Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)
Оценка 4.7

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Оценка 4.7
Мероприятия
docx
русский язык
4 кл
03.03.2018
Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)
Непосредственно образовательная деятельность осуществлялась в соответствии с конспектом. Конспект составлен самостоятельно, в соответствии с задачами основной общеобразовательной программы, соответствующими данному возрасту детей. В соответствии с содержанием применялись наглядные, словесные, практические и игровые методы. Были подобраны наглядные и игровые пособия, которые стимулировали и активизировали деятельность детей, побуждали к мыслительной деятельности.Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)
Маф1ащхьэтыхь.docx
«Маф1ащхьэтыхь» ­ адыгэ тхьэлъ1у. (классщ1ыб лэжьыгъэ 2­4 кл.) «Маф1ащхьэтыхь» зэ1ущ1эр щ1ек1уэк1ым и мурад нэхъыщхьэхэр: 1. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын ижь­ижьыж лъандэрэ адыгэхэм илъэсыщ1эр къыщихьэ махуэр (гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэр) зэрагъэлъап1эу щыта щ1ык1эм; 2.   Адыгэ   хабзэ   дахэхэм   ц1ык1ухэр   щ1эп1ык1ын,   нэхъыжьхэми,         нэхъыщ1эхэми хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу ахэр гъэсэн; 3. Ц1ык1ухэм я адыгэбзэ къабзэм зегъэужьын, хъуахъуэк1э, гушы1эк1э дахэхэр яхэлъу ахэр къэгъэтэджын; Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэм адыгэхэм ирагъэк1уэк1ыу щыта джэгук1э хьэлэмэтхэр ц1ык1ухэм егъэщ1эн. Егъэджак1уэ: Сэлам гуапэ фыдох ди тхьэлъэ1ум кърихьэл1а псоми. Фи махуэ ф1ыуэ! Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы  зэман блэк1а куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Дунейм и п1алъэ зыщ1эу псэууэ щыта пасэрейхэм  къащ1энащ нэщэнэ куэд, 1эзагъ, 1эмал, гурыхуагъэ, гулъытэ ин. Абы зы л1эужьым ейр  адрейм хилъхьэжурэ щ1эныгъэу зэф1эуващ, зиузэщ1ащ, зиужьащ. Пасэрей      ц1ыхухэр  зэреджар тхылъкъым. Абы и егъэджак1уэр гъащ1эрт, дуней зытетырт. Абы и щыхьэтщ  мыпхуэдэ нэщэнэхэр: «Мэзыр 1ууэ щ1идзамэ, дунейр къызэ1ыхьэнущ», «Щыц уэс къесмэ,  узэрысым уимык1», «Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ» нэгъуэщ1хэри.  Апхуэдэ нэщэнэхэр игу ириубыдэк1эрэ, дунейм хуэ1эзэ хъук1эрэ ц1ыхум и зэф1эк1ым  зригъэузэщ1ырт, гъащ1эм хуэ1эижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищ1ыр, дауи, дунейм  и къэхъу­къащ1эхэрт. Япэ щ1ык1э адыгэхэм илъэсыр 1ыхьит1у ф1эк1а яугуэшу щыта­къым гъэрэ щ1ырэ, гъэмахуэ   п1алъэрэ   щ1ымахуэ   п1алъэрэ.   Абы   и   щы­хьэтщ   «Гъэрэ   щ1ырэ   зэхэк1ащ» щ1ыжа1эри.   Иужьк1э   илъэсыр   1ыхьипл1у   иращ1ык1   хъуащ:   гъатхэ,   гъэмахуэ,   бжьыхьэ, щ1ымахуэ. Илъэсыр 1ыхьипл1у зэрагуэшыр адыгэхэм ирапхырт Вагъуэбэ жыхуа1э Вагъуэ быным. «Вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ащ» жа1эрт махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щы­хъум и деж. Ар   март   мазэм   и   21­22­махуэрт.   «Вагъуэбэр   щ1ым   къыхэп­лъащ»   жа1эмэ,   гъэмахуэм щ1идзэрт.  «Вагъуэбэр жыг щхьэк1эм хыхьащ» жа1эмэ, бжьыхьэр къэсат, «Вагъуэбэр щ1ым хыхьэжащ»,   жа1эмэ   абы   щыгъуэ   щ1ымахуэт.   Иджы   псоми   къызэрыдгуры1уащи,   адыгэ илъэсы­   щ1эр къэсащ. Вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ащ.  Дунейр    къощ1эрэщ1эж, къоушыж. («Мы дунейр сэращ зейр» уэрэдыр еджак1уэхэм жа1э) Еджак1уэ: Маф1ащхьэтыхь. Те1уа тхьэлъэ1ущ. Илъэсыщ1эр къыщихьэм ящ1ырт. А махуэм ц1ыхухэр зэхуэсрэ тхьэм хъуэхъур хуагъэшу, гъавэ бэв къаритыну, я маф1ащхьэ мысэхыжрэ я жьэгу пащхьэм берычэтыр щызэблахыу псэук1э къаритыну елъэ1ухэу щытащ.  Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 жэщым, унагъуэм ису хъуар ини, ц1ык1уи жейртэкъым. Ужейуэ илъэсыщ1эр   къибгъэхьэну   мыф1у   ялъытэрт.   Илъэсыщ1эм   щхьэк1э   1энэ   къащтэрт.   Абы 1эмал имы1эу телъын хуейт хъыршынищ. Мэл, вы домбей яук1ырт, ауэ 1эмал имы1эу джэд ф1ыц1э яу­к1ырт. Ат1э, дэри Тхьэм делъэ1унщ гъэ дызытехьэр угъурлы тхуэхъуну. Еджак1уэ:  Уэ, жылэ махуэу Тхьэм и нэф1ыр зыщыхуэнхэ! Зэхэзыххэр фыкъэда1уи, Адрейхэм тхуажеф1эж! Нобэ дэ ди гуф1эгъуэшхуэщ! Нобэ дэ ди тхьэлъэ1ушхуэщ! Тхьэлъэ1ушхуэ дэ зэтщ1эк1ыр. Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1ырщ! Маржэ, фынежьэ! Маржэ,фынак1уэ! Фынытхуеблагъэ! Фынытхухэт! Еджак1уэ:  Нэхъыжьхэм я псалъэ фыщедэ1уэнщ! Нэхъыщ1эхэм я джэгум дыздыхэтынщ! Нэхъ 1ущхэр къыщынэхуэнущ! Нэхъ лъэщхэр щызэхэк1ынущ! Къэфэнухэри ди куэдщ! Уэрэдк1и дыбейщ! Лэкъуми дгъэжьэнущ! Тыхь джэдри щы1энущ! Псори хьэзырщи, Дызыхуеижыр мы зырщ Фынытхуеблагъэ! Фынытхуеблагъэ!                                                                                                              Уэ жылэ махуэу, Тхьэм и нэф1ыр зыщыхуэнхэ! (Псори 1энэм мэт1ысхэр). (Тхьэмадэм зыхуегъазэри). Ф1ык1э Тхьэр зэтэну, Еджак1уэ:                                                                                                                                                                  Нэхъыжь зыгъэлъап1эм И щхьэ лъап1э мэхъур, Арщи, япэ хъуэхъур, Лъыдогъэс тхьэмадэу Къытхэтыну ныбэ Дэ дызыщыгугъым! Ди тхьэмадэ лъап1э! Хъуэхъум я нэхъыф1ыр Щыпхуагъаф1эу я псэм, Псори къыпхущытщи, Езэш дымыщ1эжу Жып1эм дедэ1уэнущ. Дынолъэ1у­къытхыхьэ, Тхьэр зи гъуазэ хъун! (Тхьэмадэр   утыку   къохьэ,   абы   махъсымэ   фалъэ   1эщ1агъэувэ.   Тхьэмадэм фалъэр 1этауэ и1ыгъщ,  мэхъуахъуэ). Тхьэмадэ:  Мы гъэщ1э дызытехьэр тхуэмахуэу,                                  Ди 1уэхухэр къыдэхъул1эу, Ди хъуэхъухэр тхуэзащ1эу, Ди щ1алэхэр л1ыпхъэу, Ди хъыджэбзхэр нэмысыф1эу,                                                                                                        Нэхъыжьыф1хэр ди куэду, Мык1уэдыжыр ди тхыдэу, Мис мыпхуэдэу дызэхыхьэрэ, Тхьэм ф1ык1э делъэ1уу, Дыщ1елъэ1ур къытхуищ1эу, Тщ1а хьэрычэтым берычэтыр къыхилъхьэу, Ди гуэн итлъхьэ зэпыту, Къыхэтх пэтми хэмыщ1у, Зэтещ1ыщ1эр ди 1энэу, Дянэхэм я гур мамыру, Мамырыгъэр тщхьэщыту,  Ет1анэгъэ п1алъэ  Тхьэм ф1ык1э дынигъэс! (Махъсымэм хофри, фалъэр етыж). («Хъыджэбз къафэ» ц1ык1ухэр къофэ) Егъэджак1уэ:   Гъэрэ   щ1ырэ   щызэхэк1   махуэм   шэджагъуэ   хъухук1э   къешх­   къесу щытрэ, шэджагъуэ нэужьым дыгъэ къепсыжмэ, гъэр гъэф1, гъэ угъурлы хъуну жа1эрт. Ат1э иджы дедэ1уэнщ   мы илъэсыщ1э дызытехьэр сыт хуэдэ хъунуми.  