Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

  • Разработки уроков
  • docx
  • 01.03.2018
Публикация в СМИ для учителей

Публикация в СМИ для учителей

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
Мгновенные 10 документов в портфолио.

Иконка файла материала Бжьыхьэ.docx
Темэр: Хьэх Сэфэрбий  «Бжьыхьэ»  Мурадыр:  ЕджакIуэхэм   я къеджэкIэр, бзэр егъэфIэкIуэн. Бжьыхьэм щIы­ уэпсым зэрызихъуэжым, абы епхауэ псэущхьэхэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ къахуихьым,   цIыхухэм   ирагъэкIуэкI   лэжьыгъэхэм     теухуауэ   сабийхэм   яIэ щIэныгъэм   хэгъэхъуэн.     Бжьыхьэм   и   зэхуэмыдэ   щытыкIэхэр   (и   дахагъэр, нэщхъеягъуэр)     усакIуэм   къызэригъэлъэгъуа   Iэмалхэм,  усэм   и   гъэпсыкIэм, бзэм и къулеягъым сабийхэр щыгъэгъуэзэн. Бжьыхьэм и гуакIуагъэр и теп­ лъэр, и  щытыкIэр сурэтыщIхэм, сурэттеххэм, макъамэтххэм къызэрагъэлъэ­ гъуам кIэлъыгъэплъын, псэкIэ  зыхегъэщIэн.  ЦIыкIухэм я бзэм зегъэу­жьын. ЩIыуэпсыр  фIыуэ ялъагъуу, хуэсакъыу яхъумэу сабийхэр гъэсэн. Урокым ехьэлIапхъэр.  «Бжьыхьэ» сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр,  компьютер  презентациехэр, усэ  едзыгъуэхэр, бжьыхьэм теухуа макъамэхэр. Урокыр зэрекIуэкIынур. I. Зэджа темэхэр къэпщытэжын. 1. ЩоджэнцIыкIу   Алий   и   «КIущэ   нагъуэ»   усэм   сабийхэр   удихьэхыу къегъэджэн.   Усэм   къыщеджэкIэ     абы   хуагъэхьэзыра   презентациер   е   сурэт хуащIахэр къегъэгъэлъэгъуэн. 2.   «Литературэ»   зи   фIэщыгъэцIэ   удз   гъэгъам   и   кIапщIийхэр   сабийхэм къыпегъэчын. Абыхэм ятет  упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ егъэгъэзэщIэн.  Къуажэхьхэм къеджэн, ахэр къэщIэн. Сыт къуажэхьхэм я къалэныр? (КIапщIийм къуажэхь зыщыплI тетын хуейщ)  Псалъэжьхэр я къежьапIэмкIэ нэгъэсыжын. Сыт псалъэжьхэм я къалэныр? (Псалъэжь зыщыплIым я щIэдзапIэ кIапщIийм  тетын хуейщ).  ПсынщIэрыпсалъэ   зыщыплI псынщIэрыпсалъэхэм я къалэныр?  ЗэгурыIуэ здэщыIэм насыпри щыIэщ.  Мыр зыхужыпIэ хъуну тхыгъэр уигу къэгъэкIыж. Тхыгъэм нэхъыщхьэу къыхэпха дерсыр къыжыIэ.  «ЦIыкIущ» ­ жыпIэу зумыпщыт, абы къылъыкъуэкIыну лIыгъэр пщIэкъым. Уи нэIуасэ хъуа лIыхъужьхэм ящыщу хэт мыр зыхужыпIэ хъунур? Сыт абы и   уигу   къэгъэкIыжи   къыжыIэ.   Сыт лIыгъэр къызыхэкIар? ДунейхэгъэгъуазэмкIэ   щIэныгъэр   щхьэпэ   зыхуэхъуахэр   хэт   сымэ.   