Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)
Оценка 5

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Оценка 5
Руководства для учителя
docx
русский язык
3 кл
26.02.2018
Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)
Предлагаемые тексты позволяют не только проверить знания учеников в четверти, полугодия, при закреплении или повторении изученного материала, но и носят обучающий характер, позволяют потренироваться. Принимая во внимание, что школы работают по разным учебным программам, уровень подготовленности учеников может быть разным, тексты диктантов соответствуют требованиям .Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)
Диктанты 3 кл.docx
Ди унагъуэр I четверть Дэ ди унэцIэр АфIэунэщ. Си адэм и цIэр Ельбердщ. Си анэр Лалусэщ.  Ахэр тIури мэлажьэ. Ди дадэ Чэрим бжьахъуэщ. Нанэ Хъаний унэгуащэщ. Ар IэфIу мэпщафIэ. Си къуэш Муратрэ сэрэ дыеджакIуэщ. Си шыпхъу цIыкIу Сэтэней сабий садым макIуэ. Дэ дызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу допсэу.  (43)   Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   дыеджакIуэщ,   дызэгурыIуэрэ, дызэдэIуэжу. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. ЦIэ унейхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр щIэтхъэн.  2. Пычыгъуэ,макъ, хьэрф елъытакIэ сабий псалъэр зэпкърыхын.    Дунейм и уэрэд Гуэлым   щыпсэу   хьэндыркъуакъуэхэм   жэщым   уэрэдкIэ   зэпеуэ   къыщызэ   Iуахащ. Псыхэуэм и пэ кIыхьыр дригъэзейри макъышхуэ ищIу зэтригъэуащ. ПсыпцIэ бабыщым и пэ бгъуэжьыр псым хигъэлъэдащ. Псыр и жьэм жьэдэз ищIри, макъышхуэ ищIу зэбгрипхъащ. Хьэдзыгъуанэр и гъуэм къипщауэ удз гъэгъам и хъуреягъыр къелъэтыхь, кIапсэ шэщIам и зу макъым ещхьу.  (48, В.Бианки) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зэтригъэуащ.  Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Псалъэ зэпыщIауэ текстым тху къыхэтхыкIын.  2. Пычыгъуэ,макъ, хьэрф елъытакIэ хьэндыркъуакъуэ псалъэр зэпкърыхын.   Бжьэхэр Къурш   мэз   лъапэр   удзыпцIэ   телъыджэщ.   Фэгъу   куэдкIэ,   зэхэпщIыпщIэ алэрыбгъушхуэм ещхь ящIащ ар удз дахэхэм.   Гъатхэ пщэдджыжьым лэжьэным хуэуша бжьэ цIыкIухэр мэз лъапэм къэлъэтащ. Удзхэм   фэгъу   дахагъэу   яIэ   псори   къызэIуахащ.   Удз   гъэгъахэм   бжьэ   цIыкIухэр ирагъэблагъэ. Абыхэм уэрэд кърашу удз гъэгъахэм яхохьэ. Бжьэхэм   я   гур   дзапэ   уэрэдым   къехъумэ.   Удз   гъэгъахэмрэ   бжьэхэмрэ   я   псэр зэхэпщIащ. (53) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зэхэпщIыпщIэ, алэрыбгъушхуэ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн: I.   Хьэрф  пI,   тI  къапсэлъу  п,   т  щатхыр   къыхэтхыкIын,   ударенэ   тегъэувэн, зэрехьэкIын хуейм хуэдэу зэпыудын.  2. ЗэпэщIэзых ы зыхэтын хуей псалъэхэр къэхутэн икIи дэгъэувэжын: пхъэгулъ…у, бэкхъ…у, къуаргъ…у, кхъужь…у, щхъыщхъ…у, зэкIуж…у.  КIэпхъ КIэпхъыр псэущхьэ дахэ дыдэщ. Нэхъыбэу ахэр щыпсэур мэзхэмрэ паркхэмрэщ. Иужьрей   илъэсхэм   гу   лъыботэ   Налшык   къалэ   кIэпхъхэр   нэхъыбэ   зэрыхъуам.   Абыхэм псэупIэ   ящIыр   яшхынрэ   щыджэгунрэ   хуиту   щагъуэтырщ.   КIэпхъыр   псынщIэщ,   цIыху зэралъагъуу   загъэбзэх.   Ауэ   Налшык   паркым,   къалэ   уэрамхэм   щыпсэу   кIэпхъ   дахэ цIыкIухэр цIыхум есащ. Абыхэм цIыхухэм я Iэгум илъ IэфIыкIэхэр, дэ цIыкIухэр яшх. (51) Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. КIэпхъ псалъэм лъабжьэгъу къыхуэгъуэтын, лъабжьэр къыхэгъэщхьэхукIын.  2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ кIэпхъ псалъэр зэпкърыхын.   