Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)
Оценка 5

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Оценка 5
Руководства для учителя
docx
русский язык
4 кл
03.03.2018
Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)
Уровень самостоятельного мышления школьников, их познавательную активность, уровень усвоения и первичного закрепления нового материала я оцениваю как хороший. На мой взгляд, этот урок послужит толчком, опорой для дальнейшей познавательной деятельности учеников. Качественную оценку деятельности школьников я делала по ходу урока. Я думаю, что она послужит стимулом для дальнейшей познавательной деятельности школьниковДифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)
Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр адыгэбзэ урокым.docx
«Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр адыгэбзэ урокым къызэрыщызгъэсэбэп щ1ык1эр». (Педагогический опыт) I. Педагогическэ опытым и презентацэ. Фыкъызогъэблагъэ си мастер классым. Абы и темэр «Дифференцированнэ  бгъэдыхьэк1эр адыгэбзэ урокым къызэрыщызгъэсэбэп щ1ык1эр»  Мурадыр:  1.  Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эм теухуауэ къэзгъэсэбэп формэхэм,     методхэм теухуауэ езгъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм си дэлэжьэгъухэр щыгъуазэ щ1ын; 2.  А бгъэдыхьэк1эм сабийхэр зыхуигъасэр, ф1ыуэ хэлъыр, ныкъусаныгъэу кърик1уэр   ябгъэдэлъхьэн. Къэбгъэсэбэп л1эужьыгъуэхэр: сурэтхэр,сабийхэм я еджэк1эр зэреф1ак1уэр  къэзыгъэлъагъуэ диаграммэ,щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр зэрыт карточкэхэр,  интерактивнэ доскар,компьютер,проектор, дискхэр.              «Нанэ и псэ,дадэ и бзэ»  Нало Заур Сэ си нанэр папэм  янэщ, И псэр адыгэпсэщ. Сэ си дадэр папэм ядэщ, И бзэр адыгэбзэщ. Адыгэпсэ, нанэ и псэ, Сыту упсэ дахэ! Адыгэбзэ, дадэ и бзэ, Сыту убзэ дахэ! Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр? Ар йопсалъэ Дыгъэм. Сыту ф1ыщэт уэ, ди Дыгъэр, Узэрыадыгэр! Ди жагъуэ зэрыхъущи адыгэбзэм хухэха сыхьэт бжыгъэхэр иужьырей илъэсхэм  зэхэпщ1эу нэхъ мащ1э хъуащ. Сабийм тэмэму удэлэжьэну зэман бгъуэтыркъым. Ди  сабийхэм адыгэбзэр ящыгъупщэжынк1э шынагъуэ щы1эщ. Ц1ыхур зыхуейр бзэм къри1уатэ къудейкъым, абы къыдэк1уэу ар гупсысэм и 1эщэ хьэлэмэтщ. Лъэпкъ зэхэщ1ык1ым  зезыгъэужь, ар езыгъэф1ак1уэ, нэхъ лъагэ зыщ1 1эмэпсымэ телъыджэщ. Ц1ыхум и  акъылыф1агъыр, и зэхэщ1ык1­гупсысэм и кууагъыр къызэрыпщ1эр, къыбжезы1эр абы и  псалъэрщ. Абы и щ1эгъэкъуэн хъун папщ1э ди школым лэжьыгъэшхуэ щок1уэк1. Пэщ1эдзэ  классхэм ди1эщ кружок «Си Къэбэрдей Балъкъэр» жыхуи1эр. Абы сабийхэм къыщащ1э ди къэралым теухуа 1уэхугъуэ куэд. Адыгэ хабзэр нэмысыр яхэпщауэ щ1эблэ ц1ык1ухэр  къэгъэтэджыным долэжь. Предметнэ тхьэмахуэхэр идогъэк1уэк1. Абы ипкъ итк1э   ек1уэк1а конкурсхэм  хэта си еджак1уэхэм япэ увып1эри  ещанэ увып1эри сочиненэ  зэхэлъхьэнымк1э, япэ увып1эр усэ гъэхуауэ жы1энымк1э  къыщахьащ.  