Класс сыхьэт
Темэр : «Лъэпкъым и гум телъ
уIэгъэр зэманми имыгъэкIыжа».
(Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ)
Хьэрэдурэ Э.Хь.
Урыс – Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ илъэси 140 – рэ зэрырикъум теухуа класс сыхьэтыр зэребгъэкIуэкIынум и сценарии
(майм и 21 – м 2004гъ.)
Темэр: «Лъэпкъым и гум телъ
уIэгъэр зэманми имыгъэкIыжа».
Мурадыр: Урыс – Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къыхуихьа гуауэшхуэм, тхьэмыщкIагъэм, къулейсызыгъэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
«ИстамбылакIуэ, е Дуней псом къыщыхъуа мыгъуагъэхэм я нэхъ дыдж», - псалъэхэм я мыхьэнэр зэхегъэщIэн.
БлэкIам и дерсхэм щыуагъэхэм дыщахъумэн зэрыхуейр егъэщIэн.
Урокыр щекIуэкIыну кабинетым темэм теухуа тхылъхэмкIэ выставкэ щIын.
«Адыгэм уи жьыр къысщIихухукIэ сэ мафIэ гуащIэурэ сыблэнщ…» - темэ хуэщIын. Кабинетыр класс сыхьэтым хуэгъэхьэзырын.
Тхауэ фIэлъынухэр:
1. «Дуней псом нэхъ хахуэ дыдэу тет лъэпкъхэм ящыщщ шэрджэсхэр» Ф. Канитц
2. «Адыгэхэм нэхъ лъэпкъышхуэрэ нэхъ лъэщрэ искъым Кавказым» О. Маркграф.
3. «Адыгэхэм къапэлъэщын щыIэнутэкъым, зэгурыIуэрэ зы дзэпщым и унафэм щIэуватэмэ» И. Барбаро.
4. «Зэман блэкIам дерс къыхэзымых лъэпкъым и къэкIуэнур блэкIащ» Бейтыгъуэн С.
«Истамбыл гъуэгу» уэрэдым и макъамэр къеуэу егъэджакIуэм и хэзышэ псалъэхэм щIедзэ
- Майм и 21-м 2004 гъэм (илъэсищэрэ плIыщIрэ) 140 ирокъу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс – Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ.
Нобэ, псори дызэрыщыгъуазэщи, илъэсищэм нэскIэ Кавказ бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм текIуэныгъэ къыхуахьакъым.
1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21 – м урыс пащтыхьым и дзэ фIыуэ гъэсам, IэщэкIэ зэщIэузэдам, топхэр зи куэдым, бгырысхэм я бэнэныгъэм кIэ иритащ.
- Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, - жаIэ адыгэхэм Кавказ зауэм и кIэр ди лъэпкъым дежкIэ хьэдагъэ мыухыжт, а зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, гуIэгъуэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъуэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытехъуауэ жыIэгъуейщ. ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яук1ащ, е хым хэкIуэдащ, ерыскъы щхьэкIэ зэтелIащ, узым ихьащ, е Тыркум Iэпхъуащ. ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Гуузщ адыгэхэм я кIуэдыкIар, ахэр илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуауэ къыщалъхуа щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырахуар. Адыгэхэм хуэдэу лей къызылъыса лъэпкъ щыIэу фIэщхъугъуейщ. (макъамэр ягъэувыIэ)
1. АтIэ сыт апхуэдэ залымыгъэр, апхуэдэ телъыджэр къыщIэхъуар, сыт адыгэхэр зэрыкъуаншэр, сыт абыхэм ялэжьар?
2. А упщIэм и жэуапыр кIыхьщ.
Япэу. Урыс пащтыхьым и зэрыпхъуак1уэ политикэ бзаджэрщ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр езыр зэрыхуейм хуэдэу и блэгущIэт ищIыну и ужь зэритарщ.
ХVII-нэ лIэщIыгъэум и кIэухым урыс пащтыхьым и лъабжьэр Кавказ Ищхъэрэм быдэ щищIа нэужь, и политикэр занщIэу зэрихъуэкIащ, ар политикэ бзаджэ, зэрыпхъуакIуэ политикэ хъуащ, ар зыми еплъакъым. Бгырысхэм, къапщтэмэ, адыгэхэм къащысхьакъым, уеблэмэ абыхэм хуитыныгъэу яIа посри къатрихащ, ахэр къыщалъхуа, зэрыс щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырихуным иужь итащ, ящIхэр зэриубыдын, абы къэзакъ станцэхэр зэрыригъэтIысхьэн, и тепщэныгъэр зэригъэбыдэн фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху кърихуэкIыжакъым.
