Внеклассное занятие по кабардинскому языку
Оценка 4.8

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Оценка 4.8
Мероприятия
docx
русский язык
4 кл
03.03.2018
Внеклассное занятие по кабардинскому языку
Непосредственно образовательная деятельность осуществлялась в соответствии с конспектом. Конспект составлен самостоятельно, в соответствии с задачами основной общеобразовательной программы, соответствующими данному возрасту детей. В соответствии с содержанием применялись наглядные, словесные, практические и игровые методы. Были подобраны наглядные и игровые пособия, которые стимулировали и активизировали деятельность детей, побуждали к мыслительной деятельности.Внеклассное занятие по кабардинскому языку (1-4 классы)
Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу.docx
«Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу» (классщ1ыб лэжьыгъэ 1­4 кл.) Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр: 1.   Ц1ык1ухэр   щыгъуазэ   щ1ын   нарт   хъыбархэм,   абыхэм   къыхэщ   л1ыхъужь   нэхъ пажэхэм. 2. Пэщ1эдзэ классхэм щ1эс сабийхэм къегъэщ1эн нархэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр, я дуней   тетык1ар,   зыщ1эхъуэпсар,   я   гурыщ1эр,   я   л1ыгъэр,   я   хабзэ­нэмысыр;   нарт л1ыхъужьхэм   сыт   хуэдэ   щытык1э   гугъухэми   къызэрик1ын   1эмалхэр   къагъуэтыфу зэрыщытар. 3. Сабий ц1ык1ухэм зыхегъэлъхьэн нарт л1ыхъужьхэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр; ахэр къэгъэтэджын   зылъэмык1хэм   ядэ1эпыкъуфу,   лей   зы­   лъысхэм   къащхьэщыжыфу,   мурад ящ1ахэм я 1эр  лъагъэ1эсыфу, я Хэку яхъумэжыфу. 4.   Ц1ык1ухэр   гъэсэн,   къэгъэтэджын   дуней   псом   щыц1эры1уэ   нарт   хъыбар хьэлэмэтыщэхэр зыхэзылъхьа и адыгэ лъэпкъым иригушхуэу ик1и ирипагэу. ( Нарт къафэ къеуэу залым дыщ1охьэ.) Егъэджак1уэ:   Фи   махуэ   ф1ыуэ,   ди   махуэшхуэм   кърихьэл1а   псоми!   Адыгэ 1уэры1уатэм   и   нэхъ   ехъул1эныгъэ   ин   дыдэхэм   щыщщ   нарт   хъыбархэр.   Абыхэм щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм я зэф1эк1 псори: я л1ыгъэр, я лэжьыгъэр, я хабзэ ­ нэмысыр, лъэпкъым и тхыдэр. Нартхэм псалъэжьу я1эщ: «Л1ыгъэншэу л1эщ1ыгъуищэ къэбгъащ1эрэ лъэужьыншэу ук1уэдыж нэхърэ, мащ1э дыдэ къэбгъащ1эрэ л1эщ1ыгъуищэк1э уи лъэужьыр мык1уэдыжым   нэхъыф1щ!».   Мис   мы   псалъэжьым   тэмэму   къе1уатэ   нартхэм   я   дуней тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр. Адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ куэдк1э яхъумэфа нарт эпосым л1ыхъужь хьэлэмэтхэр къыхощ. Абыхэм я хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ яб­гъэдэлъщ. Нартхэр лъэщщ, къаруушхуэ зыхэлъщ,   щэныф1эхэщ,   хьэлэлхэщ.   Ахэр   зылъэмык1ым   до1эпыкъу,   лей   зылъысам къащхьэщож,   тхьэусыхэрейкъым,   бэшэчщ.   