым  и сурэт.

-Словархэр.

-Интерактивнэ  доска.

-Компьютер.

Урокым и пэ къихуэу лэжьыпхъэхэр.

Классыр гупи  3  гуэшын:

-сурэттех-коресподентхэр.Къалэныр: фэеплъ сыным сурэт (видео) техын.

-тхыдэтххэр. Къалэныр:усакIуэм и  гъащIэм теухуауэ презетацэ  гъэхьэзырын, фэеплъ сыным  и тхыдэр къэхутэн.

-лингвистхэр. Къалэныр: псалъэхэу: хэкулI, уардэ,щаджащэ,купщIафIэ   я мыхьэнэхэр  къегъэхутэн.

                             

 

 

 

                                      Урокым и екIуэкIыкIэр:

-Егъэдж.: Фи махуэ фIыуэ, феплъыт  нобэ дыгъэр гуапэу къызэрытхуепсыр , ар хуогуфIэ хьэщIэ къытхуеблэгъахэм.  Дэри  дыгъэми хьэщIэхэм дахуэгуфIэнщи  гуапэу  сэлам етхынхэщ.Аыгэхэм хьэщIэм пащI  зыри  щыIэтэкъым, я бжэщхьэIум къебэкIуа цIыхум папщIэ я гъащIэр ятынут хуей хъуамэ. ХьэщIэм япэ хъуэхъур  лъысырт. Зыхуэдгъэзэнщ  ди  хьэщIэхэми хъуэхъукIэ.

Едж.: КIыщокIуэ Алим  и хъуэхъу  усэм  къоджэ.

                                        Хъуэхъу .

1.Сывохъуэхъур гъуэгум тетым,              

Фи гъуэгуанэр  ирепсынщIэ,

Анэу гущэр  щIэзыупскIэр

Мамырыгъэм  щремыщIэ.

2. Псыуэ къажэм я нэхъ  уэрыр

Ухъу,фыхуеймэ,псы  IумпIафIэ.

Зауэм  Iутыр хъуам  уIъгъэ-

Ухъу зауэлIым  хъужыкIафIэ.

3.Сывохъуэхъур гъавэ зыщIэм:

Жылэтефсэр иребагъуэ.

Сывохъуэхъур  фи  нысащIэм

Игъуэтыну  къуэ абрагъуэ.

4.ГъащIэм фIыкIэ къыпызыщэм:

-ЕтIанэгъэ фIыкIэ нэс!-

ЖысIэу и Iэр  субыдамэ,

Нэр  зыдэплъэм  лъэр лъоIэс.

Егъэдж.: Урокым и темэр  дубзыхун папщIэ кроссвордыр  тщIыжын хуейщ. Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэмрэ дэгъэхуа  псалъэхэр дэгъэувэжу къикI мыхьэнэр къэхутэн.

 

 

 

 

ш

кI

э

 

 

п

ш

э

р

ы

хь

 

 

I

э

т

а

щ

хь

э

 

 

 

 

й

о

ху

э

ж

 

 

м

э

къу

м

 

 

 

I

ы

хь

э

 

 

 

 

1.Жэм  лъакъуэ  … иукIыркъым.2.ЦIыхубз … хущанэ.

3.Щынащхьэ,плъагъумэ,гъэмахуэщи,… плъагъумэ,щIымахуэщ.

4.Мащэ зытI мащэ  … .5.Хьэр  … телъщ.

6. Удын зэхэдзэ нэхърэ  … зэхэдзэ.

Егъэдж.: Жэм лъакъуэм сыт имыукIыр, сыт щыгъуэ апхуэдэу щыжаIэр?

Едж.: «Ууейм уи жагъуэ къищIыжынукъым –ууейм дэнэ уихьыжын» жыхуиIэщ.Ди адэ-анэхэр шхыдэми , ди жагъуэ яхуэщIынукъым.

Егъэдж.: ЦIыхубз  хущанэ сытыр?

Едж.:  ЦIыхубз пшэрыхь  хущанэ. ЦIыхубзым Iыхьэлейуэ пщIэ зэрыхуащIу щытам и нэщэнэщ. ЩакIуэр мэзым зыгуэр къиукIауэ,цIыхубз  хуэзэм абы Iыхьэ хуащIу щытащ. Абы пшэрыхькIэ йоджэ.

Егъэдж.: Щынащхьэ, плъагъумэ,гъэмахуэщи, сыт плъагъумэ,щIымахуэр?

 Едж.:  Щынащхьэ,плъагъумэ,гъэмахуэщи,Iэтащхьэ плъагъумэ,щIымахуэщ.