КIей цIыкIу  Псыхьэ   кIуапIэм   деж   къыщыкIт   зы   кIей   баринэ   цIыкIу.   КIей   лъапцIэ   цIыкIум зыгуэрым  тхьэмыщкIагъэ къылъигъэсат. Гуэщэнэ жыг цIыкIу ирабзар къызэфIигъэувэжщ, вэнвей щихуэри ипхэжащ.    Гъатхэр къихьэри ажэгъуэмэхэр уэс щIагъым къыщIэтIысхьащ. Уэсыр зэрыткIуу, абыхэм я нащхъуэ цIыкIухэр къызэтрахри къэгъэгъахэщ.   Гуэщэнэ кIей цIыкIур гъужыпауэ къилъытэри и гугъэр хихыжыпат. Ауэ жыгым бгъэдыхьэрэ еплъмэ – къэтIэпIу щIидзат. Гуэщэнэ и нэхэр лыдащ гуфIащэри. (57, Нало Заур) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: тхьэмыщкIагъэ, къызэфIигъэу вэжщ.  Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Хьэрф пIытIахэр щIэтхъэн.  2. КIей псалъэ хэту псалъэуха зэхэгъэувэн, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.  ФIыцIэ ЦIыкIу Бабыщ анэжьым къришащ бабыщ шыр къом. Ахэр тхьэкIумэкIыхьыкIэм ещхьу щабэ цIыкIухэу, сэхуран гъэгъам хуэдэу гъуэжь цIыкIухэу щытт. Абыхэм зы бабыщ шыр яхэтт и щIыб цIыкIур фIыцIэу. Абы щхьэкIэ бабыщ шырым ФIыцIэ ЦIыкIу фIащащ.  Зэгуэрым бабыщ анэжьым мурад ищIащ и бынхэр псым ишэу есыкIэ иригъэщIэну. Бабыщ быныр зэрыдэхри псым кIуащ. Анэжьым и бынхэр псым хишэри игъэIущу хуежьащ. (58, Нало Заур) Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Псалъэ зэпыщIауэ текстым тху къыхэтхыкIын.  2.Псы псалъэм лъабжьэгъу къыхуэгъуэтын, лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн.  Ужьэр II четверть Уэ зэи ужьэ плъэгъуакъэ? Фи ду лъабжьэм щIэскъэ? Фи хадэми искъэ? Абы и дахагъ закъуэм щхьэкIэ къэплъыхъуэу къэпхьу ду лъабжьэм е хадэм гъуэ щыхуэпщI хъунущ. Ар ауэ сытми дахэ!   Адыгэхэм ужьэр угъурлыуэ къалъытэ. Ар яукIын дэнэ къэна, хуэгубжьыртэкъым. Ужьэми   ар   къыгуроIуэри,   зыдэс   пщIантIэм,   зэрыс   хадэм   дзыгъуи   жумэрэни иригъэкIуалIэркъым. Ужьэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ. (55, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: яукIын, иригъэкIуалIэркъым. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:    I.   Текстым   хэт   етIуанэ   псалъэухам   зэраIуатэ,   хэIэтыкIа   псалъэу   хахэр къытещIыкIын.  2.ЗэраIуатэ псалъэуха зэхэгъэувэн и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.     КIэпхъ Iущ Зы пщэдджыжь гуэры, сыхьэтитхум деж сыкъэтэджауэ сылажьэрт. Сыздэ щысым зэхэсха   цIырхъ   макъым   сызэрегъэплъэкI.   Си   щхьэгъубжэ   зэIудзам   и   щхьэгъубжащхьэм кIэпхъ цIыкIу къытетIысхьат. Къыте тIысхьатэкъым къытеуват. Ар зэщIокIэзызэ. Зэм си дежкIэ   къоплъэ,   зэми   йоплъых.   Сыкъэтэджри   зыри   жызмыIэу,   сыIэбэри   щхьэгъубжэр зэIусхащ. Сэ абы ищIэм сеплъыну сыпIащIэрт. ЩIэлъу ежьэжыну пIэрэ? Хьэмэрэ дзыхь къысхуищIа?   Тепщэчым   псы   хуизгъахъуэри   хуэзгъэуващ.   КIэпхъ   цIыкIум   и   нитIыр игъэджэгуу къызоплъ. (59, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зэщIокIэзызэ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Псалъэхэм зы хьэрф зэхъуэкIыурэ нэгъуэщI псалъэ къытещIыкIын: Фагъуэ ­ … ,  лъагэ ­ … ,  мадэ ­ … ,  жэщ ­ … ,  мажьэ ­ … , ез ­ … .  2. Текстым псалъэ зэлъэбжьэгъухэр къыхэгъуэтэн, лъабжьэр      къыхэгъэщын ЛъэщапIэ Илъэс зы­тIу хъуауэ тхьэмахуэ къэс цIыкIухэр лъэщапIэм зэ къакIуэрт. Абыхэм IэщIагъэ   хъарзынэ   зыгъуэтахэри   яхэтт.   Хэт   упсэу,   хэти   IущIэу,   адрейхэм   пхъэ зэфIэбдзапIэхэр   кърабзыкIыу   щIадзащ.   Шэджэгъуашхэ   ямыщIами,   зыми   мэжалIэ зэхищIэртэкъым апхуэдизкIэ Iуэхум дихьэхати. МащIэ­мащIэурэ пхъэбгъу кIапэхэм партэ теплъэ   иIэ   хъуащ.   Пщыхьэщхьэм   ар   хьэзыр   хъуащ.   