Отобранное содержание урока, оборудование урока, организация активной мыслительной деятельности учащихся на всех этапах урока, работа в парах и индивидуальные, групповые и фронтальные формы организации учебной деятельности школьников, применение словесных, работа с учебником,способствовали достижению образовательных целей урока, стимулировали познавательные интересы учащихся.Конспект урока по кабардинской литературе по теме "Гъащ1эм и дерс" К1эрашэ Т. (4 класс)
Темэр : К1эрашэ Тембот и «Гъащ1эм и дерс » рассказым щыгъуазэ
дызихуищ1 адыгэ хабзэхэр.
Мурадыр: Адыгэхэм пасэ зэманым зрахьа хабзэр нобэрей зэманым и хабзэм
егъэпщэн. Сабийхэр къызыхэкIа лъэпкъыр ящIэжу , хабзэр зэрахьэу, я
анэдэлъхубзэр яIурылъу къэгъэтэджын. Бзэм зегъэужьын. Слайдхэр
къэгъэлъэгъуэн
Егъэджак1уэ. Фи махуэ ф1ыуэ ди хьэщ1э лъап1эхэ! Фи махуэ ф1ыуэ ди
нэхъыжьыф1хэ! Нобэ фи деж дыкъыщ1еблэгъэн хуей щ1эхъуар лъэпкъ
1уэхущ. Ди къэк1уэну гъащ1эр ф1ынуми , 1ейнуми зэлъытар къытщ1эхъуэ ди
щ1эблэрщ, ар зэрыдгъасэрщ, зэрыдущийрщ. Абыхэм яхэтлъэ ц1ыхугъэрщ,
нэмысырщ, лъэпкъым зэрыщыту и фащэри и лъэщагъри къэзы1этыжынур.
Сабийхэр куэд мыщ1у зэджа К1эрашэ Тембот и тхыгъэ «Гъащ1эм и дерс»
жыхуи1эмк1э ди1э упщ1эхэрщ нобэ дыкъызытек1ухьар. Еджак1уэхэм шэч
къызытрахьэу, къащ1эну хуейхэу щыт 1уэхугъуэхэр къахутэну, гъэщ1эгъуэн
ящыхъуахэмк1и къывдэгуэшэну я мурадщ. Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи
адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъу ялъытэрт. Абы къыхэк1ыуи жа1э
«Ц1ыху зып1ыр ц1ыху уасэ хон». «Гъащ1эм и дерс» тхыгъэм гъэсэныгъэ и
1уэхук1э куэд къыщыхощ. Сабийхэм къащ1эну хуейхэщ, адыгэхэм
ябгъэдэлъа гъэсэныгъэр,я1а хабзэхэр. Хуит дыфщ1тэмэ, сабийхэр
къывэупщ1ынут зыгъэп1ейтей упщ1эхэмк1э, къывдэгуэшэнут я 1уэху
еплъык1эмк1э.
Нэхъыжьым и жэуапыр: «Щ1эупщ1э щ1эщхъуркъым» жа1э игъащ1эм
адыгэхэм. Гуапэ тщыхъуащ нобэ лъэпкъ 1уэхум , гъэсэныгъэм
фызэригъэп1ейтейр…. Хабзэ бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым, ат1э ягъэзащ1э,
ягъэлъагъуэ. Ц1ык1у щ1ык1э хабзэм щ1омып1ык1ым ин хъуа нэужь зыри
пхуэхэлъхьэжынукъым…
Егъэджак1уэм: Тхьэ арэзы къыфхъухъу, фи пщ1э нэхъ лъагэ Тхьэм ищ1.
Иджы псалъэ еттынщ сабийхэм.
Еджак1уэм Ижь ижьыж лъандэрэ адыгэ хьэщ1агъэр псоми ягу ирохь,
ягъэлъап1э. Сэ сызэджа тхыгъэхэм къызэрыхэщымк1э хьэщ1эр къак1уэу
зэхахамэ, хьэщ1э пежьэ ящ1т. Щык1уэжк1э хьэщ1э дэк1уатэ ящ1т,
Къэбэрдей нэс къик1а хьэщ1эм Тэрч зэпрык1ыжыхук1э шуууэ дэк1уатэрт.