Егъэдж.: Мащэ зытI мащэ …  сыткIэ иухрэ мы псалъэжьыр?

Едж.: Мащэ зытI мащэ йохуэж.  Псалъэжьщ, нэгъуэщI зыгуэрым  Iей епщIэну ухэтмэ,  уэ ар уи щхьэм къылъысыжынущ.

Егъэдж.:  Хьэр  … телъщ  дэнэ?

Едж:Хьэр  мэкъум телъщ. Езым зыкIи къигъэсэбэпынукъым,ауэ нэгъуэщIми  а  иIэр  иритынукъым.

Егъэдж.: Удын зэхэдзэ нэхърэ  сыт  зэхэдзэ нэхъыфI ?

Едж.: Удын зэхэдзэ нэхърэ  Iыхьэ  зэхэдзэ  жеIэ адыгэ псалъэжьым. Узэзауэ нэхърэ,узэгурыIуэу, зыр-зым удэIэпыкъуу упсэум нэхъыфIщ. Зым и закъуэкIэ, и къарукIэ зэфIэмыкIыну гуэрым зэгъусэу иужь щихьэм деж  къапсэлъ  хабзэщ.

Егъэдж.: Мис дэри  Iыхьэ зэхэдзэ тщIыри  кроссвордыр тщIыжащ. Абы хэгъуэщауэ зы унэцIэ хэтщ , хэт къигъуэтауэ  пIэрэ?

Едж.: Абы и къехыгъуэм КIыщокъуэ  жиIэу  укъоджэф.

Егъэдж.:  Хэту пIэрэ нобэ  дызытепсэлъыхьыныр?

Едж.:  Ар  КIыщокъуэ  Алиму  къыщIэкIынщ.

КIыщокъуэ  Алиму  и фэеплъ сыным  и сурэтыр егъэлъэгъун.

Егъэдж.: Сыт  сурэтым  щыфлъагъур?

Едж.:  КIыщокъуэ Алим и  фэеплъ сыныр.

Егъэдж.:  Сыт нобэрей ди урокым и темэ  хуэтщI  хъунур, мыр  бзэ зезыгъэужь  урокыу  щыщыткIэ?

Едж.: КIыщокъуэ Алим и  фэеплъ сыным теухуа сочиненэм зыхуэгъэхьэзырын.  Сэри ахэр  къывэхъулIэнымкIэ  сывдэIэпыкъунщ. 

Псалъэжьым зэрыжиIащи,удын зэхэдзэ нэхърэ,Iыхьэ зэхэдзэ. Сэри си Iыхьэ ныфхэздзэнщ. Нобэрей урокым  эпигрэф хуэсщIар езы Алим и усэм щыщ пычыгъуэ цIыкIурщ:

ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,

Сэлам къытпежьэм етхынщ.

Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ

Си гугъуи  ящIу зэхэфхынщ.

Адыгэ усакIуэшхуэ  ЩоджэнцIыкIу Алий зэритхыгъащи "... цIыхур къалъхуакъэ, лIэжынущ.  МылIэжыныпсэ  зыми  Iуткъым.  Ауэ щыIэщ ажалым пэщIэтыф, хэбгъэзыхьмэ, абы  пэлъэщ, текIуэф, езыр мыпсэу пэтми,  зи IуэхущIафэхэр, псалъэр,гупсысэ куур дунейм къытенэ, къыдалъхуахэм сыт щыгъуи ящIыгъу, къагъэсэбэп, дэIэпыкъуэгъу  Iущу лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ". Апхуэдэ шу пашэу,  гъуэгугъэлъагъуэ  Шыхулъагъуэу,  вагъуэ къуэмыхьэжу  лъэпкъым и уафэм къыщопс, куэдым я гум, я псэм щагъафIэ КIыщокъуэ Алим. Аращ а фэеплъ сыныр  абы щIыхуагъэувар. Хэт фэеплъ сын зыхуагъэув  хабзэу фщIэрэ?

Едж.: ЛIыхъужьыгъэ зезыхьахэм хуагъэув, апхуэдэ ди къалэм дэтщ, къалэкум иIэ паркым итщ,и пэм деж  мыужьых мафIэр щоблэр,зауэлIхэм ди хэкум хуащIар тщымыгъупщэн папщIэ.

Егъэдж :  Хэт иджыри фэеплъ сын зыхуагъэув  хабзэр?

Едж.:   Фэеплъ сын иджыри хуагъэув зи хэкум куэд хуэзыщIар,лъэпкъым къыхэжэныкIа  цIыхухэм. Апхуэдэ сыни   ди къалэм дэтщ. Ар Ленин ейрщ,I98I къызэIуахащ,администрацэм и пэм деж щытщ.