3. ГъэщIэгъуэнракъэ, урыс дзэпщхэм, унафэщIхэм фIы дыдэу ящIэрт адыгэхэр Псыжь и сэмэгурабгъу Iуфэхэу щIыпIэ шэд защIэм, техьэгъуэ щIыпIэм, щIыпIэ мыузыншэм зэрымыкIуэнур, итIани абы фыIэпхъуэ жаIэри къыпаубыдащ. Адыгэхэми урыс дзэпщхэр ягъэгузэвэн папщIэ, Псыжь Iуфэ дыкIуэ нэхърэ, Тыркум дыIэпхъуэнущ жаIащ. Урыс пащтыхьыр зыхуеиххэр арати, адыгэ лIыкIуэхэр тхьэусыхакIуэ, лъэIуакIуэ щыхуэкIуэм, ди щIыпIэм дыкъивнэж, дзэхэм зэрахьэ залымыгъэр вгъэбэяу жаIэу щелъэIум, щыхуэтхьэусыхэм щыгъуэ Александр II-м жэуапу къаритащ: «КъывжаIа щIыпIэм фыIэпхъуэ, е пIалъэ имыIэу Тыркум фыIэпхъуэ».
4. ЕтIуанэу. Адыгэ пщы-уэркъхэм я зэрани хэлъауэ жыпIэ хъунущ,
сыту жыпIэмэ абыхэм къагурыIуэрт я щIыпIэм къинэми,
Псыжь Iэпхъуэми, я тепщэныгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ
зэрыхъунур, я пщылIхэри зэрафIэкIуэдынур. Пщы –
уэркъхэм я дежкIэ я пщылIхэр яфIэкIуэдыным нэхърэ
нэхъ шынагъуэ щы1этэкъым. Абыхэм я гугъэт Тыркум
1эпхъуэмэ, я пщыл1хэр къахуэнэну, я 1уэху нэхъыф1
хъуну. Лэпкъым и 1уэхум ахэр егупсысауэ
пхужы1энукъым.
5.Ещанэу. Муслъымэн диным и лэжьак1уэхэри адыгэхэм я
щIыпIэр хыфIадзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Абыхэм
гуащIэрыпсэухэм я деж лэжьыгъэ мащIэ
щрагъэкIуэкIакъым, цIыхухэр зэрыIэпхъуэным
хуагъэдэIуащ, хураджащ.
6. ЕплIанэу. Езы Тыркум и лIыкIуэхэми къуажэ – къуажэкIэрэ
къакIухьурэ, адыгэхэр къыхураджащ Тыркум
зэрыкIуэным, абы гъащIэ дахэ, насып щаIэну,
къыхузэрагъэпэщыну къагъэгугъэурэ.
7. Етхуанэу. Инджылызым, Франджым я лIыкIуэхэу, эмиссархэу
адыгэхэм я деж щыIахэм я зэрани хэлъщ абыхэм
къалъыса гуIэгъуэм, гузэвэгъуэм. Абыхэм, Тыркухэм
хуэдэу, Урысейм ебэныну адыгэхэр щIагъэсырт,
дэIэпыкъуэгъу хъуну жаIэрт, ауэ къазэрыдэIэпыкъуа
щIагъуэ щыIэкъым.
Инджылызми, Франджыми а псор щIызэрахуэр,
езыхэм адыгэ бгырысхэм я деж я тепщэныгъэр
щагъэбыдэну арат, Урысейм Кавказыр Iэрамыгъэхьэу.
8. Ауэ, зэрынэрылъагъущи, адыгэ лъэпкъхэм я гузэвэгъуэмкIэ, я гуIэгъуэмкIэ. Я мыгъуагъэмкIэ жэуап псори зытехуэри зыхьын хуейри урыс пащтыхьыращ, абы и лIыкIуэ Кавказым щыIахэращ. Ахэращ адыгэхэр залымыгъэкIэ я щIыпIэм изыхуар. Урыс пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ политикэм и уэчыл Фадеевым зэритхащи: «Псыжь адрыщIым илъ щIым къэралыр хуейт, езы бгырысхэм зыкIи хуейтэкъым.
ЕгъэджакIуэм: Псори фIыуэ дыщыгъуазэщ езыхэм яфIэфIу я щIыпIэр, къызыщалъхуар къагъанэу лъэпкъ псор зэрымыIэпхъуэным, нэгъуэщI къэрал зэрымыкIуэным, шынагъэкIэ, залымыгъэкIэ ямыхумэ. Псори щыгъуазэщ адыгэхэм я щIыналъэр, къызыщалъхуа Кавказыр фIы дыдэу ялъагъуу зэрыщытам. Абы и щыхьэтщ адыгэ мин Iэджэм я гъащIэр я щIыпIэм, я щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ зэратар.