Сыт хуэдэ дерс къыхэпха мы тхыгъэм. Сыт хуэдэ псысэм ещхь мы рассказым и сюжетыр? Сыт зэрызэщхьэщыкIыр а тIур?  ЦIыхухэм  зыгуэрым щIэнакIэу «пшынауэ Iэзэщ»  зыхужаIэнкIэ хъунур сыт хуэдэхэра? Сыт хуэдэ псэущхьэ «пшынауэ IэзэкIэ» узэджэ хъунур?  Сыт абы а цIэр екIуу къыщIэплъытэр? Сыт хуэдэ таурыхъхэм щыцIэрыIуэ ар?  Адыгэм   цIыхум   и   пащхьэ   къиувэ   къалэнхэм   нэхъыщхьэхэм   ящыщу къелъытэ къуэ зэгъэгъуэтыныр, жыг хэсэныр, унэ щIыныр. Сыту пIэрэ ахэр гъащIэм щынэхъыщхьэу къыщIалъытэр? А къалэныр зыгъэзэщIауэ къэплъытэ лIыхъужьыр зыхэт тхыгъэм  и фIэщыгъэцIэр  къиIуэ.  Анэм и лъагъуныгъэр и лIыгъэщ  ­ мыр зыхужыпIэ хъуну тхыгъэр зытеухуар кIэщIу къэIуэтэж.    СыткIэ зэщхь, сыткIэ зэщхьэщыкIрэ  IуэрыIуатэм хыхьэ таурыхъхэмрэ ди зэманым къагупсысахэмрэ.  Гъэм   и   сыт   хуэдэ   зэман   къыщыгъэлъэгъуар   Къагъырмэс   Борис   и   «Ди мэзым»   усэм,   «Насып»   таурыхъым,   «ШыкъумцIий»   псысэм,   Шыбзыхъуэ Мухьэдин и  «Анэ бгъафэ», «Мэзым» рассказхэм. (Гъэм   и   зэманхэм   я   нэщэнэхэмкIэ,   цIыхухэм   я   лэжьыгъэхэмкIэ, ТемэщIэм елэжьын. пхъэщхьэмыщхьэр къыщащып,  мэкъу щеуэ зэманхэмкIэ, …)  II. 1. Чуковскэм и «Бжьыхьэ» макъамэр щIэту бжыхьэм и сурэтхэр къэгъэлъэ­ гъуэн (компьютер презентацие,   кинофильм е сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къызэ­ гъэпэщын).     Ахэр   къызэрагъэлъагъуэм   хуэдэрэ,   сабийхэр   усэ   едзыгъуэхэм къегъэджэн. ЩыуэфIым деж телъыджэщ бжьыхьэ мэзыр, Таурыхъхэм я хъумапIэуи къыпфIощI, ­ Мэ гуакIуэ щIэтым щхьэр егъэуназэр, Макъамэм гурэ псэкIэ зыдыбощI. Хьэту Петр 2. Сабийхэм ягъэхьэзыра усэхэм къегъджэн.3. Бжьыхьэм и нэщэнэхэр ягу къэгъэкIыжын.  Бжьыхьэпэм, бжьыхьэкум, бжьыхьэкIэм. Махуэр кIэщI, щIыIэ хъуащ; жыгхэр джафэщ, жэп къехырейщ. ДэнэкIи пшагъуэ, псыIэ щIыIэр телъщ; пщIащэ къыпыхуахэр мэфыж,  жэп щIыIэ къох; бжэндэхъухэр щIыпIэ хуабэхэм мэлъэтэж. Уафэм зеухуэ.  Удзыр фэншэ мэхъу. Мэзыр Iэуэлъауэншэщ. Хьэпщхупщхэм загъэпщкIужащ.  Гуп­гупу зэрихьэ пщIащэ гъуахэм щIыр яуфэбгъу. КIуэ пэтми дыгъэр нэхъ  кIасэу къыкъуокI. Пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ я Iухыжыгъуэщ. Хадэхэм самэ инхэу  щызэтелъхэщ къэбыстэр, кIэртIофыр, пхъыр, жэгундэр. Хьэцэпэцэхэр  Iуахыжащ. Бжьыхьэр нэпщIэуфэми, ИкъукIэ берычэтщ, Мэкъуи, мэши, гуэдзи – Псори и хьэзырщ. 