Методическая разработка по кабардинской литературе. 7 классс
Оценка 4.7

Методическая разработка по кабардинской литературе. 7 классс

Оценка 4.7
Работа в классе
docx
преподавание
7 кл
09.06.2022
Методическая разработка по кабардинской  литературе. 7 классс
В статье моно найти не только разработку урока, но и методы и приемы которые можно использовать на разных этапах урока. Эти наработки подходят для разных типов уроков, и сделают материал более интересным.
урок на конкурс 22..docx

                       Методическэ разработкэхэмкIэ республикэпсо  зэпеуэм.

     

 

                                   Методическэ  разработкэ

 

 

 ТЕМЭР:"Нэхъыжьым хуэфащэщ пщIэ лей" (ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. "Къуэрылъху" рассказымкIэ).

 

 

                    7 класс.

 

 

 

 

 Зыгъэхьэзырар:

 КIуантIэ Жаннэ Юрэ  ипхъу,

Тэрч щIыналъэм  хыхьэ

« Мэлбахъуэ Т.Къу. и цIэр зэрихьэу Тэрч къалэ дэт

курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ№3»

 и егъэджакIуэрщ.

 

 

 

 

 

 

                                           

 

 

 

 

 

 

 

                                              Тэрч къалэ, 2022гъ.

                                              

                                    Хэзыгъэгъуазэ.

Япэ Iыхьэ. ЕджакIуэхэм езыхэм зэхащIахэмрэ къагурыIуахэмрэ къыщыдгъэсэбэп методхэмрэ Iэмалхэмрэ --------------------------- 3-4

 

ЕтIуанэ Iыхьэ ЕджакIуэхэм езыхэм  зэрызыкъапщытэж методхэмрэ Iэмалхэмрэ.--------------------------------------------------------------------- 5-6

 

Ещанэ Iыхьэ  ЕджакIуэхэм  я творческэ зэфIэкIхэр зэрызрагъэужь методхэмрэ Iэмалхэм.---------------------------------------------------------  7

 

КъызэщIэзыкъуэж псалъэ  --------------------------------------------------- 8

 

 

 

Литературэ ------------------------------------------------------------------------ 9

 

Приложенэ-------------------------------------------------------------------------10-11

 

 

 

 

 

 

 

 

                                                       

                                                   

 

                      Аннотация.

          Мы методическэ разработкэр хуэунэтIащ адыгэ литературэр егъэджыным ехьэлIауэ дерсхэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрыщIыным,апхуэдэуи  ар къагъэсэбэп хъунущ нэгъуэщI предмет езыгъэджхэми. Ди зэманым  егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп IэмалыщIэхэр  сэбэпышхуэ мэхъу. Нобэ сызытепсэлъыхьыну  методхэмрэ Iэмалхэмрэ  сэ нэхъыбэрэ егъэджэныгъэ дерсхэм къыщызгъэсэбэпхэрщ. Мы зи гугъу сщIы Iэмалхэр   нэхъыщхьэу  зыхуэунэтIар  еджакIуэ къэс  езым зыми емыщхьу  хэлъ   зэфIэкIхэр гъэбелджылын, абыхэм зегъэужьын. Къэдгъэлъагъуэ  лэжьыгъэм  къыщызгъэсэбэп методхэмрэ Iэмалхэмрэ я лъабжьэм щIэлъыр психологическэ  щытыкIэхэрщ. ЩIэныгъэлI Селевко Г.К. къызэригъэлъагъуэмкIэ,егъэджэныгъэм сыт щыгъуи психологическэ Iыхьэхэм гулъытэ хуащIу щытащ, ауэ ар зэи къалэн нэхъыщхьэу къыхалъытакъым».(Селевко I998:М.:14) Мы Iуэхугъуэр сэ еспхащ дэтхэнэми и зэфIэкI елъытауэ  бгъэдыхьэкIэм,еджакIуэхэм  езыхэм ящI гъэунэхуныгъэхэм мыхьэнэ етын- зи гугъу тщIы урокхэм  и зы унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ. Апхуэдэ  Iэмалыр нэхъыщхьэу Iуэхугъуихым епхащ.

Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуауэ  щытщ а унэтIыныгъэм  и зэхэлъыкIэр, ар  нэхъыбэу зэпхар  мыращ- еджакIуэхэм езыхэм зэхащIахэмрэ къагурыIуахэмрэ къыщыдгъэсэбэп методхэмрэ Iэмалхэмрэ.

Темэ къэтщтар зэманым пэджэжу щытщ.

I.Едгъаджэ преметыр: адыгэ литературэ, хэлэжьыхьыжауэ  адрей предметхэми къыщыбгъэсэбэп хъунущ.

2. ЕджакIуэхэм я щIэныгъэр: 5-11 классхэм щеджэхэр, я псилогическэ щытыкIэхэр зыхуэдэр къэлъытауэ.

