Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)
Оценка 4.8

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Оценка 4.8
Разработки уроков
docx
русская литература
3 кл
26.02.2018
Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)
Я считаю, что в ходе урока образовательная цель была выполнена в полном объёме. Обучающиеся познакомились с отдельным этапом жизни поэта и его творчеством. Прочитав рассказ, обучающиеся анализировали, интерпретировали тексты, используя сведения по теории литературы. При анализе произведений аргументированно формулировали своё отношение к прочитанному.Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)
Каб. лит.docx
Темэр. Шорэ Ахьмэд  «Папэ и жыг». Мурадыр.  КъэкIыгъэхэм цIыху гъащIэм щаIэ мыхьэнэм теухуауэ сабийхэм яIэ щIэныгъэм   хэгъэхъуэн,   я   къеджэкIэр   егъэфIэкIуэн,   я   бзэм   зегъэужьын, лэжьыгъэм, фIы щIэным гупыж хуегъэщIын, адэм и гулъытэм, абы и Iэужьым иригушхуэу,   адэ­анэм   я     хьэл­щэныр   зыхалъхьэным   хущIэкъуу   псэуным хуэущиин. Усэм зыхэщIэгъуэу, гъэхуэуэ къеджэу егъэсэн. Урокым ехьэлIапхъэхэр.    Мэзым, абы щIэс   псэущхьэхэм теухуа видеофильм, презентацие е сурэт гъэлъэгъуэныгъэ. Урокыр зэрекIуэкIынур. I. Театр   педагогикэ   Iэмалхэр   къэгъэсэбэпауэ   сабийхэм   я   бзэм   зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэкIуэкIын. 1. «Бажэ пшынэ» таурыхъым и сюжет гуп къэс къегъэгъэлъэгъуэн. 2. IэрыщI тхылъ цIыкIу ягъэхьэзырам ит усэхэм къегъэджэн.   Усэр зытеухуа псэущхьэ цIыкIур а усэм къызэреджэным хуэдэу.  Усэр зытеухуа псэущхьэ цIыкIум и ныбжьэгъур къызэреджэным хуэдэу.  Усэр зытеухуа псэущхьэ цIыкIум и бийр  къызэреджэным хуэдэу. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын. II. 1.   «Бажэ   пшынэ»   псысэм   «Анэдэлъхубзэ»   тхылъым   щыхуэгъэува   упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ   зэрагъэзэщIам,   тетрадым   и   напэкIуэцI   I0­нэ   ­II­нэм   ит лэжьыгъэхэм сабийхэр зэрыпэлъэщам зыщыгъэгъуэзэн.  2. IуэрыIуатэ псысэр литературэ псысэм къызэрыщхьэщыкIыр егъэгъэбелджылын. 3. Сыт хуэдэ дерс псысэм къыхахами еджакIуэхэм жегъэIэн. 4. Зы   мэз   псэущхьэ   цIыкIум   (ар   езы   сабийм   къыхихыпхъэщ)   и   псэукIэр   ягу къагъэкIыжу къыжаIэн:  Апхуэдэ псэущхьэ хъуну щIыхуейм и щхьэусыгъуэр.  Апхуэдэ псэущхьэ хъуну щIыхуэмейм и щхьэусыгъуэр. 5. Ягу   ирихь   псэущхьэм   теухуауэ   нэгъуэщI   справочнэ   тхылъхэм   къраджыкIар жегъэIэжын 6. Гурыхь ящыхъуа мэз псэущхьэм теухуа усэ, къуажэхь, нэщэнэ жегъэIэн. III. ТемэщIэм елэжьын. 1. Усэ джыным хуэзыгъэхьэзыр упщIэхэм жэуап ирегъэтын.  Сыт   псэущхьэ   Iэлхэр   мэзым   щыпсэун   щIыхуейр?   Сыт   абыхэм   я   дежкIэ мэзыр?  ЦIыхухэм я дежкIэ сыт мэзыр?  Фэ дауэ феплърэ, жыгхэр  дунейм темытам сыт къэхъунут?  Сыт хуэдэ жыг къыщыкIрэ фи еджапIэм и пщIантIэм? Ахэр хэзысахэм я цIэр къэфщIэ.  Фэ дэнэ деж щыхэфса жыг е нэгъуэщI къэкIыгъэ гуэр? СыткIэ сэбэп ар? 2.  Усэм нэкIэ макъыншэу къегъэджэн. 3. Зытепсэлъыхь елъытауэ усэр IыхьитIу сабийхэм егъэгуэшын.  ЕджапIэм и жыг хадэр.  Адэм и дэ жыг. 4. Усэр упщIэхэмкIэ зэпкърегъэхын.  Усэр едзыгъуэ дапщэ хъурэ?  Усэм и рифмэр зэдзылIа, зэблэдза?  Усэм   и   лIыхъужьым   и   щытыкIэр   къэзыгъэлъагъуэ   псалъэхэр   усэм къыхэвджыкI. (Си гур хохъуэ, си щхьэр ину солъагъуж).  Усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къэзыIуатэ сатырхэр усэм къыхэвджыкI. 5. Усэм   удихьэхыу,   зыхэщIэгъуафIэу   къегъэджэн.   Дауэ   къеджэн   зэрыхуейр: нэщхъыфIэу, нэщхъейуэ? Сыт апхуэдэу къеджэн щIыхуейр? 6. Сыт хуэдэ псалъэхэр, псалъэухахэр нэхъ къыхэгъэщыпхъэ макъкIэ, сыт абыхэм усэм укъыщеджэкIэ нэхъ гулъытэ щIыхуэщIыпхъэр?  7. Усэм щекIуэкI Iуэхугъуэр къэзыIуатэр хэт? 8. Сыт ар зыгъэгушхуэр? 9. Ар зэрыгушхуэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр усэм къыхэгъуати къеджэ. 10. Сыт   хуэдэ   сатырхэм   къыбжаIэрэ   адэм   и   щэныр   быным   щапхъэ зэрыхуэхъуар? 11. Усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къэзыIуатэ псалъэжьхэр щапхъэу къэфхь. 12. I3.   Пхъэщхьэмыщхьэ   къызыпыкIэ   жыгхэм   я   цIэр   къыжыфIэ.   (МыIэрысей,  Сыт хуэдэ жыг лъэпкъыгъуэ къыщыкIрэ школ пщIантIэм? кхъужьей, мей, хьэмкIутIей, балией, нэгъуэщIхэри). I4. Тхьэмпэ фIэкIа къызыпымыкIэ жыгхэм я цIэр къыжыфIэ. (Псей, пхъэхуей, тхуей, уэздыгъей, чыцIыпей). III. Унэ лэжьыгъэ. Усэм удихьэхыу къеджэфу зегъэсэн, абы хуэгъэува  упщIэхэм жэуап етын, тетрадым ит лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн, «Жыгхэр» зи фIэщыгъэцIэ тхылъ IэрыщI, сурэт гъэлъэгъуэныгъэ, компьютер презентациехэр гъэхьэзырын. Жыгхэм теухуа материалхэр справочникхэм, интернетым, тхылъхэм, журналхэм къыщылъыхъуэн, жыгхэм теухуа усэхэр тхын.

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)

Разработка урока по кабардинской литературе на тему: Шорэ Ахьмэд "Папэ и жыг" (3 класс)
Материалы на данной страницы взяты из открытых истончиков либо размещены пользователем в соответствии с договором-офертой сайта. Вы можете сообщить о нарушении.
26.02.2018