Абы къыхэк1ыуи упщ1э си1эт. Пасэ зэманым хьэщ1э зэрагъэхьэщ1эу
щытамрэ, нобэрей хьэщ1э гъэхьэщ1эк1эмрэ апхуэдиз зэхъуэк1ыныгъэ
щ1игъуэтам и щхьэусыгъуэр къэсщ1эну сыхуейт?
Еджак1уэм
хьэщ1эм теухуауэ. 1.Хьэщ1э къихьэмэ, хэгъэрейр мэгуф1э. 2. Хьэщ1эр
Сэ нэхъыжьхэм жа1эу куэдрэ зэхызох мыпхуэдэ псалъэжьхэрнэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ. 3. Унэр зэрыдахэр бынщи, 1энэр зэрыдахэр
хьэщ1эщ. 4.Хьэщ1эр Тхьэм и л1ык1уэщ псалъэжьым къик1 мыхьэнэр
къэсщ1эну сыхуейщ.
Егъэджак1уэ: Адыгэхэм хьэщ1эр гъэхьэщ1энымк1э, ар гъэлъэп1энымк1э
къатек1уэн зэрыщымы1эм хамэ щ1ып1э къик1а щ1эныгъэл1 куэд тетхыхьащ.
Абыхэм ц1ык1ухэ фыщыгъуазэу п1эрэ, фызыщ1эупщ1эн фи1э?
Еджак1уэ: Илъэс 300к1э узэ1эбэк1ыжмэ Доминиканскэ орденым и монах
Жан де Люк, мыпхуэдэу итхыгъащ: «Гъэхьэщ1эк1э, ц1ыхугъэк1э, адыгэхэм
къатек1уэн лъэпкъ дунейм тету къыщ1эк1ынкъым». А.С.Пушкин адыгэхэм
папщ1э етх. : «Хьэщ1эр гъэхьэщ1энымк1э адыгэхэр дэ къытток1уэ, хьэщ1эр
абыхэм зыпащ1 щы1экъым.Уи хьэщ1э умыгъэлъэп1эныр, адыгэхэм дежк1э
напэтехыу щы1эм я лейщ». Си упщ1эр: Адрей лъэпкъхэм хьэщ1эм
к1элъызэрахьэ хабзэхэм, сытк1э къыщхьэщык1рэ ди адыгэ хабзэр? Слайд №3
(ответ старших)…… Дин хабзэр дауэ хущыту п1эрэ а лъык1э бийр
игъэхьэщ1эным? (ответ .) Еджак1уэ: Иджыпсту зэманым хьэщ1эщыр унэм
хэту щытщ. Сэ тхыгъэ сыкъыщеджауэ сощ1э ижь зэманым хьэщ1эщыр унэм
нэхъ пэжыжьэу ящ1у зэрыщытар. Сэ сыкъыфхуеджэну сыхуейт Къагъырмэс
Борис «Хьэщ1э» жихуи1э усэм щыщ пычыгъуэ (23 куплета) Къэсщ1эну
сыхуейт сыту п1эрэт хьэщ1эщыр унэм пэжыжьэу ящ1у щ1ыщытар, хьэщ1эщ
пэшым и теплъэр? (ответ старших)….. Дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми хьэщ1эщ
и1эщ. Абы ублэк1мэ, зы шык1э пшынэ пылъщ. Адэк1э нэмэзлыкъ ф1эдзащ.
Хьэщ1эщ пэшым хабзэшхуэ щызек1уэт: нэхъыщ1эм и пкъыр езэшми
зызэф1игъэлэлу, хуэмыхуагък1э зыкъригъэщ1эну хуиттэкъым. Уеблэмэ,
1эфрак1эк1э зыгуэрым зытригъащ1и хъунутэкъым. Апхуэдэу хъумэ,
жьант1эм дэс нэхъыжьыр нэ 1ейк1э нэхъыщ1эм къеплъырт, щысхэми губгъэн
къыхуащ1ырт, «щ1алэ хуэмыху» къыхужа1эн нэхърэ л1эныгъэр абы нэхъ
къищтэрт. Слайд №4
Еджак1уэ: Сэ къэсщ1эну сыхуейт нэхъыжьым хьэщ1эщым щигъэзащ1э
хабзэхэр? Еджак1уэ: Мы тхыгъэми къыхощ, нэгъуэщ1 тхыгъэ дызэджахэми
щыдолъагъу нэхъыщ1эми хьэщ1эщым къалэнышхуэ зэрыщигъэзэщ1ар. Пс. п.