Къэнэжар   лауэ   гъэгъущыжынырт. Мыбдежым дэIэпы къуэгъу къахуэхъуащ я егъэджакIуэр. (53, Мэзыхьэ Борис)  Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зэфIэбдзапIэхэр. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Япэ псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.  2. Текстым псалъэ зэпыщIауэ тху къыхэтхыкIын.  Джэдумрэ тхьэрыкъуэмрэ    Дэ куэд щIауэ къыдэсауэ зы тхьэрыкъуэ ди унэм къакIуэрт. Бжэ е щхьэгъубжэ Iухауэ кърихьэлIамэ, пэшым къыщIэлъатэрти къупэщыпэу щIэтт. Ар ткъуейщIей бзаджэт.  Мис а тхьэрыкъуэр джэдур къыщысхьа махуэм пэшым къыщIэлъэтащ.    Джэдур зэрилъагъуу и бгъэр къыригъэкIщ, и лъакъуэ  плъыжь цIыкIур иIэтщ, и щхьэр иIэтри зэщIэдэIукIыу къэуващ. Джэдур а зэрыщысщ. ФIэ гъэщIэгъуэну тхьэрыкъуэм къоплъ. (52, КIуантIэ Iэзид) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къупэщыпэу, къуейщIей. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Текстым еплIанэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.  2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ къуейщIей псалъэр зэпкърыхын.   Бзу   А махуэр дыгъэпст, ауэ уает. ИхъуреягъкIэ мэзым уэсыр щызэщIэлы дэрт. Пхъэ гъурыкIэр   шыдыгум   из   къащIащ   дадэрэ   Аслъэн   цIыкIурэ.   Ахэр   тIэкIу   едзэкъэну   пхъэ дакъэжь гуэрым деж щетIысэхащ.  ЩIакхъуэ щабэм кхъуей плъыжьыр дашхыу здэщысым, Аслъэн къилъэгъуащ бжей жыгыжьым   и   щIагъым   къыщетIысэха   бзу   цIыкIур.   Бзум   зиутхыныпщIщ,   жыгыжьыр къиуфэрэзыхьри шэджэгъуашхэ зыщIхэм я дежкIэ иунэтIащ.  Дадэ абы гу лъитащ. (54, Тхьэмокъуэ Барэсбий) Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   щызэщIэлыдэрт,   зиутхыныпщIщ, къиуфэрэзыхьри. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I. Хьэрф у – р макъ дэкIуашэу къыщыкIуэр зыхэт псалъэхэр щIэт хъэн.   2. Бзу псалъэ зыхэт псалъэуха зэхэгъэувэн, пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.   ЩIымахуэ зэманыр       Гъэм   и   зэманхэу   декабрь,   январь,   февраль   мазищым   зэгъусэу   зэре   джэр щIымахуэщ.   ЩIымахуэм   уэс   къос,   псыхэр   мэщт.   Сабийхэм   IэжьэкIэ,   лъэрыжэкIэ къажыхь. Уэс гуащэхэр ящI. Уэс IэшкIэкIэ зэзауэу мэджэгухэр. ЩIымахуэм дыгъэ къепс щхьэкIэ   щIыр   къигъэхуабэркъым,   дунейр   щIыIэщ.   ЦIыхухэм   хуабэу   захуапэ   щIыIэ зэхамыгъэхьэн папщIэ. (42)   Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:    I.   Текстым   псалъэ   зэлъэбжьэгъухэр   къыхэгъуэтэн,   лъабжьэр къыхэгъэщхьэхукIын.   2.   Псалъэхэм   дэгъэхуа   хьэрфхэр   дэгъэувэжын,   къызэрапщытэж   псалъэхэр къахуэхьын: ад…къэкIэ ­ … , лэжь…кIуэфI ­ … , х…дэшхуэ ­ … , м…стэпэ ­ … , у… фэгу ­ … .    ЩIымахуэ ЩIымахуэм   дыгъэр   кIасэу   къыщIокI   икIи   пасэу   къуохьэж.   Абы   и   бзийхэм щIагъуэу уагъэхуэбэжыркъым. ЩIамахуэм уэс къос, псыр мэщт. Бжьыхьэм зи пщIащэхэр пылъэлъыжа жыгхэр пцIанэщи нэщхъейуэ къыпфIощI. Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щIыпIэ хуабэхэм   лъэтэжащ.   Хьэпщхупщхэр   щIы   щIагъым   щIэпщхьэжащ.   ЦIыхухэр   щIыбым щыщIэкIкIэ щыгъын хуабэ зыщатIагъэ, я унэхэри хуабэу ягъэплъ. (46)  Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   къуохьэж,   уагъэхуэбэжыркъым, щыщIэкIкIэ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I.   Хьэрф  пI,   тI  къапсэлъу  п,   т  щатхыр   къыхэтхыкIын,   ударенэ   тегъэувэн, зэрехьэкIын хуейм хуэдэу зэпыудын.  2. Текстым япэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.  ЩIымахуэкIэ  III четверть Щежьэжын хуей махуэр къэсащи щIымахуэр нэщхъеидзэщ. ФIэфIкъым икIын ди щIыпIэм. Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкъригъэнащи, зэм пшагъуэу зызэхеуфэ, зэми уэс пхъашэ кърепхъых.    ЩIымахуэр   йогупсыс   цIыхухэм   ягу   зэримыгъэзэгъам.   Январым   хузэфIэкIа щыIэкъым щIымахуэм. Ди аузхэм я дахагъэм, Iуащхьэмахуэ и уардагъым, ди къуршыпсхэм я   къабзагъэм   дихьэхри   щIымахуэм   ищIэн   хуеяхэр   IэщIэгъупщыкIащ.   (47,   Тхьэмокъуэ Барэсбий)  Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: нэщхъеидзэщ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн:   I.   Текстым   макъ   зэпэщIэзых  ы  хэту   псалъэ   къыхэгъуатэн.   Абыхэм   щыщзы псалъэр  пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ зэпкърыхын.   2.   Псалъэхэм   дэутIыпщыкIа   хьэрфхэр   къызэрапщытэж   псалъэ   къахьурэ кърегъэтхыкIын: н…щафэ ­ …, дж…бащхьэ ­ … , къ…мэкI ­ … , бжь…къуэпэ ­ … , в…кIуэлI ­ … .  ЦIыхугъэм и къэлэныр Къанкъуэщхэ зыдэса Дей къуажэм пэгъунэгъут зы жыг хадэжь. Гъэмахуэхэм деж а жыг хадэр къуалэбзухэм абгъуэкIэ щIагъанэрт. ЩIалэ къуейщIей цIыкIухэм а абгъуэхэр зэтракъутэрт.   Абыхэм   бзу   шырхэр   хьэфэ   мывэдзкIэ   къраудыхырт.   Абы   щхьэкIэ Ахьмэдхъан   щIалэжь   цIыкIухэм   яхэзэухьырт.   Абгъуэхэр   зэригъэзэхуэжырт.   Бзу   шыр къехуэхахэр къищыпыжурэ абгъуэхэм иригъэтIысхьэжу Ахьмэдхъан махуэ псом хадэм итт. (51, КхъуэIуфэ Хьэчим «Къуршыбгъэм и уафэр лъагэщ» повестым щыщ). Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   зэтракъутэрт,   къраудыхырт, мывэдзкIэ, зэригъэзэхуэжырт. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн.  I. Етхуанэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн.  2. Текстым псалъэ зэпыщIауэ тху къыхэтхыкIын.  Чэзур зейр Гъэмахуэ мазищыр икIат. Ауэ япэхэм хуэдэу махуэхэр уэфIт, дыгъэ къепст, хуабэт. И   пIалъэр   имыкIауэ   къыщыхъурт   гъэмахуэм.   Хуабэу   иджыри   зыкъомрэ   щигъэтыфыну игугъэт гъэмахуэм.  Бжьыхьэм ар идэртэкъым. Гъэмахуэм и пIалъэр куэд щIауэ икIауэ, зи чэзур езыр арауэ жиIэрт абы. Апхуэдэу гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ зэдауэурэ, щIымахуэр къэсри, тIури ирихужьэжащ.   Уэсыр   тепIэн   хужьу   щIылъэм   триубгъуащ.   Псы   ежэххэм   мыл   джанэхэр ящитIэгъащ.   Псоми   ятекIуа   дзэпщу   щIымахуэр   къэувыжащ.   (62,   Къагъырмэс   Борис «Iуащхьэмахуэ» журнал) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зыкъомрэ, псы ежэххэм. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн.  I. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ тепIэн псалъэр зэпкърыхын.  2. Макъ э къэдупсэлъу а щатх псалъэу текстым хэтыр щIэтхъэн.   Налшык паркыр   Къэбэрдей­Балъкъэрым и къалащхьэм дэсхэр ирогушхуэ  Налшык  паркым. Абы и лъабжьэр   минрэ   щийрэ   плIыщIрэ   блы   гъэм   игъэтIылъауэ   щы   тащ   ХьэтIохъушокъуэ ХьэтIэхъушыкъуэ.   А   паркым   абы   и   цIэри   нобэ   зэ   рехьэ.   Абы   итщ   жыгейхэр,   псейхэр, бзиихухэр, уэздыгъейхэр, пхъэхуейхэр, нэгъуэщI Iэджи.    Ди   щIыналъэр   дахэщ   икIи   къулейщ.   Абы   и   къулеягъ   нэхъыщхьэр   щыпсэу цIыхухэрщ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къыхэкIащ, ауэ зэгурыIуэ­ зэдэIуэжу мэпсэу ахэр. (59, Сонэ Абдулчэрим)  Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   ХьэтIохъушокъуэ   ХьэтIэхъушыкъуэ, бзиихухэр, къулеягъ, зэмылIэужьыгъуэ, зэгурыIуэ­зэдэIуэжу. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн.  I. Налшык псалъэр хэту псалъэуха зэхегъэувэн.    2.   Текстым   къыщыгъэлъэгъуа   жыгыцIэхэм   нэмыщI   ящIэхэр   пычыгъуэ   кIэ зэпаудурэ, ударенэ трагъэувэурэ егъэтхын.            