 I.ЕджакIуэхэм езыхэм зэхащIахэмрэ къагурыIуахэмрэ къыщыдгъэсэбэп методхэмрэ Iэмалхэмрэ.

Анэдэлъхубзэм   хуэгъэзауэ  ди  еджапIэхэм  Iуэху  щхьэпэ куэд ягъэзащIэ  хэку ныбжьыщIэхэм  я бзэр  нэхъыфIу  ялъагъуу, къэгъэтэджыным , абыкIэ  утыкум ихьэу  я гупсысэр екIуу  къыжаIэфыным  ехьэлIауэ. Зи анэдэлъхубзэр  зымыщIэ ,фIыуэ зымылъагъу ,абы и  зэфIэкIхэр къызыгурымыIуэ,пасэу ар зи псэ дэмыхьэ  сабийм  иужькIэ абы и гур  бгъэдыхьэжынкIи,зыгуэрхэр итхыну  гукъыдэж ищIынкIэ Iэмал иIэкъым.Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ дэтхэнэ егъэджакIуэми и къалэн нэхъыщхьэр  сыт хуэдизкIи и анэдэлъхубзэм  сабий нэхъыбэ дегъэхьэхыжын, гум лъэпкъ гурыщIэхэр къыщыгъэушын.

1).Мыпхуэдэ упщIэ гъэувыкIэхэр:

- Сыт  фэ флъагъур ,зыхэфщIэр,зыхэфхыр сэ мы псалъэр щыжысIэм деж…?(«флъагъур,зыхэфщIэр,зыхэфхыр»ехьэлIауэ щытщ нэхъыщхьэу цIыхум зэрызэхищIэу иIэ и Iэпкълъэпкъым и Iыхьэхэм –зылъагъум,зыхэзыхым нэгъуэщI,аращ а псалъэхэр псори жыпIэным мыхьэнэ щIиIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ классым щIэс еджакIуэхэр я зэхэщIыкIкIэ зэхуэмыдэу щытщ).

-Сыт хуэдэ образу къэбгъэлъэгъуэнт …( зэджа тхыгъэм къыщыIэтаIуэхугъуэр, къэхъуар е ухуеймэ езы тхакIуэри.)Езыхэм зэрызэхащIэр къагъэлъагъуэкIэ, сабийхэм  зыхуагъэзэн хуей мэхъу  яIа зыхэщIэныгъэхэм,зэгупсысахэм, я нэгу щIэкIахэр ягу къагъэкIыжкIэрэ,езыхэм  я Iуэху  еплъыкIэр  а екIуэкI  Iуэхугъуэм къыхалъытэкIэрэ;

2).Уи гупсысэм сыт хуэдэ плъыфэ иIэ?

- ЕджакIуэхэм яжеIэн езыхэм яIэ щытыкIэм зыхуэдэ плъыфэмкIэ ,лIыхъужьым ухуиIэ щытыкIэр е тхыгъэм къыщыхъум зэрыхущытыр фэкIэ къэгъэлъэгъуэн. Мыр жьэрыIуатэуи  тхыгъэкIи ебгъэщI хъунущ. Психологхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ: Гъуэжь- гуфIэгъуэ, плъыжь-гъуэжьыфэ - насып, ныбжьэгъугъэ,удзыфэ- фIыгъуэ,гулъытэ,щхъуэ- нэщхъей,зэшыныгъэ,плъыжьыбзэ- къэгубжьыныгъэ,гутемыхуныгъэ,кхъуэщыныфэ-гущIэгъу.зыгуэркIэ къуаншэу зыкъэлъытэныгъэ, фIыцIэ- шынэ, гущыкI, лъагъумыхъуныгъэ,тхьэмбылыфэ-гуфIэгъуэ, насып .

Къапщтэмэ, плъыфэр къэгъэлъэгъуэным  мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхум хуэгъэзауэ. ПлъыфэмкIэ къыпхуэщIэнущ а предметыр  зыхуэдэмрэ и

щытыкIэмрэ. Абы къыхэкIкIэ ,сэ ар къызогъэсэбэп псалъэ гугъу текстым хэтхэр къыщыхатхыкIым деж.

  3. Е мыпхуэдэ Iэмал, тхыгъэ гуэр яджын ипэкIэ, абы къыхэщыж  Iуэхугъуэм  хуэдэ еджакIуэхэм я пащхьэ илъхьэн. Псалъэм папщIэ, уэ уи ныбжьэгъум  и гури и псэри хилъхьэри лэжьыгъэшхуэ гуэр ищIри еджапIэм къихьащ псоми ар иригъэлъэгъуну , ауэ ар  фи классэгъухэм ягу ирихьакъым, къыщыдыхьэшхын е къешхыдэн псори щIадзащ. Сыт адэкIэ уи ныбжьэгъум ищIэну къыпщыхъурэ? Уэ сытхэр  пщIэнт апхудэ къыпщыщIамэ? ( «Къру закъуэ» новеллэм ехьэлIауэ).

