Конспект урока по кабардинскому языку по теме "Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1э" (3 класс)

  • Разработки уроков
  • docx
  • 03.03.2018
Публикация в СМИ для учителей

Публикация в СМИ для учителей

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
Мгновенные 10 документов в портфолио.

Выбранные нами методы соответствовали задачам занятия, характеру и содержанию учебного материала, уровню знаний, умений и навыков учащихся. Так, были использованы словесные методы: объяснение, вопросы; наглядные методы: изобразительная наглядность, демонстрация слайдов; практические; частично-поисковый, методы стимулирования мотивов интереса к учению: познавательные задания.Конспект урока по кабардинскому языку по теме "Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1э" (3 класс)
Иконка файла материала Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэр.docx
Темэр. Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэр. Мурадыр. Еджак1уэхэр щыгъэгъуэзэн зыгъэлъагъуэ къызэрык1  ц1эпапщ1эхэм, ахэр я бзэм шэрыуэу къыщагъэсэбэпыфу есэн.      Сабийхэр зэдэ1эпыкъуу, зэгъусэу лэжьыгъэхэм къытхуагъэув къалэнхэр  къахутэфрэ абы нэхъыщхьэр къахагъэбелджылык1ыфу, жэуап тэмэм ятыфу  егъэсэн.                                                                                                                             Я бзэм, я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Урокым къэдгъэсэбэпыпхъэр.  «Адыгэбзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь»,  «Ц1эпапщ1э» таблицэ,  «Махуэр зэрыгъэк1уэн хуейр» (интерактивнэ доска)                Урокыр зэрек1уэк1ынур 1. Урокым зэрыхуэхьэзырымк1э  (зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэмк1э  къызэрызэгъэпэщар) еджак1уэхэм зыкъегъэпщытэжын. 11. Зэджа темэхэр къэпщытэжын 1. Пэжырытхэмрэ къабзэрытхэмк1э лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын        Хьэрфыр, пычыгъуэхэр, псалъэхэр, псалъэухар егъэтхын. Й й И и  ми им ни ри ир ти  йод йощэ йода1уэ Ирэ Мирэ Ди Ирэ фи Мирэ ц1ык1у и лъакъуэм йод хущихуащ.         Ятхар зэрыбгуэш хъуну гупхэр зэхегъэгъэк1ын. Й, и – хьэрфхэщ; ми, им, ни, ри, ир,ти – пычыгъуэхэщ; йод, йощэ, йода1уэ,  Ирэ, Мирэ – псалъэхэщ; Ди Ирэ фи Мирэ ц1ык1у и лъакъуэм йод хущихуащ. – псалъэухащ.         Хьэрфхэм ягъэ1у макъхэр къыжегъэ1эн. Й – макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зимы1эщ. И – макъзешэщ.         Псалъэхэр зыщыщ лъэпкъыгъуэр къегъэщ1эн, упщ1э хуегъэгъэувын. (Сыт?) йод – щы1эц1эщ,зэдайщ; (хэт?) Ирэ,Мирэ – щы1эц1эщ, ц1э унейщ. (Сыт ищ1эр?) Йощэ, йода1уэ – глаголщ.         Псалъэухам хэт псалъэхэм упщ1э хуегъэгъэувурэ зыщыщ лъэпкъыгъуэр  къегъэщ1эн. Ди, фи, и – еигъэ къызэрык1 ц1эпапщ1эхэщ. Ди (хэт?) Ирэ фи (хэт?) Мирэ (сыт хуэдэ?) ц1ык1у и (сыт?) лъакъуэм  (сыт?) йод (сыт ищ1ар?) хущихуащ. Словарнэ лэжьыгъэ. Йод – и  мыхьэнэр псалъалъэм еджак1уэхэм къыщыдогъэгъуэт ( у1эгъэ,  ц1ынагъэ хуэдэхэм щахуэ ухщхъуэ). 111. Темэщ1эм елэжьын 1. Лэжьыгъэ 199 –р условием тету егъэгъэзэщ1эн. Ц1эпапщ1э хагъэувэжахэм щхьэхуэу къегъэджэжын, и мыхьэнэр къегъэщ1эн. Правилэм къыдогъэджэри, езыхэм къащ1амрэ правилэм итымрэ  зрыдогъэлъыт.2. Лэжьыгъэ 200 –м хьэрф дэгъэхуахэр дегъэгъэувэжурэ зэпадзыжу  къыдогъаджэ. 3. Лэжьыгъэ 201, 202 –хэр  гуп гупу условием тету тхыгъэк1э  идогъэгъэзащ1э.  1111.Адыгэбзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь 1.Лэжьыгъэ1. Условием тету идогъэгъэзащ1э. 2. Йоубзэ, иудащ (шхур) псалъэхэр хьэрф, макъ елъытак1э гуп гупурэ  зэпкърыдогъэх.     Шхур зэрагъапц1эр, зыдашхыр къыжыдогъэ1э. Шхум ц1ыхум и  1эплъэпкъым щыщ1э витамин куэд зэрыхэлъыр идогъащ1э. 11111. Ц1эпапщ1эм теухуауэ яджар егъэбыдыл1эн. 1. Тест лэжьыгъэхэр      1) Ц1эпапщ1эщ:        а) пхъэгулъ;      б) сысей;       в) йоубзэ;          г) плъыжьыпс. 2) Щхьэ ц1эпапщ1эщ:        а) абыхэм;          б) ей;             в) мор;               г) фи. 3) Еигъэ къызэрык1 ц1эпапщ1эщ:        а) ар;                    б) уэ;             в) дыдей;          г) мыбы. 4) Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэщ:         а) фыфей;            б) мо;            в) дэ;                 г) яй. 2. Псалъэухахэм къыпегъэщэн.            Сэ нобэ къэзгубзыгъыжащ …  .             Ц1эпапщ1эм теухуауэ сэ къэсщ1ащ …  .             Сэ нобэ урокым сэбэпу къыхэсхащ …  .             Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ …  . 3. Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.              Урокым узэрыщылэжьар дауэ къыпщыхъуа?              Нобэ хэт удэ1эпыкъуфа?              Уэ хэт къыбдэ1эпыкъуа?              Сыт иджыри къэпщ1эну узыхуейр?              Абы зыщыбгъэгъуэзэн папщ1э сыт пщ1эну уи мурад? 111111. Унэ лэжьыгъэ.      «Сэ си махуэр зэрызгъак1уэр» ф1эщыгъэц1эр и1эу текст зэхегъалъхьэу  егъэтхын.