Едж.: Хуагъэув  тхакIуэшхуэхэмрэ усакIуэшхуэхэмрэ. Псалъэм папщIэ, ди къалэм 2013  гъэм къызэIуахащ  урыс  усакIуэшхуэМ.Ю.Лермонтов илъэсищэ щрикъум  ирихьэлIэу и фэеплъ  сыныр.  Абы ди къалэр егъэбжьыф1э.

Егъэдж.: Ди сурэтым деж дгъэзэжынщ. Нобэ зи фэеплъ сын дытепсэлъыхьыну  цIыхур сыным и кластерым и дэтхэнэ Iыхьэми хохьэ. Алим хуэдэм утепсэлъыхьыну зы  лъэныкъуакIэ тыншщ-псалъэ гуапэ куэд къыпхуэгъуэтынущ. НэгъуэщI лъэныкIуэкIи гугъущ,апхуэдэм хуэфэщэн псалъэхэр къэгъуэтын хуейщ. Сэ псалъэ зэпха  зыбжанэхэр згъэхьэзыращи ттхынщ, зым  доскам деж, адрейхэм  я тетрадым  щатх,орфограммэхэр щIатхъэри  къытопсэлъыхьыж.

Псалъэхэр: цIыхугъэ лъагэ,нэкIу зэIуха, мывэджей гъуабжафэ, минрэ щибгъурэ пщыкIуплI гъэм, псалъэ купщIафIэхэм, хэкулI щэджащэ, цIыху уардэ, лъэпкъ узэщIакIуэхэр, иджырей щIалэгъуалэм.

Егъэдж.: Мы псалъэ зэпхахэм хэт бжыгъэцIэр къыщигъуэтынт?

Едж.: Мыбы дыщыхуозэ  минрэ щибгъурэ пщыкIуплI бжыгъэцIэм.

Егъэдж.: Сыт ар къыщIыхэсхар?

 Едж.:  А гъэм КIыщокъуэ Алим къалъхуащ.

Егъэдж.: А  бжыгъэцIэр уэ морфологическэ зэпкърыхыныгъэ пщIынщ апщIондэху  иджырей псалъэр фонетическэ зэпкърыхыныгъэ нэгъуэщIым ищIынщ.

ЕджакIуэхэр я лэжьыгъэхэм къытепсэлъыхьурэ ягъэзащIэ.

Егъэдж.: Мы псалъэм  мыгурыIуэгъуэ зыбжанэхэр хэтщ. Ди лингвистхэм къалэну яIащ абыхэм я мыхьэнэр къахутэну.  ДедэIуэнщ ди лингвистхэм  я лэжьыгъэм.

Едж.: ХэкулI щэджащэ,хэкулI-зи хэкум,лъэпкъым  хуэлажьэ цIыху, общественнэ лэжьакIуэ. Щэджащэ-мы псалъэм  мыхьэнитI иIэщ:

1) пелуан  къикIыу;2)плъыфIэцIэу  къагъэсэбэпу, инышхуэ,  абрагъуэ, къаруушхуэ, лIыгъэшхуэ  зыхэлъ жиIэу .

Едж.: УзэщIакIуэ-мыбыи мыхьэнитI иIэщ:1)Гъуэгу  утезыгъэувэ егъэджакIуэ жыхуиIэмрэ.

2).ЦIыхубэм щIэныгъэ яхуэзыхь цIыху жыхуиIэрэ.

Едж.:  Псалъэ купщIафIэхэр-мыхьэнэшхуэ зиIэ къокI. КупщIэ зыхэлъ жиIэу аращ.

Егъэдж.:  Ди лингвистхэм рекламэ ягъэхьэзыращ.  ДедэIуэнщ  абыхэм.

Едж.: Фыкъаплъэ, фыкъэдаIуэ, зэхэзмыхами яжефIэж, мы гъэм къыдокI КIыщокъуэАлим и тхыгъэхэм и  псалъалъэ къыдокI, мы иджыпсту  зэпкърытхахэм нэмыщI псалъэ куэдым  къарыкIым щыгъуазэ ухуищIынущ. Дэтхэнэ адыгэ унагъуэми  мы тхылъыр илъын хуейщ, адыгэбзэкIэ шэрыуэу псэлъэну хуеймэ.

