Бзэрабзэ, бзэрабзэ, си адыгэбзэ
Оценка 4.8

Бзэрабзэ, бзэрабзэ, си адыгэбзэ

Оценка 4.8
Разработки уроков
docx
чтение
3 кл—7 кл
10.06.2024
Бзэрабзэ, бзэрабзэ,  си адыгэбзэ
1. 1уэры1уатэр зищ1ысыр ц1ык1ухэм къагурыгъэ1уэн. 2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын адыгэ 1уэры1уатэм и жанр нэхъыщхьэхэм (таурыхъхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм, джэгук1эхэм, усэрыбжэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм). 3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун 1уэры1уатэм и лъэпкъыгъуэхэм ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэра1эр(абыхэмк1э ц1ыхухэм дунейм и щэхухэр къызэрахутэр, емрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу зэрызагъасэр, я акъылым, я бзэм зэрызрагъэужьыр, я зэф1эк1хэр нэхъ ин зэращ1ыфыр).
бзэрабзэ си адыгэбзэ.docx

 

 

МКОУ «СОШ  им. Х.Т. Карашаева с.п. Верхний Акбаш»

 

 

 

 

Бзэрабзэ, бзэрабзэ,

 си адыгэбзэ!

 

 

 

 

 

 

Учитель начальных классов: Пшукова Римма Сафарбиевна

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Темэр: «Бзэрабзэ, бзэрабзэ,  си адыгэбзэ!»

 

«1уэры1уатэ» темэр пэщ1эдзэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм щаджым  деж,  егъэджак1уэм  и  пащхьэм  иригъэувэж  къалэнхэр  (мурадхэр):

1. 1уэры1уатэр зищ1ысыр ц1ык1ухэм къагурыгъэ1уэн.

         2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын адыгэ 1уэры1уатэм и жанр нэхъыщхьэхэм (таурыхъхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм, джэгук1эхэм, усэрыбжэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм).

3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун 1уэры1уатэм и лъэпкъыгъуэхэм ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэра1эр(абыхэмк1э ц1ыхухэм дунейм и щэхухэр къызэрахутэр, емрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу зэрызагъасэр, я акъылым, я бзэм зэрызрагъэужьыр, я зэф1эк1хэр нэхъ ин  зэращ1ыфыр).

4. Ц1ык1ухэр егъэсэн, хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ жа1эжыфу, псалъэжь зэхахахэр щыпсалъэк1э къагъэсэбэпыфу, джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э джэгуфу, нэщэнэхэмк1э ц1ыхум и хьэлыр, дунейм и щытык1энур къахутэфу, хабзэ дахэ зыхэлъ я ныбжьэгъухэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

 

           -Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ!

- Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущэм.  Февралым и 21-м  анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

       -Нобэ фи пащхьэм къитлъхьэну дыхуейщ ди литературнэ хьэщ1эщ «Бзэрабзэ, бзэрабзэ- си адыгэбзэ!» зыф1этщар.

 

                 Фыкъеблагъэ ,зи бзэр псэм  пэзыщ1у

                   Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э  псори,

                   Дэ  ди гуапэщ ди анэбзэр,  хабзэр,

                   Щ1ыхь  ин  хэлъу  къыддэвгъэлъэп1эну.

 

                   Фыкъеблагъэ ,зи бзэр  зыф1э1эф1хэр,

                   Ар  сыт  щыгъуи япэ изыгъэщхэр,

                   Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,

                   Гуапэу ди  зэ1ущ1эм  фыкъеблагъэ!       

 

                    Абгъуэм  къик1ыу  бзур лъэтэнум,

                   Хуейкъэ дамэр  ишэщ1ын?

                   Ц1ыхум  ц1ыхуу зилъытэнум ,

                   Хуейкъэ  и  бзэр  ищ1эжын?

 

Си умм ещхьыркъабзэу,

Бзухэр мэбзэрабзэ.

Си умм телъу зы уэрэд

Фыщ1эдэ1у, ныбжьэгъухэ.

Фигу кърих уэрэдым

Дигухэр ещ1ыр махэ.

  Уэрэд «Анэдэлъхубзэ»

 

Егъэджак1уэ: (хэзышэ псалъэмакъ).