Бицу Анатолэ «Бгырыс балладэхэр» жыхуи1эм щыщ зы 1ыхьэ . Ар зытеухуар
нэхъыщ1эм 1энэм щигъэзащ1э хабзэрщ. Л1ыжь хьэщ1ищрэ хэгъэрей
зыбжанэрэ ефэешхэу 1энэм пэрыст. Хъуэхъу жа1эрт ягу куэд
къагъэк1ыжхэт. Абыхэм я 1энэбгъум шэжыпкъыу щхьэгъэрытыр щытт и
къалэнхэр игъэзащ1эу. Л1ыжьым ефэну ишыхьа тутыныр щилъагъум,
нэхъыщ1эм абы гу лъетэри маф1э иритыныр къехь. 1эдэб дыдэу и щ1ыб
къыдыхьа щ1алэр л1ыжьым илъэгъуакъым и тутыныр егъэт1ылъри нэхъыжь
псалъэ жи1эн къотэдж. Хъэхъуэн щ1эзыдзам и хъуэхъур к1ыхь хъуащ.
Мыдэк1э нэхъыщ1эр хэтщ бэлыхь нэхъыжьым и псалъэр зэпыбуд хъунукъым.
1эм 1эщ1элъ пхъэ дзак1эр 1эщ1осыхь, 1упхрэ бгъэт1ылъынурил1ыгъэншагъэт. Бысымым и хъуэхъуэныр зэф1егъэк1ри йофэхэри
мэт1ысыжхэр. И тутыныр къещтэжри щ1алэм дежк1э зыкърегъэзэк1.
нэхъыжьым къэхъуа псори занщ1эу къещ1э гу лъумытап1э и1экъым . и
тутыныр ныпегъанэри же1э: «Уи нэмысыр нэхъыбэ Тхьэм ищ1, уи адэ
узыгъэсам ухуэфащэщ, джатэ 1эпщи п1ыгъыфын хуэдэщ, л1ы нэс
къыпхэк1ащ». Упщ1эр : Хэт л1ы нэск1э, адыгэл1к1э узэджэ хъунур?
Егъэджак1уэ: Фигу хъыбар гуэр къигъэк1ыжауэ п1эрэ л1ыгъэм, адыгэл1ым
теухуауэ? (ответ старших) Адыгэл1у ябж и быныр тэмэму игъасэмэ, и
унагъуэм нэмыс, зэгуры1уэныгъэ иригъэлъмэ. Къызыхэк1а и лъэпкъыр
игъэлъап1эмэ, Хэкум къыщыжмэ, 1уэху кърихьэжьэр игъэтэрэзыфмэ, лъэпкъ
1уэху къимык1уэту зрихьэмэ.
Еджак1уэ: Сэ сызэджа тхыгъэхэм зэи сримыхьэл1ауэ мы рассказым
сыкъыщеджащ адэр псэууэ адэ къуэшым гъэсэныгъэр и 1эмыщ1э илъу
зэрыщытар. Мы тхыгъэ дыкъызэджам Къамболэт гъэсэныгъэ бэлыхь хэлъу
къыщыхощ (пересказ сюжета). Сэ сощ1э адыгейхэри, шэрджэсхэри,
къэбэрдейхэри, абхъазхэри зэрызэшыр. Ауэ шэч сощ1 ди хабзэр
зэщхьэщык1ыу щытауэ. Упщ1эр: Хэту п1эрэт щ1алэ ц1ык1ум и гъэсэныгъэр
адыгэхэм дзыхь зыхуащ1у щытар? (ответ старших)….
Еджак1уэ: Ауэ мы тхыгъэм иджыри къыщыхощ щ1алэ ц1ык1ум и
гъэсэныгъэм щыщ1эныгъэ зэри1эр.. (пересказ сюжета) Иджы къэсщ1эну
сыхуейт апхуэдиз гъэсэныгъэ и адэ къуэшым зыбгъэдилъхьа щ1алэ ц1ык1ум
апхуэдэу щхьэ зихъуэжын хуей хъуа? Емыпхауэ п1эрэ ар адэанэм и деж
зэрыщамып1ам?