Си темэм и актуальнагъэр мыпхуэдэщ: Япэрауэ щ1эныгъэ егъэгъуэтыным и мыхьэнэ нэхъыщхьэр зытеухуар щ1эблэщ1э  къэхъур дызыхуэк1уэну гъащ1эм хуэгъэхьэзырынырщ. Ет1уанэрауэ дыщыпсэу  л1эщ1ыгъуэм и к1эм зэхъуэк1ыныгъэшхуэхэр зэман к1эщ1ым къриубыдэу къэхъуащ   технологием инновацием ехьэл1ауэ. А зэхъуэк1ыныгъэхэм ц1ыхум зригъэщхьын,  зыдригъэк1ун хуей мэхъу. Абы ухэту, убгъурыту ук1уэн папщ1э уи щ1эныгъэм, уи  зэф1эк1ым зебгъэужьын ебгъэф1эк1уэн хуейщ. Егъэджак1уэ сабийхэм я узыншагъэм,  я  щ1эныгъэм, я зэхэщ1ык1ым щхьэк1э гузавэм къелъыхъуэ, нэхъ гъэщ1эгъуэну, нэхъ тэмэму  щ1эныгъэр зэрыбгъэдилъхьэн 1уэхугъуэхэр. Бзэр сабийр зэребгъаджэ 1эмал къудейкъым,  ат1э узэрыпсалъэ, щ1эныгъэм  хозыгъэщ1ык1, узыгъэгупсысэ, зозыгъэужь 1эмэпсымэщ.  Мыхьэнэшхуэ и1эщ сабий къэс бгъэдыхьэк1э щхьэхуэ къахуэбгъуэтыным,  я  зэф1эк1ыр къанэ щымы1эу къагъэлъэгъуэфын , еджэным я нэр къыхуик1ыу,ик1и еджэфу  хъун папщ1э. Абы къыхэк1к1э сэ си урокхэм къыщызогъэсэбэп: кроссвордхэр, ребусхэр,  анограмэхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, я зэхэш1ык1ым, гупсысэм зезыгъэужь  лэжьыгъэхэр, къэхутэныгъэ зыхэлъ бгъэдыхьэк1э, системнэ – деятельнэ бгъэдыхьэк1э,  щхьэзакъуэ бгъэдыхьэк1эхэр. Щхьэзакъуэ бгъэдыхьэк1эм и зы 1эмалщ  дифференцированнэ егъэджэныгъэр. Ди школым и темэри, методическэ объединенэм  и  темэри, си темэри ехьэл1ащ апхуэдэ егъэджэныгъэм. Абы папщ1э сабийхэр  зэрызыщхьэщык1 псори зэплъытын хуейщ.               Дифференциация ­жи1эмэ, псор зэхуэмыдэ 1ыхьэк1э, теплъэк1э гуэшын,  зытещыпык1ын  жи1эу  арщ.  Япэ дыдэу дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр къыщежьар хамэ къэралхэрщ. Абы и  зэхэублак1уэр К.Роджерсыр арщ. Иджырей зэманым абы йолэжь щ1эныгъэл1 гуп:   Н.И.Алексеевыр,Е.В.Бондаревскэр,И.С. Якиманскэр, В.Д. Шадриковыр.         Дифференцированнэ лэжьэк1эм и къалэн нэхъыщхьэщ сабийм езым и щытык1эр и  зэф1эк1ыр на1уэ щ1ыныр абы зиужьынымк1э, еф1эк1уэнымк1э дэ1эпыкъуныр. Апхуэдэ  бгъэдыхьэк1эр сэбэп мэхъу  сабий къэс и зэф1эк1ыныгъэр къыщ1эгъэщыным, ик1и нэхъ  куууэ  зегъэужьыным. Дифференцированнэ егъэджэк1эм и мурад  нэхъыщхьэр хуэгъэзащ  зи еджэк1эр нэхъ лъахъшэ сабийуэ хъуам быдэу гъэува щ1эныгъэ нэхъ мащ1э дыдэхэр  зэрагъэгъуэтыным, нэхъыф1у еджэхэм я щ1эныгъэр, зэхэщ1ык1ыр егъэф1эк1уэным.         