Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Щ1ымахуэк1э" Тхьэмокъуэ Б. (3 класс)

  • Разработки уроков
  • docx
  • 01.03.2018
Публикация в СМИ для учителей

Публикация в СМИ для учителей

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
Мгновенные 10 документов в портфолио.

Уровень самостоятельного мышления школьников, их познавательную активность, уровень усвоения и первичного закрепления нового материала я оцениваю как хороший. На мой взгляд, этот урок послужит толчком, опорой для дальнейшей познавательной деятельности учеников. Качественную оценку деятельности школьников я делала по ходу урока. Я думаю, что она послужит стимулом для дальнейшей познавательной деятельности школьников, как на уроке, так и во внеурочное время.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Щ1ымахуэк1э" Тхьэмокъуэ Б. (3 класс)
Иконка файла материала Щ1ымахуэк1э.docx

Темэр: Тхьэмокъуэ Барэсбий «ЩIымахуэкIэ».

Мурадхэр. Тхылъеджэм иIэн хуей есэныгъэхэр сабийхэм деж щегъэфIэкIуэн:  псынщIэрыкъеджэм, гъэхуауэ, зыхэщIэгъуэу я къеджэкIэм, зэджам нэхъыщхьэр къыхакъузыкIыфрэ кIэщIу къаIуэтэжыфу,  рассказым пэгъунэгъуу, дамыгъэхуIауэ жаIэжыфу, тхыгъэм и гупсысэр, зытеухуар къахутэфу, зэджар къазэрыщыхъуар  къыжаIэжыфу егъэсэн. Сабийхэм я жэнахуагъым зегъэужьын. 

НэгъуэщI предметхэм зэрыпыщIапхъэр.  

         КъагурымыIуэ псалъэхэм я мыхьэнэр езыр-езыру зэчэнджэщыжурэ егъэгъэбелджылын.  Мыхьэнэ куэд  псалъэм иIэмэ, псалъалъэхэм къыщегъэгъуэтын. Псалъэхэм мыхьэнэкIэ къапэщIэуэхэр е япэгъунэгъухэр къахуегъэгубзыгъыжын.

 Гъэм и зэманхэм къыздахь зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ  сабийхэм яIэ щIэныгъэр егъэбыдылIэн.

ЩIымахуэмрэ гъатхэмрэ я теплъэ дахэр сурэтыщIхэм къазэрехъулIам кIэлъыгъэплъын. Макъамэтххэм ахэр къызэрагъэлъагъуэм егъэдэIуэн.  Зэджар, зэплъар, зэдэIуар къазэрыщыхъуам зэгъусэу тепсэлъыхьыжу егъэсэн. 

Урокым къыщыгъэсэбэпын хуейхэр. Сурэтхэр «ЩIымахуэ», «Гъатхэ», «Адыгэбзэ псалъалъэ» . компьютер гъэлъэгъуэныгъэхэр.

Урокыр зэрекIуэкIынур.

I.     Сабийхэр екIуэкIыну урокым зэрыхуэхьэзырым зыщыгъэгъуэзэн.

1.   Урокым зэрыщылэжьэну IэмэпсымэхэмкIэ еджакIуэхэр къызэрызэгъэпэ-щам щыгъуазэ зыщIын.

2.   Урокым и мурадхэмрэ еджакIуэхэм  къапэщыт къалэнхэмрэ  яжеIэн:

II.              Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

1.   Псалъэжьхэм къегъэджэн. Абыхэм хэт макъхэм я лэжьэкIэм кIэлъыгъэплъын. Псалъэжьхэр я мыхьэнэкIэ нэхъ зыпэгъунэгъуу къэлъытэ тхыгъэм и фIэщыгъэцIэр, ар зытхам и цIэ-унэцIэр зэчэнджэщыжурэ егъэтхын. Ахэр гъэм и сыт хуэдэ зэманым теухуами егъэгъэбелджылын. Ар къызэрахута нэщэнэхэр кърегъэIуэн. (Мыр гупхэм я зэпеуэу ебгъэкIуэкI хъунущ).