Нарт   шу   гъуэгу   техьамэ,   здежьам   нэмысу къигъэзэжыркъым. Иджыпсту дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ мы ищхьэк1э къыжыс1а хьэл­щэн дахэхэр ди гъэсэн, еджак1уэ ц1ык1ухэм яхэтлъхьэныр. Ди гуф1эгъуэ махуэри зытедухуар аращ. Абы ф1этщащ ц1эуэ «Дэдоджэгу нарт  л1ыхъужьхэу». (Сабий къек1уэл1ахэм захузогъазэ.) Егъэджак1уэ:   Ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди махуэ лъап1эщ. Нарт щ1ыналъэм и санэхуафэщ. Ди деж къеблъэгъэнущ нарт л1ыхъужьхэр. Фэ нарт л1ыхъужьхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхурэ? (Сосрыкъуэ,   Бэдынокъуэ,   Сэтэней,   Щауей,   Бэтэрэз,   Лъэпщ,   Мэлэчыпхъу,   Ашэмэз, Дахэнагъуэ, Уэрсэрыжь, Япэнэс). Хьэлэмэтщ мы л1ыхъужьхэм ящыщу Сосрыкъуэ и къэ­ хъук1ар.   Девгъэда1уэт   абы.  (Сосрыкъуэ   и   къэхъук1ам   топсэлъыхь).  Ди   хьэщ1эхэр къэсыхук1э дедэ1уэнщ усэ, нарт л1ыхъужьхэм я псэук1ам теухуауэ:  Сабий:  Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым, Жьэгупащхьэ фочми емыса. Я къамэ пц1анэр кърахамэ, Къыщ1рахари гузэсащ. Гупсыси псалъэ,  упсэлъэнум. Зумыплъыхьауи умыт1ыс. Щ1ап1ык1т, а хабзэм бын къащ1эхъуэр, Щ1ыхь ар зымыдэм къалъымыст. (Сосрыкъуэ къохьэ). Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Сосрыкъуэ.   Ди   гуапэ   хъуащ   ди   санэхуафэр   уэ къызэрызэ1упхыр.  Сосрыкъуэ: Сэ нобэ фи деж сыкъэк1уащ, вдэс1ыгъыну фи махуэ лъап1эр.  Егъэджак1уэ: Къак1уэ, Сосрыкъуэ, къыдыхьи т1ыс. Сосрыкъуэ гъащ1эр, ц1ыхухэр ф1ыуэ елъагъу, л1ыгъэшхуэ хэлъщ. Абы сыт щыгъуи гугъу   зыщ1ригъэхьыр   нартхэм   ­   ц1ыхухэм   къазэрыщхьэпэжын   лэжьыгъэщ.   Дигу къэдгъэк1ыжынщ, Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къазэрыхуихьыжар.      Сабий:  Нарт шу гуп мэшэсри Иныжьыдзэм езэуэну,  Сосрыкъуэ къагъанэри Нартыжьхэр гъуэгу тохьэ. Нартыжьхэр гъуэгу тету,  Уае бзаджэр къатохъуэ:  Адк1и мыдк1и мык1уэфу Нартхэр щ1ы1эм зэщ1ещтэ  Зэф1энауэ нартыжьхэр  Къумыжь нэщ1ым щопсалъэ: ­Уий, Имыс, маф1э уи1э? ­Си тхьэры1уэщ, симы1э. ­Уий, Сосым, маф1э уи1э? ­Си Мэзытхьэ, симы1э. ­Ашэм и къуэ Ашэмэз, Маф1э уи1эу п1эрэ уэ? ­Псатхьэ, со1уэ, симы1э. ­Хъымыщ и къуэ Бэтэрэз, Маф1э уи1эу п1эрэ уэ? ­Щыблэ, со1уэ, симы1э. Ди къежьэгъуэр нартыжьхэм, Л1эужь л1эгъуэ тхуэхъуати, Дэ дымыделатэмэ, Уей, ди Сосрыкъуапц1э, Димыгъусэу, нартыжьхэр, Дыкъежьэни хуеякъым. (Сосрыкъуэ нартхэм япожьэ.) ­Армэ, Сосрыкъуэу л1ыхъужь, Армэ, ди л1эужь дыщэ, Армэ, ди л1эужьыф1, Маф1э  уи1эм тхущ1эгъанэ!  Сосрыкъуэ: Уий, нарт шухэ, маф1эншэу  Гъуэгу теувэу хэт щы1э?  Уий, нартхэ, фымыгухэ,  Фэ маф1э фимы1эмэ, Сэ къыфхуэзгъуэтынкъэ! (Сосрыкъуэ маф1э къихьыну мак1уэ. «Сосрыкъуэ» уэрэдым дода1уэ). (Сосрыкъуэ маф1э и1ыгъыу къегъэзэж). Сосрыкъуэ,   упсэу.   Дэ   уэ   къытхуэпщ1ар   зэи   тщыгъупщэнкъым.   Удимыгъусэуи   зэи гъуэгу дытеувэнкъым. (Сосрыкъуэ фалъэ ират, мэхъуахъуэ).  Сосрыкъуэ: Ди маф1ащхьэр мыужьыхыжу, Ди жьэгу пащхьэр мыпсэхыжу,  Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщ1эу, Ди жьэгур нэхурэ хуабэу,  Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу.  (Сэтэней къохьэ.)  Егъэджак1уэ:   Ди   гуапэ   хъуащ   ди   махуэшхуэм укъызэрырихьэл1ар. Сэтэней нарт псоми я анэщ. Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи зып1ар Сэтэнейщ. Сэтэней губзыгъэщ.   Къеблагъэ,   Сэтэней. Нарт л1ыхъужьхэм къагурымы1уэ 1уэхугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэнейщ. Лъэпщ 1эдэуадэм и щ1ык1эр къыхуэзыгъуэтри аращ. (Лъэпщ 1эдэ, уадэ ищ1ынымк1э Сэтэней зэрыдэ1эпыкъуам топсэ­лъыхь).   Егъэджак1уэ: Сэтэней и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, псоми ущияк1уэу, гъэсак1уэу зэра1ар къыхощ къывжи1эну усэм:  Сэтэней:  Уи жьэр гъэкъабзэ, Уи бзэр гъэ1эсэ, Зэик1 пц1ы умыупс, Псэжь удэмылажьэ, Жьыгъэр зытумыгъак1уэ, Емык1у ухэмыхьэ. Хьэми уемыхьэкъу. Уи къуэ уемыубзэ, Бзаджэ зумыгъэк1уал1э, Л1ыф1 умыгъэбий. Уи бий л1ак1э умыпсэху. Уи щэныр дахэу, Уи напэр хужьу, Ц1ыхум яхэт.  (Лъэпщ къохьэ).  Лъэпщ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ си ц1эр Лъэпщщ, нартхэм срагъук1эщ.  Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Лъэпщ,   къыщ1ыхьэ.   Ц1ык1ухэ,   Лъэпщ   нартхэр   зэреджэу щытар «гъущ1ым и тхьэщ». Абы нартхэм яхуещ1 джатэ, шабзэ, зэрылажьэ 1эмэпсымэхэр. Иджыпсту дигу къэдгъэк1ыжынщ Лъэпщ гъубжэ зэрищ1а щ1ык1эр. (Нартхэр зэхэсщ.)  Нартхэ я мэшыр мэбагъуэ,  Нартхэ гъубжэншэу зэхэсщ,  Мэш зэрахынум и теплъэр Сыт ямыщ1эми къахуэщ1эркъым. Сыт тщ1энур?  Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэритхынур дымыщ1э.  Нартхэ дызэчэнджэщу ди1эр Сэтэней гуащэщи, 1уэхур зы1утыр жедывгъэ1э. Сэтэней гуащэ, чэнджэщ къыдэт. Ди мэш бэгъуар губгъуэм йо­к1уадэ, къызэрытхынур дымыщ1э. Сэтэней: Мы къуажэм   псом нэхърэ  нэхъыжьу дэсыр Уэрсэ­           рыжьщи 1уэхур зы1утыр жеф1э. Уи махуэ ф1ыуэ, Уэрсэрыжь! Ди нартхэ я унэ утшэнущ. Уэрсэрыжь: Сынэк1уэфынукъым! Сэ жьы сыхъуащ. Нарт:  Дэ 1эпл1эк1э утхьынущ. Нартхэ я унэм щынэсым Уэрсэрыжь мэджалэ.  Уэрсэрыжь: Нартхэ фи унэ сыныщ1оджагуэри!  Нарт: Укъыщ1эджагуэркъым, укъыщ1оджалэ. (Уэрсэр зигъэгусауэ мэк1уэж.) Сэтэней:   Ар   щхьэхуэпсалъэщ.   Къыджимы1ари   щык1уэжк1э   и   щхьэм   хужи1эурэ к1уэжынущ. Фык1элъык1уатэ, фык1элъыда1уэ!  Уэрсэрыжь: Сл1ожь абы гугъуехьу хэлъыр? Адакъэк1эу къэбгъэшынщ,  Къазшырыдзэу дубзык1ынщ,  Пхъэшыкъу т1эк1у ф1эбук1эжынщи,  Гъубжэ жыхуа1эр аракъэ!  Нарт:   Упсэу,   Уэрсэрыжь.   Кхъы1э,   ди   санэхуафэм   тхухэт.   Лъэпщ   гъубжэ   ищ1ыну к1уащ. Ди мэш бэгъуари 1утхыжынщ. (Бэдынокъуэ къохьэ.)  Бэдынокъуэ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ сы ­ Бэдынокъуэщ. Нартхэм сразауэл1щ.  Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   щхьэщытхъукъым,   1эдэбщ,   бийм   пэ­   щ1эувэмэ, хьэрэмыгъэрэ гъэпц1агъэрэ зэримыхьэу къару къабзэк1э хе­гъащ1э. Бэдынокъуэ и щхьэм щхьэк1э мыр же1эж:  Бэдынокъуэ: Сыешхак1уэ ефак1уэкъым,   Нарт щауэгъу солъыхъуэ,   Ем срилъыхъуак1уэщ,   Ф1ым сри1эщак1уэщ.  