9. Кавказ зауэр щиухауэ ябжыр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-рщ. Абы и ужькIэ щIэхуэбжьащ адыгэхэм я Iэпхъуэныр – ИстамбылакIуэшхуэкIэ зэджэр. Ауэ адыгэхэм я Iэпхъуэныр куэдкIэ абы и пэкIэ щIидзащ.
1858 гъэм щIэхуабжьэу щIидзащ урыс пащтыхьым и дзэм гущ1эгъу лъэпкъ яхэмылъу къуажэхэр, унэхэр, псэуалъэхэр, гъавэхэр ягъэсу адыгэ щ1ыналъэм к1уэц1рык1ыныр, абы ц1ыху 1эджи хэк1уадэрт, къанэхэр я жылэхэм къыдахурт, тенджыз 1уфэм ирахул1эрт, Тыркум зэрагъэ1эпхъуэнум иужь итт.
10. 1860 гъэм щыщIэдзауэ Тыркум Iэпхъуэн хуейуэ хы Iуфэм ирахулIэ адыгэхэм я бжыгъэм куэдIкэ хэхъуащ. Абы шынагъуэ ищIащ Тыркум апхуэдиз цIыхур имыщтэну. ИкIи, абы къыхэкIыу, Тыркум лъэIуакIуэ ягъэкIуащ, адыгэ Iэпхъуэхэр,сыт хуэдиз хъуми, кърамыгъэзэну гурыIуэну. 1858 – 1865 гъэхэм Тыркум Iэпхъуащ цIыху мин щитхум нэблагъэ.
«Истамбыл гъугу» - уэрэдым и макъамэм къыщIедзэ.
11. ИстамбылакIуэр адыгэ тхыдэм дэнэ къэна, Дуней псом къыщыхъуа мыгъуагъэхэм я нэхъ Iейщ, я нэхъ дыджщ. ИгъащIэм апхуэдэ залымыгъэ къэхъуауэ тхыдэм ищIэжыркъым.
Дунейм теткъым псэущхьэ цIыху нэхърэ нэхъ бэшэч, истамбылакIуэхэм ятелъа бэлыхьыр, тхьэмыщкIагъэр, мэжэщIалIагъэр апхуэдизкIэ инщ, куэдщи, ноби уогъэщIагъуэ, уи гур къызэфIэмынэу укъеджэфыркъым абыхэм ятелъа къулейсызыгъэм, насыпыншагъэм теухуа тхыгъэхэм.
12. Куэдым зэратхыжымкIэ, кхъухьым щитIысхьэкIэ адыгэхэм хэку фIыуэ ялъагъур ягъеижырт, лъэгуажьэмыщхьэу т1ысырти, щIым ба хуащIыжырт. Урысыдзэм ягъэгужьеяуэ хы Iуфэм къыIуахуэхэм, кхъухьхэм ежьэурэ, гъуэмылэ тIэкIури яухырти, мэжэщIалIэу къызэхэнэрт, бжьыхьэ, щIымахуэ щIыIэм хуэфащэ щыгъын зимыIэр куэдти, щIыIэм иук1ырт, сымаджэ зэтехъуэрт.
13. Урыс офицер гуэрым, зауэм хэтам, и нэкIэ илъэгъуахэр мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Си нэгум къыщIэнащ, щхьэфэцыр зыгъэтэдж теплъэгъуэхэр: сабийхэм, цIыхубзхэм, лIыжь – фызыжьхэм я хьэдэхэр икъухьат, я нэхъыбэр хьэхэм зэхафыщIат, узымрэ мэжэщIалIагъэмрэ апхуэдизкIэ къарууншэ ищIати, псэууэ хьэ ныбэнэщIхэм зэрызрамыгъэшхыным иужь итт, псэухэр лIахэм егупсысыну е щIалъхьэну хунэсыртэкъым. Езыхэми къапэплъэр щIагъуэтэкъым.
