Уровень самостоятельного мышления школьников, их познавательную активность, уровень усвоения и первичного закрепления нового материала я оцениваю как хороший. На мой взгляд, этот урок послужит толчком, опорой для дальнейшей познавательной деятельности учеников.
Качественную оценку деятельности школьников я делала по ходу урока. Я думаю, что она послужит стимулом для дальнейшей познавательной деятельности школьников, как на уроке, так и во внеурочное время.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Пхъащ1э ц1ык1у" Дэбагъуэ М. . (3 класс)
Темэр. Дэбагъуэ Мухьэмэд « ПхъащIэ цIыкIу».
Мурадхэр. Усэр, ар зытеухуа Хъызыр цIыкIу сабийхэм гурыхь ящыщын, апхуэдэ
щIыкIэкIэ сабийхэм я псынщIэрыкъеджэр, я удэзыхьэх къеджэкIэр егъэфIэкIуэн,
я бзэм зегъэужьын, усэм и гъэпсыкIэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр егъэбыдылIэн.
Хъызыр и щытыкIэм кIэлъыгъэплъурэ, сабийхэр абы ещхьыным
щIэгъэхъуэпсын, апхуэдэ щIыкIэкIи «Сэри апхуэдэу сыщытыну сыхуейщ, сэри
ар слъэкIыну сыхуейщ» хъуапсэ узыншэр сабийхэм я гум къыщыгъэушын.
Урокым къыщыгъэсэбэпын хуейхэр. Пхъэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр зэрыт
сурэт гъэлъэгъуэныгъэр.
Урокыр зэрекIуэкIынур
Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
I.
1. Рассказым хуэгъэува упщIэхэм я жэуап ирегъэтын.
2. Рассказым сурэт хуащIахэмкIэ рассказыр къегъэIуэтэжын.
3. Тетрадым ит лэжьыгъэхэр зэрагъэзэщIам зыщыгъэгъуэзэн.
4. Адэанэхэмрэ бынхэмрэ зэрызэхущытын хуейм
теухуауэ къагъуэта
псалъэжьхэм къегъэджэн, къазэрыгурыIуэр жегъэIэн.
II.
ТемэщIэм елэжьын.
1. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэм щалъагъу хьэпшыпхэм я фIэщыгъэцIэр жегъэIэн. Ахэр
къызэрагъэсэбэпым, абыхэм елэжьхэм я IэщIагъэм теухуауэ сабийхэм ящIэр
къегъэIуэтэн.
2. Апхуэдэ лъэпкъ IэщIагъэр мыкIуэдыжын папщIэ, щIэблэм гулъытэ хуегъэщIын
хуейуэ къэзылъытэ Дэбагъуэ Мухьэмэд и гъащIэм и лэжьыгъэм сабийхэр
щыгъэгъуэзэн.
3. Мы лъэпкъ IэщIагъэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хъума хъуну къалъытэми сабийхэм
жегъэIэн.
4. Усэм (зым зыр къипищэу) къегъэджэн. Зэчэнджэщыжурэ псалъэ
гурыIуэгъуейхэм я мыхьэнэр къегъэхутэн, псалъалъэхэм кърегъэгъуэтэн.
5. Мы псалъэжьхэр зэкIу едзыгъуэхэм къеджэн.Лэжьэным хэзагъэр щIэныгъэми хогъуазэ.
ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ.
И Iэгу ущIащ.
Тхылъ тхащ. (губзыгъэщ)
Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ.
И Iэпэ дыщэ къыпощэщ.
Уемызэш, умышыни лIы ухъунщ.
6. Усэр адрей тхыгъэхэм къащхьэщызыгъэкI и гъэпсыкIэм егъэлэжьын. (Едзыгъуэ
бжыгъэр, темэр, гупсысэ нэхъыщхьэр, ритмыр, рифмэр, макъхэм я лэжьэкIэр).
жэуапхэр щIагъэгъэбыдэжу Адэмей дадэрэ
7. Усэм щыщ сатырхэмкIэ я
Хъызыррэ къазэрыщыхъуам тегъэпсэлъыхьын.
8. Усэр усакIуэм щиусым къалэну зыхуигъэувыжар еджакIуэхэм къазэрыгурыIуэр
жегъэIэн. (Хъызыр хуэдэ щIалэхэм щапхъэ тетхын, пхъащIэ IэщIагъэм, адэхэм,
адэшхуэхэм я IэщIагъэхэм зыщыдгъэгъуэзэн, ди бзэм зедгъэужьын, усэм
гъэхуауэ дыкъеджэу зедгъэсэн папщIэ, …)
III. Унэ лэжьыгъэ.
1. Усэм хуэгъэувауэ тхылъым ит упщIэхэм я жэуап етын.
2. Усэм сурэт хуащIын
3. Тетрадым ит лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн.
4. «IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэцIэ IэрыщI тхылъ щIын.