Класс   к1уэц1ым   дифференцированнэ   бгъэдыхьэк1эр   къэбгъэсэбэпын   папщ1э   этап зэмыл1эужьыгъуэхэм упхык1ын хуейщ:     1. Диагностикэ егъэк1уэк1ын;  2. Диагностикэр зэриухам и  куууагъыр къэбгъэсэбэпурэ сабийхэр гуп­гупу гуэшын;  3. Сабий гупхэм зэхуэмыдэ лэжьыгъэхэр яхуэгъэхьэзырын; 4. Дифференцированнэ   бгъэдыхьэк1эр   урокым   и   пкъыгъуэ   зэмыл1эужьыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпын; 5. Сабийхэм   я   лэжьыгъэхэр     къэпщытэн   хуейщ.   Абыхэм   я   ехъул1эныгъэм   теухуауэ зыхыхьэ гупхэм, лэжьыгъэхэм захъуэжынк1э хъунущи. Дифференцированнэ   егъэджэк1эр   къызэзгъэпэщын   щхьэк1э,   сэ   си   классым къыщызогъэсэбэп щхьэзакъуэу, гупу, т1урыт1у зэгъусэу лэжьэк1э  щытык1эхэр.         Сабийхэр   я   зэхэщ1ык1ыр,   еджэк1эр,   зырызэщхьэщык1ым   теухуауэ   гуп­гупу зэхызогъэк1.  Япэ гупым хохьэ  сабий нэхъыф1у еджэхэр, зи зэхэщ1ык1хэр нэхъ лъагэхэр.  Ет1уанэ гупым хохьэ ику иту еджэ сабийхэр.        Ещанэ гупым хохьэ зи зэхэщ1ык1ыр, зи еджэк1эр нэхъ лъахъшэ сабийхэр.   Сабийхэр   апхуэдэу   щ1эзгуэшым   и   мыхьэнэр   я   зэф1эк1ыныгъэм   теухуа   къэлэн яхуэзгъэуву,  ар   зэрызэф1агъэк1ын   условие   езгъэгъуэтын,   зэпымыууэ   я  щ1эныгъэр   нэхъ лъагэ хъууэ зы гупым къик1ыу адрей гупым к1уэн папщ1эщ. А методыр классми, унэ лэжьыгъэ щестк1и, класс щ1ыб лэжьыгъэхэмк1и  къэзгъэсэбэпурэ си ехъул1эныгъэхэр нэхъ лъагэ хъуащ.  Мыпхуэдэ 1уэху бгъэдыхьэк1эр сэ сэбэп къысхуохъу дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эм къыхэк1ыу   щхьэ   закъуэ   лэжьэк1эм   сабийр   хуэгъэк1уэнымк1э,   федеральнэ стандартыщ1эмк1э   еджэным   хуэгъэхьэзырынымк1э.   Сэ   къызэрыслъытэмк1э,   псори къызыщ1эпкъуэжмэ   мы   дифференцированнэ   бгъэдыхьэк1эм   ф1ыуэ   куэд   зэрыхэлъым ещхьыуи ныкъусаныгъэ гуэрхэр хэлъщ. Ф1агъыу хэлъхэр:   Сабийхэм я щ1эныгъэм теухуауэ зыщхьэщыбогъэк1ыф. 1. Егъэджак1уэм   1эмал   егъуэт   нэхъ   къык1эрыхухэр   нэхъыф1у   еджэным хуигъэпэбгъэным. 2. «Сэ   ар   схузэф1эк1ынукъым»­   жызы1э   сабийхэр   трегъэгушхуэ,   я   зэф1эк1ым хегъахъуэ. 3. Нэхъыф1у еджэ сабийхэм я зэф1эк1ыр ирегъэф1ак1уэ. 4. Зи щ1эныгъэр зэхуэдэ сабий гупхэм хэтхэр нэхъ тогушхуэ. 5. Сабийхэр щхьэзакъуэу гупсысэу ирегъасэ. Ныкъусаныгъэу хэлъхэр:  1. Зи   зэф1эк1ым   темыгушхуэ   сабийхэр   нэхъ   къык1эрыхухэм   яхэхуэнк1э   мэхъу. Апхуэдэу   мыхъун   папщ1э   езы   сабийхэм   ящ1ыжыфыну   къащыхъу   лэжьыгъэхэр къыхызогъэх 2. Зэман куэд ток1уадэ егъэджак1уэм урокым зыхуигъэхьэзырыным. II. Иммитационнэ джэгук1э. Дифференцированнэ лэжьэк1эр къызэрызгъэсэбэпыр фэзгъэлъагъунщ. Фи пащхьэм илъ конвертхэм гуп къэск1э хуэгъэза лэжьыгъэ дэлъщи условием теухуауэ вгъэзащ1э.   