Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Оценка 4.6

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Оценка 4.6
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
01.03.2018
Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Гуэлым" Журт Б. (3 класс)
Анэ бгъафэ.docx
Темэр. Шыбзыхъуэ Мухьэдин  «Анэ бгъафэ». Мурадхэр. Сабийхэм я къеджэкIэр, я псэлъэкIэр  егъэфIэкIуэн. Мэзым, абы щыпсэу псэущхьэхэм, жыгхэм, сабийхэр къэзыухъуреихь дунейм теухуауэ яIэ щIэныгъэр   егъэбыдылIэн,   хэгъэхъуэн.   Дунейм   тет   псоми   зэпыщIэныгъэ зэраIэр, зым зэран ухуэхъумэ, адрей укъэзыухъуреихь псоми ар зэрылъэIэсыр сабийхэм   я   фIэщ   щIын,   къэзыухъуреихь   дунейр   хъумэным,   хэкур   фIыуэ лъагъуным  хуэхьэзыру зэрыпсэун хуейр зыхегъэщIэн.  ЩIэныгъэ лъыхъуэрэ къагъуэтар езыр езыру яджыфу, къащIам, зэджам я   еплъыкIэ   хуаIэу,   къэхутэныгъэ   лэжьыгъэхэр   ирагъэкIуэкIыфу,   жэуап   щапхъэкIэ   щIагъэбыдэфу, щаткIэ,   ар   нэхъ   наIуэ   къыпщызыщIын гъэлъэгъуэныгъэхэр   ягъэхьэзырыфу   сабийхэр   есэнымкIэ   лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIын.   Гупым   хэту,     щхьэзакъуэу,   нэхъыжьхэм   я   чэнджэщ къигъэсэбэпу   лэжьэфу   есэнымкIэ   сабийхэм   ядэIэпыкъун.     Адэ­анэм     я гулъытэм, лъагъуныгъэм бын зэхэщIыкIыр зэрыпэджэжын хуейр я фIэщ щIын, ар я хьэл­щэным хэпщэн.  Урокым ехьэлIапхъэр. I.  Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. I. «Ди мэзым» усэм еджакIуэхэр удихьэхыу  къегъэджэн, усэм къыщеджэкIэ абы   сабийхэм   хуагъэхьэзыра   IэрыщI   тхылъхэр,   презентациехэр,   сурэт   гъэ­ лъэгъуэныгъэхэр къегъэгъэсэбэпын. 2.  Усэм хуэгъэува  упщIэхэм жэуап ирегъэтын. 3. тетрадым ит упщIэхэм жэуап ирегъэтын, лэжьыгъэхэр зэращIыжам зыщы­ гъэгъуэзэн.  4.  Усэм хэт жыгхэм теухуауэ IэрыщI тхылъ цIыкIум иратхам къегъэджэ­жын. II. ТемэщIэм елэжьын. 1.Усэм къегъэджэн «бзу бэзэру» , макъкIэ  мыпIащIэу, макъкIэ псынщIэу,  макъкIэ удихьэхыу.  ЩIылъэм теткъым анэм нэхъ гумахэ, ЩIылъэм теткъым анэм нэхъ бэшэч. Анэр, нурыр къыщхьэщихыу, дахэщ, Къытомыхьэ уэ абыхэм шэч. Анэм и быдзышэр уэркIэ лъапIэщ. Уигу ихункъым ­ илъэс мини псэу! Анэм и Iэм хуэдэу щабэ, гуапэ Iэ  къытебгъуэтэнкъым дуней псом!                            Кулиев Къайсын  УпщIэхэм жэуап ирегъэтын  Сыт анэм щхьэкIэ жиIэр усакIуэм?  Фэ сыт жыфIэфыну фи анэхэм теухуауэ.  Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ псалъэжьыр дауэ къывгурыIуэрэ? 