4. ГупсысэкIэ уи дэIэпыкъуэгъум   зыхуэгъазэ.

УпщIэ гуэрым жэуап  къритын ипэкIэ зы дакъикъэкIэ гупсысэкIэ уи ныбжьэгъу нэхъыжьым зыхуэгъэзэн. Псалъэм папщIэ, ар  е уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу, е адэ, е анэ, е щIэныгъэлI, е тхакIуэу щытми хъунущ.

5. ЕджакIуэхэр езыхэр зэплъыжыфу егъэсэн. Абы папщIэ зэгъэпщэныгъэр IэмалыфIщ. Классыр къэвыплъыхь.Сыт фэ зэфхъуэкIынт мы пэшым? Фэ езым фи хьэлым зэхъуэкIын хуей хэмылъу пIэрэ?

6. Щэхуу хуэупсэн .

  ЦIыкIухэ, нобэ дэ куэдрэ дытепсэлъыхьащ цIыхухэм я зэхущытыкIэм, нэгъуэщIхэм хуэщIын хуей пщIэм,гущIэгъум,фIы лъагъуныгъэм.Иджы зыми дыпэмыплъэу ахэр зыр адрейм зэрыхудиIэр къэдывгъэлъагъуэ.Фи Iэгухэр зэтефлъхьи фигукIэ зым адрейм хуевгъэхь гуфIэгъуэ,гущIэгъу,лъагъуныгъэ,насып.

7.Пхъуантэ цIыкIу.

ЕджакIуэхэм пхъуантэ цIыкIум далъхьэ езыхэр зэреплъымкIэ  зэджэ тхыгъэм и лIыхъужьыр зыхуэныкъуэу, къигъэсэбэпыну къащыхъухэр. Уэ папщIэ сыт абы иплъхьэнт?( Пхъуантэ цIыкIур удыгъэ зыхэлъщ,далъхьэри хьэл-щэн, предмет гъэщIэгъуэн.ЛIыхъужьым зэрызыхуагъазэ псалъи дэплъхьэ хъунущ).

8.ЛIыхъужьым хуэзэныгъэ.

Къызыщывгъэхъу, фэ Iэмал фиIэщ фызэджа тхыгъэм и лIыхъужьым е тхакIуэм фепсэлъэну. Абы щыгъуэми фэ упщIищ ефтыну Iэмал фиIэу  аращ, абы теухуауэ зыгуэр къэфщIэнми, фэ езым фыкъицIыхунми.

II. ЕджакIуэхэм езыхэм  зэрызыкъапщытэж методхэмрэ Iэмалхэмрэ.

I)Мимическэ гимнастикэ.

ЕджакIухэм псалъэ хэмыту  я нэкIумкIэ е IэкIэ лIыхъужьым,екIуэкI  Iуэхугъуэхэм хуаIэ щытыкIэхэр къагъэлъагъуэ.

2).Сызыхуэдэм сыкъытопсэлъыхь.

Урокым щызэпкъраха лIыхъужьым,  тхакIуэм и хьэл-щэн,IуэхущIафэхэр  тхыжын езыхэм ейм ехьэлIауэ.

3). «ЛъагапIэ».

 Доскам деж  е езыхэм я тетрадым  сурэту щIауэ бгы итщ,  щыхупIэшхуи иIэщ, гъуэгу,  бгым удришейуэ иIэщ. А щыхупIэмкIэ узышэнухэр лIыхъужь мыхъумыщIэхэрщ.

ДамыгъэкIэ къагъэлъагъуэ тхыгъэм хэт лIыхъужьхэр дэнэ деж щытыну къащыхъуми.

4).Сэ сыт хуэдэу зыкъысщыхъужрэ ? Сыт хуэдэ лIыхъужьыр?

Мы Iэмалыр  къыщагъэсэбэпыр:

1.     Литератунэ лIыхъужьым хуиIэ щытыкIэр къигъэлъэгъуэн папщIэ.

2.     Езымрэ лIыхъужьымрэ зэригъапщэу ,абы и пIэ зригъэувэфу егъэсэнымкIэ.

Мыпхуэдэ таблицэ ебгъэщIмэ хъунущ

Хьэл-щэнхэр

Сэ схэлъщ(+;-)

ЛIыхъужьым бгъэдэлъщ(+; -)

Пэжагъ

 

 

Щхьэхынагъэ

 

 

ПцIыупсыныр

 

 

ГущIэгъу

 

 

Ныбжьэгъугъэ

 

 

Пэжщ, зыкIи зэтемыхуэхэнкIэ хъунущ,ауэ Iэмал кърет езыхэм яIэ зыхэщIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ лIыхъужьыр зыхуэдэр зэпкърыхыныр.Абы къыдэкIуэуи, я хьэл-щэн гуэрхэр зэрахъуэкIын зэрыхуейр  къызэгурыIуэни къахэкIынкIэ хъунущ. ЛIыхъужьым и IуэхущIафэри  нэхъ тыншу къагурыIуэнымкIэ сэбэп мэхъу. Мы методикэр  урок зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыбгъэсэбэпым ялъэгъунущ дэтхэнэми и щытыкIэ щхьэхуэхэм нэмыщI, зэщхьу яхэлъыр.Езым ещхь  гуэрхэр зэрыщыIэм дэтхэнэми гупсэхугъуэ къыхелъхьэ.