Еджак1уэ: Гъэсэныгъэм и дежк1э къану тыным сэбэпынагъэ и1эу
къыщ1эк1ынт, ауэ сабийр къэзылъхуа анэм дежк1э илъэс бжыгъэк1э ар
имылъагъуу, и 1уэхур зытетыр имыщ1эу, псэуну гугъутэкъэ, фэ дауэ феплърэ
абы? Тэмэму п1эрэт къану сабийр яту зэрыщытар? (ответ старших)….. Слайд
№5
Егъэджак1уэ. Адыгэ бзылъхугъэм дуней псом пщ1эшхуэ зэрыщи1ар абы и
дахагъэм и щэныф1агъым куэд тетхыхьащ. Ди еджак1уэхэми
яф1эгъэщ1эгъуэну абыхэм щ1эджык1ащ, зыбжанэхэми я гугъу
къыфхуащ1ынут. Хэт жи1эн?
Еджак1уэ: Адыгэ бзылъхугъэр ц1эры1уэт и хьэл щэн дахэмк1э и щабагъ
гуапэмк1э же1э Гердер Иоганн нэмыцэ философым. Дэри деджат абы
щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ. Сэри сф1эхьэлэмэтщ апхуэдэ гъэсэныгъэр
бзылъхугъэм иратыныр дауэт адыгэ унагъуэм къызэрехъул1эр? Слайд №6
(ответ старших)….Еджак1уэ: Адыгэ пщащэр зыхуэбгъадэ хъун щымы1эу же1э Константин
Бальмонт урыс тхак1уэм. Ар къыщыхощ и усэ «Адыгэ пщащэ» жыхуи1эм.
Пщащэр ирегъэщхь абы дзэл жыг гуак1уэу 1уфэм щыту зыкъизыхым. Щиху
жыгыщ1э лъэщым. Зи бгы псыгъуэр зезыгъак1уэ лилие дахащэм. Иджы
къэсщ1эну сыхуейт: Пщащэм апхуэдизу, теплъэ дахэ и1эн папщ1э , пасэрей
адыгэхэм сыту п1эрэт ящ1эр? (ответ старших)…
Егъэджак1уэ: Адыгэ хабзэм къыгуэпх мыхъуну сыт щыгъуи абы и гъусэщ и
щ1эгъэкъуэнщ адыгагъэр. Мы тхыгъэм дыкъыщеджэми куэдрэ Адыгагъэ
псалъэм дыщрихьэл1ащ. Щ1эныгъэл1хэм адыгагъэм теухуауэ жа1ахэр
къэтхутэн хуеящ фэрэ дэрэ. Сыт т1э адыгагъэр зищ1ысыр? Мамхэгъ Рая
«Адыгагъэ» усэм мыпхуэдэу щетх Адыгагъэр ар дахагъэщ Адыгагъэр –ар
къабзагъэщ Губзыгъагъэщ, щэныф1агъэщ Слайд №7 Девгъэплъыт мы
жы1эгъуэхэм 1. Адыгагъэр ц1ыхугъэщ, гущ1эгъущ, хьэтырщ (Тарчоков Фица)
2. Ц1ыхугъэ зимы1эм адыгагъэ хэлъкъым (Кудаев Кубати) 3. Адыгагъэр
нэмысщ, л1ыгъэщ, ц1ыхугъэщ (Сонэ Мухьэмэд) 4. Адыгагъэр акъылщ, акъыл
зимы1эм адыгагъэр хузехьэнукъым (Ибрагим Ервас)
1. Адыгагъэ хэлъщ жа1эмэ, ц1ыхур игъэпэжу, пщ1э яхуищ1у, л1ыгъэ хэлъу
зэманым зыдыригъэк1уу арщ (Али Кушхов) Адрей щ1эныгъэл1хэм сыт жа1ауэ
п1эрэ адыгагъэм папщ1э ик1и къывгурымы1уа къыхэмык1ауэ п1эрэ а
псалъэшхуэхэм? (ответ старших)….