4. Хьэх Сэфарбий и «Бжьыхьэ» усэм къегъэджэн. Къазэрыщыхъуар жегъэIэн. 5. Хьэх Сэфарбий и гъащIэм и творчествэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм  сабийхэр щыгъэгъуэзэн,  зэпсэлъэныгъэ егъэкIуэкIын. 6. Усэр зэпкърегъэхын: лексикэ и лъэныкъуэкIэ, синтаксис и лъэныкъуэкIэ. 7. Усэм и гъэпсыкIэм, бзэм и къулеягъым кIэлъыгъэплъын. 8. Усэм и нэщэнэхэм тегъэпсэлъыхьын (едзыгъуэ дапщIэ хъуми жегъэIэн,  едзыгъуэ къэс зэрыхъу сатыр бжыгъэр, ударенэ зытехуэ пычыгъуэхэр, рифмэ  лIэужьыгъуэхэр къегъэхутэн.)  9. Бжьыхьэм и нэщэнэхэр къызэрыгъэлъэгъуа псалъэхэр усэм  къыхегъэджыкIын. 10. Усэм хуэгъэува упщIэхэм жэуап ирегъэтын. 11. Бжьыхьэм и сыт хуэдэ зэман усэм къыщыгъэлъэгъуар? 12. УрысыбзэкIа тха усэхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкI. Осенью листья желтеть начинают, С шумом на землю ложатся они. Ветер их снова наверх поднимает И кружит, как вьюгу в ненастные дни.Г.Сапгир Скучная картина! Тучи без конца, Дождик так и льется, Лужи у крыльца…                       А.Плещеев 13. Къэбэрдей­Балъкъэр   сурэтыщIхэмрэ   сурэттеххэмрэ   я   IэдакъэщIэкIхэм бжьыхьэм теухуахэр къахэгъуэтауэ сабийхэм егъэлъагъун, ялъагъур къазэры­ щыхъум,   бжьыхьэм   и   теплъэр   и   щытыкIэр     абыхэм   къызэрагъэлъэгъуэфам еджакIуэхэр тегъэпсэлъыхьын.  III. Унэ лэжьыгъэ.                        Усэм гъэхуауэ удихьэхыу укъеджэу зегъэсэн. Псыхэм, гуэлхэм бжьыхьэм яIэ щытыкIэм теухуауэ интернетым тхыгъэхэр, сурэтхэр къихын, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэщын.   Журт Биберд и «Гуэлым» рассказым къеджэн, псалъэ гурыIуэгъуейхэм я мыхьэнэр нэхъыжьхэм я деж къыщыщIэн.14. Къэбэрдей­Балъкъэр   сурэтыщIхэмрэ   сурэттеххэмрэ   я   IэдакъэщIэкIхэм бжьыхьэм теухуахэр къахэгъуэтауэ сабийхэм егъэлъагъун, ялъагъур къазэры­ щыхъум,   бжьыхьэм   и   теплъэр   и   щытыкIэр     абыхэм   къызэрагъэлъэгъуэфам еджакIуэхэр тегъэпсэлъыхьын.  IV. Унэ лэжьыгъэ.                        Усэм гъэхуауэ удихьэхыу укъеджэу зегъэсэн. Псыхэм, гуэлхэм бжьыхьэм яIэ щытыкIэм теухуауэ интернетым тхыгъэхэр, сурэтхэр къихын, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэщын.   Журт Биберд и «Гуэлым» рассказым къеджэн, псалъэ гурыIуэгъуейхэм я мыхьэнэр нэхъыжьхэм я деж къыщыщIэн.

Посмотрите также