Темэр. Елгъэр Кашиф «Тыгъэ лъапIэ».
Мурадхэр. Усэ гъэпсыкIэ зиIэ тхыгъэхэм гъэхуауэ, зыхэщIэгъуэу къеджэ-нымкIэ яIэ зэфIэкIыр егъэфIэкIуэн; дахагъэр ялъагъуу, къэзыухъуреихь цIыхухэм гуапау яхущыту щIэблэр къэгъэхъун, я бзэм, я нэкъыфIэщIым зе-гъэужьын.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр. Ажэгъуэмэ Iэрамэ, е сурэту щIауэ, макъамэ щабэ дыдэ (природэм и макъхэр тетуи хъунущ) («Удз гъэгъа» Даур А. и уэрэдыр) тету диск, къэрэндащ зэмыфэгъу, ватман, «Адыгэ псалъалъэр» (2000гъэ), экран, ноутбук.
Урокыр зэрекIуэкIынур.
I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1. «Мыщэ жейнэд» усэм гъэхуауэ, зыхэщIэгъуэу гук1э къегъэджэн.
2. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэ ягъэхьэзырахэм теухуауэ псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын.
3. Тетрадым ит лэжьыгъэхэмрэ рассказым тхылъым щыхуэгъэува упщ1эхэмрэ зэрагъэзэщ1ам щыгъуазэ зыщ1ын.
II. Сабийхэм я нэкъыфIэщIым зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
1. Макъамэ гуакIуэм егъэдэIуэн.
2. Классыр гупищу гуэшауэ макъамэм я нэгу къыщIигъэхьэ сурэтхэр ватманым трегъэщIыхьын. Гуп къэс я сурэтхэм тегъэпсэлъыхьыжын.
3. Сурэтхэм къарыщыр гъэм и сыт хуэдэ зэманми жегъэIэн. А зэманыр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэу макъамэм хэтар къегъэIуэтэн.
4. Тхыгъэ зэджахэм хэт гъатхэ нэщэнэхэр кърегъэIуэн.
III. ТемэщIэм елэжьын.
1. ЕтIуанэ классым ажэгъуэмэм теухуауэ къащIар ягу къегъэгъэкIыжын.
Ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэу (щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр зэтехуэркъым) I2 е I8 щыIэщ. Ахэр къыщокI мэзым, губгъуэм, бгыхэм. КъыщыкI щIыпIэми елъытауэ плъыфэ зэмыфэгъу яIэщ ажэгъуэмэхэм.
ЛатиныбзэкIэ мы удзым зэреджэр «шэ удз гъэгъащ» (молочный цветок), инджылыбзэкIэ – «уэс тхьэгъу», нэмыцэбзэкIэ – «уэс тхьэгъуш» (снежный колокольчик), урысыбзэкIэ – «уэс щIагъым къыщыгъагъэ». Мы удзыр щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIыIагъ-хуабагъым елъытауэ дыгъэгъазэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым нэс къогъагъэ. Ажэгъуэмэр «Тхылъ плъыжьым ихуащ», ар гулъытэ зыхуэщIауэ хъумапхъэ удзхэм ящыщщ. Мы удз гъэгъа цIыкIур зэрыбагъуэр лъабжьэкIэщ, абы и лъабжьэр бжьыным ещхьщ.
КъэкIыгъэхэм я тхьэ Флорэ удз гъэгъахэм яхуигуэшт гуфIэгъуэ пщыхьым зэрыхэтыну фащэхэр. Ажэгъуэмэм фащэ хужьыбзэ къылъысат. Мы махуэшхуэм и хъыбар зэхэзыха уэсми мурад ищIат и нэгу зригъэужьыну, арщхьэкIэ ар удз гъэгъатэкъыми фащэ къраттэкъым.
Удз гъэгъахэр щIыIэм щышынэти уэсым я фащэмкIэ дэгуэшэн ядакъым. Ажэгъуэмэ закъуэращ щIыIэм щымышынэу езым къылъыса фащэм хэт тепхъуэмкIэ уэсыр щIэзыхъумар. Апхуэдэу а пщыхьэщхьэм уэсымрэ ажэгъуэмэмрэ зэкIэрымыкIыу я нэгу зрагъэужьащ. Мис иджыри аращ: уэсымрэ ажэгъуэмэмрэ сыт щыгъуи зэгъусэщ. А пщыхьэщхьэм удз гъэгъа цIыкIум къыхуищIар фIыщIэ зыщI уэсым зэи ар гулъытэншэу къигъанэкъым, сыт щыгъуи ажэгъуэмэр щехъумэ щIыIэмрэ жьыбгъэмрэ.
Ажэгъуэмэр гугъэм и нэщэнэу къалъытэ.
Дин хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, мы удз гъэгъа цIыкIур гъатхэм япэу къыхэкI удзым къыщынэмыщIауэ дунейм япэу къытехьа удз гъэгъауэ ябж.
2. Елгъэр Кашиф и «Тыгъэ лъапIэ» усэм къахуеджэн. КъагурымыIуэнкIэ хъуну псалъэхэм елэжьын. Абыхэм я мыхьэнэр псалъалъэхэм къыщылъыхъуэн, тетрадым ирегъэтхэн.
3. Сыт зэреджэр усакIуэр ажэгъуэмэм?
4. Усэм тхылъым щыхуэгъэува упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ сабийхэм егъэгъэзэщIэн.
I гупым – I-3 упщIэхэм я жэуап ирегъэтын,
II гупым – 4-6 упщIэхэм егъэлэжьын.
7 – нэ упщIэм и жэуапхэр еджакIуэхэм сурэт ящIахэм трегъэтхэн.
5. Усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр жегъэIэн, удихьэхыу къызэреджэным сабий-хэр егъэлэжьын: макъыр Iэтауэ, ешэхауэ, къызэтеувыIэныгъэ кIыхьхэмрэ кIэщIхэмрэ дамыгъэхэмкIэ къегъэгъэлъэгъуэн.
IV. Унэ лэжьыгъэ.
1. Усэр гукIэ зэгъэщIэн.
2. Анэм теуху псалъэжьхэр адэ-анэм жегъэIауэ тхын, е библиотекэм щIэлъ тхылъхэмкIэ къэлъыхъуэн (къыкIэлъыкIуэ урокым ватманым тратхэжын хуэдэу)
3. Зэрылажьэ тетрадымкIэ лэжь.3, 5 гъэзэщIэн.
Материалы на данной страницы взяты из открытых источников либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.