Ини ц1ык1уи, зыужьыныгъэ хьэлэмэтхэр зы1эрызыгъэхьаи е къык1эрыхупаи иджык1э къэхутауэ щы1э лъэпкъхэм зыри яхэткъым зи 1уэры1уатэ зэзымыгъэпэща, ар зимы1э, пасэхэми иужьк1и ар зыубгъуауэ зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп.

Адыгэхэм я дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, л1ыгъэри. 1уэры1уатэм ныбжьышхуэ и1эщ. Абы лъэпкъым и ныбжьыр и ныбжьщ.

1уэры1уатэ псалъэр езыр къызэрыригъажьэ «1уэ» 1ыхьэм къик1ыр «жы1э» жыхуи1эу арщ. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, 1уэры1уатэм къик1ыр жы1эры1уатэщ.

Адыгэ 1уэры1уатэм къызэщ1еубыдэ нарт хьыбархэр, псысэхэр,  таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр нэгъуэщ1хэри.

 

Таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп-гупу зэрызэщхьэщык1ыр.

 

Адыгэ 1уэры1уатэм и куэдщ таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщ1аф1эщ, на1уэщ, шэрыуэщ.

Еджак1уэ:Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэ елъытак1э таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп – гупу зэщхьэщок1. Абыхэм нэхъ щытепщэщ бажэ, дыгъужь, мыщэ, адакъэ, бгъэ, пц1ащхъуэ нэгъуэщ1хэри. Мыпхуэдэ псысэхэр нэхъыбэу щаусар ц1ыхум щак1уэныр нэхъ и 1эщ1агъэу щыщыта зэман жыжьэр арщ. Хьэк1э-кхъуэк1эхэм теухуа псысэхэм щ1агъыбзэк1э къа1уатэр ц1ыхухэм я зэхущытык1эр, абыхэм я хьэл – щэнхэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ, бзаджэмрэ, 1эсэмрэ, пэжым и телъхьэмрэ пц1ыупсымрэ.

Еджак1уэ: Ет1уанэ гупым хыхьэхэр шыпсэу, удыгъэ зыхэлъу щытщ. Мыпхуэдэ шыпсэхэм къыхэщ ц1ыхухэми, псэущхьэхэми къалъэтыхь: уд фызыжьым куэд лъок1, благъуэм тенджызыр зы 1убыгъуэу иреф. Мыпхуэдэ псысэхэр щок1уэк1 псы щ1агъым, щ1ы щ1агъым, губгъуэ, мэз пхыдзахэм.

Еджак1уэ: Ещанэ гупым хыхьэ таурыхъхэр л1ыхъужьхэм, мылъку зэгъэпэщыным теухуащ.

Еджак1уэ: Епл1анэ гупым хыхьэхэр къэхъукъащ1эхэмрэ тхыдэмрэ теухуахэщ. Мыбыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы къэхъукъащ1э гуэрщ.

       Еджак1уэ: Етхуанэ гупым хыхьэхэр унагъуэм, быным, лэжьыгъэм, хабзэм теухуахэрщ. Мыбыхэм къыхощ бейхэмрэ тхьэмыщк1эхэмрэ яку дэлъа бэнэныгъэр.  Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ беймрэ тхьэмыщк1эмрэ, быдэмрэ хьэлэлымрэ, пэжымрэ пц1ымрэ.

Еджак1уэ: Еханэ гупым хыхьэхэр ц1ыхумрэ псэущхьэхэмрэ я зэхущытык1э къэзыгъэлъагъуэхэрщ. Мыбыхэм ц1ыхур гузэвэгъуэ ихуа нэужь, ар абы къыхэзышыр, дэ1эпыкъуэгъу къыхуэхъур зы псэущхьэ гуэрщ. Мыхэр къежьащ ц1ыхум псэущхьэхэр 1эрыгъасэ ищ1у щыхуежьа зэманым.

 

 («Зи бзэр зымыщ1эж щхэщытхъу» сценкэ къэгъэлъэгъуэн).

 

Лъэпкъым и гупсысэри, и дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Сабийм лэжьыгъэр ф1ыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ яхуищ1у, нэхъыщ1эм къыщхьэщыжу, л1ыгъэ, хьэл-щэн дахэ хэлъу къэтэджынымк1э псалъэжьхэм я пщ1эр ин дыдэщ.

Псалъэжьхэр зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ мыпхуэдэ гупурэ:

 

1. Лэжьыгъэм ехьэл1ахэр.