Пщыхьэщхьэ Дыгъэ къухьэгъащIэм и бзийхэм къуршыщхьэм пшэ пIащIэхэр, къэдабэ плъыжьу къреIэ. Жьы тIэкIу къуршхэм къабгъэдэкIыу аузым къыдокIри занщIэу къуажэ уэрамхэм къыдохьэ.   Уэрамыкум   иту   ех   псыIэрышэр   макъ   щабэ   цIыкIухэмкIэ   мэIущащэ.   Абы къыщхьэщыт жыгхэм я тхьэмпэхэри мэщхъыщхъ. Iэхъуэм къикIыж былымхэр псы цIыкIум бгъурыту я унэ мэкIуэжхэр. Гур дихьэхыу дахащэщ ихъуреягъыр. (48)   Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къреIэ, псыIэрышэр, мэщхъыщхъ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн.  I. Ещанэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIегъэтхъэн.  2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ псыIэрышэ псалъэр зэпкърыхын. Адэм и пщы1эм Гъэмахуэ   мазэт.   Дыгъэ   пэзазэм   и   бзий   пщтырхэмк1э   щ1ыгушхуэм   и   тафэ   бейр къызэщ1игъаплъэрт.   Къуршхэри,   мэзхэри,   тафэри   нэщхъейхэт.   Уафэм   удэплъеймэ, Шыхулъагъуэр,   Вагъуэбэхэр,   Вагъуэбыныр,   Вагъуэзэшиблхэу   си   адэм   сигъэц1ыхуауэ щытахэр   къэслъыхъуэрт.   Абыхэм   сэ   нэ1уасэ   захуэсщ1у   сыхэлът.   Хьэжым   и   нэщхъхэр зэхэуфауэ,  и   набдзэ   тхъуа  к1ыхьхэр  дригъэуей–къригъэухыурэ  пхафэм  ириплъэрт.  (47, Щоджэнц1ык1у Алий) Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   пэзазэм,   къызэщ1игъаплъэрт, дригъэуей­къригъэухыурэ Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1.  Щы1эц1эрэ   плъыфэц1эу   зэгъусэ   псалъэ   зэпыщ1ауэ     текстым     тху къыхэтхык1ын. 2. Мэз псалъэм лъабжьэгъу къыхуэгъуэтын, я зэхэлъык1эк1э зэпкърегъэхын. Бжьыхьэ Зэпымычу уэшх щабэ  щ1ы1э къошх. Жыгхэм пщ1ащэ гъуэжьхэр жьым къыпеуд. Нэщ1 хъуа губгъуэр гъуабжафэщ. Къущхьэмышххэр тажьджэ нейхэм щот1ыгъуэ. Кхъужь т1ыгъуахэр ашык чэнжхэм ярылъщ. Шыпсыранэ гуэрэнхэр къурэ хъужащ. Абыхэм иджы укъасыжыркъым.   Бжьыхьэсэ   гуэдзыр   щхъуант1э   дахэу   къызэщ1эрыуащ.   Дэнэк1и щ1ымахуэ къэблэгъам и нэщэнэ щыболъагъу. (43, Елберд Хьэчим) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къущхьэмышххэр, тажьджэ.. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1. Щы1эц1эхэм мыхьэнэк1э къек1у плъыфэц1эхэр къыхуэхьын:  джэду, тхылъ, унэ, щ1акхъуэ. 2. Унэ псалъэм лъабжьэгъу къыхуэгъуэтын, язэхэлъык1эк1э зэпкърегъэхын.  Пт1ашэ и джэд Пт1ашэ   и   фызым   джэдлыбжьэ   ищ1ыну   и   гъунэгъур   къыщ1ыхьащ.   Джэдым   щыщ къыщ1ыхьам иригъэшхыну Пт1ашэ хуейтэкъэми джэдлыбжьэр къыпимыхыжыну и фызым нащхьэ хуищ1ащ. Фызри и л1ым ф1эл1ык1ри къыщ1ыхьар щысыху шыуаныр къыпихакъым. Гъунэгъури   1уэхуншэти   уэршэрурэ   жэщыр   хэк1уэтэху   щысащ.   Ар   щ1эк1ыжу   шыуаныр къыщыпахыжам джэдлыбжьэр ф1амыщ1 ихъухьат. (45, Къардэнгъущ1 Зырамыку) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къыпимыхыжыну, уэршэрурэ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1. Псалъэ зэпыщ1ахэм мыхьэнэк1э къыпэщ1эуэ псалъэ къыхуэхьын: унэ лъахъшэ ­ …, мы1эрысэ гуащ1э ­ …, пэш къабзэ ­…, гъуэлъып1эщ1э ­… . 2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ шыуан псалъэр зэпкърыхын. Гъэмахуэ пщэдджыжь Пщэдджыжь нэхущым и маф1эм джабэпшэхэр хисхьащ. Жэщыр зыгъаблэу щытауэ вагъуэ   ц1у   ц1ык1ухэри   фэгъуащ.   Бахъэр   пшагъуафэу   щ1ы   щхьэфэм   теп1эн   зыхуищ1у техьащ. Хьэуа нэщхъыф1эм дэгуф1эу къуалэбзу ц1ык1ухэри ушащ. Жьы щабэ мащ1эр гум ф1эф1у   псыхъуэхэм,   мэзхэм   къыщопщэ.   Зэ1ущэщэжу   бабыщхэр   псы   гущ1ы1ушхуэм ныщосхэ. (41, Щоджэнц1ык1у Алий) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: джабэпшэхэр, гущ1ы1ушхуэм. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1.   