Пшынауэм фIэфIыр кърегъэкI.

IэщIагъэ зиIэм и Iэпэ дыщэ къыпощ.

Зэдэшхэ IэфIщ, зэдэфI унэщ.

ЩIэныгъэр лей хъуркъым.

Хуэмыху унафэ щIынкIэ Iэзэщ.

Жыгым къыпыкIэр и уасащи, цIыхум и уасэр лэжьыгъэщ.

ЯхуэмыIущ ущиинкIэ Iэзэщ.

ФIыгъуэм ефIэкIыжыр зэгурыIуэщ.

Псапэ куэд хъуркъым.

ГъукIэгъэсэн гъэдэIуэгъуафIэм щIэхыу IэщIагъэ егъуэт.

Акъыл зиIэм щэн иIэщ.

МыхъумыщIэ щIэным IэщIагъэ хуейкъым.

ФIы зыщIэ и пщIэ кIуэдыркъым.

Iыхьэншэ нэхърэ Iыхьэгъу.

Уи псэм фIэфI Iуэхум Iэр хуопсынщIэ.

ЗыхуащIэ нэхърэ зыщIэф.

2.   УпщIэхэм  жэуап кърегъэтын.

·     ЩIымахуэ мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ къыжыфIэ. (Дыгъэгъазэ, щIышылэ, мазае).

·     ЩIымахуэм укъэзыухъуреихь дунейм удэзыхьэхыр сыт?

·      ЩIымахуэм теухуауэ вджа тхыгъэхэм щыщ сыт хуэдэр нэхъ гукъинэж фщыхъуа? Сыт щхьэкIэ?

3.   Щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр.

·                   Карточкэхэм тет сатырхэр  зыщыщ тхыгъэр,  ахэр зи IэдакъэщIэкIыр сабийхэм къегъэгубзыгъыжын.

№I.

… Дадэ кърита чэнджэщым тету, абы лыжитIыр дыгъуэпшыхь быдэу илъэщIат, лыжэ лъэгум шэху щихуэмэ, мафIэм быдэу иригъэужурэ. ИужькIэ шухьэ щабэ кIапэкIэ фIыуэ телъэщIыхьыжурэ куэдрэ илъэщIат. (ЩоджэнцIыкIу Iэдэм  «Махуэгъэпс и деж»).

 №2.

… ИлъэсыщIэ, ИлъэсыщIэ,

Зи кIэдахъуэм уэсыр из,

Гъэмрэ щIымрэ зэпызыщIэ,

Уи Iэнэгум гуапэу дисщ. (Елгъэр Кашиф «ИлъэсыщIэ»).

 №3.

… Бзу цIыкIур щтэIэщтаблэу, кIэзызу къэкIуатэрт, икIуэтыжырт, лъэныкъуэкIэ зыщIидзурэ аргуэру гъунэгъу зыкъищIыжырт. Абы зыгуэрхэр жиIэ хуэдэт…(Тхьэмокъуэ Барэсбий «Бзу»).

№4.

… гузэвэгъуэ  къызылъэIэс дэтхэнэми хуумыгъэфэщэну  къару ин, лIыгъэ къызыкъуихынкIэ мэхъу…

- Абы къикIыращи, цIыкIущ е фэншэщ жыпIэу зыгуэрым епхыну яужь уимыхьэ икIи утемыгушхуэ. Фэ иумыплъыххэу, укъыхигуэнкIэ хъунущ. (Шыбзыхъуэ Мухьэдин «КIэху»).

№5.

Пхъафэ Iув дзэлыгъуэр

ФIэфIщ тхьэкIумэкIыхьым,

Памэу сыт зылъыхъуэр

Бажэр махуэ кIыхьым?..

(Иуан Бубэ «ЩIымахуэр мэзым»).

·     ЕджакIуэхэм къат жэуапхэм я пэжагъыр къадеджэхэм къегъэпщытэн.