III. ЕджакIуэхэм  я творческэ зэфIэкIхэр зэрызрагъэужь методхэмрэ Iэмалхэмрэ.

I). Телеграммэ.

   КIэщIу тхын  урокым нэхъыщхьэу къыщащIар и партэгъум деж хуэгъэзауэ икIи а тхыгъэхэмкIэ зэхъуэжэн .Телеграммэм  иптхэ хъунущ  лIыхъужьым е тхакIуэм хуэгъэза хъуэхъу,лъэIу.

  2)ТхыгъэкIэ  зыхуэгъэзэныгъэ.

Мыр  еджакIуэм и зыхэщIыкIым,гупсысэ хуэгъэзауэ щыту аращ.Псалъэм папщIэ, тхакIуэ гуэрым  и гъэщIэ гъуэгуанэр яджа нэужь,мыпхуэдэ сочиненэ епт хъунущ: Сэ  тхакIуэр си нэгу къызэрыщIыхьэр. ТхакIуэм хэлъ хьэл щэным щыщу  сэ сыт хуэдэ сыхуэныкъуэ? Абы дэщIыбгъухъунущ а тхакIIуэм теухуауэ  нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэм жаIахэр

3) Открыткэр  тыгъэу.

Мыр зэрагъэзащIэр: уэ лIыхъужьым открыткэ  хуэпщIын хуей  хъуамэ , сыт хуэдэ сурэт  икIи тхыгъэ  абы  тетын  хуейуэ  къэплъытэр?

4).ЛIыхъужьыр (тхыгъэр, тропыр) зэрагъэхьэзыр щIыкIэр.

Ягъэхьэзырыр зэрызэхэлъыр къагъэлъагъуэр, ар фIы хъун папщIэ зэрызэхалъэхьэным топсэлъыхь.

                                  КъызэщIэзыкъуэж псалъэ

         ИщхьэмкIэ къэтхьа методхэмрэ Iэмалхэмрэ эмоциональнэ- психолохическэ  унэтIыныгъэмрэ,темэмкIэ  тхыгъэм къыщыIэта  Iуэхугъуэм  урокым ущытепсэлъыхьым, мыхэр нэхъыщхьэу зэпкърах:

- Урокым и дэрэжэгъуэ къаIэт,зытепсэлъыхьыр къызэщIакъуэ,зэрыгузавэр еджакIуэр нэхъ мащIэ мэхъу, езым и гупсысэр къыхегъэщыф.

- Сэбэп мэхъу нобэ( «иджыпсту икIи занщIэу» еджакIуэхэм я хьэлщ) къаIэрыхьа щIэныгъэхэр иужькIэ къэбгъэсэбэп зэрыхъум хуегъасэ.

- Езыхэр зыхуэдэр къагурыIуэжынымкIэ, ипэкIэ зэрыкIуэтэн зэрыхуеймкIэ  тхыгъэхэр дэIэпыкъуэгъушхуэ мэхъу.

- Я зэфIэкI  къагъэлъэгъуэнымкIэ, лъэбыдэкIэ гъащIэм хэувэнымкIэ щIэгъэкъуэн хьэлэмэтщ.

- Литературэ тхыгъэм еджэным къыхуегъэуш.адыгэ литературэ урокхэр нэхъыфIу лъагъунымкIэ  мыхьэнэшхуэ иIэщ.

 

 

 

 

 

  Приложенэ.

Урок  зэIухам и план – конспект.ТЕМЭР:"Нэхъыжьым хуэфащэщ пщIэ лей" (ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. "Къуэрылъху" рассказымкIэ).7 класс.            

 Урокым и къалэн нэхъыщхьэр: рассказым и ухуэкIэр егъэбелджылын, ШэджыхьэщIэм и тхыгъэм  дыкъызэхуриджэр егъэщIэн.

Къэгъуэтын проблемэ зиIэ упщIэм и жэуап: сыт хуэдэу  адэ-анэхэм дахущытыпхъэ ? ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным елэжьын.                                                                                                                - предметнэхэр:   ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. и гъащIэмрэ творчествэмрэ нэхъ кууэ щыгъуазэ щIын. Нэхъыжьым пщIэ хуэщIын зэрыхуейм гупсысэм хуэшэн, зыхегъэщIэн.