Псалъэ   зэпыщ1ахэм   мыхьэнэк1э   пэгъунэгъу   псалъэ   къыхуэхьын:  щ1алэ нэщхъыф1э ­ …, ц1ыху гумащ1э ­ …, куэбжэшхуэ ­ … . 2. Текстым псалъэ зэпыщIауэ тху къыхэтхыкIын. Дзыгъуэ ц1ык1ум къи1уэтэжар Сэ   ду   щ1агъым   сыщ1эпк1эжыну   сыкъэжат.   Занщ1эу   зы   шынэгъуэжь   гуэр къызжьэхэлъэдащ. И лъэбжьанэхэр гъущ1 арэфым хуэдэт. Ахэр къысхи1уну хэтт. И пщэ къэрэкъэшым   пщэц   к1ыхьхэр   къеблэблэхырт.   Ахэри   шэрэзыжат.   Абы   зы   пэжь   пытти! Джатабгъуэ к1эщ1ым хуэдэт ар.  И жьэгъулыр, хъуржын плъыжьым ещхьу, къыщ1элэлырт езым. Нат1эпэ шынагъуи и1эт а гъуамэм. Абы и нат1эм пхъэхыдзэу дэхауэ ик1и плъыжьу зыгуэр тетт. (58, В.Жуковский) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: арэфым, къэрэкъэшым. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1. Плъыфэц1эхэм мыхьэнэк1э къек1у щы1эц1эхэр къыхуэхьын: плъыжь, щ1ы1э, жы1эда1уэ.          2. Япэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн. IV четверть Щ1ыгур къоушыж Мазитху енк1э уэсыр зи шхы1эну жея щ1ыгур нобэ къоушыж. Гъатхэф1 джанэр щ1ыгум   щит1эгъэнущ.   Уэсыр   дыгъэм   п1ащ1эу   егъэтк1уж.   П1ыщ1а   щ1ыгум   дыгъэр йодэхащ1э.   Ар   къогуапэу   уэгум   къиуващ.   Щ1ы   щхьэфэр   етхьэщ1   мес   уэсыпсым. Унащхьэми уэс лъэпкъ телъыжкъым. Уэсыпсыр толъадэ сэтейхэм. Гъэмахуэм псыхуэл1э имыщ1эу щ1ым псы1э и1эныр и гуапэщ. Удзыщ1эр куэд мыщ1эу плъагъунущ. Гъатхэф1ым 1уэхуф1к1э дыпожьэ. (55, Гъуэщокъуэ Хъусин) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къогуапэу. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1.  Щы1эц1эрэ   плъыфэц1эу   зэгъусэ   псалъэ   зэпыщ1ауэ     текстым     тху къыхэтхык1ын. 2.  Зэры­ , мы­  префиксхэр тэмэму щы1эц1эхэм пыгъэувэжын: (мы) шэнтмэ, (зэры) Сулът1аныр, (зэры) джэдур, (мы) Сэтэнеймэ. Шыдыжьымрэ дыгъужьымрэ Мащэжь   куум   дыгъужьыр   щокъугъ.   Абдеж   щыхъуак1уэ   шыдыжьыр   мащэм щхьэщохьэ.   Мес   дыгъужьыр   мэпыхьэ.   Гур   зыщ1игъэгъуу   къыхедзэ.   Гущхьэр   икъутэу мэлъа1уэ.   Щ1ы   ф1ыц1эр   гу1эу   къреч.   И   к1эт1иипц1эр   зэпеч.   Шыдыжьым   щхьэщэ къыхуещ1.   Лъэгуэжьэмыщхьэ   зыкъещ1.   Шыдыгур   щабэ   къищ1ыным   мыбэлэрыгъыу хущ1окъу. Шыдыр мэщатэ, мэхъу гухэ. Зэрысакъыпхъэр щогъупщэ. И пщэр дыгъужьым хуишийуэ   мащэбгъум   1уоувэ.   Пэм   дыгъужьыдзэр   къыф1онэ.   Дыгъужьым   шыдылк1э зегъэнщ1. Къупщхьэр пк1элъей ещ1ри мащэм къок1ыж. (60, Хьэнфэн А.) Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   щокъугъ,   к1эт1иипц1эр, лъэгуэжьэмыщхьэ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1. Япэ  псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн. 2.   Псалъэуха   мыубгъуар   псалъэуха   убгъуа   егъэщ1ын:  Щ1алэр   йоджэ.   Нанэ едыж. Тхылъыр телъщ. Щ1ыщ1эм 1уэхум дытогушхуэ. Хэкум дрогушхуэ. Щ1ыщ1эр къэт1этыну дынежьащ. Псоми дигу къыдож. Жьыбгъэми дэ дытож. Дэ 1уэхущ1эм нобэ дыхуежьащ. Ди дунейр мамыру, ерыскъыр   ди   уэру,   дыпсэуным   псори   дыхущ1окъу.   Щ1эныгъэ   пэрытрэ   ныбжьыщ1э къарук1э   щ1ыщ1э   губгъуэр   дэ   бэвылъэ   тщ1ынщ.   Жьыбгъэм   иримыщ1рэ   щхьэлъэф1ей зимыщ1у,   Дыщафэ   щхьэмыжхэр, пхъэщхьэмыщхьэ бэвхэр хэщ1ап1эщ1эм дэ къыщыддэхъунщ. 1эщыр изу тафэм, къуажэхэр дыщафэу щ1ыщ1эм щыфлъагъунщ. (58, Гъуэщокъуэ Хъусин)   гуэдз   лъэпкъыф1ыр   хэкум   хуэдгъэк1ынщ. Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   иримыщ1рэ,   щхьэлъэф1ей, хэщ1ап1эщ1эм, къыщыддэхъунщ. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1. Еханэ псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щIэтхъэн. 