Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)
Оценка 4.8

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Оценка 4.8
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
28.02.2018
Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)
Работа над скороговоркой способствует развитию интонационной выразительности речи. Словарная работа развивает внимание к авторскому слову, способствует глубокому пониманию произведения, умению работать с толковым словарѐм. Создание проблемной ситуации способствовало формированию умения высказывать свои мысли, развитию мышления, воображения. Использование словесного рисования способствует развитию мышления, воображения и речи детей. В своих ответах ребята применяют знания, полученные на уроке окружающего мира (межпредметные связи).Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)
Сказка Насып.docx
Темэр. «Насып» таурыхъыр. Мурадыр.  Сабийхэм   я   бзэм,   зэхэщIыкIым   зегъэужьын,   я   къеджэкIэр егъэфIэкIуэн.   IуэрыIуатэ   таурыхъхэр,   псынщIэрыпсалъэхэр,   къуажэхьхэр литературнэм   зэрещхьымрэ   къызэрыщхьэщыкIымрэ   теухуа   щIэныгъэ еджакIуэхэм   етын,   таурыхъым   хэлъ   гъэсэныгъэ   щIагъыбзэр   зыхегъэщIэн, нэмыс здэщыIэм насып зэрыщыIэм, хьэл­щэн дахэм цIыхур зэригъэщIэращIэм, зэгурыIуэр унагъуэм и лъабжьэу зэрыщытым сабийхэм я гупсысэр хуэшэн, хабзэ, нэмыс, гулъытэ зыхэлъ цIыхуу сабийхэр гъэсэн. Урокым   къыщыгъэсэбэпыпхъэр.   таурыхъхэр, таурыхъхэм теухуа презентацэр.     псысэхэр,  фильмыр,   паремиехэр   зэрыт   тхылъ   гъэлъэгъуэныгъэр,  Таурыхъым   тращIыкIа  Урокыр зэрекIуэкIынур. I. Сабийхэм я бзэм зегъэужьын. ЦIыхум и лэжьыгъэр и дамыгъэщ.     Гъэсэхъуар сэжыгъуейщ     Уи псалъэ гъэIэсэ, уи нэмыс гъэбыдэ.  Псалъэжьхэм    зэ «бзу бэзэру», зэ  хуэму,  зэ псынщIэу  къегъэджэн.  Дауэ къывгурыIуэрэ мы псалъэжьхэр? (Сатырищым я псалъэжь зырызщ. Сатырым тесхэр зочэнджэщри я гупсысэр зым къеIуатэ, гупсысэр нэсу къэIуэта мыхъуауэ къащыхъум, гупым хэтхэм е адрей гупитIым ящыщ сабийхэм гупсысэм дыщIагъу).  Хэт   мы   псалъэжьхэр   къэзыгупсысар?   (Ижь   зэманым   къежьауэ зэхуаIуэтэжурэ     ди   зэманым   къэсащ.   Къэзыгупсыса   цIыхум   и   цIэр белджылыкъым, IуэрыIуатэхэкIщ) II. Унэ лэжьыгъэр зэрагъэзэщIам зыщыгъэгъуэзэн. 1. Нало   Заур,   ХьэIупэ   ДжэбрэIил,   Щоджэн   Леонид   сымэ   зэхалъхьа псынщIэрыпсалъэ сабийхэм зэрагъэщIахэм къегъэджэн.  2. СыткIэ къащхьэщыкIрэ мы усакIуэхэм зэхалъхьа псынщIэрыпсалъэхэр IуэрыIуатэ   псынщIэрыпсалъэхэм?   (IуэрыIуэтэжурэ   ди   зэманым   къэса псынщIэрыпсалъэхэр къэзыгупсысахэр белджылыкъым, абыхэм я цIэр тщIэкъым,  сабийхэм къалъыхъуэу зэрагъэщIахэм авторхэр яIэщ.  3. Сабийхэм   къагупсыса   псысэхэр,   къуажэхьхэр,   псынщIэрыпсалъэхэр жегъэIэжын. 4. Доскам     тет   пхъуантэ   цIыкIухэм   къыхэхын     «IуэрыIуатэ»   жыгым   усэ,   (Пхъуантэхэм   тетхащ: фIэбдзэ   хъунухэр.   къуажэхь,   псынщIэрыпсалъэ,   Сабийхэм IуэрыIуатэхэкIхэм я цIэ зытет пхъуантэ цIыкIухэр «IуэрыIуатэ» жыгым   псалъэжь.   рассказ,       псысэ, 5. и къудамэхэм фIадзэ)   Гуп   лэжьыгъэ.     Пхъуантэхэм   дэлъ   хъугъуэфIыгъуэхэр   сабийхэм   (Пхъуантэхэм   дэлъщ   IуэрыIуатэхэкIхэр   зытет къыдегъэхын.   