Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Оценка 4.6

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Оценка 4.6
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
01.03.2018
Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Гуэлым.docx
Темэр. «Журт Биберд «Гуэлым». Мурадыр: ЕджакIуэхэм  я къеджэкIэр егъэфIэкIуэн, я бзэм зегъэужьын.  Къэбэрдей­Балъэрым   щыIэ   гуэл   гъэщIэгъуэнхэм   щыгъэгъуэзэн,   абыхэм щIыуэпсым   щаIэ   мыхьэнэр,   сэбэп   цIыхухэм   зэрахуэхъур   къегъэхутэн, республикэм ипсхэм хэс бдзэжьейхэм, ахэр зэрысэбэпым сабийхэр  щыгъуазэ щIын.   ЩIыуэпсым   и   зы   Iыхьэ   –   псыхэр,   псыхъуэхэр   хъумэным,   абыхэм   я къабзагъэм   кIэлъыплъыным   сабийхэр   къыхуеджэн.   ЩIыуэпсыр   ялъагъуу, хуэсакъыу яхъумэу сабийхэр гъэсэн. Урокым ехьэлIапхъэр.  «Гуэл» сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр,  компьютер  презентациехэр,  «Къэбэрдей­Балъкъэр» кинофильмым щыщу псыхэм теухуа     фIыуэ пычыгъуэ. Урокыр зэрекIуэкIынур. I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. 1. Бжьыхьэм теухуауэ сабийхэм ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэхэр,  компьютер презентациехэр къегъэгъэлъэгъуэн,  усэхэм къегъэджэн.  2. «Бжьыхьэ» зи фIэщыгъэцIэ гъэлъэгъуэныгъэ къызэгъэпэщын.   Къэбэрдей­ Балъкъэр   сурэтыщI,   сурэттех   цIэрыIуэхэмрэ,   сабийхэмрэ     я   лэжьыгъэхэм еджакIуэхэр егъэплъын, нэхъ гурыхь ящыхъуа сурэтхэм тегъэпсэлъыхьыжын. Сурэтхэм   екIу   усэхэм   адыгэбзэкIи   урысыбзэкIи   къегъэджэн.   УрысыбзэкIэ ТемэщIэм елэжьын. къызэджа усэхэр адыгэбзэкIэ зэрегъэдзэкIын. II. 1. Къэбэрдей­Балъкъэр   Республикэм   и   гуэлхэм   теухуа   кинофильм,   сурэт гъэлъэгъуэныгъэ   е     компьютер   презентацие     сабийхэм   егъэплъын,   абыхэм теухуа зэпсэлъэныгъэ егъэкIуэкIын. (Гуэл щхъуантIэ, Тамбукъан, Шэтхъурей, IэрыщI гуэлхэр). Абыхэм теухуа материалхэр  Емуз Л.З., Борей Р.А. сымэ я «География КБР»  тхылъым къибгъуэтэнущ. 2. Журт Биберд и «Гуэлым» рассказым и фIэщыгъэцIэм сыт къыбжиIэр? 3. Журт Биберд и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ сабийхэр щыгъуазэ щIын. 4. ЕджакIуэхэр   рассказым   къегъэджэн. къагурымыIуэхэм я мыхьэнэр гъэбелджылын. 5. Зэджар къазэрыщыхъуам тегъэпсэлъыхьыжын.   КъыщеджэкIэ   псалъэ  Хэт сымэ рассказыр зытеухуар?  Хэт гурыхь фщыхъуар, сыт абы удэзыхьэхыу хэлъыр?  Хэт гурымыхь фщыхъуар? Сыт абы и щхьэусыгъуэр?  ЩIалэхэм   гуэлыр   зэрызэрахьэм   теухуауэ   Мурид   жиIар   къэвгъуэти фыкъеджэ.   Бдзэжьейхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр къыжыфIэ. Абыхэм я сурэтымрэ я   къыщывгъуэтынущ   Сыкъун   Хьэсэнрэ   Сыкъун фIэщыгъэцIэхэмрэ   Иринэрэ я «Къэбэрдей­Шэрджэс­Урыс­инджылыз­тырку псалъалъэм» Шубакъ (окунь). Бдзэжьейкъулэн (форель). Бдзэжьейплъыжь  (краснопёрка). Джатэ­бдзэжьей (меч­рыба). ХьэмцIажьэ (мелкая рыба).  ХьэмцIэжьей (уклейка). ГуащэIупэ (усач). НэкIыхь (хамса). КIэмажьэ  (плавник). Хьэбдзэжьей (щука). ПащIэкIапсэ (пескарь). Аргъей (лосось). 6. Рассказым хуэгъэува упщIэхэм я жэуап ефт. 7. Сыт и гупсысэ нэхъыщхьэр мы рассказым? Сыт хуэдэ дерс къыхэхын  хуейуэ къэфлъытэрэ? III. Унэ лэжьыгъэ. Рассказым гупсэхуу къеджэн. Тетрадым ит лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн.  «Къэбэрдей­Балъкъэр республикэм и гуэлхэр» тхылъ IэрыщI цIыкIу щIын.

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)

Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Анэ бгъафэ" Шыбзыхъуэ М. (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
01.03.2018