2. Текстым псалъэуха мыубгъуауэ хэтыр къыхэтхык1ын. Уэлбанэ нэужь Гъуэгур шы лъабжьэм кумб ц1ык1у ищ1ырт. Шыр щыщ1эц1энтхъуи къэхъурт. Щ1ы щхьэфэр   жыг   щ1агъым   дежи   щыпсы1эт.   Уэшхыпсым   итхьэщ1а   къэк1ыгъэхэм   пкъы къащ1эувэжат. Абыхэм иджы дыгъэпсыр яф1эф1 хуэдэт. Гъуэгум адэк1э къыщыт мэзыр нэщхъыф1эт. Тк1уэпс къабзэхэр п1ащэу етхьэщ1эха къудамэхэм ежэхырт. Ит1анэ ахэр пщ1ащэ гъуахэм хэк1уадэрт. Бзухэр уэрэд жы1энк1э зэпеуэ хуэдэт. Дэнэк1и щыплъагъур уэлбанэм   псэщ1э   зыхилъхьэжа   защ1эт.   Сэ   сф1эф1щ   щ1эх   теуж   уэлбанэхэр.   (59,   Лев Толстой) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: щыщ1эц1энтхъуи, пкъы. Лэжьыгъэ кIэрыдзэн. 1.  Щы1эц1эрэ   плъыфэц1эу   зэгъусэ   псалъэ   зэпыщ1ауэ     текстым     пл1ы къыхэтхык1ын. 2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ тк1уэпс псалъэр зэпкърыхын. Джэдумрэ бзумрэ Сэ жыг щ1агъ жьауэм сыщ1эст. Джэдури, 1уэху лъэпкъ имы1э хуэдэ, спэмыжыжьэу щыст. Ит1анэ ар хуэм дыдэурэ ежьащ. И нэхэр тедияуэ зыгуэрым еплъырт. Сэ ар зэщэм сеплъыну   зыс1этащ.   А   дакъикъэм   езыри   илъащ.   Сэри   занщ1эу   къэслъэгъуащ   абы къыжьэдэхута   бзу   ц1ык1ур.   Ар   сэ   абы   ерагък1э   къыжьэдэсхащ.   Бзур   у1эгъэшхуэ хъуатэкъым.   Ауэ   1ейуэ   къэщтат.   Сэ   ар   унэм   къэсхьащ.   Куэд   дэмык1ыу   абы зыкъиужьыжащ. (59, Ю.Яковлев) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къыжьэдэхута, 1ейуэ.                     Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.  1. Текстым щхьэ ц1эпапщ1э хэтхэр зэхэтхык1ын: Япэ щхьэ: Ет1уанэ щхьэ: Ещанэ щхьэ: 2. Жыг псалъэм лъэбжьэгъу къыхуэгъуэтын, я зэхэлъык1эк1э зэпкърыхын. Дадэ къыщыщ1ыгъар Дадэ   щыщ1алэм   мэзхъумэу   щытат.   Зы   махуэ   гуэрым   дадэ   лъэсу   мэзыр къызэхик1ухьырт.   Пщыхьэщхьэ   хъуауэ   ар   унэм   къэк1уэжырт.   Абы   езым   пэмыжыжьэу дыгъужь къугъ макъ зэхихащ. Асыхьэтым ар дыгъужьхэм къаухъуреихьу хуежьащ. Дадэ псынщ1эу уэздыгъей жыг иным дэпщеящ. Абы и пы1эр къудамэм ф1энэри къыщхьэричат. Жэщ псом дыгъужьхэр 1ук1ыжакъым. Дадэ зыщигъэхъейк1э, ахэр жыг лъабжьэм къежэрт. Нэхущым дыгъужьхэр бзэхыжащ. (55, В.Бианки) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къызэхик1ухьырт, къугъ, къаухъуреихьу, зыщигъэхъейк1э. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.  1.   Щы1эц1эхэм   мыхьэнэк1э   къек1у   плъыфэц1эхэр   къыхуэхьын:  жэм   …, шейщ1эт …, письмо …, пэгун …, мыщэ … . 2.  Дадэ  псалъэр   хэту   зэра1уатэ   псалъэуха   зэхэгъэувэн.   Абы   зэрыупщ1э, хэ1этык1а псалъэухахэр къытещ1ык1ын.  Къуажэр къоуш Къуажэр пщэдджыжьым зыхуэдэр флъэгъуа фэ? Пщэдджыжьым вагъуэхэр нэхущым фагъуэ  мэхъури  хок1уадэ.  Мазэри  вагъуэхэм  ещхьу  мэк1уэд.   Адакъэ   макъым  жейхэр къегъэуш. Къэушахэр псынщ1эу унэм къыщ1ок1хэри я пщэдджыжь 1уэхум пэроувэ. Пэгун зы1ыгъ   фызхэм   1уэмк1э   яунэт1.   Абык1э   жэмхэр   къыщобу.   Хьэуар   щ1ы1эты1эщ   ик1и къабзэ   дыдэщ.   Жыгхэри   къэушыгъащ1эу   зызукъуэдийм   хуэдэщ.   Хьэуа   къабзэмк1э затхьэщ1 къыпф1ощ1 абыхэм. Къуалэбзухэм я уэрэдыр зэпеуэу къраш. (56) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къэушыгъащ1эу, зызукъуэдийм. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.  1.   Епщык1ут1анэ   псалъэухам   и   пкъыгъуэ   нэхъыщхьэхэмрэ   ет1уанэ пкъыгъуэхэмрэ зэхэгъэк1ын, щ1этхъэн. 2.   Макъ  э  –   р   хьэрф  а  –   к1э   къызыщыгъэлъэгъуа   псалъэу   текстым   хэтыр къыхэтхык1ын, щы къыпытхэн. Нэщ1эпк1э Нэщ1эпк1эр   нэхъапэм   псы   1уфэ   пшахъуэм   хэлъащ.   Иджы   ар   си   къыдэгъэжым дэлъщ.   