Псалъэм папщ1э: Темэр: «Псалъэпкъым  Япэ  гуп . Фыкъеджэ. Текстым езэгъын  псалъэуха зыбжанэ дыщ1ывгъуж 1ыхьищ  хъун  хуэдэу. Хьэрф дэгъэхуахэр дэвгъэувэж. Текстыр фтхыи  ц1э ф1эфщыж.  э  ­мрэ зэрыщатхыр»  а  ­мрэ Къэбэрдей –Балъкъэрым и къ . лащхьэр Налшыкщ. Абы и хъуреягъыр д . хащэу щхъу.  нт1агъэм щ1игъэнащ. Налшык ц1эры1уэ ящ1ащ и зыгъэпсэхуп1э хьэлэмэтхэм, и еджап1э  зэмыл1эужьыгъуэхэм. Я узыншагъэр ирагъэф1эк1уэну, я нэгу зрагъэужьыну мыбы ц1ыху  куэд къок1уэ хамэ къэралхэми къик1ыу. Сэ ф1ыуэ солъагъу ди къ . лащхьэ  Налшык. Ирехъу ар илъэс къэск1э нэхъ дахэ!  Еф1ак1уэ, зыужь си Налшык къалэ! Ет1уанэ гуп .  Мулид ет1уанэ классым щоджэ. Абы пэжу  хуэтххэр лъабжьэм къыщык1уэ  макъзешэм ударенэ щытехуэм дежщ. Сыт хуэдэ псалъэхэра абы укъызыхуеджэ хъунур Щабэ1уэ,   гъуабжэ,   щабэ,   дахэк1ей,   хабзэ,   гъуабжа1уэ,   хабзэф1,   дахащэ,   пхъашэф1, щабэф1, пхъашэ, хабзэшхуэ, пхъашэщэ, гуащ1ащэ, дахэ, гуащ1абзэ, гуащ1э. Ещанэ гуп . (слайд № 23) Диктантым  псалъэ щыщ1этхъа  щыуагъэ зыхэтхэм къыхэгъэк1ын, пэжыр тетхэжын.    Анэм и теплъэм гуэпагъэм, щабагъэм, дэхагъэм  нэхъ хуэк1уэ дэнэ къипхын? Абы и мэм и гуэк1уагъым  къытек1уэн дыхумэ иджыри зыми къигупсысакъым. Анэм  сабийм хуи1э лъэгъуныгъэм и гуащ1агъымрэ сабийр зытехьа дунейм и дэхагъымрэ   щыщыгъупщэр ц1ыхун щигъэтыжа нэужь Хъэрзынэу лэжьыгъэм фыпэлъэщащ IV.Моделирование.  Фэзгъэлъэгъуа бгъэдыхьэк1эр нэгъуэщ1 темэм ехьэл1ауэ къызэрывгъэсэбэпыфым  девгъэплъыт.  Псалъэм папщ1э,  Ы­р макъ зэпэщ1эзыхыу къыщык1уэр. Япэ гупми, ет1уанэ гупми, ещанэ гупми макъзешэ Ы зэпэщ1эзыхыу къыщык1уэм теухуа лэжьыгъэ  зэхэвгъэувэфым девгъэплъ Фэста лэжьыгъэм хъэрзынэу фыпэлъэщащ. Гупхэм псоми лэжьыгъэр тэмэму  зэхэвгъэуващ. V.Рефлексия.  Нобэрей ди  зэ1ущ1эр  фигу ирихьамэ, фэзгъэлъэгъуа методыр  къэвгъэсэбэпынумэ фи пащхьэм  и лъ дыгъэ ц1ык1ур къэф1эт Фигу ирихьауэ,ауэ къэвмыгъэсэбэпынумэ дыгъэ ц1ык1у  пшэм къуилъафэр къэф1эт. Фигу иримыхьамэ пшэ ц1ык1ур къэф1эт. Си гуапэ хъуащ мы методыр зигу ирихьа,  къэзыгъэсэбэпын къызэрыфхэк1ар.          Псоми ину берычэт бесын вжызо1э! Фи узыншагъэр еф1ак1уэу, фынэжэгужэу, гукъыдэжыр фибэу тхьэм куэдрэ фигъэпсэ

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)

Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1э адыгэбзэ урокым (1-4 классы)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
03.03.2018