Къалэнхэр:  - личностнэхэр: тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджакIуэхэм къагурыгъэIуэн, адыгэ литературэм и тхакIуэ  нэхъыфIхэм щыгъуазэ щIын.                                                                                                                                                                                                                    - метапредметнэхэр: темэр къызэпкърызых Iыхьэхэр текстым  къыщагъуэтыфу егъэсэн; зэгъэпщэныгъэр ягъэзэщIэнымкIэ я зэфIэкI хэгъэхъуэн, гупым хэту лэжьэным хуегъэсэн, монолог къэпсэлъэныгъэмкIэ я зэфIэкI  хэгъэхъуэн.

Сызыщыгугъ  результатхэр :  I.Личностнэ УУД. ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэм зегъэужьын, я зэхущытыкIэр,хьэл-щэн дахэ яхэлъхэр егъэфIэкIуэн,адыгэ литературэм къыхэщ  тхакIуэ  нэхъыфIхэм и щапхъэмкIэ пщIэр, напэр, цIыхугъэр япэ ирагъэщу гъэсэн.

2.Метапредметнэ УУД.  Регулятивнэ.  Еджэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр,мурадхэр ягъэувыфу, гупу зэдэлажьэу егъэсэн,                                                                                       Познавательнэ.  Я гупсысэр жьэрыIуатэу зэгъэкIуауэ, зэкIэлъыхьауэ къаIуэтэфу егъэсэн,я  гупсысэкIэм зегъэужьын,сурэтхэр,  усэхэр зэрагъэпщэфу,зэпкърахыфу,анализ ящIыфу егъэсэн.                                  -Коммуникативнэ.  ЕджакIуэхэр зым жиIэм адрейр  едаIуэу, яIуэху еплъыкIэр пхрагъэкIыфу, я ныбжь цIыкIухэми балигъхэми ядэлэжьэфу егъэсэн.

3.Предметнэ. Образыр зищIысыр  къагурыгъэIуэн, абы елэжьыфу,ар жьэрыIуатэуи  тхыгъэкIи  къаIуэтэфу  егъэсэн.

Урокым и типыр: "шIэныгъэщIэхэр къыщызэIуах" урок .

ЕджакIуэхэр зэрылэжьэну щытыкIэр: щхьэзакъуэрэ гуп-гупурэ. 

Къэдгъэсэбэпыну  оборудованиер: адыгэ литертурэмкIэ учебникыр.

 7 класс, компьютер.

                                  Урокым и зэхэлъыкIэр:

      1. Хэзышэ псалъэ.

2.ШэджыхьэщIэ Хь.ТI  и  гъащIэм щыгъуазэ щIын.

3.Гупу  икIи  щхьэхуэу  гъэлэжьэн. Рассказ "Къуэрылъхур" зэпкърыхын.

4.Я гупсысэхэр еджакIуэхэм екIуу къегъэIуэтэн.

5.Рефлексиер.

6.Унэ лэжьыгъэр етын..

                                         Урокым и екIуэкIыкIэр:

Дерсым и Iыхьэ

ЕкIуэкIыкIэр

Iэмалхэр

I Хэзышэ псалъэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

2. ЩIэныгъэхэм   къыхуэгъэушын.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

2. Зэджар къащыгурыIуэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

4. «КъызэIухын» щIэныгъэщIэхэр.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

5. Япэрей егъэбыдэнылIыгъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

                                                                       

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

6.Щхьэзакъуэ

лэжьыгъэ

еджакIуэхэм

зыкъыщапщытэжыр

 щIыгъуу.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Рефлексия

 

 

 

 

 

 

 

 

Унэ лэжьыгъэ .

 

ЕгъэджакIуэм и псалъэ.

Си еджакIуэхэ! Си гуапэщ икъукIэ,

СыкъыщIыхьэну фи классым нобэ.

Си дежкIэ аркъудери лъапIэщ,

ФыкъызэдаIуу фызэрыщысыр.

Сэ сощIэ  фщыщ  дэтхэнэри  Iущыцэщ,

 Гугъуехь хэмыту зыри  къэхъукъым.

Iыхьэ зэхэдзэ зэдэтщIынщи,

 Ди урокыр зэхэтлъхьэнщ!

Фэращ  сэ си ныбжьэгъу пэжхэр,

ФыщыуэнкIи  зыри  фымышынэ,

ТIу лъэпкъи  зыми къимыхьын.

Си усэр  тIэкIу мыхъуами  къысхуэвгъэгъуну сыщогугъу.

   Иджы прозэм дытехьэжынщ.

Егъэдж.:- Нобэ сыт хуэдэ махуэ? ЩхьэгъубжэмкIэ фыдэплъ:махуэр уэлбанэ, дыгъэпс е  зэхэуфа е уэфI? Дунейр сыт хуэдэу щымытми.фи гукъыдэжыр къызэрыIэтын Iэмалыр фщIэрэ? Сэ сощIэри, абы и щэхумкIэ  сывдэгуэшэну сыхуейщ. абы папщIэ уи гъунэгъум ухуэгуфIэн хуейуэ аращ.Фэри фи классэгъухэм фахуэгуфIэ.Фэри  зыхэфщIэнущ  абыхэм къабгъэдэкI хуабагъэр, гуапагъэр,дахагъэр.Сыхуейт иджыпсту фи гум къыщыуша хуабагъэр пхырыфхыну урок псом и кIуэцIкIэ.

