Предлагаемые тексты позволяют не только проверить знания учеников в четверти, полугодия, при закреплении или повторении изученного материала, но и носят обучающий характер, позволяют потренироваться. Принимая во внимание, что школы работают по разным учебным программам, уровень подготовленности учеников может быть разным, тексты диктантов соответствуют требованиям .Тексты изложений по кабардинскому языку (3 класс)
Изложенэхэр (3 класс)
ХъумпIэцIэджымрэ тхьэрыкъуэмрэ
ХъумпIэцIэджыр псым Iухьащ ефэну. Псыр къыщIэуэри ар ирихьэжьащ.
Псы Iуфэм Iут тхьэрыкъуэм хъумпIэцIэджыр зэритхьэлэр илъагъури, и жьэм
жьэдэлъ шхийр хухидзащ. Шхийм дэпщейри хъумпIэцIэджыр псым къыхэпщыжащ.
Тхьэрыкъуэм ещакIуэу абдеж щыса лIыжь цIыкIум хъы идзащ. Хъыр идзри
тхьэрыкъуэр къиубыдащ. Ар зылъэгъуа хъумпIэцIэджыр жэри щакIуэм и лъакъуэм
едзэкъащ.
ЩакIуэр и лъакъуэм щепхъуэжым тхьэрыкъуэр къащтэри
лъэтэжащ.Арати хъумпIэцIэджым къыхуищIар хуищIэжащ.
ФIы пщIэмэ, фIы къыпокIуэж. (Елберд Хьэсэн)
Мыщэрэ КIущэрэ
Мыщэ хьэпшыр цIыкIуу къыщахьам, КIущэ илъэс ирикъуат. Ар пIащэт, и
цыпэ фIыцIэр цIурт, егугъуу ялъэщIам хуэдэу. КIущэ и нэ гъуабжитIым гуфIэу
къригъэжыхьырт. Мыщэ зпщIантIэм дэт джэдхэм яхэлъадэрт, зэ ми шкIащIэм и
ужьым иувэрти ину, и ныбэр зэризыр къапщIэу ебэнырт. Ауэ щымэжалIэм деж ар
нэщхъейт, унагъуэм исхэм щыщ гуэр илъэгъуамэ, абы еубзэебзейуэ, икIэр
игъэпIэжьажьэрт, темыпыIэжу и нэгум иплъэрт, зыгуэр къритыну пэплъэу.
КIущэ игу ирихьыртэкъым хьэпшырыр шхынщIэлIэу зэрыщытыр, ар тIэкIу
зэрымыукIытэр. Мыщэ бгъэдыхьэрти зыхузэкIэщIишырт. АрщхьэкIэ Мыщэ ар
къыфIэIуэхутэкъым. Ар хьэлэболэжь цIыкIути иджыри къыгуры Iуэртэкъым
укIытэ жыхуаIэр. Абы псом нэхърэ нэхъыщхьэу къилъытэр мымэжалIэмэ арат.
(Къагъырмэс Борис)
Мастэмрэ щIыIумрэ
ЩIыIур тхьэусыхэрт, мастэм зыхуигъэгусэу: «ЛэжьапIэфI къыпхуэзгъуэ
тащ жыпIэри Iуданэ быдэкIэ джанэбгъэм сибдащи, зызгъэхъей мыхъужу,
хуитыныгъэ гуэри симыIэжу сыкъэнащ. Ар гъащIэ сытми! Уныбжьэгъу пэжу
сигугъами сыкъэбгъэщIэхъуащ.
Абы и жэуапу мастэм моуэ жеIэ: «Узахуэкъым, щIыIу. Тэмэму егупсысыт
Iуэхум: уэ зыщIыпIэ дежи уимытамэ, минрэ ущхьэхуитами, хэтыт къыпхуейр? Зы
сэбэпынагъ гуэри уиIэнтэкъым, адэкIэмыдэкIэ укъыдахуу уи дунейр пхьынт.
Иджы лэжьыгъэ уиIэщ, Iуэхуншэу ущыткъым, уи къэлэнри хъарзынэу уогъэзащIэ.
Аращи зумыхъунщIэ, ущымыуэ».Ауэ гугъукъэ уакъыл мащIэмэ! ЩIыIум иукъуэдиящ хуит ящIын хуейуэ.
ИкIи ящIащ – джанэм къырачыжри хыфIадзэжащ. Иджы абы уэшхри къытошхэ,
уэсри къытосэ, къэзыхъумэн гуэри иIэкъым. ЩIыIур щIегъуэжащи зэрыта джанэр
къелъыхъуэж. Куэдрэ игу къокIыж абы и бгъэм лындыжу щита зэманыр…
(Къагъырмэс Борис)
Кърумрэ Бажэмрэ
Бажэм кърур хьэщ1эу иригъэблэгъащ. Хьэщ1э шхыну абы кхъуейжьапхъэ
хуищ1ат. Ауэ ар къызэрытрагъэувар тепщэч п1ащ1э дыдэт. Кърур тепщэчым
иу1уэрт. Ауэ шхыныр абы къы1эрыхьэртэкъым. Бажэм езым ишхыжащ
кхъуейжьапхъэр. Кърур щык1уэжым, бажэм къелъэ1уащ езыри хьэщ1эу хуэк1уэну.
Ет1уанэ иахуэм бажэр к1уащ. Кърум лыбжьэ гъуэзэджэ ищ1ащ. Ар кхъуэщын щхьэ
зэвым илъу къытригъэуващ. Бажэр шхэну гузавэрт. Арщхьэк1э абы и щхьэр
кхъуэщыны1у зэвым ихуэнт? Арыххэу и гуры1упсыр къажэу къэк1уэжащ. Абы
лъандэрэ а т1ур хьэщ1ап1э зыхуэк1уэжыркъым. (Псысэ)
Бажэмрэ щыхьымрэ
Бажэр псым ирихыну щыхьым елъэ1уащ. Щыхьым абы и хьэтыр илъэгъуащ.
Псым зэрик1ыу бажэм къаз хъушэр зэтри1ущ1ащ. Хуэшхыр ишхащ. Фызхэм
къазхэр зыгуэрым къызэрырихуэк1ым гу лъатащ. Ауэ бажэр ягъуэтыжакъым.
Щыхьыр яубэрэжьащ абыхэм. Псы къик1ыжып1эм деж щыхьым бажэр
къыщы1ущ1эжащ. Щыхьыр абы и гъусэр къигъанэу зыщ1игъэпщк1уамк1э еупщ1ат.
Ф1ыуэ шха нэужь, зигъэпщк1уу зимыгъэпсэхуу мыхъу жи1ащ бажэм. Ар щыхьым
зытригъэт1ысхьэжри псым къыхыхьэжащ. Псыкум деж щыхьыр ет1ысэхащ. Ф1ыуэ
яубэрэжьа нэужь, псым хэмыгъуалъхьэу мыхъуу жи1ащ абы. Бажэр псым
итхьэлащ. (Псысэ)