III.                       ТемэщIэр егъэджын.

1.   ЩIымахуэм и кIэр къыщыгъэлъэгъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм, нэгъуэщI къэралхэми я художник цIэрыIуэхэм ящIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэ-ныгъэ къызэгъэпэщын. Сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуар щIымахуэм и иужьрей махуэхэу зэрыщытыр къозыгъащIэ нэщэнэхэр сабийхэм жегъэIэн. 

2.   «Февралым и блым мылым утемыхьэ» нэщэнэр къазэрыгурыIуэр сабийхэм жегъэIэн.

3.   Словарнэ лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIын зэрылажьэ тетрадымкIэ: нэщхъыдзэщ, бэщмакъ, уардэ, къоIэл, щIыIэбжь.

4.   ПсалъалъэмкIэ «гъуэжькуий» псалъэм и мыхьэнэр къегъэлъыхъуэн (жьы кIэрахъуэ).

5.   Тхыгъэм еджакIуэхэр чэзу-чэзууэ къегъэджэн (нап.I03-I04).

Рассказыр IыхьитIу гуэшыпхъэщ. I Iыхьэр  - нап.I03-I04, «щIопхъуэ» псалъэм нэс). Тхыгъэм и япэ абзацитIым (едзыгъуитIым) егъэджакIуэр къоджэ, адэкIэ еджакIуэхэр гуэшауэ къеджэ хъунущ.

Лэжьыгъэхэр.

·        Февралыр сыт хуэдэ сурэту фи нэгу къызэрыщIыхьэр? (ЦIыху сурэту, псэущхьэ сурэту, жьы сурэту, е нэгъуэщIу – еджакIуэхэм  я жэуап  зэтемыхуэхэр къат).

·        Февралым и репликэхэр (псалъэхэр) къэвгъуэти интонацэ зэхуэмыдэ щIэфлъхьэурэ фыкъеджэфмэ феплъыт.

·        ЩIымахуэкIэм и хьэл – щэныр къригъэлъэгъуэну тхакIуэм  къигъэсэ-бэп псалъэхэр къэвгъуэтыт, тхыгъэм зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу зэ-кIэлъыфтхи фыкъеджэж. (Февралыр къогуфIэ, хужь зэфэзэщу къызэ-щIолыдэ, бзаджэу мэдыхьэшх, яхолъадэ, яхопщэ, нэхъри къогуфIэ, къоIэл, гъуэжькуий щIыIэбжьыр …къыщотэдж, къоуIэбжь, къегъанэри адэкIэ щIопхъуэ).

-  Сыт къызыхэкIыр щIымахуэкIэм и IуэхущIафэхэм апхуэдэурэ зэрыза-хъуэжыр?

(развивает артистизм, творческое мышление, чувство художественного слова, воображение).

Физ.минутка.

IV.            ЕгъэбыдылIэн.

6.     Зэрылажьэ тетрадым ит лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн.

4.     Къуажэхьхэр къащIи псалъэзэблэдзым итхэ.

1.     Жьы.

2.     Март.

3.     Мазэ.

4.     Iэжьэ.

5.     Абгъуэ.

6.      ЩIымахуэкIэ.

Къуажэхьхэр зэгъэщIэн гукIэ (дакъ.2 етын)

V.                Урокым къыщащIахэр къызэщIегъэкъуэжын.

 I.  ЕгъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ яIа къалэн, мурадхэмрэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ зэлъытын.

 2. ЕджакIуэхэр урокым зэрыхэлэжьыхьам елъытауэ оценкэ яхуэгъэувын.

VI.            Унэ лэжьыгъэ. 

Рассказым  и япэ Iыхьэм гъэхуауэ къеджэфу зрегъэгъэсэн, зэджа Iыхьэм упщIитху хуегъэгъэувын, зэрылажьэ тетрадымкIэ лэжь.

3, 4-р гъэзэщIэн, щIымахуэкIэм (февралым) сурэт хуэщIын,  «Хъуэжэ и бэщмакъыу къинащ» псалъэжьыр  щIыжаIэм и щхьэусыгъуэр къыжыIэн.


 

Посмотрите также