14. Адыгэ тхьэмыщкIэхэр хым зэрызэпрысыкIым сыт хуэдиз бэлыхь пыщIат! Япэрауэ, кхъухьхэр зейхэм уаситху Iахырт, цIыху 30 фIэкIа зэрымыхуэм 100, 150-рэ ирагъэтIысхьэрт, куэд къалэжьын папщIэ. Апхуэдизыр хуэмышэчу щIилъафэ кхъухьхэри мащIэтэкъым, цIыхур куэдыщэти, матросхэм зекIуапIэ ямыгъуэту ц1ыхухэм я гущ1ы1ум къыщак1ухьырт; цIыху Iувым хьэуар яхурикъуртэкъым, бэуапIэ ягъуэтыртэкъыми, куэдыр сымаджэ хъурт, зы тIэкIунитIэ сымаджэу къащIамэ, тенджызым хадзэрт.
15. Тыркум нэса нэужьи, адыгэхэм я Iуэхухэр зыкIи нэхъыфI хъуакъым, уеблэмэ нэхъыкIэ хъуащ. Тыркум и лIыкIуэхэм къызэрагъэгугъа жэнэт псэукIэм, гъащIэ дахэм и пIэкIэ ажал, къулейсызыгъэ, мэжэщIалIагъэ ягъуэтащ. Абы къыхэкIыуи лIэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуащ. Уи гур мыкъутэу къэнэнутэкъым адыгэхэм уаIуплъэмэ.
Адыгэхэм ящыщу лIэр апхуэдизкIэ куэдти, хьэдэхэр щIамылъхьэж хъуат, щIакхъуэ къызэрыратыр цIыху бжыгъэти, лIахэр пщыIэ зэрагъапэщахэм къыщIахыртэкъым, псэухэмрэ хьэдэхэмрэ зэхэлът.
16. ЗыдэкIуа щIыпIэхэм, адыгэхэм, Iэмал зэриIэкIэ, щIыпIэ нэхъ дыджхэр, зыгуэри къызыдэмыкIхэр, псы здэщымыIэхэр, мывалъэ щIыпIэхэр псэупIэ хуащIащ. А гугъуехьхэми адыгэ куэд ихьащ.
А зэманым Тырку пащтыхьыгъуэр езыр инти, адыгэхэр зэбгридзауэ щытащ: Сириеми, Иорданиеми, Ливанми, Полистинэми, Балканми, Крит хытIыгуми икIи нэгъуэщI щIыпIэхэми хигуэшащ. Адыгэхэр зы гупу, зы къарууэ щымытын папщIэ ямыщIа къагъэнакъым.
«Истамбыл гъуэгу» - уэрэдыр жаIэ.
17. Сыт хуэдиз бэлыхь ямышэчами, сыт хуэдиз гугъуехь ятемылъами, адыгэхэр Iэщ зехуэнкIэ, шы гъэхъункIэ, Iэщэ-фащэ, дыжьын, дыщэхэкI, уанэ, щыгъын гъэхьэзырынкIэ, щIым елэжьынкIэ, хабзэкIэ, нэмыскIэ, хьэщIагъэкIэ, лIыхъужьыгъэкIэ, цIыху гъэсэкIэкIэ лъэпкъ куэдым япеуэфынут. Ноби Тыркуми, Сириеми, Иорданиеми, Израилми, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэр я лэжьыгъэкIи, я пэжыгъэкIи, я гъэсэныгъэкIи, я зыужьыныгъэкIи зыхэс лъэпкъхэм къакIэрыхуркъым.
18. Урыс пащтыхьым и политикэ бзаджэм адыгэхэр къэрал куэдым щызэбгридзащ. Нобэ нэхъыбэр Тыркум щопсэу, абыхэм я бжыгъэр мелуанитхум нос.
- Сирием мини 120-рэ щыIэщ.
- Иорданием – мин 90.
- США-м мини 6-м нэс
- Ливием – мин 350-м щIигъу.
Адыгэ куэд щопсэу Германием, Югославием, Австралием, Ливаным, Голландием, Франджым, нэгъуэщ1 къэралхэми, я гур Кавказым къыхуэгъэзауэ.»
2. «Зэи сигу икIыжкъым ЦIэмэз (иджы Новоросийск) деж щыслъэгъуар, - итхыжыгъащ А.П. Берже. – Абдеж цIыху мин 17000-м щ1игъу щызэтрихьат. Бжьыхьэ к1асэт, уз зэрыцIалэр етати, бгырысхэм я щхьэр здахьын ящIэтэкъым. Уи гур мыузын плъэкIын зи псэр хэкIа анэм и бгъафэм щIэлъ сабийр щыплъагъукIэ!.. Апхуэдэ защIэт лъэбакъуэ пчыхукIэ узрихьэлIэр».