2. Ц1ыхум и дуней еплъык1эм епхахэр.

3. Хабзэм, нэмысым ехьэл1ахэр.

4. Ц1ыхум и хьэл-щэныр къэзыгъэлъагъуэхэр.

5. Гъэсэныгъэм, сабий п1ыным ехьэл1ахэр.

 

 Адэк1э феда1уэ псалъэжь зыкъом:

1. Зэхьэзэхуэр мэунэри зэижит1ыр мэунэхъу.

2. Нэхъыжь к1элъыджэркъым-к1элъок1уатэ.

3. Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ зэкъуэшщ.

4. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ, си Хэкужь сыщыл1э.

5. Куэд жызы1э нэхърэ, куэд зылэжь.

Къафэ 

Еджак1уэ: Щ1эблэр щагъасэк1э адыгэхэм 1эмал зэмыл1эужьыгъуэхэр къагъэсэбэпырт. Абыхэм ящыщ зыт джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэр. Сабийм и 1эпкълъэпкъым, акъылым, гупсысэк1эм зрагъэужьу, 1эрыхуэу, къарууф1эу ирагъасэу адыгэхэм я1эщ джэгук1э куэдхэр. Абыхэм ящыщщ: «Гъуэргъуапщк1уэ», «К1эн джэгу», «Пы1э къуэдзэ», «Хэш», «Жьынду», нэгъуэщ1хэри.

(«Хэш» джэгук1эм мэджэгу).

Къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр.

Егъэджак1уэ: Сабий 1уэры1уатэм и жанр гъэщ1эгъуэнхэм ящыщщ къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр. Джэгузэхэшэхэр е зэрабж усэхэр хьэлэмэту зэгъэк1уауэ зэхэлъщ.

(зэрызабж усэхэр).                                                                                             

           1. Инэмыкъуэ.

           2. Уэри-уэр.

           3. Зэк1.

           4. Унэку.

           5. Шэ фэндырэ.

           6. Инэ коп.

Джэгук1э.

 

Щхьэхынэм зэрыщ1энак1э щ1ык1эм фрагъэдэ1уэнущ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Уцэ щхьэц бапхъэ, кхъуейжьапхъэ 1упэ.

Бжьыпэ убыд, къаубыдыр зы1эщ1эк1.

К1элъэфыр зи дагъуэ, шэджагъуэрытэдж.

Джак1уэр зи жагъуэ, гъуагъуэр зи ныбэ.

Блэ шэрэз дыкъуакъуэ, ныкъуакъуэ бырт1ым.

Т1ымыжь гурывэ, жьэрывэ бзаджэ.

Къэудж адакъэ, къэдабэ джанэ.

Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ нат1э.

Т1энк1э мыщ1агъуэ, гъуэншэдж лъэпахъуэ.

Еджак1уэ:Усэрыбжэ.

Инэ, инэ, инэ мыкъуэ.

Мыкъуэ щхьэл,

Щхьэл къутэ,

Къутэрауэ,

Щауэ мыхъу,

Щауэ хъурзэ. 

Хъурзэ нат1э

Хьэ нат1ищ.

Л1ищ зыук1,

Зызук1ыж,

Аныргъагъ,

Лъэрыгъыпс,

Хьэнтхъупсафэ,

Псафэ екъу,

Къурей нак1уэ,

Нак1уи т1ыс, т1ыс, Аслъэн!

Еджак1уэ:Джэгузэхэшэ.

Уэ хъуромэ, хъуромэ,

- Уо, уо!

Уэ хъуроми токъу,

-Уо, уо!

Токъмакъ зи 1эщэ.

- У о, уо!

Зи 1эщэрилэ,

- У о, уо!

Елэн къэгъэши,

- У о, уо!

- Чышыр зи уанэ,

- Уо, уо!

Уанэ лъэгубгъуэ.

- У о, уо!

Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ,

- У о, уо! Девгъэджэгуажьэ!

- У о, уо! Девгъэжьэжыпэ!

- Уо, уо!

Еджак1уэ: Т1у зэзэуамэ ауан зэращ1ыр.

Мыстрэ Мыстрэ зэзэуа,

Мыст и нак1эр щ1ауда,

 Мыстыр щтэри щ1эпхъуэжа,

 Мыстхэ дежк1э дэлъэда,

Мыстхэ я хьэр къыхуилъа,

Лъейуэ пщ1ант1эм дэжыжа.

