Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)
Оценка 4.6

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Оценка 4.6
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
01.03.2018
Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)
Уровень самостоятельного мышления школьников, их познавательную активность, уровень усвоения и первичного закрепления нового материала я оцениваю как хороший. На мой взгляд, этот урок послужит толчком, опорой для дальнейшей познавательной деятельности учеников. Качественную оценку деятельности школьников я делала по ходу урока. Я думаю, что она послужит стимулом для дальнейшей познавательной деятельности школьников, как на уроке, так и во внеурочное время.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)
П1астэр къыздик1ыр.docx
Темэр:  ПIастэр   къыздикIри   кIартIофыр   щIагъэкIри   пщIыгъупщэжын­ къым. (таурыхъ) Мурадхэр. Таурыхъым хэт псалъэхэмкIэ, жыIэгъуэ IущхэмкIэ  еджакIуэхэм я жьэнахуагъыр, я къеджэкIэр, я зэхэщIыкIыр  егъэфIэкIуэн.  Сабийхэр тхыгъэ дунейм зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкIIуэхугъуэхэм   хэзыгъэгъуэзэн   щIэныгъэ   абыхэм   къыхахыфу,   я къэзыухъуреихь   елэжьыфу,     ныбжьым елъытауэ ягъуэта зэфIэкIхэр  гъащIэм къыщагъэсэбэпыфу гъэсэным елэжьын.   ГъащIэм   щхьэпэ   къахуэхъун   акъыл     хъыбар­таурыхъым   щIэлъ   Таурыхъхэм   хэт   егъэлеиныгъэхэр щIагъыбзэм   къыхахыфу   егъэсэн. къэгупсысауэ   зэрыщытыр,   гъащIэм   апхуэдэ   ущыхуэмызэми,   укъызэрамы­ гъэпцIэн,   делафэ   къуамыплъын   хуэдэу,   акъыл   узэриIэн   хуейр,   акъылыр щIэныгъэми,   гъэсэныгъэми,   гъащIэм   къыхэпх   есэныгъэхэми   щепхакIэ,   ахэр зыIэрыбгъэхьэн   зэрыхуейр   я   фIэщ   щIын.   Сыт   хуэдэ   Iуэхуми   мыпIащIэу, чэнджащэу   акъылкIэ   бгъэдыхьэн,   егугъун,   гугъу   зэрызыдегъэхьын     хуейм хуэущиин.     Урокым   къыщыгъэсэбэпын   хуейхэр. теухуауэ   гъэлъэгъуэныгъэр, хадэхэкIхэм теухуауэ художникхэм ящIа сурэтхэр.   ХадэхэкIхэр   къызэрагъэкIым   сурэт   гъэлъэгъуэныгъэр   е   компьютеркIэ   гъэхьэзыра Урокыр зэрекIуэкIынур I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. (Лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьэкIэ, гъэлъэгъуэныгъэхэр къэгъэсэбэпын).  1. Къэзэнокъуэ   Жэбагъы   и   хъыбархэм   щыщу   нэхъыжьхэм   я   гъусэу къызэджахэр     къазэрыщыхъуам   сабийхэр   тегъэпсэлъыхьыжын.   Хъыбархэм Жэбагъы и псалъэ Iущ хэтхэр жегъэIэн. 