2. Фэ дауэ феплърэ «Анэ бгъафэ» зи фIэщыгъэцIэ тхыгъэр сыт зытеухуауэ щытынкIэ хъунур? 3. Рассказыр зытеухуа анэр мы къуажэхьым щыгъэпщкIуащ.  Уеплъмэ – банэ топ, И пэр умылъагъу»     (Цыжьбанэ) 4. Зым зыр къыпищэу сабийхэр тхыгъэм къегъэджэн, псалъэ гурыIуэгъуей­хэм я   мыхьэнэр,   рассказым   щеджэкIэ,   гъэбелджылын.  (ГурыIуэгъуей   сабий­хэм ящыхъуну псалъэхэмрэ абыхэм я мыхьэнэмрэ доскам итмэ, нэхъыфIщ.) 5.   Мы   рассказым   и   фIэщыгъэцIэ   пщIы   хъуну,   абы   и   гупсысэ   нэхъыщхьэр къиIуатэу   псалъитI зэпхауэ хэтщ. Ар къэвгъуэти фыкъеджэ. (Анэ жыхуаIэ­ ращ) 6. Анэгу­анэпсэ.   Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ ­  псалъэжьхэр дауэ къывгу­ рыIуэрэ? 7. Цыжьбанэ шырхэр сабийхэм унэм яхьам сыт къэхъункIэ хъунут? 8. Фи   нэгу   къыщIэвгъыхьэт   фэ   фысабийуэ     мэзым   зы   псэущхьэ   гуэрым фихьауэ. Абы ещхьщ дэтхэнэ псэущхьэми и Iуэхур. Сыт абы щхьэкIэ рассказым щыжыIар? (Щрепсэу, щребагъуэ ахэр зэса щIыпIэм. Природэм къахуигъэщIар псом нэхърэ нэхъыфIщ.) 9. Мы тхыгъэр сыт таурыхъхэм къызэрыщхьэщыкIыр? 10. Бицу Анатолэ и «Дахагъэ» усэм и едзыгъуэхэм къегъэджэн. ИгъащIэкIэ щакIуэкIэ уеджэ мыхъун Дахащэу щыхь бжьабэм зи фоч тезубыдэм, Бжэндэхъум уэрэдыр къыIэщIэзыудым... КIэлъыкIуэу псэ зэщэм, дэхуами апхуэдэр Къуэ зэвым ­ къысфIощIыр сэ сигу щIэмыгъун. Гъэгъуж зы къуршыпси ­ аузыр хъунщ нэщI, ПыупщI зы жыгыщIи ­ хъунщ мэзыр нэхъ фагъуэ. Зи гуапэр хэт уафэм ижыну зы вагъуэ Е щIым щыгъужыну зы удз ныкъуэгъагъэ? А псоми ­ уцIыхукъэ ­ гулъытэ яхуэщI.  11. Дыкъэзыухъуреихь   дунейм   псори   зэрыщызэпыщIам   сабийхэр тегъэпсэлъыхьын.     (Нэхъ   мащIэ   хъур,     кIуэдыжынкIэ   щIэшынэхэр   яхъумэ, ягъэбагъуэ, псори хуэсакъын хуэдэу «тхылъ плъыжьым»  иратхэ.) 12. 13. Авторыр къэзыухъуреихь щIыуэпсым  дауэ хущыту къыфщыхъурэ?  14. ЩIыуэпсым и дахагъыр къызэригъэлъэгъуа псалъэхэм фыкъеджэ. 15. Сыт хуэдэ Iэмалхэр къигъэсэбэпа тхакIуэм зытетхыхьыр ди нэгу нэхъ Рассказыр хэт и цIэкIэ къэIуэта? IупщIу,   зыхэщIэгъуафIэу   къыщIигъэхьэн   папщIэ?   (зэгъэпщэныгъэхэр, къэгъэпсэуныгъэр, …) 16. Сыт хуэдэ цIыхухэу къыфщыхъурэ Дат,  рассказыр къэзыIуэтэж щIалэ цIыкIур,  абы и ныбжьэгъу Толэ? Унэ лэжьыгъэ. I. Рассказым   къеджэн,   абы   хуэгъэува   упщIэхэм   жэуап   етын,   тетрадымрэ тхылъымрэ   рассказым   хуэгъэувауэ   ит   лэжьыгъэхэр   гъэзэщIэн.   Рассказым сурэт, презентациехэр  хуэщIын.

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
01.03.2018