Еджак1уэ:  «Гъэрэ щ1ырэ»  Гъэщ1эр гъэжьым езэуащ, Пщ1ант1эпс 1эджи къыпхихуащ. Махуэр и бгым щынэсам, Пэщ1эщ1эгъуу къылъысам, Пэмыхъуну къыщищ1эжым  Гугъэу и1эр щыхихыжым, Гъэжь губзыгъэм зэрихабзэу, Уафэ иныр игъэкъабзэщ, Уэсыжь къомыр зэщ1икъуэжщ, И бгыр ф1ыуэ щ1икъузэжщ, Дыгъэ тхъуэплъыр къиутыпщыжри, Гъэщ1эм и 1эр иубыдыжри,  Еуэщ абы ежьэжащ, Гъэрэ щ1ырэ зэхэк1ащ… Иджы бзум къраш уэрэд, Нани къехь маф1эщхьэджэд. 1ут1ыж Б. («Си   нанэ»   уэрэдыр   жа1э.   Нанэ   къохьэ   маф1ащхьэджэдыр   и1ыгъыу; мэхъуахъуэ). Нанэ:  Нобэ мы ди зэ1ущ1эр             Ялыхь угъурлы щ1ы.             Адыгэ хэкур вэгъ­зэгъ унагъуэрэ             Зэгъунэгъуит1ыр дызэхуэзэшу,             Мылъкуу ди1эр хэдгъахъуэу,             Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,             Губгъуэу ди1эр бэвылъэу, Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу,            Гукъеуэр зэдэтшэчу            Ет1анэгъэ п1алъэм            Тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс! Егъэджак1уэ:  Нэхъыжьым   и   псалъэ   дедэ1уащ,   иджы   нэхъыщ1эхэм   зы   хъуэхъук1э зыкъыфхуагъэзэнущ. Дяпэ идгъэщ щымы1эу, Лъэуджыдж тхэмыту,              1ей тхэтыныр ди жагъуэу,       Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,Упсэу, жьыщхьэмахуэ ухъу! (Сабий мэхъуахъуэ).   Мы 1энэр къэзыухуар Илъэс мин псо псэуамэ, Гукъеяуэ имы1эу, И 1эм насыпыр къыпыщу, Къыпыщэщрэ игуэшу,  Жылагъуэм ялъысрэ Хэхэсми къелыжу   Ди тхьэ, апхуэдэу гъэпсэу! Егъэджак1уэ: Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1ыу маф1ащхьэтыхьк1э Тхьэм щыхуэупсэ махуэр  щ1алэгъуалэм нэхъыф1 дыдэу ялъагъу тхьэлъэ1ухэм ящыщт. Еш ямыщ1эжу ахэр джэгухэрт, зэпеуэрт, хьэрхуэрэгъу зэхуэхъухэрт. Мыхьэнэшхуэ я1эт а джэгук1эхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэк1э,     акъыл  къыхахырт, къарууф1эхэу,   1эчлъэчу,   л1ыхъужьхэу   къэхъунымк1э   сэбэпышхуэ   хъурт.   Ауэ   сытми зэхэлъадэртэкъым ахэр, апхуэдэу джэгу   ехьэжьа  щызэхашэнум и деж. Щ1алэхэм ящыщ зы 1уащхьэм   дэк1т,   и     щхьэщыгум   къиувэрти,   къэсахэр   къызэщ1и1этэрэ   къэмысахэр къыхуриджэу «Хъуромэ» жыхуа1э джэгузэхэшэр къыхидзэрт. («Хъуромэ» джэгузэхэшэр жа1э. Сабийхэр утыкум къохьэ). 1. «Дэ къегъэжэх» джэгук1эм мэджэгу. 2. Къарук1э зэпоуэ. 3. «Пы1э къуэдзэ» (джэгук1э) Еджак1уэ:  Ди тхьэлъэ1ур и к1эм нэблэгъащ, Шэч хэмылъу фэри т1эк1у фешащ. Ауэ мы зы закъуэмк1э долъа1уэ: Тхьэлъэ1у зэхуэщ1 хъуэхъум фыкъеда1уэ. Ди Тхьэу, Тхьэшхуэ!                              1. Гъэщ1э дызытехьэр махуэ тхуэхъуну! 