Егъэджак1уэ:   Адыгэхэм   я   дежк1э   Бэдынокъуэ   «щапхъэ   зытрах   л1ыуэ»   щытщ. Нартхэм   къатеуа   чынтыдзэм   зэрезауэр,   абы   л1ыгъэ   зэри­хьар   кьи1уатэу   федгъэдэ1уэнщ уэрэд. («Бэдынокъуэ» уэрэдым дода1уэ).  Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   ц1ыху   хахуэу   зэрыщытам   нэмыщ1к1э,   ц1ыху   1ущу, жы1эда1уэу щытащ. Абы хузэф1эк1ащ, нартхэ я лъэхъэнэм щы1а хабзэжьыр икъутэныр.  («Бэдынокъуэ   нартхэм   къахилъхьа   хабзэф1ыр»   хъыбарым   к1эщ1у топсэлъыхь).  Егъэджак1уэ: Къэфц1ыхуауэ къыщ1эк1ынщ къэса ди хьэщ1эр. Мыр Мэлэчыпхъущ.  Мэлэчыпхъу хъыджэбз 1ущщ, жанщ, гугъуехьым щышы нэркъым.   Абы   и   щэным,   и   губзыгъагъэм   удехьэх.   Девгъэда1уэт   Мэлэ­     чыпхъу зэрыпсалъэм:  Мэлэчыпхъу: Гуо­гуо! Хэт ар?­ Мэлэчыпхъу.    Дэнэ ущы1а?­ Пщым и унэ.    Сыт къыщыпшх?­ Адакъэщ1эрэ хущ1э п1астэрэ.     Си 1ыхьэр щэ?­ Гуэным илъщ.    Гуэныр щэ?­ Жыгыу щытщ.    Жыгыр щэ?­ Уэщыр йоуэ.    Уэщыр щэ?­ Щхьэлым щ1элъщ.     Щхьэлыр щэ?­ Маф1эм ес.     Маф1эр щэ?­ Псым ехь.    Псыр щэ?­ Шым иреф.    Шыр щэ?­ Мэхь, мэхь!!!   Егъэджак1уэ: Мэлэчыпхъу и анэм гъунэгъум и деж игъэк1уащ къундэпсэу т1эк1у щхьэк1э.   Зыдэк1уа   ц1ыхубзыр   зэрыбзаджэр,   псоми   зэрыщысхьыр   ищ1эрти,   мыпхуэдэу жи1ащ: Мэлэчыпхъу: ­ Нанэ выл,     Балъыджэ,      Кхъуейшыпс,      Къундэпсэу т1эк1у     Щхьэк1э сыкъигъэк1уащ.  Егъэджак1уэ: А пл1ым языхэзу Мэлэчыпхъу зыхуейр ц1ыхубзым къыгуры1уат, ауэ къримытын щхьэк1э мыр къыжри1ащ:  ­ Си1эу щытмэ, Си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь, «Мэхь» жыс1эмэ,  Щ1эгъуэнищэр къызэхуэсу, Сыщыл1ам дежи Гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж. Егъэджак1уэ:   Ц1ыхубзым   къундэпсэу   т1эк1у   щхьэк1э   къыщигъэщ1эхъум, Мэлэчыпхъу абы хуэфащэ жэуапи иритыжащ.  Мэлэчыпхъу: ­ Уи1э пщ1ондэ,      Уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь,      «Мыхь» жып1эмэ,      Хьэ къарищэ къызэхуэсу,      «Псы севгъафэ» жып1эмэ,      Хъуразэк1э къыпхуаухь.     Ущыл1ам дежи     Псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж. Егъэджак1уэ: Иджы къеблэгъа ди хьэщ1эхэр Дахэнагъуэрэ Япэнэсрэщ. Дахэнагъуэ пщащэр насып пэлъытэщ. Ар ц1ыхухэм я насыпщ, я гъащ1эщ. Дахэнагъуэ Нарт   Хэкум   къихьэмэ,   Нарт   Хэкур   умыцыхужын   хуэдизк1э   къэщ1эрэщ1энут,   псоми ф1ыгъуэр ябэу псэунут. Мэлыхъуэ Япэнэс зэхех Дахэнагъуэ и хъыбарыр. Абы мурад ещ1 Дахэнагъуэ   Нарт  Хэкум  къришэжыну.   Бэлыхь   куэд   ишэча   нэужь,   Япэнэс   хуозэ   Дахэна­ гъуэм. Япэнэс Дахэнагъуэм жре1эр:  Япэнэс: Ей, Дахэнагъуэу, нагъуэурэ дахэ! Сэ си закъуэу сыкъэплъагъуу щытми, Сэ зэик1 сыц1ыху щхьэзакъуэкъым, Къэск1уари къыщ1эск1уар си щхьэ 1уэхукъым, Ц1ыхухэм я ф1ыгъуэр яхуэсхьыжынущ. Абы я гугъап1эр уэращ, Дахэнагъуэ. Си л1ыгъэм лъэк1мэ уахуэсхьыжынущ.  Егъэджак1уэ:   Дахэнагъуэм,   а   псалъэхэр     щызэхихк1э,   къощэбэжри   Япэнэсым къыжре1эр:  Дахэнагъуэ: Ат1э, гъуэгуанэшхуэр аращ щ1эпк1уфар. Уафэм ущылъэщу, щ1ылъэм ущыбыдэу, аращ ущ1ыщытыр. Бэм я ф1ыгъуэм щ1экъурщ ф1ыгъуэ зыхуэфащэр.  Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къихьэжащ. Зэрыжа1эжымк1э,   Нарт   Хэкум   Дахэнагъуэ   къызэрихьэжу,   ф1ы­     гъуэр   нарт щ1ыналъэм зэик1 щхьэщык1ыжакъым. Егъэджак1уэ: Нартхэм хуабжьу ф1ыуэ ялагъу хьэрхуэрыгъэр. Санэхуафэ ща1эм и деж   ахэр   зэпеуэу   щытащ   губзыгъагъэк1э.   Дэри   иджы­псту   дызэпеуэнщ   псалъэжьхэмк1э, псынщ1эрыпсалъэхэмк1э, къуажэхьхэмк1э. Усэ, уэрэд зэдгъэщ1ахэми федгъэдэ1уэнщ, ди къафэк1эми федгъэп­лъынщ. 1. Псынщ1эрыпсалъэхэр: а) Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз. б) Пхъэр сошэр ­ пхъыр сошхыр. в) Лэныстэ­мастэ­къэбыстэ п1астэ. г) Бадэ бадзэ къеубыд,  Бадэ бадзэм иреуд. д) Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ. е) Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй. ж) Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр тк1уэпс­тк1уэпсурэ къыщ1игъэжащ. 2.   Псалъэжьхэр:   (зы   сабийм   псалъэжьым   и   къегъэжьап1эр   же1э,   адрейм   и к1эухыр же1э). а) Узэгугъур (къогугъуж). б) Джэд пэтрэ (мэулъэпхъащэ). в) Бзур зы1этыр дамэщ,( ц1ыхур зы1этыр акъылщ). г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ). д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ). е) Хуэмыху и 1уэху (махуитху и п1алъэщ). ж) Мастэк1э 1эшэщ, (шатэк1э бзаджэщ). з) Гъатхэм жеяр, (бжьыхьэм магъыж). и) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс). к) Пц1ым (лъакъуэ щ1эткъым). л) Хьэщ1эм (насып къыдок1уэ). м) Хэти езым и Хэкур (ф1ыуэ елъагъуж). 3. Къуажэхьхэр: (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ). а) Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ). б) Жьыми щ1эми яф1э1эф1щ,  Къыхуагъуэтри нэхъ бзэ 1эф1щ. Дыщэ к1анэу драдзей,  Т1эк1у ешамэ ягъэжей. (сабий). в) Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ). г) Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы). д) Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ). е) Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (мыл). ж) Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ.(1энэ). и) Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ).  к) Дунейм тет псор зыгъашхэ. (щ1ы). 4. Джэгук1эхэр: а) К1апсэк1э зэпегъэкъун. б) «Пы1э къуэдзэ». (Адыгэ джэгук1э). 5. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ «Си Хэку». Аф1эунэ Л. Уэрэд «Адыгэ Хэку». 6. Къафэ. (сабийхэр къофэ). Егъэджак1уэ:   Ди   нэтыным   и   к1эухыу   ц1ык1ухэм   зыкъыфхуагъэзэнущ   хъуэхъу псалъэк1э: Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:  Фи гъащ1эр к1ыхьу, Фи нэмысыр лъагэу, Фи насыпыр куууэ, Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду, Фадэбжьэр зефхьэфу, Пшэрыхьыр вгъэвэфу.  Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку

Внеклассное занятие по кабардинскому языку
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
03.03.2018