Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «Ахъмэт и фо изщ».
Мурадыр. Я бзэм, тхыбзэм зегъэужьын. Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и щ1ыналъэхэм я къулеягъыр ящ1эн.
Урокым къэдгъэсэбэпыпхъэр. Изложенэм и текст, интерактивнэ доска.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
1. Урокым зыхуэгъэхьэзырын.
2. Изложенэм елэжьын.
1) Изложенэм къахуеджэн.
Ахъмэт и фо изщ
Ахъмэтк1э еджэу, бгы лъагэ, бгъуэнщ1агъ зищ1ыжу, Къущхьэхъу щ1ып1эм
щы1эщ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизк1э куэду бжьэр исщи, абы ящ1 фор гъэмахуи щ1ымахуи бгы гъуанэм къит1эт1у, изу, жа1э. Ауэ апхуэдизк1э бгыр лъагэщи, фор къипхыну 1эмал хуэбгъуэтыркъым. Бгы лъабжьэмк1э ущежьэу удэк1ыфыркъым. Бгыщхьэмк1э к1апсэк1э укъехмэ, ар бгъуэнщ1агъыу щытщи, фор зэрылъым унэсыркъым. Абы фо щыкуэд щхьэк1э, ар къызэрумыхыфым теухуауэ псалъэжь къэхъуащ: «Ахъмэт и фо изщ», жа1эу. Абы къик1ыр – ф1ыгъуэ 1эджэ щы1эми, уэ къыплъымысмэ, сыт и мыхьэнэ – жи1эу арщ.
2) Зи тхык1эм щхьэхуэу щыгъуэзапхъэ: кавычкэхэмрэ тирехэмрэ (щ1агъэува щхьэусыгъуэм темыпсэлъыхьу).
3) Интерактивнэ доскамк1э Къущхьэхъу бгы лъагэхэр ядогъэлъагъу.
4) Текстым интерактивнэ доскам иту къыдогъаджэ.
5) Упщ1эхэм жэуап ирыдогъэт:
а) Ахъмэт бгыр сыт хуэдэ, здэщы1э щ1ып1эри дэнэ?
б) Бгышхуэм и джабэм исыр сыт?
в) Сыт абы фор къыщ1рамыхыфыр?
г) Сыт хуэдэ псалъэжь къэхъуа а бгым теухуауэ?
6) Текстым план хуэгъэувын.
1. Ахъмэт бгыр.
2. Бжьэхэм ящ1 фор.
3. Бгым къытехъук1а псалъэжьыр.
7) Планымк1э текстыр къыжегъэ1эжын.
8) Изложенэр егъэтхын.
9) Ятха изложенэм къегъэджэжын.
© ООО «Знанио»
С вами с 2009 года.