3. Хы фIыцIэм и Iуфэр хьэдэмрэ хьэдэм лъакъуащхьэкIэ хэт цIыху ныбаджэмрэ ясеят, - итхыжащ урыс публицист цIэрыIуэ Я.В. Абрамовым. Ар зи нэгу щIэкIахэм къаIуэтэжым гум зыкъыдегъазэ. Зыр ирихьэлIащ уаем иукIа сабийр зи IэплIэм илъ цIыхубз, - нэгъуэщI зым илъэгъуащ щIыIэм игъэдиижа хьэдэ хъушэ – зэрыгъэхуэбэн щхьэкIэ зэбгъэдэгъуэлъхьауэ, щIыIэм зэтриукIат…
1. Бгырыс хьэжрэтхэм я нэгу щIэкIа гукъутэхэм и хъыбар Iэджэ къэсащ ди деж, уи гущIэм зыкъыдегъазэ абыхэм ящыщ дэтхэнэми. Кипр хытIыгум есылIа кхъухьищым, итхыгъащ газет гуэрым, бгырыс 27000 – рэ исащ, кхъухьхэр хым тетыху, абы хэлIыкIащ цIыху 1441 – рэ.
«Хыр бгырыс хьэдэм ясеяти, я ужь ит кхъухьхэм ар гъуазэ яхуэхъурт», - етхыж ар зи нэгу щIэкIам…
4. Анэбгъэм ущIэлъу
жей IэфIым ухэтт уэ,
адыгэ сабий.
Къуажэбгъум къыIутт
псэ хеищэм къощакIуэ
уи бийр…
Псэр пабгъэрт псэуну.
Псэр
насыпгуэш пщэдджыжьыфIым
щыгугъут…
АрщхьэкIэ къуажэбгъум
къыIутт уэ къощакIуэ
уи бийр.
Фоч кIыхьхэр къуагъапщэу.
Топ инхэр пхуаузэду.
Шуудзэу дзэ фIыцIэри
Я щIыбым хьэзыру къыдэту…
Зэпэщт а дзэ фIыцIэр
Я Iуэхум хуэщIат.
ЗауэкIэм и щэху куэдыкIейм хуэгъэсат
Я напэхэм, ягухэм къэнжалыр тебзат
Я лIыгъэр здынэсри
Уи псэ цIыкIур пIахынри арат…
Мамырт жэщ мазэхэр.
Мамырт апхуэдизкIи дунейр
къыпфIэщIт гузэвэгъуэ къэхъунум
1уплъауэ нэщхъей…
Ажалымрэ псэмрэ яку дэлъыр
пщ1ыхь 1эф1ыр арат.
Пщ1ыхь 1эф1ыр зэпычри, -
Гъы макъым дунейр игъэнщ1ат!
Ноби си тхьэкIумэм икIкъым уи гъы макъыр а пщэдджыжьым яукIа адыгэ сабий. Си нэгу схущIэгъэкIкъым мыжурэпэм Iуплъа уи нитIыр. Анэлъым къриIа уи IитIыр. Лъэужьыншэ дыдэу щIы фIыцIэм щыщ хъужа уипкъ махэ цIыкIур…Фэеплъ сын пхурехъу си гупщIэузхэр, а пщэдджыжьым яукIа адыгэ сабий. Уэ пхуэдэу адыгэ мин куэдым я псэ хейхэм яхуэщыгъуэ си гупщIэуз минхэр. – итхащ IутIыж Борис.
Егъэджак1уэм: Я гур Кавказым къыхуопабгъэ адэжь – щIыналъэм, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр кущи. Абыхэм я адэжь щIыналъэр зэи ящымыгъупщэу псэуахэщ, къэнахэр мэпсэухэр. Кавказым, адэжь щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэм и кууагъыр абы щыпсэу адыгэ усакIуэ куэдым я усэхэм къыщаIуэтащ.
19. «Гугъэ» Хъунэгу Надия. (Иордание, Альман)
Сэ сызэредзэ гъащIэм пхъэ къуэщIийуэ,
Ауэ къэхъуакъым зэи сыщыгужьей.
Гугъэм срихьэжьэм, къэукъубейуэ,
Хьэзырщ гугъэр – ар си кхъуафэжьейщ.
Арщ, хэхэс гъащIэм и бэлыхь толъкъуным
СыщIимылъафэу сызыIыгъыр сэ.
Арщ къэзылъыхъуэр сэ сызыщIэкъунур,
Арщ незыджэр, Си Хэку, уи деж си псэр.
20. «Уз» Дыгъужь ФуIэд (Сирие, КъунейтIрэ).
Уз Iеищэу къызоуз
Къызоузри сегъэгыз.