Жэк1э унэм къэк1уэжа.

Дзыгъуэ гъуэмбым и1эба

Апэсит1 къриха,

К1энфетит1 къищэхуа,

Езым псори ишхыжа!

П1и, п1и ишхыжа!

Еджак1уэ: Пц1ыупсым зэрыщ1энак1эр.

Мо щ1алэжьыр башыпэк1э мавэ,

И вым уанэ трелъхьэ,

И хьэр псафэ ешэ,

И шым вакъэ щет1агъэ,

Гъэшым шыгъу хедзэ,

Шху – п1астэрывэ,

Бжэ1упэ вак1уэ!

И тутыныр къурыкъу,

Къэрэкъурэр и баш

Шыпхъум и щхьэр еупс,

Пц1ы иупсу къек1ухь!

Къафэ

Псынщ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ.

Пщыхьэщхьэхэр абык1э зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу-щэ жы1эн хуейт.

Еджак1уэ:

  1. Нанэрэ дадэрэ зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж,

  зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж.

  2. Къепсыр къепсу

  Къепсыхыжри-

  Къепсыр, къепсри-

  Бзэхыжащ.

  3. Е семышу сезэша?

  Е сешауэ сызэша?

  4. Мо банапц1эм сыкъелъэ-сынелъэ,

  Мо банапц1эм сыкъепк1э-сынепк1э.

  5. Пылым пит1 пыт,

   Хьэмэрэ к1ит1 пыт?

  6. Мо бжэкъуагъым

  Къуэлъ жыхапхъэр

  Унащхьэмк1э

  Щхьэпрызут1ыпщык1,

  Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж,

  Щхьэпрызут1ыпщык1,

  Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж.

  7. Выжь къуагуэр

  Мэкъугум

  Гъуэгукум

  Щемыкъу.

  8. Сэралъп и алъпыр

  Мэлъэпэрапэ.

  Сэралъп и алъпыр

  Мэлъэпэрисэ.

  9. Джэдыгу гъуру

  Дыгъужьыжь,

  Ущыдыгъуэр дэнэ, щхъуэжь?

  10. Хъэндыркъуакъуэ щ1акъуэр,

  Къуанщ1э лъакъуэм щ1окъур.       

 Къуажэхьхэм  къагъэлъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъэр, и акъылыр и жанагъыр.

Еджак1уэ:

1. Вак1уэ дэк1ым к1элъоджэ, къаджэ-наджэу къек1ухь.

2. К1уэ пэтми, бжьиз зымык1у.

3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ, зауэл1ищэм я напэ.

4. Цыпхыдзэр зи пащ1э, хуэмып1ащ1эу дзыгъуащэ, гуащэ жьан т1эм дэмык1, зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу.

5. Дэнэ ук1уэми пк1эрымык1.

6. Башыпэ к1апсэ, к1апсэпэ мастэ.

7. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ.

8. Хэт къак1уэми ф1эхъус ирех.

9. Щабэрык1уэ, мэз к1уэрей.

(Къехыу: Нашэ-къашэ, хьэ лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумп1ыкъ» же1эри псым хопк1эж).                                

(Къуажэхьхэр къэщ1эн. Кроссвордым итхэн.)

 

Дунейм и п1алъэ зыщ1эу псэууэ щыта пасэрейхэм къащ1энащ нэщэнэ куэд, 1эзагъэ, 1эмал, гурыхуагъэ.

Зэпеуэ: (Еджак1уэхэр)

1. Джэдынэ зышхыр мастэнэк1э 1эзэ мэхъу, жа1э.

2. Дзэлыр пхъащхьэм хэплъхьэну ф1ыкъым, жа1э.

3. Ежьам к1элъыджэркъым, к1элъыгъыркъым, ар мыф1у ялъытэ.

4. Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэж хъунукъым-уздэк1уэр къомыхъул1эну ялъытэ.

5. Шур гъуэгу техьа къудейуэ и шыр пырхъамэ, къигъэзэжырт,    гъуэгур къемыхъул1эну илъытэрти.

6. Зыгуэр ишхыну ептарэ игъапсчэмэ, хьэлэл хуумыщ1ауэ къабж.

