Яджынур: Азэмэт – шахматист (ПщыхьэщIэ Абдул и рассказ).
Мурадыр: Дэтхэнэ спорт лIэужьыгъуэмрэ узыншагъэмрэ зэпыщIауэ зэрыщытыр хьэкъыу япхыгъэкIын; я къеджэкIэм, рассказыр зэпкърыхыным зегъэужьын; гущIэгъу яхэлъу къэтэджыным хуэунэтIын.
Урокыр зэрекIуэкIыныр
I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1. «Ашэмэз и бжьамийр» хъыбарым къеджахэм къыжегъэIэжын (классщIыб лэжьыгъэ).
2. ТетрадымкIэ лэжьыгъэ I, 4 зэрагъэзэщIам кIэлъыплъын:
Iущхьэ – макъ;
тхьэкIумэкIыхьудз – свинорой;
бажэкIэ – лисохвост;
тхьэрыкъуэф – лопух;
фIарий тхьэмпэ – лист подорожника;
ашэмыхьэ – пастушья сумка.
Къагъэсэбэпыпхъэр:
1) Х.Х. Сукунов, И.Х. Сукунова. Кабардино-черкесско-русско-англо-турецкий словарь в иллюстрациях.
2) Адыгэ псалъалъэ.
3. Тхьэмокъуэ Барэсбий и «Хьэрун дадэрэ ТIалэ цIыкIурэ» рассказым ролкIэ зэпадзыжурэ къегъэджэн, тегъэпсэлъыхьын.
II. ТемэщIэм хэзышэ псалъэмакъ.
1. Псалъэу ящIэм хэгъэхъуэн:
тхьэмбыл – цIыхур, псэущхьэр зэрыбауэ орган.
2. Спорт лIэужьыгъуэу ящIэр къыжегъэIэн.
3. ПщыхьэщIэ Абдул и «Азэмэт – шахматист» рассказыр теухуащ апхуэдэ спорт лIэужьыгъуэу шахмат джэгум.
4. Рассказым къахуеджэн, езыр-езыру зэ къегъэджэн.
5. УпщIэхэм жэуап ирегъэтын:
1) Шахмат джэгуф цIыкIухэм балигъхэм нэхъ пщIэ лей щIыхуащIыр жегъэIэн. (Шахмат джэгуф цIыхухэм акъылышхуэ ябгъэдэлъщ).
2) Азэмэт топым щриудам къалэм къикIа щIалэ цIыкIумрэ Анетэрэ зэрыдыхьэшхар къазэрыщыхъуар къыжегъэIэн.
3) «…Шахмат джэгуу щысыфынур жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэщ» псалъэхэр къазэрыщыхъуар къыжегъэIэн.
4) Азэмэт дохутыр кIуэну щIыхуеяр, кIуа нэужь къыжриIар тхыгъэм къыщегъэгъуэту къегъэджэн.
5) «Азэмэт – шахматист» фIэщыгъэцIэр иIэн хуей щIэхъуар къыжегъэIэн.
III. ТетрадымкIэ гъэлэжьэн.
1. Тхьэмбыл псалъэм иджыри зэ къегъаджэу и тхыкIэри и мыхьэнэри ягу ирегъэубыдэн.
2. Сыт Азэмэт сымаджэ хъуныр къызыхэкIар? (Азэмэт джэгуным дихьэхыу и лъакъуэр псыф хъуа нэужь и тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри и гум зритыжащ).
3. Физкультурэмрэ узыншагъэмрэ зэпыщIэныгъэ яIэр къазэрыгурыIуэр еджакIуэхэм къыжегъэIэн.
4. Къалэм къикIа щIалэ цIыкIум:
а) хьэл-щэн дахэ хэлъщ;
б) хьэл-щэн мыхъумыщIэ хэлъщ;
в) губзыгъэщ.
5. Псалъэухам къыпыщэ:
Дохутырыр къеплъащ, къедаIуэри … (ухъужащ щыжиIэм, Азэмэт цIыкIу зэуэ и нэпсхэм къызэпижыхьат).
6. Мы рассказым спортым пыщIауэ джэгукIэ хэтхэр тхы, уэ пщIэхэри къыпыщэ… (шахмат, теннис, атлетикэ псынщIэ, баскетбол, волейбол, футбол, хоккей, щхьэхуит бэнэкIэ, дзюдо бэнэкIэ, шашкэ, нэгъуэщIхэри).
7. Каспаровымрэ Карповымрэ цIэрыIуэ зыщIар:
а) шашкэщ;
б) тенисщ;
в) шахматщ.
IV. Унэ лэжьыгъэ.
1. НапэкIуэцI I3I-I35 гъэхуауэ къеджэн, упщIэ щIэтхэм жэуап етын.
2. Планым тету къыжыIэжын.
1) Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм Анетэ цIыкIу къалэм къикIри къуажэм къэкIуащ.
2) Азэмэт Анетэ шахмат джэгуфу егъасэ.
3) Азэмэт и натIэм топ къытехуэри и лъакъуэхэр дэгъэзеяуэ ириудащ.
4) Анетэрэ къалэм къикIа щIалэ цIыкIумрэ я псалъэмакъ.
5) Азэмэт и анэм дохутырым зрегъашэ.
6) Азэмэтрэ Анетэрэ илъэс дэкIри зэхуэзэжащ.
V. Урок къэкIуэнум зыхуэгъэхьэзырын.
ЩIэныгъэм, еджэныгъэм теухуа псалъэжьхэр къэгъуэту къэхьын.
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.