Пхъэхым хуэдэу сызэпех,
КъысхыхьэхукIэ сегъатхъэ.
Къызэузми – си гуапэщ,
СрищIыкIми сфIэлъапIэщ.
Уэ си узу, бетэмал
ХыумыгъэщIыт зы маскъал
Адыгэ псоми еуалIэ,
Псори зыщIыпIэ ешалIэ,
Уеуз хъумэ – заIэтынщ,
Уи хъущхъуэгъуэр къагъуэтынщ.
Гъуэгу нэхъыфIым дытепшэнщ,
МыхъумыщIагъэм дыхэпшынщ
Сэ си узыр хэт къищIэн?
И щэхуфIыр къыздищIэн?
Адыгагъэрщ къызэузыр,
ЦIыху пэжагъырщ сэ сызысыр.
ЗэрыцIалэми си узыр, сыхъужынут зэуэзэпсэу:
Си лъэпкъ мащIэр зы хъужамэ,
Iуащхьэмахуэ тлъагъужамэ!
«Iуащхьэмахуэ» уэрэдыр жаIэ.
21. «БампIэдэх» Авджы Дженк. (Тырку, Истамбыл)
Кавказу си лъагъуныгъэ,
Дауэ ныпхуэсIуэтэн
Уи деж къыщыщIэкI дыгъэр
Къызэрысщыхъур – жэнэт?
НэпситI сэ къысфIыщокIыр,
Си дахэ, согупсысыху.
Зыр жьыбгъэм ныпхуехьыр,
Адрейр си бампIэдэхщ.
НэпситIыр хэкуитI щIагъэкIыу
Апщ1ондэхунк1э къысщохъу.
Удзри шыугъэу къыщIокIыр
АпщIондэхункIэ Къущхьэхъу.
22. «СхуикIкъым жэщыр» Мэрэтыкъуэ Метын
(Голландия, Амстердам)
Си бзу дахащэ, сызыхэх.
НыпхуэсIуэта си хъыбар кIэщыIр
Тенджызми къуршми щхьэдэхьэх
УздэкIуэ лъахэм щысхуэIуатэ:
ХамэщIым гуауэр щысхуоятэ.
Щхьэхуитыныгъэ зи Iэпэгъуу
Си бзу дахащэу фIыуэ слъагъур
УизгъэшхыкIакъэ куэдрэ Iэгум,
Ислъхьэну лIыгъэ нэсыр уи гум,
Иджы уэ зырщ иIэжыр гугъэу
Щхьэзакъуэу къанэ закъуэныгъэм
ЙокIуэкIыр жэщыр, йок1уэк1ыр махуэр,
Уэ къэбгъэзэжыркъым, бзу Iумахуэ.
Ауэ сщыгъупщэркъым уэ псалъэ
Къызэптыгъари, сыныппоплъэ.
Ущежьэм, пщ1эжрэ, къызжепIами:
«Къэпхъэн гъэпцIакIуэм симыхутэм,
Мы си гум щызу, си нэм щIэзу
Уэ къыпхуисхынщ хъыбар Кавказым…»
СхуэкIуэщIкъым махуэр, схуикIкъым жэщыр, -
Уэ сыныппоплъэ, бзу дахащэ.
23. «Бзэншэ» АфIэщIыж Iэмин. (тырку, Чорум)
- Хэкужь и бзэ иIэжщ, жаIэ.
- СщIэркъым!
- Iэлыфбеи тхыбзи иIэ?
- СщIэркъым!
- Зэкъуэшыгъэм джэгу ныхуащIрэ?
- СщIэркъым!
- Адыгэжьхэр зауэм хэтхэ?
- СщIэркъым!
Аращ сыткIэ къызэупщIми,
ЯжесIэнур сщIэркъым.
Хэку зимыIэр бзэншэу IупщIщи,
ИIэр щхьэкъым, пщIэкъым.
24. «ДынэкIуэжынущ хэкужьым» Хъан Исмэхьил (Тырку. Къайсыр)
Сымыпсэужу жаIэми,
СыкIуэдыпауэ хыхьэми,
Гъусэ сиIэнущ – зэвгъащIэ,
Къысхуагъэдахэу гъащIэр.
Бзэ зимыIэж бзэншэхэр,
ЦIэ зимыIэж цIэншэхэр
Си гъусэу сынэкIуэжынущ –
Ди лъэпкъыр лъэрыхь хъужынущ.
ЩIэрыщIэу сэ фхуэстхыжынущ
Хэхэсым и тхыдэ жагъуэр.