Егъэдж.: «Къуршыбгъэхэм я абгъуэхэр къыр лъагэхэм щащI хабзэщ. Апхудэу Алим и гъащIэ къуэпскIэ япыщIащ зи жьауэм къыщIэхъукIа  къуршхэм , адэжь  щIыналъэм. Ауэ къуршхэм елъэгэкIыу заIэтри,абы и усыгъэм хэкум и гъунапкъэхэр зэпаупщIащ, дунейр зэщIалъысащ. ЛIыфIымрэ шыфIымрэ зэрызэхуэфащэм хуэдэу , Алимрэ ар къэзылъхуа лъэпкъымрэ зэхуэфащэщ.» Мыр  зи псалъэхэр Ахматовэ Раисэщ, ауэ сэ си гум къипсэлъыкIам хуэдэу си гупсысэр къаIуэтащ. Сыт  къахутауэ пIэрэ Алим  теухуауэ ди тхыдэтххэм?

КIыщокъуэ Алим теухуа презентацэ  къагъэлъагъуэ.

Егъэдж.: Сочиненэ птхын папщIэ ар жыпхъэ гуэрым  тетын хуейщ. Сыт хуэдэ стилхэр щыIэу фщIэрэ?

Едж.: Iыхьэ нэхъыщхьэм фэеплъ  сыныр лъэныкъуэ псомкIи къыдогъэлъагъуэ.Сыным и лъакIуэм и щхьэмкIэ дыдэкIуейурэ дыкъытотхыхь.Скульпторым сыныр зыхуищIам и гурылъхэмрэ хьэл-щэнымрэ къигъэлъэгъуэжыныр  дауэ къехъулIауэ къытщыхъуми. Егъэдж.: Сыт кIэух псалъэм щыттхынур?

Едж.:   КIэух псалъэм фэеплъ сыным дызэхуиша  гупсысэхэр дотхыж.

Егъэдж.: Сочиненэм и Iыхьэхэр  гурыIуэгъуэ щыхъуакIэ ,планыр тетрадым иттхэнщ, фи гупсысэхэм дедэIуэнщ.

ПЛАН.

1.а). Хэзыгъэгъуазэ. БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ.

б).Фэеплъ сыныр зыщIар.

2).Iыхьэ нэхъыщхьэ.Фэеплъ  сыным и теплъэр.

а). Фэеплъ сыныр  щыт,щыс.

б). И нэкIур  къызэрыгъэлъэгъуар.

в).Сыныр  зыхуащIам и гурыщIэр зыщIам   къызэригъэлъэгъуэжыфар.

3).КIэух псалъэ.

Сэ фэеплъ сыным сызригъэгупсысар.

Егъэдж.: Зэманыр кIуэху КIыщокъуэ Алим зыхуэдэ цIыхур,лъэпкъым дежкIэ ар зищIысыр нэхъ IупщI, наIуэ мэхъу.  Нобэ ар тхэмытыжми Алим  игъащIэкIи тпэIэщIэ хъунукъым . Адыгэ  дунейм тетыху,арии дэ  дигъусэнущ. Щапхъэ хъун къызэринэкIащ  КIыщокъуэ Алим .

Си ужь къихъуэнум сыволъэIур:

Фи цIэ ираIуэм фыкъеплъэкI.

КъывэджэIауэ  зэхэфхамэ, сэращ  фэджари,

Дакъикъэ фи гум сыкъэвгъэкI.

Егъэдж.:ЦIыхушхуэхэр  зыгъэлъагэр я гупсысэ  инхэрщ. КIыщокъуэ Алим зи япэкIэ куэдкIэ плъэфу щытащ. Абы и щыхьэт наIуэщ  « Си илъэсищэ» жыхуиIэ усэ. Нобэрей урокыр абыкIэ духыну сыхуейт.ЕджакIуэхэр усэм флэш  мобу  къоджэ.

Егъэдж.:  Унэ  лэжьыгъэр:

I.Сочиненэ- тетхыхьыныгъэр тхын.

2.Сочиненэ тхын  электроннэ почтэкIэ  евгъэхьын  хуэдэу.

 

Егъэдж.: Урокыр   духащ.  ФIыкIэ  дызэхузэ!

 

Къэгъэсэбэпа литературэхэр:

1.Урусов Х.Ш. «Кабардинская грамматика. Синтаксис, пунктуация». Нальчик: Издательство «Эльбрус» ,1994гъ.

2.Гяургиев. Х.З., Дзасежев Х.Э. «Кабардинский язык» часть 2.

Нальчик: Издательство «Эльбрус», 2008гъ.

3. Урусов. Х.Щ., Тамбиев Б.А. «Кабардинский язык .7 класс».

Нальчик: Издательство «Эльбрус», 2020гъ.

4. Таов Ж.К., В.Х. Унатлоков В.Х.  «Сборник диктантов и изложений для 5-9 классов». Нальчик : Издательство «Эльбрус» ,2018гъ.