 

 

Егъэдж.:- Мы  макъамэ  дахэм федаIуи  къызжефIэт, сыт нобэрей урокым и темэр, дызытепсэлъыхьынур?

 Уэрэд « Жьым фымыщI и жагъуэ» къоуэ.

Едж.: -Уэрэдыр теухуащ  нэхъыжьым пщIэ зэрыхуэщIын хуейм, хабзэм, нэмысым.

Едж.:- Дэ нобэ зэпкърытхынущ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и рассказ "Къурылъху".  Дэ  ипэ  классхэм  дджащ мы тхакIуэ гъэщIэгъуэным и тхыгъэхэр. Нобэ нэхъ куууэ и гъащIэмрэ и творчествэмрэ щыгъуазэ зыхуэтщIынщ, и рассказым и темэмрэ дызыхуиущыну игугъамрэ зэдгъэщIэнщ.

 

Ди урокым и щIэдзапIэу  мы псалъэжьхэм фыкъеджи ахэр къызэрывгурыIуэр къыжыфIэ.

  I.Нэхъыжьыр гъэлъапIи уи щхьэр лъапIэ хъунщ.

  2.Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI.

   Дауэ фегупсысрэ  сыт ди урокым и гупсысэ нэхъыщхьэр? Сыт урокым щызэдгъэщIэныр?                            

     Ди урокым и  эпиграфу  IутIыж Борис мы и псалъэхэр къэсщтащ: «Анэхэр – ар псынэщ, ар псысэщ.

 Ар -  Псатхьэщ, ар тхьэхэм я тхьэжщ…»

   Нэхъыжьхэм,адэ-анэхэи пщIэ хуэщIын  зэрыхуейм хуейм фэ куэрэ зыхэфхащ,апхуэдэ Iуэхугъуэхэр къызыхэщ  тхыгъэхэри  дджащ.  Нобэ абы ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ зэреплъыр къэдгъэлъэгъуэнщ,  и гупсысэр ди деж къихьэсын папщIэ  сыт хуэдэ художественно- изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпрэ?

УпщIэ фубзыху,зи жэуахэр нобэрей урокым щеттыну фызыхуейр? (Япэ  щIыкIэ  цIыхуи 2, итIанэ 4, иужькIэ гупу ягъэзащIэ.  

Езы тхыгъэр зэпкърытхын и пэкIэ, тхакIуэм и гъащIэм  щыгъуазэ зытщIынщ.

 

Классыр гупищу догуэш:

1.     Тезис ягъэхьэзыр  «пэжщ» жыхуиIэм и телъхьэу.

2.     Тезис ягъэхьэзыр  «пэжкъым» жыхуиIэм и телъхьэу.

3.     Гупыр тIуми йодакIуэри, пэжу къалъытэр къыхахри , абы и щхьэусыгъуэр щапхъэхэмкIэ щIагъэбыдэж…

- Нанэм и гъащIэр дауэ къекIуэкIа?

 - И щIалэгъуэм сыт худэ гугъуехь  Iуууа?

 - Сыт  хуэдэ уэсят къыхуищIрэ  и  щхьэгъусэм  зауэм щыкIуэм?

 - Дауэ игъэзэщIа абы  и щхьэгъусэм и псалъэхэр?

- Сыт хуэдэу къыщIэкIа  и бынхэр?

- Хэт   абы и унэр ищэныр тезэгъэчыныхьар?

- Сыт ар жьы щапIыж унэм къэкIуэн хуей щIэхъуар?

 - Сыт хуэдэ  щэху иIар нанэм? Кластер зэхегъэувэн.  Гуащэхъан и унагъуэр.

I.Тхьэмадэр.

2. Гуащэр.

3.Щхьэгъусэ.

4. Къуэхэр.

5.И пхъур.

6. Нысэр.

7. Къуэрылъху Алихъан.                    

Егъэдж.:- Тхыгъэр щызэпкърытхакIэ иджы абы и лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэм дытепсэлъыхьынщ.Абы папщIэ  гуп къэс   фи пащхьэм  илъ  карточкэхэм ит упщIэхэм жэуап идот.

I гупым: I) Тхыгъэм  сыт "Къуэрылъху" щIыфIищар  тхакIуэм?

 Фэ сыт фIэфщынт?

2).Тхыгъэм и лъабжьэ хуэхъуар сыт?Апхуэдэ Iуэхугъуэ пэжу гъащIэм къыщыхъуу пIэрэ?

 2 гупым: I). Рассказым  нэхъыбэу  дызыхуэзэр  диалог хьэмэ монолог?