Ди бынхэм яIуэтэжынущ,
Я нэм текIынущи пшагъуэр
СылIауэ сэ зыгъэIуахэм
ИращIэ укIытэжынущ.
Гум телъа дыркъуэр мыкIыжурэ
Лъахэм и дыркъуэр кIыжынуж.
ДынэкIуэжынущ щхьэхуиту,
Адэжь бэракъыр тщхьэщыту,
Мы ди псэр илъу зы чысэм,
И дыгъэр хэти къыттепсэу.
25. «Гу щызмыхуэжыну пIэрэ» Тхьэгъэзит Рэфикъ. (Тырку, Токъат)
НэгъуэщI зы лъагъукIэу
Уилъщ мы си гум уэ.
Тенджыз сыдж бэтауэ
Щос гурыщIэм ар.
Хэсщ си лъахэ нагъуэр
Псэм щызгъафIэ псом.
Гур хуопхъэр а гъуазэм
Дэжми дяку псы къом…
Сымылъагъужыну п1эрэ?
Гъэхэр щыц уэс щабэу
ГъащIэ жьыбгъэм блех
Гугъэр май къэрабгъэу
Адэжь лъахэм схуехь.
Къухьэу слъагъумэ дыгъэр,
Си псэм мэпIетей.
Мы си лъэпкъ хьэжрэтыр
Насып щхьэ хуэхей?..
ИмыIуэтэжыну пIэрэ?
Тэрч и даущ макъым
Фэ сащIэвгъэжей.
Сывгъэшэс алъп хъыжьэм,
Севгъэжьэж пщэдей.
НэгъуэщI зы лъагъукIэу
Солъагъу Къэбэрдейр,
ЩыIэ уэ къофIэкIыу
ЩIыпIэ мы дунейм?!
Гу щызмыхуэжыну пIэрэ?
26. «ЛъэкIынкъым зыми» Наурзокъуэ Мыхьмуд. (Мысыр, Каир, 1903гъ.)
Сэ джатэ гъэбзэкIэм сыщыгъуазэщ,
Нартыжьхэм я лIакъуэм срищылъхущ.
Техуэнкъым си гум пщхьэщыт гъуэзыр,
Къихъумэм бэр мы си псэр тыхь хуэсщIынщ.
Дапщэщ лейгъэшым дыхэкIыну?
Щхьэ ди ержыбхэр убзэщхъуа?
ЛIы щымыIэжым пэжыр дигъэкIыну
ХурелIэ ц1ыхум апхуэдэ дунейр.
Сэшхуэдзэр лейм дэ къытфIыIуигуэм,
Мывахъуэм дэддзэм жан хъужынщ.
Мы си лъэр куэдрэ схущIаудми,
ЛъэкIынкъым зыми щхьэщэ сигъэщIын.
ЕгъэджакIуэм: ЛъэкIынкъым, икIи лъэкIакъым Урыс пащтыхьми, Тырку сулът1анми, зыми адыгэм щхьэщэ иригъэщIын. Я хабзэр- нэмысыр, я цIыхугъэр, я лIыгъэр яхэлъыжу гугъуехьми, гуауэми, гузэвэгъуэми пхыкIыфащ ахэр. Iэмал имыIэуи гу лъытапхъэщ мы зыми: адыгэхэр ирамыхуу иджыри къэс я щIыпIэм исыжамэ, абыхэм я бжыгъэр нобэ мелуан 18-м щIигъунут.
Еъэджак1уэм: НэгъуэщI зы упщIи къоув мыбдеж.
Тыркум мыIэпхъуэу, Кавказым къинэну адыгэхэм Iэмал яIа?
27. ЯIащ. Я гугъу къамыщIу, я хэкум къранатэмэ , адыгэхэр зыщIыпIи кIуэнутэкъым. Псыжь адрыщIи Iэпхъуэ хъунут, ари адыгэщIт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iуэхум тэмэму егупсысу, дывмыгъэ1эпхъуэ, хамэ къэрал щ1ыф1 нэхърэ дэ дыздагъэк1уэну жыхуа1э щ1ыр нэхъыфIщ жызыIэн, цIыхубэр зыгъэдэIуэфын цIыху къахэкIакъым.