2. Хъуэхъурэ хъерк1э ар ехьэк1ыну! 3. Мы илъэсыщ1э дызыхыхьэм щыщ1эдзауэ ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэ махуэ хъуну! 4. Ди нэхъыщ1эф1хэр ф1ыгъуэ нат1эу псэуну! 5. Къуэхэр адэ­анэк1э хьэлэлу щытыну! 6. Пхъухэр адэ­анэк1э щабэу щытыну! 7. Адэ­анэхэм я напэр тезых бын къэмыхъуну! 8. Мылъкук1э нэпсейхэр мащ1э дыдэ хъуну! 9. Щ1эныгъэк1э нэхъуеиншэхэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуну! 10. Мамырыгъэ гъащ1эрэ щ1эблэ узыншэрэ къыдэхъул1эну! 11. Сыт щыгъуи лъагъуныгъэ къабзэрэ ныбжьэгъугъэ нэсрэ ди1эну! 12. Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм дагуры1уэу, дахуэгуапэу дыпсэуну! 13. Щ1эблэр  щ1эныгъэм дихьэхыу еджэну! 14. Ди балигъхэр лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу, берычэт къайхъул1эу лэжьэну! 15. Дэтхэнэ зы лъэпкъ унагъуэми хэщ1 зым и п1эм пщ1ы къихъуэжурэ дыбэгъуэну! 16.   Лъэпкъыбзэр,   хабзэр,   тхыдэр,   диныр,   фащэр,   шхыныгъуэ   гуа­к1уэхэр къэгъэщ1эрэщ1эжыным ди ц1ыху псори жыджэру хэтыну! 17.   Илъэсыжь   едгъэжьэжым   нэщ1эбжьэу,   гукъеуэу,   гугъуехьу   щытлъэгъуахэр, дызытехьэ илъэсыщ1эм хуэдэ минк1э нэхъ мащ1э хъуну! 18.   Илъэсыщ1э   къытхуеблагъэм   гъэжьым   щытлъэгъуа   гуф1эгъуэхэр,   гукъыдэжхэр, дэрэжэгъухэр,   ехъул1эныгъэхэр,   абы   дыщызыхущ1экъуа   нэмысыр,   ц1ыхугъэр,   насыпыр, хабзэ   дахэр,   гущабагъэр,   гукъабзагъэр,   бзэ1эф1ыгъэр,   культурэр   хуэдэ   минк1э тхуэбэгъуэну! 19. Ди нэхъыщ1и, ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур зым къищтэжу, гуф1э тхъэжу зыдэпсэу Тхьэм жи1э! «Илъэсыщ1э» (уэрэдыр жа1э). «Къафэ» (ц1ык1ухэр къофэ).                         Гушы1эхэр. (еджак1уэхэм жа1э) Зэныбжьэгъуит1 зэхуэзати, зыр и Хьэм щытхъурт: ­ Пщ1эрэ, си хьэр газет йоджэфыр. Адрейм жэуап къретыж: ­ Сощ1э, си Хьэм къызжи1эжащ.   Зэныбжьэгъуит1ыр аргуэру зэхуэзащ:   Зым же1э: ­   Си   хьэр,   щ1ыбым   къыщик1ухьауэ   къэк1уэжа   нэужь,   уэзджынэр   негъэзури,   бжэр ху1узох. ­   Сэ   си   Хьэм   уэзджынэр   нигъэзуркъым,   ­   же1э   адрейм.   Абы   езым   1унк1ыбзэ1ух и1ыгъщи, бжэр 1уех. Егъэджак1уэм еджак1уэхэм лэжьыгъэ яритащ: псалъэуха къэс глаголитху хэту псалъэуха  т1урыт1 фтхы.        Мурат       ц1ык1у         мыпхуэдэу       итхащ: « Мамэ мэпщаф1э, унэр зэлъы1уех, мэдыжэ,  мэжьыщ1э, ету тредзэ». «Папэ машхэ, тутын йофэ, газет йоджэ, телевизор йоплъ, мэжей». (Егъэджак1уэм хьэщ1эхэм, ц1ык1ухэм хъуэхъу псалъэк1э захуе­гъазэ) Лъэпкъыр   лъэпкъ   зыщ1ыр,абы   и   къэк1уэнур   зэпхар   мис   мы   щ1эблэ   къытщ1эхъуэр арщи, мы илъэсыщ1э дызытехьэм щыщ1эдзауэ дэтхэнэ зы ц1ык1уми: Я узыншагъэр куэду, Я акъылым хэхъуэ зэпыту, Дэрэжэгъуэр я куэду, Гуф1эгъуэ фыщамыгъащ1эу, Хабзэр ящымыгъупщэу, Псэун тхьэм ищ1ыну,

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)

Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Маф1ащхьэтыхь" (1-4 классы)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
03.03.2018