Ар   дадэ   Кавказым   и   тенджыз   1уфэм   къысхурихащ.   Нэщ1эпк1эм   къыздик1а щ1ып1эр   игъэгъуащэркъым.   Сэ   нэщ1эпк1эр   си   тхьэк1умэм   изохьэл1э.   Абы   псым   ищ1 1эуэлъауэм   ещхь   къо1ук1.   Тенджызыпсыр   Кавказ   1уфэм   къызэрык1эрылъадэр   уи   нэгу къыщ1егъэхьэ абы. Сэ абы ди унэм щ1эсхэр изогъэда1уэ. Абыхэм т1эк1у я нэхэр зэтеп1ауэ щагъэтщ. Ит1анэ тенджыз 1уфэм 1уту къыщыхъуу, жа1э. (60, А.Барто) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: къо1ук1, къызэрык1эрылъадэр. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн. 1.  Кавказ  псалъэр   хэту   псалъэуха   зэхэгъэувэн,   и   пкъыгъуэ   нэхъыщхьэхэр щ1этхъэн. 2. Пычыгъуэ, макъ, хьэрф елъытакIэ нэщ1эпк1э псалъэр зэпкърыхын. Джэджьейхэр Джэджьей   ц1ык1уит1ым   пщ1ант1эм   щ1акхъуэ   тыкъыр   къыщагъуэтат.   Гуэгуш шырыр абыхэм ябгъэдэлъэдащ. Абыи щ1акхъуэ ишхынут. Ауэ джэджьейхэм ядэну п1эрэ? Джэджьей   ф1ыц1эм   гуэгуш   шырыр   егъашхэ.   Джэджьей   гъуэжьым   ар   ф1эф1тэкъым. Щ1акхъуэр яримыкъунк1э шынэрт ар. Ауэ псори ф1ыуэ шхащ. Иджы джэджьей ф1ыц1эм зегъэщ1агъуэ. Гуэгуш шырыр зэрыздагъэшхар я анэм хуе1уэтэж. Джэджьей гъуэжьым зыри жи1эртэкъым.   Къуртыр   джэджьейхэм   къащытхъуащ.   Ауэ   зыгуэрым   хуэпщ1ам   щхьэк1э зумыгъэщ1эгъуэныр нэхъ ф1эф1у жи1ащ. (60, В.Расин) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зэрыздагъэшхар, зумыгъэщ1эгъуэныр. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.             1. Плъыфэц1эхэм  мыхьэнэк1э къек1у щы1эц1эхэр къыхуэхьын: … гъуабжэ, … ц1ык1у, … 1эк1уэлъак1уэ, … шыр.                 зэхэгъэк1ын, щ1этхъэн.   2.   Япэ   псалъэухам   и   пкъыгъуэ   нэхъыщхьэхэмрэ   ет1уанэ   пкъыгъуэхэмрэ  Цыжьбанэ Зэгуэрым сэ ди псы ц1ык1ум сы1утурэ сыдэк1уейрт. Къуацэ гуэрэным деж зыгуэр щыпэщащэрт. Сэ абы сыбгъэдыхьащ. Цыжьбанэу къыщ1эк1ынщ кшырыкъу лъапэк1э т1эк1у сыжьэхэуащ.   Цыжьбанэр   къысщышынауэ   къыщ1эк1ынукъым.   Ар   и   цы   банэхэмк1э   си шырыкъу   лъапэм къепыджыжащ. Сэ цыжьбанэм аргуэру селъэпэуащ. Ар псым хэхуащ. Фщ1эрэ   ит1анэ   къэхъуар?   Цыжьбанэр   занщ1эу   есу   хуежьащ.   Ар   есынк1э   1эзэу къыщ1эк1ащ. (59, М.Пришвин) Зи тхэкIэм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэхэр: зызэригъэпщхьэжат. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.  Псалъэ   зэпыщ1ахэм   мыхьэнэк1э   къапэщ1эуэ   псалъэхэр   къахуэхьын:  1уданэ ф1ыц1э ­ …, шхын 1эф1 ­…, жыг ц1ык1у ­ …, ц1ыху хуэм ­… . 2. Джэд  псалъэм лъэбжьэгъу къыхуэгъуэтын, я зэхэлъык1эк1э зэпкърыхын. Гъатхэр къызэрык1уэр Пщэдджыжьым дыгъэр къепсырт, хуабэ дыди къэхъуат. Уэсри мылри къэтк1урт. Пщ1ант1эр гуэлым ещхь хъуат. Уэрамым псыхьэлыгъуэу ирижэхэм уебэкъуэфыртэкъым. Куэд мыщ1эу пшэ 1ув инхэр уафэгум къытозэрыхь. Дыгъэпсри къапхык1ыжыфыркъым. Щ1ымахуафэ   зыкъищ1ыжащ.   Пщ1ант1эм   псыуэ   дэтари   аргуэру   мэдииж.   Пщыхьэщхьэм мылыр   пхъафэу   псы   щ1ы1ум   трещ1эж.  Сэ   абы   белк1э   соуэ.   Псыр   мылым  къызэпхев. Жэщыр щ1ы1эу мак1уэ. Пщэдджыжьыр аргуэру уэф1щ. Аргуэру уэсми мылми выжыным щ1адзэжащ.  (59, А.Барто) Зи   тхэкIэм   щхьэхуэу   щыгъуэзапхъэхэр:   уебэкъуэфыртэкъым, къапхык1ыжыфыркъым, мэдииж. Лэжьыгъэ к1эрыдзэн.  1.  Щ1ымахуэ    псалъэм   лъэбжьэгъу   къыхуэгъуэтын,   я   зэхэлъык1эк1э зэпкърыхын. 2. Си къуэш нэхъыщ1эм жэм пэхур къехуж псалъэухар псалъэ лъэпкъыгъуэк1э зэпкърыхын.

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)

Тексты диктантов по кабардинскому языку (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
26.02.2018