2)ЛIыхъужьым и теплъэр , дунейм и щытыкIэр къызыхэщыж  щIыпIэхэр къэвгъуэт. Сыт хуэдэ къалэн абыхэм ягъэзащIэр?

 3 гупыр: I) Тхыгъэр зэриухар дауэ  къыфщыхъуа?

2).Фэ  дауэ евгъэухынт  рассказыр?

 

Едж.: I. Нанэм и гугъуехьыр зыхэзыщIу  абы и хъуапсапIэр зыгъэзэщIар и къуэрылъхур аращ.

 Иджыри фIэпщ хъунущ " Нэхъыжьхэм - гулъытэ".

Едж.: 2. Зи ныбжь нэса  фызыжьым пщIэ хуамыщIу  жьы щапIыж унэм иратащ.

Нысэр,пхъур               Къуэхэр                  Къуэрылъху

          акъылыншэ                    щабэ                         гущIэгъулы

         нэмысыншэ                    лIыгъэншэ                гъэса

         гущIэгъуншэ                  гущIыIэ                     нэмысыфIэ

         нэпсей                             хуэмыху                   жыIэщIэ                           

 

 

 

Едж.: Рассказым нэхъыбэу къыщыкIуэр  монологщ.  Диалогым дыщыхуэзэр рассказым  и щIэдзапIэмрэ и кIэухымрэщ.

Едж.:  Рассказым и завязкэр хъужыр  авторымрэ  нанэмрэ я диалогырщ. Нанэм и теплъэмкIэ ди пащхьэм тхакIуэм кърегъэувэ  нанэ Iумахуэ. Сыт хуэдэ гугъуехь и нэгу щIэмыкIами ар къызытенащ  анэ гумащIэу, цIыхугъэшхуэ зыбгъэдэлъ  цIыхуу.

Егъэдж.  Мы псалъэжьхэр и кIэм нэвгъэсыж. I. Нэхъыжь гъэлъапIи … ( уи щхьэр лъапIэ хъунщ).

2.Зи нэхъыжь едаIуэ…. ( и Iуэху мэкIуатэ).

3.Нэхъыжьым жьэ ет… ( нэхъыщIэм гъуэгу ет).

4.Жьым еубзи… ( щIэр гъэгущхуэ).

5.Нэхъыжь кIэлъыджэркъым…( кIэлъокIуэ).

6.ЖьантIэм ухуемыкъу…

(пхуэфащэмэ къыплъысынщ).

3 гупым и жэуап:

Едж.- I) Тхыгъэр зэриухам  зы лъэнкъуэкIэ аразы укъещI. И адэ-анэм ящIа мыхъумыщIагъэр абы зырегъэзэхуэж, и анэшхуэр жьы щапIыж  унэм къыщIешыжри  езым къищта фэтэрым ешэ.

Сэ сыхуейт  а нанэм и нысэм зыкъищIэжу и гуащэр и унэм ишэжыну. Нанэм  ипхъ къэмыкIуэри  щIэх-щIэх къыхуэкIуэурэ зэрылъагъуу щытыну. нанэр жьыщхьэ махуэ хъуауэ иIуэтэжыну.

Егъэдж.:  Ди урокым и кIэм  сыт хуэдэ  чэнджэщ ефтынт  зи нэхъыжьхэр жьы щапIыж унэм езытхэм?

Егъэдж.: Сыт хуэдэ дерс къыхэпх хъуну мы хъыбарым?

Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым.

Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъун хуейщ.

Нэхъыжьым пщIэ хуэпщIмэ, пщIэ хубощI адыгагъэм, уи лъэпкъым.

Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым.

Нэхъыжь блэкIыу ину удыхьэшхыныр емыкIущ.

 

Синквейн  егъэщIын.

I.Нэхъыжь.

2.АкъылыфIэ,гумахэ.

3.Мэгупсысэ,мэгугъэ,мэхъуапсэ.

4.Нэхъыжьым  хуэфащэщ  пщIэ  лей.

5.Нэхъыжьыр акъылыфIэщ.

 

Фэ фи лэжьыгъэр  къэзыпщытэн папщIэ  зыкъызэрапщытэж  листхэр дотхри къыхыдогъэкI

  Сыт худэ зыхэщIэныгъэ къыщигъэуша  фи гущIэм мы рассказым?

Сыт хуэдэ плъыфэкIэ  ифIэнт   мы тхыгъэр?

 

 

 I. Сочиненэ  " Срогушуэ си анэшхуэм  е адэшхуэм".

 2.Призентацэ щIын «Ди  нэхъыжьыфIхэр».

 

 

 

ЗэхащIэныгъэхэм,

къафIэщIыныгъэхэм егъэщхьын (ассоциации).

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Зезыгъэужь кооператив.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

УпщIэ хьэлъэ, псынщIэ.

 

 

 

 

Я гупсысэхэмкIэ щызэдэгуашэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Дискуссия

«нтIэ, хьэуэ.»