Еджак1уэ Дэ зыгуп дыхъуу делэжьащ а 1уэхугъуэм ик1и къэтхутащ
адыгагъэр къуэпс куэду зэрызэк1эщ1эк1ыр. Абы теухуауэ дэ адыгагъэм и жыг
зэдгъэпэщащ. Адыгагъэ къуэпсым и къудамитху къэтхутащ. Япэ къудамэр
ц1ыхугъэщ (хьэтыр, гущ1эгъу, гулъытэ, гукъэк1, ф1ыщ1э, псапэ). Ет1уанэр
нэмысщ (адыгэ щэнхабзэмрэ, пщ1эмрэ) Ещанэр акъыл (ц1ыху хэтык1э, мардэ,
тэмакък1ыхьагъ ) Епл1анэр л1ыгъэ (хахуагъэ, къэмыланджэ) Етхуанэ – напэ
(ук1ытэ, шынэ, ек1у емык1у) Упщ1эр : Адыгагъэм и ц1ыхугъэ жыхуи1э
къудамэм щ1эныгъэл1хэр зэреплъымрэ дин хабзэр зэреплъыр зэхуэдэу п1эрэ?
(ответ старших)… Егъэджак1уэ Фыпсэу ц1ык1ухэ, ф1ы дыдэу фылэжьащ
псори. Ди нэхъыжьыф1хэми тхьэ арэзы къахухъу. Сабийхэр иджыри
фызыщ1эупщ1эн щы1эу п1эрэ? Нт1э упщ1э фыщимы1эк1э ди нэхъыжьхэм
сытк1э захуэвгъэзэну фыхуей? Еджак1уэ. Сэ захуэзгъэзэну сыхуейт ди
нэхъыжьхэм мыпхуэдэ псалъэхэмк1э. Сэ сохъуэхъур ди нэхъыжьу Лъэпкъ и
хабзэр зезыгъак1уэм Ныбжьэгъугъэр и 1эужьу Хьэщ1э лъап1э
къызк1элъык1уэм
Еджак1уэ: Мис нобэ куэдым дыщ1эвгъэдэ1уащ, дымыщ1э куэд
къэдывгъэщ1ащ, гъэщ1эгъуэн куэд зэхэдывгъэхащи берычэт бесын, вжызо1э.Еджак1уэ: Сэ хьэкъыу спхык1ащ ц1ыхугъэ пхэлъу, акъылыр уибэу, щ1эныгъэ
куу уи1эрэ напэр хужьу, нэмысыр лъагэу упсэун зэрыхуейр. Уи нэхъыжьым
хуэпщ1 пщ1эращ уэ пщэдей бгъуэтыжынур. Еджак1уэ Сэ сыкъеджэну
сыхуейт Гъубж Мухьэдин и усэ «Ц1ыхум ц1ыхуу яхущыт»
Егъэджак1уэ: к1эух псалъэ Сэри ди нэхъыжьыф1хэм ди хьэщ1э лъап1эхэм
захуэзгъэзэну сыхуейт. Ди хьэщ1э лъап1эхэ! Фи къэк1уэныр фэри дэри махуэ
Тхьэм тхуищ1!
Дыщ1ыздэлажьэ сабийхэм щ1эныгъэ, гъэсэныгъэ, хабзэ дахэ яхэлъу гъащ1эм
хыхьэн Тхьэм ищ1. Зи бзэр , зи хабзэр, зи лъэпкъыр зыгъэдэхэн, зыгъэлъэп1эн,
зы1этын щ1эблэ Тхьэм къыдит, ф1ык1э тхьэм дызэхуигъазэ! Ди
нэхъыжьыф1хэ! Ф1ык1э тхьэм дызэхуигъазэ! Зауэ, банэ дымылъагъуу
Гъунэгъу бий димы1эу 1эм илэжьын дгъуэтрэ Къэдлэжьыр тшхыжыфу.
Лъэпкъым и ц1эф1 жедгъэ1эу 1эк1уэлъак1уэхэр ди щ1алэхэу Ук1ытэхыр ди
пщащэу Хуарэр ди лъэпкъ дамыгъэу 1энэ зехьэр ди щ1алэхэу Зэхъуэхъур ди
щ1эблэу Лъэпкъ узыншэу, Лъэпкъ бланэу Куэдрэ тхьэм дыздигъэпсэу!