7. Ипщэк1э уафэр япэу щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэф1, бэв хъуну ялъытэ.

8. Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ.

9. Щ1ым уэск1э зимыгъэнщ1амэ, уэшк1э зигъэнщ1ыркъым, жа1э.

10. Хьэм удз ишхмэ, гъавэр бэв хъунущ.

Псалъэ шэрыуэ  куэди, псалъэжь куэди къыщыхьащ ди хьэщ1эщым. Ахэр дэ махуэ къэск1э къыддэгъуэгурык1уэу щытын хуейщ. Ит1анэ  ди лъэпкъым  дыхуэфащэу, нэмыс тхэлъу, хабзэр тщ1эуэ, емык1у къэдмыхьу, ди адэ-анэр  дгъэпэжу   дыкъэхъунщ.   

Ц1ыхугъэр, гуапагъэр ди адыгэ хабзэм щыщщ. « Хабзэ» псалъэм адыгэхэм деж куэд къызэщ1еубыдэ. Ди хабзэм яхэткъым жьгъейуэ къэплъытэ хъун, гулъытэ зыхуумыщ1ын. Ахэр ц1ык1уми инми ящ1апхъэщ. Хабзэ здэщымы1эм нэмыс щы1экъым, нэмыс здэщымы1эм нэсыпи щы1экъым, жи1ащ пэсэрейм. Абы къыхэк1к1э адыгэ хабзэм игугъу тщ1ырэ тщыгъупщэж мыхъуу сытым дежи зэрывгъэзэщ1эным фыхуыщ1экъун хуейщ.Ди тхыдэм щыц1эры1уэ л1ы 1ущ Къэзэнокъуэ Жэбагъы жи1эгъат: «Фиф1 фымыгъэпыуд, фи 1ей фымыгъэпщк1у». Мы псалъэхэм дыхуеущий ижьк1эрэ адыгэм къыдек1уэк1 хабзэф1 зетхьэну. Псом нэхъыщхьэр илъэс минхэм я уэсят лъэпкъыбзэращи, дыхуэвгъэсакъ, дывгъэхъумэ.  Нобэрей ди хьэщ1эщыр зэхуэтщ1ыжыну ди гуапэщ хъуэхъук1э.

 

                 ХЪУЭХЪУХЭР


1) Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, гуф1э тхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ.

2) Ди 1эр гуапэу къаубыду,

Демыблэжу ди гуащ1эм,

Гъащ1э дахэр нэхъ дахэж тщ1ыуэ,

Куэдрэ узыншэу

Дыпсэуну сохъуахъуэ!


Егъэджак1уэ. Нобэ къытхуеблэгъа, дызыгъэгушхуа ди хьэщ1э лъап1эхэм «Берычэт бесын!»

Хьэщ1эщыр адыгэ къафэк1э зэхудощ1ыж.


 

МКОУ «СОШ им. Х.Т. Карашаева с

МКОУ «СОШ им. Х.Т. Карашаева с

Темэр: « Бзэрабзэ, бзэрабзэ, си адыгэбзэ! » «1уэры1уатэ» темэр пэщ1эдзэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм щаджым деж, егъэджак1уэм и пащхьэм иригъэувэж къалэнхэр (мурадхэр): 1

Темэр: « Бзэрабзэ, бзэрабзэ, си адыгэбзэ! » «1уэры1уатэ» темэр пэщ1эдзэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм щаджым деж, егъэджак1уэм и пащхьэм иригъэувэж къалэнхэр (мурадхэр): 1

Дигухэр ещ1ыр махэ. Уэрэд «Анэдэлъхубзэ»

Дигухэр ещ1ыр махэ. Уэрэд «Анэдэлъхубзэ»

Лъэпкъым и гупсысэри, и дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ псалъэжьхэм

Лъэпкъым и гупсысэри, и дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ псалъэжьхэм

Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ нат1э.

Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ нат1э.

Апэсит1 къриха, К1энфетит1 къищэхуа,

Апэсит1 къриха, К1энфетит1 къищэхуа,

Мэлъэпэрапэ. Сэралъп и алъпыр

Мэлъэпэрапэ. Сэралъп и алъпыр

Ахэр ц1ык1уми инми ящ1апхъэщ.

Ахэр ц1ык1уми инми ящ1апхъэщ.
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
10.06.2024