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ЕджакIуэхэм ягъэхьэзыра  презентацэр  къэгъэлъагъуэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Телеграммэ я партэгъум  хуагъэхь.

 

 

 

 

 

 

 

 

Я гупсысэхэмкIэ щызэдэгуашэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ЕджакIуэхэм я творческэ  лэжыгъэр

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Я гупсысэхэмкIэ щызэдэгуашэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ЕтIуанэ гупым  и жэуапхэм

 

 

 

 

 

 

 

Зэпеуэ егъэкIуэкIын.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Творческэ лэжьыгъэ. ЕджакIэхэм пычыгъуэу къагъэлъагъуэ   рассказыр зэриух  Iыхьэхэр.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ЕджакIуэхэм я творческэ  лэжыгъэр

 

 

 

 

 

 

 

                       

 

 

 

 

 

                         Къэзгъэсэбэпа литературэр :

4.      5-9 классхэм папщIэ. Программэхэр. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Налшык, 20I8. гъ.

5.     ТIымыжь Хь.Т Балэ Л.Ф.  Адыгэ литературэ. 7 -нэ классым папщIэ. Налшык,20I9 гъ..

6.     Адыгэ псалъэжьхэр. Налшык, I994 гъ.

7.     Адыгэ IуэрыIуатэ. Налшык, I992 гъ.

8.      Мафедзев О.Х. Очерки трудового воспитания адыгов. Нальчик, I984.

9.      Загазежев М.Г. Очерки по адыгской народной педагогике.  Нальчик. 2000г.

10.  Дзасэжь Хь. ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыныгъэ. Налшык, I989 гъ.

11.  Качесоков Н. «Адыгэ  псалъэ ». 2005 гъ. I5 апрель.

12. Шэрджэс Алий. Хьэкъун Мухьэмэд. Адыгэхэмрэ ахэм я хъыбархэмрэ. Мейкъу.2000 гъ. 

13. Интернет  ресурсхэр

 

 

 

 

 

 


 

Методическэ разработкэхэмкIэ республикэпсо зэпеуэм

Методическэ разработкэхэмкIэ республикэпсо зэпеуэм

Хэзыгъэгъуазэ. Япэ I ыхьэ.

Хэзыгъэгъуазэ. Япэ I ыхьэ.

Аннотация. Мы методическэ разработкэр хуэунэтIащ адыгэ литературэр егъэджыным ехьэлIауэ дерсхэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрыщIыным,апхуэдэуи ар къагъэсэбэп хъунущ нэгъуэщI предмет езыгъэджхэми

Аннотация. Мы методическэ разработкэр хуэунэтIащ адыгэ литературэр егъэджыным ехьэлIауэ дерсхэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрыщIыным,апхуэдэуи ар къагъэсэбэп хъунущ нэгъуэщI предмет езыгъэджхэми

Мыпхуэдэ упщIэ гъэувыкIэхэр: -

Мыпхуэдэ упщIэ гъэувыкIэхэр: -

ГупсысэкIэ уи дэIэпыкъуэгъум зыхуэгъазэ

ГупсысэкIэ уи дэIэпыкъуэгъум зыхуэгъазэ

Доскам деж е езыхэм я тетрадым сурэту щIауэ бгы итщ, щыхупIэшхуи иIэщ, гъуэгу, бгым удришейуэ иIэщ

Доскам деж е езыхэм я тетрадым сурэту щIауэ бгы итщ, щыхупIэшхуи иIэщ, гъуэгу, бгым удришейуэ иIэщ

Мыр еджакIуэм и зыхэщIыкIым,гупсысэ хуэгъэзауэ щыту аращ

Мыр еджакIуэм и зыхэщIыкIым,гупсысэ хуэгъэзауэ щыту аращ

Приложенэ. Урок зэIухам и план – конспект

Приложенэ. Урок зэIухам и план – конспект

Урокым и зэхэлъыкIэр: 1

Урокым и зэхэлъыкIэр: 1

ЩIэныгъэхэм къыхуэгъэушын. 2

ЩIэныгъэхэм къыхуэгъэушын. 2

КъызэIухын» щIэныгъэщIэхэр. 5

КъызэIухын» щIэныгъэщIэхэр. 5

Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм зыкъыщапщытэжыр щIыгъуу

Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм зыкъыщапщытэжыр щIыгъуу

Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм зыкъыщапщытэжыр щIыгъуу

Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм зыкъыщапщытэжыр щIыгъуу

Рефлексия Унэ лэжьыгъэ

Рефлексия Унэ лэжьыгъэ

Рефлексия Унэ лэжьыгъэ

Рефлексия Унэ лэжьыгъэ

I Хэзышэ псалъэ . 2

I Хэзышэ псалъэ . 2

Къэзгъэсэбэпа литературэр : 1

Къэзгъэсэбэпа литературэр : 1
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
09.06.2022