28. Адыгэхэр нобэ къэралыгъуэ 45-м щопсэу. Ахэр абыхэм я дежкIэ хэхэсщ, хамэщ. Абы къыхэкIыу я гур адэжь щIыналъэмкIэ щыIэщ. Ари, абыхэм сыт хуэдэ псэукIэ ямыIэми, тхьэмыщкIагъэщ. Мылъкуракъым къулеигъэр, хъуэпсапIэр, гъащIэр зыгъэдахэр, атIэ уи щIыналъэрщ, уи лъэпкъ, уи къуэпс здэщыIэ щIыналъэрщ. Алыхьым ещIэ я гур здэщыIэм я лъэр щынэсыжын. Аращ адыгэ псоми Урыс – Кавказ зауэр щиуха майм и 21-рэ махуэр щыгъуэ махуэу щIэувар.
29. Адыгэпсэу ягъэна бгъу къэс зы цIыху хуэщыгъуэжу аращ, сыту жыпIэмэ, а зауэ угъурсызым пщIы къэс зыщ къелар, адрей бгъур хэкIуэдащ.
Лъэпкъ щIыхьым зи псэр шэпэIудз хуэзыщIу,
ЯукIыхункIэ бийм хуимыкIуэтахэм,
Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу,
ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдахэм
Щана псэ нэхухэм я фэеплъым
Адыгэ, зэтеувыIи хуэгумэщI !.. /Бемырзэ М./
ЕгъэджакIуэм: ИстамбылакIуэ гъуэгум тек1уэда адыгэхэм псори зы дакъикъэ дымыпсалъэу дахуэщыгъуэнщ.
Абы и ужькIэ усэ Урыс – Какваз зауэм хэкIуэдахэм теухуауэ.
Урыс – Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм Бемырзэ М.
Ди шыпхъухэ, дядэ – анэхэ, ди къуэшхуэ,
Щ1ы фIыцIэр жэнэт пщIащэ зыхуэхъун,
Насыпыр лъэпкъ къабзагъэкIэ ягуэштэм,
ЩымыIэт хьэрхуэрэгъу фэ къыфхуэхъун.
Фи лIыгъэкIэ фэ псоми фраплъапIэт,
Фи хабзэкIэ Кавказым фрищIыхьт,
Фи хэкум къизышием зэ и лъапэ
Къыщыхъурт илъэгъуахэр жэнэт пщIыхь.
АрщхьэкIэ пцIыр здэуэркъ мы дунеижьу,
Здэмысэу хейхэр, мысэхэр здэхейм,
Лъыжае зауэм къыфхукъуэури и жьыр,
ИщIащ фи натIэ щыIэм я нэхъ Iейр:
Иныкъуэр фикIуэдащ зауапIэ губгъуэм
Иныкъуэр гъеймрэ узымрэ фихьащ.
Абыхэм къащIэнар ищхъэрэ жьыбгъэм
Зэрыдунейуэ дыщрикъухьащ.
Дэ дыпсэухукIэ дгъэлъэпIэнущ фи цIэр,
ФлъэкIащи фи псэ къабзэхэр щIэфтын
КъарукIэ къывэбэн хамэдзэ фIыцIэм
Лъэпкъ щIыхьыр имыщIыным лъэгущIэтын.
ЕгъэджакIуэм: Тхыдэм зыпхуегъэхъуэжынукъым. ЦIыхум пэжыр ящIэн хуейщ. Абы хуейщ ди къэкIуэнури. Аращ дэ нобэ псори зэрыщытам хуэдэу къэтIуэтэжыну дыщIыхэтыр. Ди адэжьхэм, абыхэм я адэжхэм, ди хэкужьым, ди лъэпкъым я нэгу щIэкIа псори утыку къилъхьапхъэщ, дяпэкIэ апхуэдэ гуIэгъуэ къэмыхъужын, лъэпкъхэр зэпэщIэмыувэн, зэрыIыгъын, зэрылъытэн папщIэ дэ къыдгурыIуэн хуейщ урыс народыр зэрымыкъуаншэр, абы лажьэ зэримыIэр. Псори къызыпкърыкIар урыс пащтыхьымрэ абы и генерал гущIэгъуншэхэмрэщ. Мис абыхэм дегупсысу мамырыгъэр ди щIыналъэм зэрыщытхъумэн, зэкъуэтыныгъэ зэрыщыдгъэIэн хуейхэм яужь дитыпхъэщ. Ар дэтхэнэ зы адыгэми ди къалэн нэхъыщхьэщи, тхузэфIэкIын Тхьэм ищI. Алыхьым апхуэдэ гузэвэгъуэ лъэпкъми, лъахэми, цIыхуми димыгъэлъагъукIэ!
«Си адыгэ Хэку» пс. КIыщокъуэ А., макъ. Шэрий Иринэ.
Уэрэдыр жаIэу класс сыхьэтыр зэхуэщIыжын.
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.