2. НэгъуэщI   нэхъыжьхэм   я   псалъэ   жызыIахэм я цIэр кърегъэIуэн. 3.   «Iуэху   цIыкIу   щыIэкъым,   лIы   цIыкIу   фIэкIа»   хъыбарым   тхылъым щыхуэгъэува   упщIэхэм жэуап кърегъэтын.    Iущхэр   ятхамэ,   къегъэджэн,   ахэр 4. Унагъуэм исхэр зыр зым дэIэпыкъужу зэрыздэлажьэм теухуауэ сабийхэм ягъэхьэзыра  хъыбархэр  (компьютер гъэлъэгъуэныгъэ и гъусэу) жегъэIэжын. 5. Лэжьыгъэм   и   пщIэм   теухуа   псалъэжь   къагъуэтахэм   къегъэджэн.   Ахэр къазэрыгурыIуэр къегъэIуэтэн.  II. 1. ХадэхэкIхэм теухуа къуажэхьхэм (сабий гупхэм ятегуэшауэ) къегъэджэн къегъэщIэн,   абыхэм   я   сурэтхэр   егъэлъагъуурэ   ахэр   къызэрагъэкIым, ТемэщIэм елэжьын. шхыныгъуэ   къыхащIыкIхэм   теухуауэ   сабийхэр   (зэчэнджэщу)   зыщыгъуазэр жегъэIэн, зыщымыгъуазэхэм яхутепсэлъыхьын.   АфIэунэ Лиуан зэхилъхьахэр. Хадэм, губгъуэм ар я Нанэщ, Ухыхьамэ, ущIегъанэ. КъоIущащэу къодэхащIэ, Къыбдэджэгуу къопэщэщ. И гуфIакIэм дыщэ кIанэ, Дыщэ кIанэ къыдощэщ.   (Нартыху) Зигъэбэгыу зыкърех. Пкъутэм нурыр къыщхьэщех. (Къэб) Iэрызехьэу ямыгъазэ, Я щхьэ Iуэху езым ящIэж. Я щхьэр дыгъэми хуагъазэ, ЗэгуроIуэ, зодэIуэж.   ЯудыныщIэ, яубэрэжь. КупщIэм дагъэ къыщIагъэж. (Сэхураныщхьэ, сэхуран)  Щоджэн Леонид зэхилъхьахэр. Уеплъым мыхъущи щхъуантIэщ, Уехъуэм хъуащи, сыхъэщ.   (Хъарбыз) ЗыкIэраблэри ягъэгъу, Бэлэрыгъым хуимыгъэгъу, Пэплъу плъыжь, къызэпщIахэм уэ еплъыж. (Шыбжий) Ди джэдкъуртыр хадэм хэсщ, И джэджьейхэр пхъуантэм дэсщ, Пхъуантэр дыгъэм зэтрех, Джэджьей шырхэри къыдех.  (Джэрш) Пхъуантэ IэрымыщI мыщIэ къыдолъэлъ. (Джэрш) Бжьыхьэм къатIу щIатIэж, Гъатхэми къатIу щIатIэж. (КIэртIоф) Уи гъын къэмыкIуэу нэпс къезыгъакIуэ.  Джанэ куэд зыщыгъ, зытIэщIхэр зыгъагъ. (Бжьын) Хьэдзэху зэгуэлъ, уеIусэмэ, уещIыр нэплъ. (Бжьыныху) Зы джани зыщамытIагъэу джанищэ къызыщахыж. (Къэбыстэ) Зи пкъыр щIым щIэлъу зи щхьэцыр дунейм телъ.  (Пхъы)  Бжэи щхьэгъубжи хэмылъу езым цIыху куэд щIэсу. (Нащэ, хъэуан,  хъарбыз,  пIэтIрэжан) Тхьэмпэбгъуэжь и къуэ хъуреижь. (Къэб)  Iуэрыуатэ къуажэхьхэр. Зэрылъым къилъэлъу зэкъуэшхэм щIадзащ. (Жылэ) Дыщэ щIыIу зэролъэлъ, Къилъэлъам дегъэгуфIэ. (Гуэдз) ЦIыкIунитIэ ятIэ хэпщ.(Ху) 2. Художникхэм   хадэхэкIхэм   ятеухуауэ   ящIа   натюрмортхэр   егъэлъагъун, художникыр набдзэгубдзаплъэу сытми зэреплъыр и сурэтхэм къызэрыхэщым сабийхэр тегъэпсэлъыхьын.  3. ПIастэр къыздикIри кIартIофыр щIагъэкIри сабийхэм жегъэIэн. 