тхьэмпэхэр.   Абыхэм   яхэзэрыхьауэ   хэлъщ   автор   зиIэ   псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр.   Сабийхэм яфIэфI хъунущ езыхэм зэхалъхьахэр   пхъуантэхэм   къыдагъуэтэжым).   Пхъуантэхэм   дэлъын хуэмейуэ   сабийхэм   къалъытэ   тхьэмпэхэр   къыхегъэхын,   апхуэдэу къыщIалъытэр жегъэIэн.  ТемэщIэм елэжьын. II. 1. Таурыхъым и нэщэхэр сабийхэм ягу къэгъэкIыжын. 2. Псысэхэр, таурыхъхэр зэригуэш гупхэр зэхэгъэкIын. 3. Псысэ,   таурыхъ     сабийхэр   зэджахэр,   жаIэжу   зэхахар   ягу къегъэгъэкIыжын. Абы хэт лIыхъужьхэр   зыщIэкъур, насыпу къалъытэр къегъэхутэн.  4. Сабийхэм насыпыр зыхалъагъуэр, ар къазэрыгурыIуэр жегъэIэн. 5. «Насып»   таурыхъым   тращIыкIа     фильмым   сабийхэр   егъэплъын   (е   сабийхэр презентацэ   хуэщIауэ   таурыхъыр   къахуэIуэтэжын,   е   зыщыджэгу спектаклым еджакIуэхэр егъэплъын). Таурыхъым щыгъэгъуэзэн ипэ сабийхэм къалэн ящыщIын: зы гупым  ­ лIыжьым и хьэл­щэным кIэлъыплъын,   етIуанэ гупым ­  унагъуэм исхэм насыпу къалъытэр къэхутэн.  ещанэ гупым ­  нысащIэм и щытыкIэм кIэлъыплъын.  еплIанэ гупым – насыпым  и псэупIэ къыхэхыкIэм гу лъытэн. 6. (Таурыхъыр зытеухуам щыгъуазэ хъуа нэужь)  Гуп къэс яIа лэжьыгъэм теухуауэ жэуап егъэтын. 7. Таурыхъым хэт лIыхъужьхэм къезэгъ псалъэжьхэр  абыхэм я сурэтхэм и   щIагъым   кIэщIэгъэувэ   (   кIэщIэтхэ   е   тегъапщIэ).   Сурэтым   и   пIэкIэ лIыхъужьхэм я цIэр птхы хъунущ. Нэхъыжьыр гъэлъапIи уи щхьэ лъапIэ хъунщ. Псалъэ дахэр гу дахэщIщ. Уи псалъэ гъэIэсэ, уи нэмыс гъэбыдэ. УкIытэр нэгум щIэтщи, акъылыр бзэгупэм пылъщ. ЩIэр ягъэIущми, жьыр яущийрэ? Адэмыущий­анэмыущийуэ ущиекIэ Iэзэщ. Зэдэшхэ IэфIщ, зэдэфI унэщ. Дахэ нэхърэ – щIыкIафIэ, IэфI нэхърэ – гурыхь. Дыщэ зиIэ нэхърэ дадэ зиIэ. Былымыр уэсэпсщи, къокIуэри мэкIуэж. ШыIэ зиIэм насып иIэщ. ЗэгурыIуэ я Iуэху мэкIуатэ. ЗэдэпщIэ щIэхщи, зэдэпшхыр IэфIщ. ФIыгъуэм ефIэкIыжыр зэгурыIуэщ. Нэмыс зимыIэм насып иIэкъым. Зи Iуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит. Акъылыр нэмысщи, былымыр насыпщ. Лъэщ нэхърэ Iущ. Быныр зэрыпсэур адэжь мылъкукъым, адэжь акъылщ. Чэнджащэ щыуэркъым. Улажьэмэ, Iыхьэншэ ухъуркъым. Насып щIэкъуныр арщ насыпыр. ЗэгурымыIуэ гуIэгъуэ къешэ. 8. Псалъэхэм я мыхьэнэр псалъалъэхэм къыщегъэгъуэтын.  ЩIопщ, чын,  чэнджэщ, къулъшыкъу гъуэрыгъуурэ 9. Псалъэхэр къэзэрыгурыIуэр жегъэIэн.  ПщIэнтIэпс хьэлэлкIэ, жьыщхьэ махуэ, жьыщхьэ мыгъуэ, дибгына, и щIыб къытхуигъэза, къуэ дыдж.   III. Зэджар егъэбыдылIэн.  ТетрадымкIэ гъэлэжьэн. Лэжьыгъэ I­7. IV. Унэ лэжьыгъэ. Таурыхъым къеджэн. НэгъуэщI лъэпкъ таурыхъхэр ягу къагъэкIыжу «Насып» таурыхъыр сюжеткIэ зыпэгъунэгъур къахутэн. «Насып» таурыхъым къыщыгъэлъэгъуа адыгэ хабзэхэр къэхутэн. Таурыхъым хэтхэм   щыщу   адыгэ   хабзэм   ебэкъуахэр   къыжыэн,   зэбэкъуа   хабзэхэр къыжыIэн.   «ШыкъумцIий»   псысэм   къеджэн.   Псалъэ   гурыIуэгъуейхэм   я мыхьэнэр нэхъыжьхэм жегъэIэн,  псалъалъэхэм къигъуэтэн.

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)

Конспект урока. Кабардинская народная сказка "Насып" (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
28.02.2018