Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Илъэсыщ1э" Елгъэр К. (3 класс)

  • Разработки уроков
  • docx
  • 01.03.2018
Публикация на сайте для учителей

Публикация педагогических разработок

Бесплатное участие. Свидетельство автора сразу.
Мгновенные 10 документов в портфолио.

В своей деятельности я стараюсь применять различные формы организации учебной деятельности школьников. Структура урока полностью соответствует логике проведения заявленного типа урока, так как моей основной организационной задачей являлось создание условий для восприятия, осмысления и первичного закрепления нового материала. На мой взгляд, такие условия были созданына проведенном уроке.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Илъэсыщ1э" Елгъэр К. (3 класс)
Иконка файла материала Илъэсыщ1э.docx
Темэр. Елгъэр Кашиф «ИлъэсыщIэ». Мурадыр. Усэм удихьэхыу къеджэу сабийхэр егъэсэн. ИлъэсыщIэм  теухуа усэхэмрэ таурыхъхэмрэ щыгъэгъуэзэн, апхуэдэ махуэщхуэм деж  псоми гулъытэ хэха зэрыхуэщIын хуейм, ехъуэхъун зэрыхуейм сабийхэр  хуэгъэсэн, я бзэм зегъэужьын. Урокым ехьэлIапхъэхэр. «ИлъэсыщIэ» зи фIэщыгъэцIэ открыткэ  гъэлъэгъуэныгъэ гъэхьэзырын. Урокыр зэрекIуэкIынур. I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. 1. Тхыгъэм щыщу нэхъ гурыхь ящыхъуа Iыхьэм псынщIэу къегъэджэн.  2.  Тетрадым ит лэжьыгъэхэр зэрагъэзэщIэм еплъын. 3. Спортсменхэм теухуауэ газетхэм тет статьяхэмрэ сурэтхэмрэкIэ  гъэлэжьэн. (Мы махуэхэм спортымкIэ республикэм, урысейм, европэм,  дунейм щекIуэкI зэпеуэхэм, абыхэм ди хэкуэгъухэм щаIэ ехъулIэныгъэхэм  теухуауэ газетхэм тетхэм къегъэджэн). 4. Спорт лIэужьыгъуэ нэхъ дэзыхьэххэм сабийхэр тегъэпсэлъыхьын.   ТекIуэныгъэ уиIэн папщIэ, илъэс псом еш, зэпыу  уимыIэу  ерыщу  ТемэщIэм елэжьын. зэрыбгъэхьэзырын хуейм сабийхэр щыгъуазэ щIын. II. 1. Усэр джыным хуэгъэхьэзырын.  Мазэ дапщэкIэ зэпымыууэ илъэсым и кIуэцIкIэ зыхуагъэхьэзыррэ зэпеуэхэм спортсменхэм? (мазэ I2­кIэ)  Махуэ дапщэ хъурэ илъэсыр?  Мазэ къэс я цIэр къифIуэ. Ахэр щIыфIащам и щхьэусыгъуэр къыжыфIэ.  АдыгэбзэкIэ мазэцIэхэр къыжыфIэ. Ахэр щIыфIащам и щхьэусыгъуэри  къэфIуатэ.  Илъэсым и иужьрей мазэр сыт хуэдэра? Сыт а мазэм цIыхуу дунейм тетыр  нэхъ щIыпэплъэр?2. 3. Къуажэхьым и жэуапыр къегъэщIэн. КъэмытIэпI ар, къэмыгъагъэ, Пхъэгъэсынуи ямыгъэс. ЩхъуакIэплъыкIэу къытхуоблагъэ, ДегъэгуфIэ илъэс къэс. АфIэунэ Лиуан 4. «ИлэсыщIэ» усэм «бзу бэзэру» къегъэджэн.  5. Усэм макъкIэ мыпIащIэу къегъэджэн. Псалъэ гурыIуэгъуейхэм елэжьын. 6. Усэм макъкIэ псынщIэу къегъэджэн. 7. Усэм удихьэхыу, зыхэщIэгъуэ къегъэджэн. 8. Усэм хуэгъэувауэ тхылъым ит упщIэхэм жэуап ирегъэтын. 9. Елгъэр Кашиф теухуа псалъэмакъ егъэкIуэкIын.  10. «Псей цIыкIур мэзым къыщыхъуащ» уэрэд цIыкIур адыгэбзэкIэ  жегъэIэн. 11. Налшык къыщагъэхъуа псей щхъуантIэ цIыкIухэм ящыщхэм  Мэзкуу  Кремль пщIантIэр зэрагъэдахэм сабийхэр щыгъуазэ щIын. Ахэр сурэткIэ  егъэлъагъун.  12. ИлъэсыщIэм теухуа усэ ящIэхэм къегъэджэн. УрысыбзэкIэ къызэджэхэр сабийхэм адыгэбзэкIэ зэрегъэдзэкIын. 13. ИлъэсыщIэ хъуэхъухэр сабийхэм жегъэIэн. III. Унэ лэжьыгъэ . Усэр гукIэ зэгъэщIэн, удихьэхыу укъеджэу зегъэсэн.  «ИлъэсыщIэ» зи  фIэщыгъэцIэ IэрыщI тхылъ цIыкIу щIын. Тетрадым усэм теухуауэ ит  лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн. (мыр псоми ягъэзэщIапхъэщ). ИлъэсыщIэм хъуэхъу  жаIэу зэхаххэр ятхыну къалэн ящыщIын. (Мы лэжьыгъэхэр псоми  ямыгъэзэщIэнкIэ Iэмал имыIэу щыткъым).

Посмотрите также