4. КъуажэхьхэмкIэ къащIа  хадэхэкIхэмрэ мэшхэмрэ ящыщу нэгъуеипщитIыр къыщыхуэкIуам     Къэзэнокъу   Жэбагъы   ипщIэу   зыIущIар   къыжегъэIэн.   Мы псалъэжьхэм щыщу «Iуэху цIыкIу щыIэкъым, лIы цIыкIу фIэкIа» хъыбарым нэхъ екIур къегъэхутэн. ЗэдэпщIэ щIэхщи зэдэпшх IэфIщ. Зэдэлажьэ лэжьыгъэ бэвщ. ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ. 5. «ПIастэр   къыздикIри   кIартIофыр   щIагъэкIри»   хъыбарым     сабийхэр егъэджэн. Къеджэн и пэ къихуэу къалэн ящыщIын псалъэжь зэджахэм ящыщу хъыбарым   и   гупсысэр   къэзыIуатэр   къыжаIэну.   Хъыбарым   къыщеджэкIэ, псалъэ къагурымыIуэхэм я мыхьэнэр занщIэу сабийхэм егъэгъэбелджылын. 6. Зэджар, абы хэт Хъуэжэрэ Iиблисрэ  къазэрыщыхъуар сабийхэм жегъэIэн.  7. Хъыбарыр   къыщаIуэтэжкIэ,   псалъэжьхэр   зыхэбгъэувэ   хъуну   щIыпIэхэр къыжыIэн. ЗэдэпщIэ щIэхщи зэдэпшх IэфIщ. Зэдэлажьэ лэжьыгъэ бэвщ. ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ.  «Дзейуэ   къызгухьи   дыздэгъэлажьэ,   гъавэу   къытетхыр   ди   зэхуэдитIщ. Зэдэлажьэ лэжьыгъэ бэвщ. Ерыскъы пшхыр къыздикIыр къозгъэ­щIэнщ».  «Мес   мо   си   гуэныжьым   илъ   хум   и   зэхуэдитIыр   узот,    зэдэпщIэ   щIэхщи зэдэпшх IэфIщ, иджыри гъатхэ къакIуэ дызэхуэзэжынщ»  «Мис   иджы   лъабжьэр   зэращIри,   щхьэкIэр   зищIысри,   пIастэр   къыздикIри,  ЗэбгъащIэр   IэщIагъэщи, кIэртIофыр   щIагъэкIри   пщыгъупщэжынкъым! умыщIэр IэщIыбщ». 8. Хъуэжэ,   бажэм   хуэдэу,   гъэпцIакIуэу   къыпщызымыгъэхъуу   сыт   мы хъыбарым хэтыр? (хум и ныкъуэр Iиблис иритащ). 9. Фэ дауэ феплърэ, сыт Хъуэжэ занщIэу Iиблис и щыуагъэр щIыжримыIэр? 10. Китайхэм я псэлъэжьыр къазэрыгурыIуэр сабийхэм жегъэIэн.  Хъуэжэ а Iэмалыр къызэригъэсэбэпам кIэлъыгъэплъын. КъызжепIэм   ­   сщыгъупщэнущ,   сыбгъэлъагъум   ­   сигу   изубыдэнущ, сыбгъэщIым (сыбгъэлэжьым)  ­ сщIыуэ сесэнущ.  11. Хъыбарым   хуэгъэува   упщIэхэм   ящыщу   5­нэ­8­нэхэм   я   жэуап ирегъэгъэтын. III. Унэ лэжьыгъэ. 1. Хъыбарым хуэгъэува адрей упщIэхэм я жэуап къэлъыхъуэн. 2. Хъыбарым нэхъ гурыхь ящыхъуам сурэт хуегъэщIын. 3. Тетрадым ит лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэну ектын. 4. «Дзей» хабзэм цIыхухэм къахуихьу щыта сэбэпым, нобэ а хабзэр губгъуэ бэджэндэу къэзыщтэхэм я деж зэрыщекIуэкIым сабийхэр щыгъэгъуэзэн.

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "П1астэр къыздик1ыр" таурыхъ.  (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
01.03.2018